Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

12 СТАТЬЯР

Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм фыкІэлъыплъурэ, абы теухуауэ нэхъыбэ къафщІэ

Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм фыкІэлъыплъурэ, абы теухуауэ нэхъыбэ къафщІэ

«Тхьэм дунейр къыщигъэщІам къыщыщІэдзауэ езым и хьэл-щэну ямылъагъуфым Тхьэм къигъэщІахэмкІэ цІыхухэм нахуэу гу лъатэн ялъокІ» (РИМ 1:20).

6-НЭ УЭРЭДЫР Уафэгум Тхьэм и щІыхьыр къыщыхощыр

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Иеговэ нэхъыфІу къицІыхуну Іэиуб сыт къыдэІэпыкъуар?

 ШЭЧ ХЭМЫЛЪУ, Іэиуб езы Алыхь Иеговэ къызэрепсэлъар и гъащІэ псокІэ гукъинэж хуэхъуащ. Алыхьым и Іущагъымрэ и лэжьакІуэхэм и нэІэ зэратригъэтымрэ теухуауэ Іэиуб и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зыщІын Іуэхугъуэхэм хуэныкъуэт. Абы щхьэкІэ Иеговэ и языныкъуэ ІэдакъэщІэкІхэм Іэиуб гу лъригъэтащ. Псалъэм папщІэ, Алыхьым Іэиуб игу къигъэкІыжащ и нэІэ псэущхьэхэм зэратригъэтыр. Апхуэдэу щыхъукІэ, дауикІ, Иеговэ Іэиуби зыхуей хуигъэзэфынут (Иов 38:39—41; 39:1, 5, 13—16). Іэиуб Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм щегупсысам щыгъуэ, абы и хьэл-щэнхэм теухуауэ куэд къищІащ.

2. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дыкІэлъыплъыну сыт зэран къытхуэхъуфынур?

2 Дэри Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм дыкІэлъыплъу щытмэ, абы теухуауэ куэд къэтщІэфынущ. Ауэ а Іуэхур сыт щыгъуи тыншу щыту жыпІэ хъунукъым. Къалэшхуэм дыщыпсэууэ щытмэ, и нэхъыбэм деж, дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъыр дымылъэгъункІэ хъунущ. Уеблэмэ, къуажэм дыдэсми, Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дыкІэлъыплъыну зэман тхуримыкъункІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ, Алыхьым къигъэщІахэм дыкІэлъыплъын щхьэкІэ, зэман къыдэдгъэкІыным икІи а Іуэхум къару етхьэлІэным мыхьэнэ щІиІэм дытепсэлъыхьынщ. Дэ къэтлъэгъунущ, цІыхухэр ирагъэджэн щхьэкІэ, Иеговэрэ Хьисэрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр къызэрагъэсэбэпар. Абы нэмыщІ дэри Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дерс нэхъыбэ зэрыхэтхыфынур къэтщІэнущ.

ИЕГОВЭ И ІЭДАКЪЭЩІЭКІХЭМ ДЫКІЭЛЪЫПЛЪЫН ЩІЫХУЕЙР СЫТ?

Іэдэм къэзыухъуреихь дунейм гуфІэгъуэ хихыну Иеговэ хуейти, псэущхьэхэм цІэ яфІищыну хуигъэфэщащ (3-нэ абзацым феплъ.)

3. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм Іэдэм гуфІэгъуэ хригъэхыну зэрыхуеяр сытым къыхэщрэ?

