Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

14 СТАТЬЯР

56-НЭ УЭРЭДЫР Пэжыр зэхэщІыкІ

«Зи ныбжь нэса цІыхухэм зэрагъэщІэн хуей Іуэхухэм захуэдвгъэгъазэ»

«Зи ныбжь нэса цІыхухэм зэрагъэщІэн хуей Іуэхухэм захуэдвгъэгъазэ»

«Зи ныбжь нэса цІыхухэм зэрагъэщІэн хуей Іуэхухэм захуэдвгъэгъазэ» (ЕВР. 6:1).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху дызэрыхъуфынум. Апхуэдэ цІыху дыхъумэ, дэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэфынущ икІи ди гупсысэхэмкІи ди ІуэхущІафэхэмкІи Алыхьыр дгъэгуфІэфынущ.

1. Иеговэ сыткІэ къытщыгугърэ?

 ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭМ сабий щызрагъэгъуэтам деж гуфІэгъуэшхуэ зыхащІэ. Адэ-анэм я сабий цІынэ цІыкІур дапхуэдизу фІыуэ ямылъэгъуами, ахэр хуейкъым ар игъащІэкІэ сабийуэ щытыну. Сабийр хэмыхъуэу щытмэ, адэ-анэр хуабжьу гузэвэнущ. Дэри Хьисэ къытхуигъэна гъуэгум дытехьэу япэ лъэбакъуэхэр щытчым деж, Иеговэ мэгуфІэ. Ауэ ар хуейкъым абы и ІуэхугъуэхэмкІэ дэ сабий цІыкІухэм хуэдэу дыкъэнэну. Аращи, Иеговэ дыхуегъэуш цІыху балигъ дыхъуну, е нэгъуэщІу жыпІэмэ езым и еплъыкІэр зэдгъэгъуэтыну (1 Кор. 3:1; 14:20).

2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

2 Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху ухъуным къикІыр сыт? Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху дыхъун щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр? Иеговэ къыбгъэдэкІ щІэныгъэ куухэм сыт хуэдэ мыхьэнэ яІэр? ИкІи ди щхьэм дыщыгугъыжын щІыхуэмейр сыт? Мы упщІэхэм я жэуапхэр зэпкърытхынщ.

АЛЫХЬЫМ И ЕПЛЪЫКІЭ ЗИІЭ ЦІЫХУ УХЪУНЫМ КЪИКІЫР СЫТ?

3. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху дапхуэдэу дызэрыхъуфынур?

3 Библием «балигъ» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэм къикІыр зыгуэр икІэм нэсауэ, и пІэм иувауэ щытын жиІэу аращ (1 Кор. 2:6) a. Алыхьым и ІуэхугъуэхэмкІэ сабий цІыкІухэм хуэдэу дыщыщымытыжым деж, дэ балигъ, е нэгъуэщІу жыпІэмэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху дохъу. Ауэ а мурадыр къыдэхъулІа иужь, дэ абыкІэ дыкъэувыІэн хуейкъым (1 Тим. 4:15). НыбжьыщІэхэри Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу щытыфынущ. НтІэ, цІыху «балигъ» дыхъуарэ дымыхъуарэ дапхуэдэу къызэрытщІэфынур?

4. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхур дапхуэдэу зэрыщытыр?

4 Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхум Иеговэ и хабзэхэр псори фІыуэ елъагъу икІи языныкъуэхэр игъэзащІэу, языныкъуэхэр имыгъэзащІэу щыткъым. ДауикІ, абы гуэныхь зэрыхэлъым къыхэкІкІэ щыуагъэ ищІэнущ. Ауэ, абы емылъытауэ, апхуэдэ цІыхум махуэ къэс къару ирехьэлІэ, и гупсысэхэмкІи и ІуэхухэмкІи Алыхьыр зэригъэгуфІэным. Абы «щэныщІэфІыр фащэу» зрешэкІри Алыхьым и гупсысэкІэ нэхъыбэу зэрызригъэгъуэтыным хущІокъу (Еф. 4:22—24). Апхуэдэ цІыхур Иеговэ и хабзэхэмрэ и принципхэмрэ егупсысурэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къищтэу зригъэсащи, ар хуэныкъуэкъым ищІэн хуеймрэ хуэмеймрэ къетхыхауэ иІэну. Абы зышыІэныгъэ зэригъэлъагъуэм и фІыгъэкІэ щІидза Іуэхур икІэм негъэс (1 Кор. 9:26, 27).

