Алыхьыр щыІэу пІэрэ?
Библием жиІэр
НтІэ, щыІэщ. Библиер абы щыхьэт тохъуэ. Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, дэ Алыхьыр ди фІэщ щІэхъун хуейр дин гуэрым абы зэрыхуригъаджэ къудейракъым. Библием дыхуегъэуш «ди акъылыр дгъэлэжьэну» (Рим 12:1, ДЩІ; 1 Иуан 5:20). Абы теухуауэ Библием мыпхуэдэ гупсысэхэр итщ:
Алыхьыр зэрыщыІэм щыхьэт тохъуэ Дунеишхуэм гъащІэ зэрыщыІэр икІи псори щхьэж и пІэ зэритыр. Библием итщ: «ЦІыху гуэрым имыщІа унэ щыІэкъым, ауэ псори зыщІар Тхьэращ» (Еврейхэм 3:4). Мы гупсысэр къыбгурыІуэну тыншщ икІи щІэныгъэ зыбгъэдэлъ куэдыр абы арэзы тохъуэ a.
«ГъащІэм и мыхьэнэр сыт?»— жиІэу дэтхэнэ зы цІыхури зоупщІыж икІи ар зыхуейр игъуэту псэуми, а упщІэм и жэуапыр абы адэкІи къелъыхъуэ. Библием зэрыжиІэмкІэ, «гурэ псэкІэ тхьэмыщкІэхэм» Алыхьыр къалъыхъуэ икІи абы хуэлэжьэну хуейщ (Маттэ 5:3; Апокалипсис 4:11). Алыхьым зэрыхуэныкъуэр цІыхум къызэрыгурыІуэр щыхьэт тохъуэ пэж дыдэу Алыхьыр зэрыщыІэм, абы фІыуэ дыкъызэрилъагъум икІи езым теухуауэ къэтщІэну зэрыхуейм (Маттэ 4:4).
Къэхъун хуей псалъэхэу Библием итхэр илъэс щэ бжыгъэ ипэ ятхами, ахэр къыщыхъун хуей зэманым зы къэмынэу гъэзэщІа хъуащ. ГурыІуэгъуэщ апхуэдэ псалъэхэр цІыхум къызэрыбгъэдэмыкІыр (2 Петр 1:21).
Библиер зытхахэм щІэныгъэ куу ябгъэдэлът. Абыхэм я зэманым псэуа цІыхухэм апхуэдэ щІэныгъэ яІэтэкъым. Псалъэм папщІэ, пасэ зэманым куэдым я фІэщ хъут щІыр пылым, кхъуэпІащэм, гуум е нэгъуэщІ псэущхьэ гуэрым тету. Ауэ Библием щатхат щІыр «зыми фІэдзауэ» зэрыщымытыр (Иов 26:7). Абы нэмыщІ Библием щыжыІащ щІыр хъурейуэ зэрыщытыр (Исаия 40:22). Куэдым къагуроІуэ Библиер зытхахэм апхуэдэ щІэныгъэ къезытар Алыхьырауэ зэрыщытыр.
УпщІэ гугъу куэдым я жэуапхэр Библием итщ. А жэуапхэр зымыщІэ цІыхум Алыхьыр зэрыщыІэр и фІэщ мыхъужу хъуфынущ. Псалъэм папщІэ: Алыхьым лъэкІыныгъэшхуэрэ лъагъуныгъэрэ иІэмэ, щхьэ апхуэдиз гуауэрэ гузэвэгъуэрэ щыІэ? Диным цІыхухэр фІым хуимыгъэушу, Іейм щхьэ хуигъэушрэ? (Тит 1:16).
a Псалъэм папщІэ, астроном Аллан Сендидж зэгуэр жиІат: «[Дунеишхуэм] псори щхьэж и пІэ зэритыр езыр-езыру къэхъуауэ сэ си фІэщ хъукъым. Ар зыухуа гуэр щыІэн хуейщ. Алыхьыр зэрыщыІэр сэ икІэм нэс къызгурыІуэкъым, ауэ япэм щымыІауэ иджы псори щІыщыІэм ар и щхьэусыгъуэу собж».