Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

11 СТАТЬЯР

Псым зыщІэбгъэуэн щхьэкІэ, сыт пщІэн хуейр?

Псым зыщІэбгъэуэн щхьэкІэ, сыт пщІэн хуейр?

«Мис псы. Сыбумэхъ хъунукъэ?» (АПОСТ. 8:36).

50-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и ІэмыщІэм ди гъащІэр тхьэлъэІукІэ идолъхьэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

Дуней псом ныбжьыщІэхэми зи ныбжь хэкІуэтахэми Алыхьым нэхъ гъунэгъу зыхуащІ икІи псым зыщІагъауэ (1, 2-нэ абзацхэм феплъ.)

1, 2. Псым зыщІэбгъэуэну иджыри ухуэмыхьэзыру щытмэ, уи Іэр епхьэхын щІыхуэмейр сыт? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

 УЭ ПСЫМ зыщІэбгъэуэну ухуейуэ щытмэ, ар мурадыфІ дыдэщ. А лъэбакъуэр пчыну ухуэхьэзыру къэплъытэмэ икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы арэзы техъуэмэ, япэу Іэмал ущиІэм деж, псым зыщІэгъауэ. Иеговэ и лэжьакІуэ узэрыхъунум къыхэкІкІэ гъэщІэгъуэну икІи насыпыфІэу щыт гъащІэ уэ къыппэщылъщ.

2 Ауэ, уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэр хэплъхьэн хуейуэ къыбжаІамэ-щэ? Е уэ езыр апхуэдэ гупсысэм укъыхуэкІуамэ-щэ? Апхуэдэу щытмэ, уи Іэр йомыхьэх. Уи ныбжьым емылъытауэ, узыхуэныкъуэ зэхъуэкІыныгъэхэр уи гъащІэм хэплъхьэну икІи а мыхьэнэшхуэ зиІэ лъэбакъуэр пчыну уэ пхузэфІэкІынущ.

СЫТ СЭ ЗЭРАН КЪЫСХУЭХЪУР?

3. Ефиопием щыщ къулыкъущІэр Филипп зэреупщІар сыт икІи абы къыхэкІкІэ сыт хуэдэ упщІэ къэхъейрэ? (Апостолхэм 8:36, 38).

3 Къеджэ Апостолхэм 8:36, 38. Ефиопием щыщ къулыкъущІэр Филипп мыпхуэдэу еупщІащ: «Мис псы. Сыбумэхъ хъунукъэ?» А цІыхухъум псым зыщІигъэуэну хуейт. Ауэ а лъэбакъуэр ичыну ар хуэхьэзыру пІэрэт?

Ефиопием щыщ къулыкъущІэм Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къищІэну хуейт (4-нэ абзацым феплъ.)

4. Ефиопием щыщ къулыкъущІэм зригъэгъуэта щІэныгъэм адэкІи хигъэхъуэну зэрыхуеяр сытым къыхэщрэт?

4 Ефиопием щыщ къулыкъущІэр «Тхьэм елъэІун папщІэ, Ерусалим къэкІуат» (Апост. 8:27). А цІыхухъур прозелиту щытауэ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, журтхэм я диныр къищтауэ, къыщІэкІынут. Шэч хэмылъу, ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм я фІыгъэкІэ абы Иеговэ теухуа щІэныгъэр зригъэгъуэтат. Ауэ абы нэхъыбэ къищІэну хуейт. Филипп а цІыхухъум щыхуэзам щыгъуэ, сытыт абы зи Іуэху зрихуэр? Ар Ешайа бегъымбарым и тхылъым еджэт (Апост. 8:28). А тхылъым итыр къыбгурыІуэну тынштэкъым. Ауэ а къулыкъущІэр къищІамкІэ къэмыувыІэу щІэныгъэ нэхъ куу зригъэгъуэтыну хуейт.

5. Ефиопием щыщ къулыкъущІэр къищІам зэрытетыжар дапхуэдэу?