5. Алыхьым и ІуэхугъуэхэмкІэ сабий цІыкІухэм хуэдэу ущытыным сыт хуэдэ шынагъэ пылъ? (Ефес 4:14, 15).

5 Алыхьым и ІуэхугъуэхэмкІэ сабий цІыкІухэм хуэдэу щыт цІыхур къэгъэпцІэгъуафІэщ. Абы хъыбарыщІэхэм щызэхих пцІыхэри, Алыхьым епцІыжахэм жаІэхэри и фІэщ мэхъу b. (Къеджэ Ефес 4:14, 15.) Ар мэфыгъуэ, мэныкъуакъуэ, абы зегъэгусэ икІи гъэунэхуапІэ пэщІэхуа иужь унафэ пхэнж къещтэ (1 Кор. 3:3).

6. Сабийр зэрыхэхъуэмрэ цІыхур Алыхьым гъунэгъу зэрыхуэхъумрэ сыткІэ зэщхь? (Сурэтми феплъ.)

6 ИпэкІэ зэрыжытІащи, цІыхум Алыхьым и еплъыкІэ зэрызригъэгъуэтыр сабийр зэрыхэхъуэм ещхьщ. Сабийм иджыри гъащІэм хищІыкІкъыми, ар и адэ-анэм къахъумэ икІи ищІэнур къыжраІэ. Псалъэм папщІэ, гъуэгум щызэпырыкІкІэ анэм ипхъу цІыкІум и Іэпэр еубыд. Сабийр нэхъ ин хъуа иужь, анэм ар и закъуэу еутІыпщ, ауэ зэрысакъын хуейр жреІэ. Хъыджэбз цІыкІур балигъ хъуа иужь езыр гъуэгум тэмэму зэпырыкІыфынущ. Алыхьым и еплъыкІэр нэгъэсауэ къызыгурымыІуэ цІыхухэр сабийм ебгъэщхь хъунущ. Абыхэм Іущагъ зыхэлъ унафэ къащтэн икІи ШейтІаным и къапхъэнхэм зыщахъумэн щхьэкІэ, Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхухэр къадэІэпыкъуным хуэныкъуэщ. Абыхэм елъытауэ, Алыхьым и еплъыкІэ зиІэхэм дэІэпыкъуэгъуншэу езыхэм унафэ къащтэф. Ахэр Библием ит принципхэм йогупсыс, Иеговэ и еплъыкІэр къызэращІэным иужь итщ икІи къащІам тету мэпсэу.

ЦІыхум Алыхьым и еплъыкІэ зригъэгъуэтыну хуейуэ щытмэ, Библием ит принципхэм тету унафэ къищтэу зригъэсэн хуейщ (6-нэ абзацым феплъ.)


7. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхухэр нэгъуэщІхэм я чэнджэщхэм хуэмыныкъуэу щыт?

7 НтІэ, абы къикІыу пІэрэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхур дэІэпыкъуэгъу хуэмыныкъуэу? Хьэуэ, къикІкъым. Ари чэнджэщ щыхуэныкъуэ къохъу. Абы къилъытэкъым ищІэн хуейр къыжраІэн хуейуэ е и пІэкІэ зыгуэрым унафэ къищтэн хуейуэ. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхум къыгуроІуэ «и хьэлъэр езым и пщэм» зэрыдэлъыжыр икІи ищІэмкІэ езым жэуап зэритыжынур (Гал. 6:5).

8. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхухэр псори зэщхьу щытын хуей? КъыдгурывгъаІуэ.