3 Иеговэ хуейт япэ цІыхум къэзыухъуреихь дунейм гуфІэгъуэ хихыну. Алыхьым Іэдэм къыщигъэщІам щыгъуэ жэнэт дахэр абы псэупІэ хуищІри, илэжьыхьыну икІи ар ихъумэну жриІащ (ЩІэдз. 2:8, 9, 15). Жылэхэр къызэрыкІымрэ удзхэр зэрыгъагъэмрэ Іэдэм щыкІэлъыплъым щыгъуэ и гур хэхъуэу щытауэ къыщІэкІынущ. Іэдэн жыг хадэм кІэлъыплъыну Алыхьым Іэдэм зэрыхуигъэфэщар абы и дежкІэ, дауикІ, пщІэшхуэт! Абы нэмыщІ Иеговэ Іэдэм елъэІуащ дэтхэнэ зы псэущхьэми цІэ фІищыну (ЩІэдз. 2:19, 20). Псэущхьэхэм я цІэхэр Алыхьым езым фІищыжыфынут, ауэ абы ар Іэдэм хуигъэфэщащ. ДауикІ, псэущхьэ гуэрым цІэ фІищын щхьэкІэ, Іэдэм абы набдзэгубдзаплъэу кІэлъыплъын икІи и щытыкІэм гу лъитэн хуейт. Абы а лэжьыгъэр хуабжьу игу ирихьу щытауэ къыщІэкІынущ. Шэч хэмылъу, абы ар къыдэІэпыкъуащ и Адэм и Іущагъымрэ и ІэдакъэщІэкІхэр гъэщІэгъуэныщэу зэрыщытымрэ къыгурыІуэну.

4. 1) Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дыкІэлъыплъын щІыхуейр сыт? 2) Иеговэ къигъэщІахэм щыщу нэхъ уигу ирихьыр сыт?

4 НтІэ, Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм сыт дэ дыкІэлъыплъын щІыхуейр? Езы Иеговэ ар тщІэну мыпхуэдэу дыхуегъэуш: «Фи нэр фІэти фыдэплъей». АдэкІэ абы мыпхуэдэ упщІэ къеІэт: «Хэт мы псор къэзыгъэщІар?» Абы и жэуапыр, дауикІ, гурыІуэгъуэщ (Ис. 40:26). Уафэм имызакъуэу щІылъэри, тенджызхэри Иеговэ и ІэдакъэщІэкІ гъуэзэджэхэмкІэ гъэнщІащ икІи абыхэм Алыхьым теухуауэ куэд къыдагъащІэ (Пс. 104:24, 25). Абы нэмыщІ Иеговэ цІыхур къыщигъэщІым щыгъуэ хилъхьа хьэл-щэнхэмрэ зэфІэкІхэмрэ девгъэгупсысыт. Псалъэм папщІэ, дэ псоми дыкъэзыухъуреихь дунейр фІыуэ долъагъу. Абы нэмыщІ ди нэм зэрилъагъум, ди тхьэкІумэм зэрызэхихым, ерыскъым и ІэфІагъыр зэрызыхэтщІэм, мэхэр къызэрытщІихьэм, зыгуэрым дызэреІусэр зэрызыхэтщІэм и фІыгъэкІэ Иеговэ и ІэдакъэщІэкІ зэмылІэужьыгъуэхэм дыщогуфІыкІ.

5. Рим 1:20 зэритымкІэ, Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дызэрыкІэлъыплъым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьрэ?

5 Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дыкІэлъыплъын щІыхуейм теухуауэ иджыри зы щхьэусыгъуэ Библием къытхузэІуех. Абыхэм я фІыгъэкІэ Иеговэ и хьэл-щэнхэр нэхъыфІу къыдоцІыху. (Къеджэ Рим 1:20.) Псалъэм папщІэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм хыдолъагъуэ ар къэзыгъэщІам гъуэзэджэу псори зэрищІар. Алыхьым Іущагъышхуэ зэрыбгъэдэлъыр абы къигъэлъагъуэркъэ? ГуфІэгъуэ къытхуэзыхь ерыскъы зэмылІэужьыгъуэхэми девгъэгупсысыт. Апхуэдиз ерыскъы зэрыщыІэр щыхьэт тохъуэ Алыхьым цІыхухэр фІыщэу зэрилъагъум. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм и хьэл-щэнхэр щыхэтлъагъуэм деж, ар нэхъыфІу къыдоцІыху икІи абы нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуну гукъыдэж диІэ мэхъу. АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ, мыхьэнэшхуэ зиІэ пэжхэр цІыхухэм къагуригъэІуэн щхьэкІэ, Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм гу лъаригъатэу зэрыщытам.

АЛЫХЬЫМ И ХЬЭЛ-ЩЭНХЭР КЪЫТХУЗЭІУИХЫН ЩХЬЭКІЭ, АБЫ И ІЭДАКЪЭЩІЭКІХЭМ ГУ ЛЪЫДЕГЪАТЭ

6. Къуалэбзухэм дащыкІэлъыплъым деж, сытым абы дыхуигъасэрэ?