5 А лІыр Ефиопием и пащтыхь гуащэ Кандакие и къулыкъущІэхэм ящыщт икІи «пащтыхьым и мылъку псори абы и ІэмыщІэ илът» (Апост. 8:27). А къулыкъущІэм и пщэм къалэн куэд дэлъауэ къыщІэкІынущ, ауэ, абы емылъытауэ, Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ, абы зэман къыдигъэкІт. А цІыхухъум пэжыр къищІэну хуей къудейуэ аратэкъым, атІэ ар къищІам тету псэуну хущІэкъут. Аращ ар Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ, Ефиопием икІыу Ерусалим дэт Алыхьым и Унэшхуэм нэс щІэкІуар. А гъуэгуанэр зэрыкІыхьым къыхэкІкІэ, зэманрэ ахъшэ куэдрэ текІуэдауэ къыщІэкІынущ. Ауэ, Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ, абы сытри ищІэну хьэзырт.

6, 7. Ефиопием щыщ цІыхухъум Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэр сытым и фІыгъэкІэ хэхъуа икІи ар сытым хуигъэуша?

6 Ефиопием щыщ къулыкъущІэм Филипп и фІыгъэкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ пэжхэр къищІащ, Хьисэ Мэссихьу зэрыщытри абыхэм яхэту (Апост. 8:34, 35). А цІыхухъум и гуапэт Хьисэ абы щхьэкІэ ищІар къищІэну. Абы ар сытым хуигъэуша? А къулыкъущІэм и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ химылъхьэу, пщІэ зыхуащІ прозелиту къэнэжыфынут. Ауэ, Филипп епсэлъа иужь, а цІыхухъум Иеговэрэ Хьисэрэ яхуиІэ лъагъуныгъэм хэхъуащ. А лъагъуныгъэм ар хуигъэушащ псым зыщІигъэуэну икІи Хьисэ и лъэужь иувэну. Мыхьэнэшхуэ зиІэ а лъэбакъуэр ичыну ефиоп цІыхухъур зэрыхьэзырыр Филипп къыгурыІуати, ар псым щІигъэуащ.

7 Ефиопием щыщ къулыкъущІэм щапхъэ тепхыу щытмэ, уэри псым зэрызыщІэбгъэуэным хуэхьэзыру ущытынущ. Уэ шэч лъэпкъ къытомыхьэу мыпхуэдэу жыпІэфынущ: «Псым зыщІэзгъэуэну сыт сэ зэран къысхуэхъур?» Ефиопием щыщ цІыхухъум щІэныгъэ пэжыр зригъэгъуэтт, абы тету псэут икІи Алыхьым хуиІэ лъагъуныгъэм хигъахъуэт. Уэри а лъэбакъуэхэр зэрыпчыфынум адэкІэ деплъынщ.

ЩІЭНЫГЪЭ ЗЭГЪЭГЪУЭТ

8. Иуан 17:3 ит псалъэхэм сытым ухуагъэушрэ?

8 Къеджэ Иуан 17:3. Хьисэ жиІа мы псалъэхэр зэхэтха иужь, дэ тщыщ куэдым Библиер дджыну гукъыдэж диІэ хъуауэ къыщІэкІынущ. Ауэ, гу лъытапхъэщ, зэдгъэгъуэта щІэныгъэм адэкІи хэдгъэхъуэн хуейуэ а едзыгъуэ дыдэм зэрыщыжыІар. Абы къыхэкІкІэ Алыхь пэжым теухуа щІэныгъэр зэдгъэгъуэтын дэ зэи щыдгъэтынукъым (Эккл. 3:11). Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэху, дэ абы нэхъ гъунэгъу дыхуэхъунущ (Пс. 73:28).

9. Библием ит щІэныгъэ нэхъыщхьэхэр зэдгъэгъуэта иужь, сыт дэ тщІэн хуейр?

9 Библием ит щІэныгъэ нэхъыщхьэхэр — ар Иеговэ теухуа щІэныгъэм и щІэдзапІэ къудейуэ аращ. Апостол Паул журт лъэпкъым щыщ къуэш, шыпхъухэм яхуитха письмом а щІэныгъэхэм щхьэкІэ «япэ дыдэ зэвгъэщІа Іуэхухэр» жиІащ, ауэ абы а щІэныгъэхэр Іуэху къызэрыгуэкІыу къимылъытэу сабий цІынэм ириф шэм иригъэщхьащ (Евр. 5:12; 6:1). Паул иджыри къуэш, шыпхъухэр хуигъэушт къащІамкІэ къэмыувыІэу Библием ит щІэныгъэ нэхъ куухэр зрагъэгъуэтыну. Уэ-щэ? Апхуэдэ щІэныгъэхэр зэбгъэгъуэтыну гукъыдэж уиІэ? Иеговэрэ абы и мурадымрэ теухуауэ адэкІи къэпщІэну ухуей?