8 ЦІыху балигъхэр теплъэкІэ зэрызэмыщхьым хуэдэу, Алыхьым и еплъыкІэ зиІэхэр хьэлкІэ зэщхькъым. Хэти Іущагъ егъэлъагъуэ, хэти лІыгъэ хэлъщ, хэти хьэлэлу щытщ, хэти гущІэгъу хэлъщ. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуитІым зы Іуэхугъуэ гуэрым теухуауэ зэхуэмыдэу унафэ къащтэфынущ икІи а унафэхэр Библием ит принципхэм емыбакъуэу щытыфынущ. Инэхъыбэм деж апхуэдэ къыщыхъур щхьэж езым и напэм къызэрезэгъым хуэдэу унафэ къищтэн щыхуейм дежщ. Аращ дэ нэгъуэщІхэр щІэдмыгъэкъуаншэр, абыхэм къащта унафэр дыдейм къыщыщхьэщыкІым деж. Абы и пІэкІэ дэ ди акъылыр зытедухуэр зэкъуэт дызыщІ Іуэхугъуэхэращ (Рим 14:10; 1 Кор. 1:10).

АЛЫХЬЫМ И ЕПЛЪЫКІЭ ЗИІЭ ЦІЫХУ ДЫХЪУН ЩХЬЭКІЭ, СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?

9. ЦІыхум езыр-езырурэ Алыхьым и еплъыкІэ иІэ хъурэ? КъыдгурывгъаІуэ.

9 Сабийр езыр-езырурэ хохъуэ, ауэ цІыхум Алыхьым и еплъыкІэ зригъэгъуэтын щхьэкІэ къару ирихьэлІэн хуейщ. Псалъэм папщІэ, Коринф дэс къуэш, шыпхъухэм пэжыр къащІа иужь псым зыщІагъэуащ, Алыхьым и къару лъапІэри абыхэм ящыхуащ. Абы нэмыщІ апостол Паул ахэр иригъаджэу щытащ (Апост. 18:8—11). А фІыгъуэ псор абыхэм яІащ, ауэ ахэр Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху хъуакъым, псым зэрызыщІагъауэрэ илъэс бжыгъэ дэкІа пэтми (1 Кор. 3:2). Дэри апхуэдэ къытщымыщІын щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр?

10. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху дыхъун щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр? (Иудэ 20).

10 Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху дыхъун щхьэкІэ, япэрауэ, дэ езым апхуэдэ гукъыдэж диІэн хуейщ. ЖыІэзыфІэщу щытыну зигу ирихьхэр Алыхьым и ІуэхугъуэхэмкІэ сабий цІыкІухэм хуэдэу къэнэнущ (Прит. 1:22). Дэ дыхуейкъым балигъ хъуауэ зи щхьэ унафэ хуэзымыщІыжыф, и пІэкІэ унафэ къащтэным пэплъэ цІыхум ещхь дыхъуну. Дэ дыхуейщ Иеговэ и еплъыкІэ зэрызэдгъэгъуэтыным къару етхьэлІэну. (Къеджэ Иудэ 20.) Дызэлэжьын хуей гуэр зэрыщыІэр къыдгурыІуауэ щытмэ, ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хэтлъхьэну гукъыдэжрэ лъэкІыныгъэрэ къыдитыну Иеговэ девгъэлъэІу (Флп. 2:13).

11. Дауэ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур езым и еплъыкІэ зэдгъэгъуэтыну? (Ефес 4:11—13).

11 ДауикІ, Иеговэ ещІэ абы и еплъыкІэр ди закъуэу, дэІэпыкъуэгъу зыри димыІэу зэрызэдмыгъэгъуэтыфынур. Абы щхьэкІэ Иеговэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр тыгъэу къыдитащ. А къуэшхэр къыддоІэпыкъу «Мэссихь и щыпкъагъэм щыщІагъэ лъэпкъ хэмылъу, цІыху нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, дэри... дыхъуну». (Къеджэ Ефес 4:11—13.) Абы нэмыщІ Иеговэ и къару лъапІэр къыдет, «Мэссихь и гум илъыр дэ дигуми илъын» щхьэкІэ (1 Кор. 2:14—16). Иджыри дэ Хьисэ и гъащІэм теухуауэ къэзыІуэтэж тхылъиплІ диІэщ. Ар ИнджылкІэ дызэджэ тхылъхэращ. Абыхэм къыщыдощІэ Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ зэрыгупсысэу, зэрыпсалъэу щытар икІи ІуэхущІафэ илэжьу щытахэр. Абы и гупсысэкІэм хуэдэ зидгъэІэмэ икІи и ІуэхущІафэхэм щапхъэ тетхмэ, дэ Алыхьым и еплъыкІэ зэдгъэгъуэтынущ.