6 Иеговэ илэжь Іуэхухэм я зэманыр триухуащ. Илъэс къэс, мазаем и кІэм щыщІэдзауэ накъыгъэм и кум нэс израил цІыхухэм псыхэуэщІыбыпцІэхэр (аистхэр) ялъагъут. А къуалэбзухэр ищхъэрэ лъэныкъуэкІэ кІуэуэ израил щІыналъэм блэлъэту щытащ. Алыхьым израил цІыхухэм мыпхуэдэу яжриІащ: «Уафэгум ит псыхэуэщІыбыпцІэ нэгъуни и зэманыр ещІэж» (Иер. 8:7). А къуалэбзухэр щылъэтэжыну зэманыр Иеговэ зэрытриухуам хуэдэу, абы и хьэкумхэр щигъэзэщІэну зэманри триухуащ. Нобэ уафэгум ит къуалэбзу лъэтэжхэр щытлъагъум деж, абы дигу къегъэкІыж Иеговэ мы дунеижьым кІэ щритыну махуэр зэрытриухуар (Авв. 2:3).

7. Бгъэм къызэрилъэтыхьым сытым дыхуигъасэрэ? (Исайя 40:31).

7 Иеговэ и къарумкІэ и лэжьакІуэхэм догуашэ. Ешайа бегъымбарыр къигъэсэбэпу Иеговэ и лэжьакІуэхэр къигъэгугъащ къару зимыІэхэмрэ зи лъэр щІэхуа цІыхухэмрэ къару яригъэгъуэтыжыну. Абы и фІыгъэкІэ «ахэр бгъэм и дамэр ятетым хуэдэу, лъагэу дэлъэтеинущ». (Къеджэ Исайя 40:31.) Израил цІыхухэм уафэм щызелъатэ бгъэхэр щІэх-щІэхыурэ ялъагъут. Абыхэм къару куэд ямыгъэкІуэду уафэгум заІэтын щхьэкІэ, жьы хуабэ дэкІуейр къагъэсэбэп. Абы дигу къегъэкІыж, Иеговэ бгъэхэм къару зэрыритым хуэдэу, и лэжьакІуэхэми къару зэрыритыфынур. Уафэгум ит къуалэбзуушхуэм и дамэр имыгъэхъейуэ кІуэ пэтми нэхъ лъагэу зэрызиІэтыр щыплъагъум деж, уэри уи гугъуехьхэм нэхърэ нэхъ лъагэу зыпІэтыну Иеговэ къару къызэрыуитыфынур уигу къэгъэкІыж.

8. Іэиуб Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм зэрегупсысам и фІыгъэкІэ сытым зыхуригъэса, дэри абыхэм дегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

8 Иеговэ дзыхь хуэтщІыну хуэфащэщ. Іэиуб Иеговэ къепсэлъа иужь, абы дзыхь нэхъ хуищІу хъуащ (Иов 32:2; 40:6—8). Алыхьым Іэиуб гу лъригъэтащ и ІэдакъэщІэкІ куэдым: вагъуэхэм, пшэхэм, тенджызым. Иеговэ иджыри псэущхьэхэм тепсэлъыхьащ, псалъэм папщІэ, гуу Іэлымрэ шымрэ (Иов 38:32—35; 39:9, 19, 20). Абыхэм я щапхъэмкІэ Алыхьым гъунэ зимыІэ и къарум нэмыщІ и лъагъуныгъэмрэ и Іущагъышхуэмрэ къигъэлъэгъуащ. А псалъэмакъым и фІыгъэкІэ Іэиуб зэи хуэмыдэу Иеговэ дзыхь хуищІу хъуащ (Иов 42:1—6). Апхуэдэу, Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм дыщыкІэлъыплъым деж, абыхэм дигу къагъэкІыж Иеговэ дэр нэхърэ куэдкІэ нэхъ къарууэ икІи нэхъ Іущу зэрыщытыр. Абы къокІ дэ дызыпэщІэхуэ гугъуехь псоми кІэ иритыну Алыхьым зэрыхузэфІэкІынур икІи абы ар Іэмал имыІэу ищІэнущ. Иеговэ нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІыну а гупсысэр къыддэІэпыкъунущ.