ИЕГОВЭ КЪЫБГЪЭДЭКІ ЩІЭНЫГЪЭ КУУХЭМ Я МЫХЬЭНЭР

12. «Япэ дыдэ фагъэщІа Іуэхухэм дыблэвгъэкІ» жыхуиІэ псалъэхэм къикІыр сыт?

12 Алыхьым и еплъыкІэ зэдгъэгъуэтын щхьэкІэ, дэ «япэ дыдэ дагъэщІа Іуэхухэм дыблэкІын» хуейщ. Псалъэм папщІэ, а «дагъэщІа Іуэхухэм» хохьэ гуэныхьхэм хущІегъуэжыныр, фІэщхъуныгъэ зэгъэгъуэтыныр, псым зыщІэгъэуэныр, лІахэр къызэрытэджыжыныр ди фІэщ хъуныр (Евр. 6:1, 2). А псор Алыхьым къыбгъэдэкІ щІэныгъэ пэжым лъабжьэ хуохъу. Аращ апостол Петр абыхэм я гугъу щІищІар, Пэнтэкост махуэшхуэр екІуэкІыу псалъэ щыжиІам щыгъуэ (Апост. 2:32—35, 38). Хьисэ и лъэужь дрикІуэн щхьэкІэ, дэ ахэр ди фІэщ хъун хуейщ. Псалъэм папщІэ, Паул гурыІуэгъуэу итхащ, лІахэр къызэрытэджыжынур ди фІэщ мыхъуу щытмэ, Хьисэ и лъэужь дрикІуэу жыпІэ зэрымыхъунур (1 Кор. 15:12—14). Ауэ а щІэныгъэхэмкІэ дэ дыкъэувыІэ хъунукъым.

13. Еврейхэм 5:14 зи гугъу ищІ шхыныгъуэр сэбэп къытхуэхъун щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр? (Сурэтми феплъ.)

13 ЩІэныгъэ куумрэ япэу къэтщІа щІэныгъэхэмрэ зэщхьэщокІ. ЩІэныгъэ куум Иеговэ и унафэхэм нэмыщІ, иджыри абы и гупсысэкІэр къыдгурызыгъаІуэ принципхэри хохьэ. Аращи, Библиер куууэ вджы, фызэджам фегупсыс икІи къэфщІар фи гъащІэм къыщывгъэсэбэп. Апхуэдэу фщІэмэ, Иеговэ зыгъэгуфІэ унафэхэр къэфщтэнущ c. (Къеджэ Еврейхэм 5:14.)

Иеговэ игу ирихь унафэхэр къатщтэу зыдогъасэ, абы къыбгъэдэкІ щІэныгъэ куухэр щызэтхьэлІэм деж (13-нэ абзацым феплъ.) d


14. Дауэ Паул Коринф щыІэ къуэш, шыпхъухэм зэрадэІэпыкъуар, ахэр Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху хъун щхьэкІэ?

14 Алыхьым и ІуэхугъуэхэмкІэ сабий цІыкІухэм хуэдэу щыт цІыхум и дежкІэ гугъущ, ар зихуа Іуэхугъуэм теухуауэ унафэ пыухыкІа щымыІэмэ, принципхэм тету унафэ къищтэну. Языныкъуэхэм я гугъэщ апхуэдэм деж узэрыхуейм хуэдэу унафэ къапщтэ хъуну. Унафэ гуэр щыщымыІэм дежи языныкъуэхэр хуейщ я Іуэхум теухуауэ унафэ пыухыкІа щыІэну. Коринф дэс къуэш, шыпхъухэр тхьэ нэпцІхэм къурмэн хуащІа лым щыщ пшхы хъунрэ мыхъунрэ къащІэну хуейуэ Паул щеупщІам щыгъуэ, ахэр хуеяуэ къыщІэкІынт абы унафэ пыухыкІа гуэр къажриІэну. Ауэ Паул абыхэм ягу къигъэкІыжащ щхьэж и напэм къызэрезэгъым хуэдэу унафэ къищтэн зэрыхуейр. Уи напэм къемызэгъ гуэр умыщІэну икІи зыгъэлъэпэрэпэн мывэ адрейхэм уахуэмыхъуну къыбдэІэпыкъу принцип зыбжанэ Паул абыхэм яхузэпкърихащ (1 Кор. 8:4, 7—9). Паул хуейт абыхэм унафэ къащтэр цІыхухэм я гупсысэкІэмрэ я хабзэхэмрэ трамыщІыхьыну, атІэ Алыхьым и Псалъэм тегъэщІауэ щытыну. Абы щыгъуэ ахэр Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху хъунут.