ХЬИСЭ ЦІЫХУХЭМ ЩЕПСАЛЪЭМ ЩЫГЪУЭ И АДЭМ И ІЭДАКЪЭЩІЭКІХЭМ ГУ ЛЪРИГЪАТЭТ

9, 10. Дыгъэмрэ уэшхымрэ Иеговэ теухуауэ сыт къыдагъащІэр?

9 Хьисэ дыкъэзыухъуреихь мы дунейм фІыуэ щыгъуазэщ. Иеговэ мы Дунеишхуэр къыщигъэщІым щыгъуэ ар абы «дэІэпыкъуэгъу ІэкІуэлъакІуэу» иригъусащ (Прит. 8:30). ИужькІэ, Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ, и гъуэгу ирикІуэхэм Алыхьым теухуауэ щажриІэкІэ абы и ІэдакъэщІэкІхэр щапхъэу къахуихьу щытащ. Хьисэ зыхуригъаджэу щытам гу лъыттэнщ.

10 Иеговэ цІыхухэр псори фІыуэ елъагъу. Хьисэ Іуащхьэм тету псалъэ щыжиІам щыгъуэ и лъэужь ирикІуэхэм гу лъригъэтащ цІыху куэдым Іуэху къызэрыгуэкІыу къалъытэ дыгъэм и нурымрэ уэшхымрэ. Ахэр щымыІамэ, щІылъэм гъащІэр щыІэнутэкъым. Иеговэ и лэжьакІуэу щымытхэм дыгъэр къахуримыгъэпсу икІи уэшх къахуримыгъэшхыу ищІыфынут, ауэ ахэр абы цІыху псом щхьэкІи щигъэІэщ (Мт. 5:43—45). Апхуэдэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс къагуригъэІуащ: дэ дэтхэнэ цІыхури фІыуэ тлъагъуну Иеговэ хуейщ. Дыгъэр щыкъухьэкІэ уафэр щхъуэкІэплъыкІэ дахэ зэрыхъум, хьэмэрэ, уэшх къызэрешхым дыщеплъым деж, Иеговэ цІыхухэр псори фІыуэ зэрилъагъум дегупсысыфынущ. Абы и щапхъэм дыхуигъэушыфынущ цІыхухэм гуапэу дахущытыну икІи зэхэгъэж дымыщІу псоми хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэну.

11. Бзухэм дазэрыкІэлъыплъым дапхуэдэу дигъэгушхуэфыну?

11 Иеговэ дызыхуэныкъуэу хъуар къыдет. Хьисэ Іуащхьэм тету псалъэ щыжиІам щыгъуэ, иджыри мыпхуэдэу жиІащ: «Уэгум щызелъатэ бзухэм феплъыт: абыхэм жылэ ясэркъым икІи гъавэ къахыжыркъым, гуэнхэми иракІутэркъым, апхуэдэу щыт пэтми, фи Адэ лъапІэу уафэм щыІэм ахэр егъашхэ». Хьисэ а псалъэхэр щыжиІэм, абы къедаІуэхэм уэгум ит бзухэр ялъагъуу къыщІэкІынут. ИужькІэ абы жиІа псалъэхэм дапхуэдиз лъагъуныгъэ хэлъами фегупсысыт: «Фэ абыхэм нэхърэ куэдкІэ фынэхъ лъапІэкъэ?» (Мт. 6:26). Иеговэ дызыхуэныкъуэу хъуар къыдитыну дыкъегъэгугъэ (Мт. 6:31, 32). Мыхьэнэшхуэ зиІэ мы дерсым Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм ноби къару къахелъхьэ. Испанием щыщ пионеру лажьэ ди зы шыпхъур хуабжьу гузавэт, и Іуэхум хуэкІуэ фэтэр зэримыгъуэтым щхьэкІэ. Ауэ, бзухэм жылэрэ мэракІуэрэ зэрашхыр щилъэгъуам щыгъуэ, ди шыпхъум и гур къызэрыгъуэтыжащ. Ар къыддогуашэ: «Иеговэ и нэІэ а бзу цІыкІухэм зэратригъэтыр щыслъэгъуам щыгъуэ, сэри сызыхуей сызэрыхуигъэзэнур абы сигу къигъэкІыжащ». Куэд дэмыкІыу а шыпхъум зыхуэныкъуэ фэтэр къигъуэтащ.

12. Бзу цІыкІухэм дащыкІэлъыплъым деж, Иеговэ теухуауэ сыт къатщІэр? (Маттэ 10:29—31).

12 Иеговэ дэтхэнэ зыри лъапІэу делъытэ. Апостолхэм хъыбарыфІыр ягъэІуну игъэкІуэн ипэ цІыхухэр къазэрыпэщІэувэнум щымышынэну Хьисэ абыхэм ядэІэпыкъуащ. (Къеджэ Маттэ 10:29—31.) Дапхуэдэу? Хьисэ абыхэм гу лъаригъэтащ псоми фІыуэ яцІыху бзу цІыкІухэм. А зэманым щыгъуэ а бзу цІыкІухэр псом нэхърэ нэхъ пудт. Ауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм мыпхуэдэу яжриІащ: «Фи Адэ лъапІэр хуэмеймэ, абыхэм ящыщ зыри щІым къытехуэнукъым». ИужькІэ абы пищащ: «Фэ бзу цІыкІу куэдым нэхърэ фынэхъ лъапІэщ». Апхуэдэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къагуригъэІуащ Иеговэ абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри лъапІэу зэрилъытэр. Абы къыхэкІкІэ ахэр щІэшынэн лъэпкъ щыІэтэкъым. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хъыбарыфІыр щагъэІукІэ бзу цІыкІухэр щалъагъум деж, абы жиІа псалъэхэр ягу къагъэкІыжу къыщІэкІынт. Аращи, бзу цІыкІухэр щыплъагъум деж, Иеговэ уэ лъапІэу узэрилъытэр уигу къэгъэкІыж, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «бзу цІыкІу куэдым нэхърэ» уэ унэхъ лъапІэщ. Алыхьыр къызэрыбдэІэпыкъум и фІыгъэкІэ цІыхухэр къызэрыппэщІэувэм ущымышынэну уэ плъэкІынущ (Пс. 118:6).

ИЕГОВЭ И ІЭДАКЪЭЩІЭКІХЭМ АБЫ ТЕУХУАУЭ НЭХЪЫБЭ КЪЫДАГЪЭЩІЭН ЩХЬЭКІЭ, СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР?

13. Иеговэ теухуауэ абы и ІэдакъэщІэкІхэм нэхъыбэ къыдагъэщІэн щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунур?

13 Иеговэ теухуауэ абы и ІэдакъэщІэкІхэм нэхъыбэж «къыджаІэфынущ». Абы щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр? Япэрауэ, Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дыкІэлъыплъын щхьэкІэ, зэманыр къыдэдгъэкІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. ЕтІуанэрауэ, абыхэм Иеговэ теухуауэ сытым дыхурагъасэми дегупсысын хуейщ. Ауэ ар пщІэну тыншу щымытынкІэ хъунущ. Камерун щыщ ди шыпхъу Жеральди́нэ мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ къалэшхуэм сыкъыщыхъуащ. Абы къыхэкІкІэ сэ къызгуроІуэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм укІэлъыплъын щхьэкІэ, къару епхьэлІэн зэрыхуейр». Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш Альфо́нсо къыддогуашэ: «Сэ къызгурыІуащ зыри зэран къысхуэмыхъуу Иеговэ къигъэщІам сыкІэлъыплъын икІи Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къэсщІэн щхьэкІэ, си Іуэхухэр зэтезухуэурэ зэман къыдэзгъэкІын зэрыхуейр».

Даут къэзыухъуреихь дунейм кІэлъыплът икІи абы Иеговэ теухуауэ сыт къригъащІэми егупсыст (14-нэ абзацым феплъ.)

14. Алыхьым къигъэщІам щегупсысым щыгъуэ, сыт Даут къищІар?