15. Дауэ Паул журт лъэпкъым щыщ къуэш, шыпхъухэм зэрадэІэпыкъуар, абыхэм Алыхьым и еплъыкІэ зрагъэІэн щхьэкІэ?

15 Паул журт лъэпкъым щыщ къуэш, шыпхъухэм яхуитха письмом иджыри мыхьэнэшхуэ зиІэ зы дерс итщ. А къуэш, шыпхъухэм щыщ языныкъуэхэр Алыхьым и ІуэхугъуэхэмкІэ сабий цІыкІухэм хуэдэу къэнащ. Абы къыхэкІкІэ Паул жиІащ: «Япэ дыдэ зэвгъэщІа Іуэхухэр зыгуэрым фигъэщІэжыну фыхуэныкъуэщ. Фызыхуэныкъуэр шхыныгъуэ гъэткІугъуейкъым, атІэ быдзышэщ» (Евр. 5:12). Абыхэм Иеговэ щІэуэ зыхуригъаджэхэр къащІакъым икІи зыхалъхьакъым (Прит. 4:18, Гъэсэпэтхыдэхэр). Псалъэм папщІэ, журт лъэпкъым къыхэкІахэм Мусэ и Хабзэр иджыри къыздэсым ягъэзащІэт, илъэс 30 ипэкІэ а Хабзэр Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм Іуиха пэтми (Рим 10:4; Тит 1:10). А илъэс 30-р абыхэм яхурикъун хуейт, Мусэ и Хабзэм къытекІыу, хабзэщІэм техьэн щхьэкІэ. Аращ Паул щІыхуеяр къуэш, шыпхъухэм пэжым и кууагъыр къагурыІуэну. Ахэр абы хуабжьу хуэныкъуэт, япэм Алыхьым зэрыхуэлэжьа щІыкІэм нэхърэ иджыпсту зэрыхуэлажьэ щІыкІэр зэрынэхъыфІыр къагурыІуэн щхьэкІэ. Ар абыхэм къадэІэпыкъунут, журтхэр къазэрыпэщІэувэм емылъытауэ, лІыгъэ яхэлъу хъыбарыфІыр адэкІи ягъэІуну (Евр. 10:19—23).

ДИ ЩХЬЭМ ДЫЩЫГУГЪЫЖЫН ХУЕЙКЪЫМ

16. Иеговэ и лэжьакІуэм сыт ищІэн хуейр, Алыхьым и еплъыкІэ иІэ хъуа иужь?

16 Дэ Алыхьым и еплъыкІэ зэдгъэгъуэтар зыфІэдгъэкІуэд хъунукъым. Абы щхьэкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ ди щхьэм дыщымыгугъыжыным (1 Кор. 10:12). Дэ щІэх-щІэхыурэ зыдгъэунэхужын хуейщ, ди пІэм динауэ дитрэ димытрэ къэтщІэн щхьэкІэ (2 Кор. 13:5).

17. Колоссэ тхылъым дапхуэдэу къызэрыхэщыр Алыхьым и еплъыкІэ уиІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр?