14 Даут Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм куууэ егупсыст. Абы Иеговэ мыпхуэдэу зыхуигъэзащ: «Уэ уи ІэдакъэщІэкІыу щыт уафэм, уэ къэбгъэщІа мазэмрэ вагъуэхэмрэ сыщеплъым деж, сэ согупсыс: лІэныгъэ къызыпэщылъ цІыхур сыт зищІысыр уэ ар пщымыгъупщэну?» (Пс. 8:3, 4). Даут вагъуэбэ жэщым уафэм щеплъкІэ, Дунеишхуэм щхьэкІэ и гум фІыщІэ илъым нэмыщІ, а вагъуэхэм Иеговэ теухуауэ кърагъащІэр къыгурыІуэну хуейт. Псалъэм папщІэ, абы къищІащ Иеговэ щІэи гъуни зимыІэ Іущагъымрэ къарумрэ зэрыбгъэдэлъыр. Абы нэмыщІ Даут анэм и ныбэ щилъам щыгъуэ и Іэпкълъэпкъым зэрызиужьу щытам егупсыст. Даут и Іэпкълъэпкъыр хьэлэмэтыщэу зэрызэхэлъым щегупсысым щыгъуэ, и гум илъ фІыщІэр нэхъ ин хъут (Пс. 139:14—17).

15. Иеговэ и хьэл-щэнхэр и ІэдакъэщІэкІхэм къызэрыхэщым теухуауэ щапхъэ къэфхь (Пс. 148:7—10).

15 Дэри, Даут хуэдэу, Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм куууэ дегупсысын щхьэкІэ, жыжьэ дыкІуэн хуейкъым. Дыкъэзыухъуреихь дунейм деплъмэ, Иеговэ и хьэл-щэн дахэ куэдым гу лъыттэфынущ. Псалъэм папщІэ, дыгъэм и хуабагъэр щызыхэпщІэм деж, Алыхьым и къаруушхуэм егупсыс (Иер. 31:35). Къуалэбзум абгъуэ зэрищІыр щыплъагъум деж, Иеговэ и Іущагъышхуэм егупсыс. Зи кІапэ къэзыубыдыжыну хэт хьэ пшыр цІыкІур щыплъагъум деж, Иеговэ гушыІэ зэрыхэлъым егупсыс. Анэм и ІэплІэм илъ сабий цІыкІур зэрыщІиупскІэр плъагъуху, Иеговэ и лъагъуныгъэшхуэм щхьэкІэ фІыщІэ хуэщІ. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм — инхэми цІыкІухэми, гъунэгъухэми жыжьэхэми — щІыхь къызэрыхуахьым къыхэкІкІэ дэ ар къызэрытцІыхун Іэмал куэд диІэщ. (Къеджэ Псалом 148:7—10.)

16. Сыт хуэдэ мурад зыхуэдгъэувыж хъуну?

16 Дэ ди Алыхь Иеговэ и Іущагъым, и лъагъуныгъэм, и къарум зыри пэпщІ хъунукъым. Абы и ІэдакъэщІэкІхэр псори дахащэу щытщ. Зи гугъу тщІа хьэл-щэнхэри нэгъуэщІхэри Алыхьым къигъэщІауэ хъуам къыхощ. Ахэр къэтлъэгъун щхьэкІэ, дэ набдзэгубдзаплъэу дыщытын хуейщ. Аращи, зэпымыууэ зэман къыдэдгъэкІынщ, Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дыкІэлъыплъын икІи абыхэм сытым дыхуагъасэми дегупсысын щхьэкІэ. Апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, псори къэзыгъэщІа ди Алыхьым нэхъ гъунэгъу дыхуэхъунущ (Екъуб 4:8). А ІуэхумкІэ адэ-анэхэр я бынхэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъуфынур? А упщІэм и жэуапыр къыкІэлъыкІуэ статьям къыщытщІэнущ.

5-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Іуэху телъыджэхэр

a Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дыщыкІэлъыплъым деж, абыхэм дыдахьэх. Дыгъэм и къарумрэ удз гъэгъахэм я дахагъымрэ хьэлэмэтыщэ тщохъу. Иеговэ теухуауэ и ІэдакъэщІэкІхэм куэд къыдагъащІэ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ, Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм дыкІэлъыплъын щхьэкІэ, зэман къыдэдгъэкІын щІыхуейр икІи абы нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуну а Іуэхур дапхуэдэу къыддэІэпыкъунуми.