17 Паул Колоссэ дэс къуэш, шыпхъухэм яхуитха письмом иджыри зэ къыхигъэщащ Алыхьым и еплъыкІэ уиІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. А къуэш, шыпхъухэр Алыхьым и ІуэхугъуэхэмкІэ сабий цІыкІухэм хуэдэу щымытыжми, Паул ахэр къыхуриджащ мы дунейм къыщекІуэкІ философием пэІэщІэ зыхуащІыну (Кол. 2:6—10). Епафраси а зэхуэсым щыщхэр фІыуэ ицІыхуу къыщІэкІынт. Абы Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэт, ахэр «Тхьэм и гъуэгум быдэу тетын» щхьэкІэ (Кол. 4:12). Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Паулрэ Епафрасрэ къагурыІуэт Алыхьым и еплъыкІэр зыфІумыгъэкІуэдын щхьэкІэ, уэ езым къару епхьэлІэн, Алыхьри зыдэбгъэІэпыкъун зэрыхуейр. Ахэр хуейт Колоссэ дэс къуэш, шыпхъухэр сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэмыхуами, Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху балигъыу адэкІи щытыну.

18. Пэжым лъэ быдэкІэ тет цІыхум сыт къыщыщІынкІэ хъунур? (Сурэтми феплъ.)

18 Паул журтхэм щыщ къуэш, шыпхъухэм яхуитхащ мысакъыу щытмэ, пэжым лъэ быдэкІэ тет цІыхуми Алыхьымрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр игъащІэкІэ зэрыфІэкІуэдыфынур. ЦІыхум и гур быдэ хъууэ тобэ къихьыжыну хуэмейуэ хъуфынущ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым Іэмал иІэнукъым а цІыхум гущІэгъу хуищІыну. Я насыпти, журтхэм щыщ къуэш, шыпхъухэм я Іуэхур апхуэдэ дыдэу Іейтэкъым (Евр. 6:4—9). Ди зэманым теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? ХъыбарыфІ гъэІуным хэмытыжхэм икІи зэхуэсым хагъэкІыу иужькІэ къэзыгъэзэжахэм Иеговэ дапхуэдэу зэреплъыр? Абыхэм къызэрагъэзэжым къегъэлъагъуэ Паул зи гугъу ищІахэм ахэр зэрыщымыщыр. ДауикІ, апхуэдэ цІыхухэр хуэныкъуэщ Иеговэ къадэІэпыкъуным (Иез. 34:15, 16). Ахэр Алыхьым гъунэгъу хуэхъужын щхьэкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъу гуэрхэр абыхэм дэІэпыкъуэгъу хуащІынущ.

Зи фІэщхъуныгъэр махэхэм Иеговэ ядоІэпыкъу (18-нэ абзацым феплъ.)


19. Сыт хуэдэ мурадхэр зыхуэдгъэувыжын хуей?

19 Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху балигъ ухъуну ухущІэкъумэ, уэ а мурадыр къохъулІэнущ. Алыхьым и гупсысэкІэм хуэдэ уиІэн щхьэкІэ, абы къыбгъэдэкІ щІэныгъэ куухэр зэгъэгъуэт икІи уи гупсысэкІэр хъуэж. Ауэ Алыхьым и еплъыкІэр зэбгъэгъуэтауэ щытмэ, ар зэрызыфІумыгъэкІуэдыным иужь ит.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхур дапхуэдэу зэрыщытыр?

  • Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыху дыхъун щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр?

  • Ди щхьэм дыщыгугъыжын щІыхуэмейр сыт?

65-НЭ УЭРЭДЫР ИпэкІэ фыкІуатэ!

a ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм «балигъ», «балигъ мыхъуа» жыхуиІэ псалъэхэр хэмытми, а мыхьэнэр къызыхэщ нэгъуэщІ псалъэхэр хэтщ. Псалъэм папщІэ, Притчи тхылъым жыІэзыфІэщ ныбжьыщІэхэмрэ Іущагъ зыбгъэдэлъ, зи акъыл тІыса цІыхухэмрэ зэрегъапщэ (Прит. 1:4, 5, Гъэс.).

b «Защитите себя от дезинформации!» жыхуиІэ статьям феплъ. А статьяр jw.org сайтым «Разное» жыхуиІэ разделым, абы нэмыщІ JW Library® приложением итщ.

c Мы журналым ит «Зэпкърыпх хъуну темэр» жыхуиІэ рубрикэм феплъ.

d СУРЭТЫМ ИТЫР. Фильм зэплъынур къыщыхихым деж, къуэшым Библием ит принципхэр игу къегъэкІыж.