10. Языныкъуэхэм еджэныр къащІытехьэлъэр сыт?

10 ЦІыху куэдым я дежкІэ зыгуэр яджыну Іуэху тыншу щыткъым. Уэ птеухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Школым ущІэсыху, фІыуэ уеджэу икІи куууэ зыгуэр зэпкърыпхыу зебгъэса? Узэреджа илъэсхэр уигу ирихьу щыта икІи сэбэпынагъ къыпхуахьауэ къэплъытэрэ? Хьэмэрэ, еджэныр уигу зэрыримыхьыр къыбгурыІуауэ ара? Іуэхур апхуэдэу щытмэ, уэ уи закъуэкъым. Ауэ, еджэныр уигу ирихьу хъун щхьэкІэ, Иеговэ къыбдэІэпыкъуфынущ. Ар дагъуэншэщ икІи псом нэхърэ нэхъ ЕгъэджакІуэфІщ.

11. Иеговэ ди «УщиякІуэшхуэу» щыту жыпІэ щІэхъунур сыт?

11 Иеговэ ди «УщиякІуэшхуэщ» (Ис. 30:20, 21). Ар тэмакъкІыхьу, щабэу икІи дыкъызыгурыІуэ ЕгъэджакІуэу щытщ (Пс. 130:3). Дэ тхузэфІэкІынум нэхърэ нэхъыбэкІэ ар къытщыгугъкъым. Абы нэмыщІ гъэщІэгъуэныщэу зэхэлъхьа ди щхьэ куцІыр Иеговэ тыгъэ лъапІэу къызэрыдитар зыщыдгъэгъупщэнкъым (Пс. 139:14). Деджэну гукъыдэж диІэу дэ абы дыкъигъэщІащ. Иеговэ хуейщ дэ зэпымыууэ щІэ гуэр къатщІэу икІи абы гуфІэгъуэ къытхуихьу дыпсэуну. Абы къыхэкІкІэ иджыпсту щыщІэдзауэ Библием ит пэжым хуэпабгъэу дыщыту зедгъэсэным Іущагъ хэлъщ (1 Пет. 2:2). Аращи, пхузэфІэкІыну мурадхэр гъэув икІи Библиер зэрыбдж графикым узэрытемыкІыным хущІэкъу (Иис. Н. 1:8). Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъум и фІыгъэкІэ уэ Библием узэреджэмрэ Алыхьым теухуауэ къапщІэ щІэныгъэхэмрэ нэхъ удахьэхыурэ кІуэнущ.

12. Хьисэ Алыхьым зэрыхуэлэжьамрэ и гъащІэмрэ теухуауэ къэтщІэн щІыхуейр сыт?

12 Хьисэ Алыхьым зэрыхуэлажьэу щытамрэ и гъащІэмрэ уегупсысын щхьэкІэ, зэпымыууэ зэман къыдэгъэкІ. Мы зэман гугъум Иеговэ дыхуэлэжьэн щхьэкІэ, абы и Къуэм и лъэужьым дытемыкІыу дрикІуэн хуейщ (1 Пет. 2:21). Хьисэ и лъэужь ирикІуэнухэр гугъуехьхэм зэрыпэщІэхуэнур жиІауэ щытащ (Лк. 14:27, 28). Ауэ абы шэч къытрихьэтэкъым, езыр гугъуехьхэм зэрыпэлъэщам хуэдэу, и лъэужь ирикІуэнухэри абыхэм зэрыпэлъэщыфынум (Ин. 16:33). Аращи, Хьисэ и гъащІэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэ икІи абы и щапхъэм сыт щыгъуи утетыну мурад гъэув.

13. Иеговэ сытым теухуауэ делъэІун хуей икІи сыт щхьэкІэ?

13 Иеговэ нэхъыфІу къэтцІыхун, ар фІыуэ тлъагъун икІи фІэщхъуныгъэ диІэн щхьэкІэ, щІэныгъэ зэдгъэгъуэт закъуэкІэ зэфІэкІкъым (1 Кор. 8:1—3). Абы къыхэкІкІэ уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ пщІыну къыбдэІэпыкъуну Алыхьым елъэІу (Лк. 17:5). Иеговэ и гуапэу апхуэдэ тхьэлъэІухэм жэуап ирет. Алыхьым теухуа щІэныгъэ пэжхэр лъабжьэ зыхуэхъуа фІэщхъуныгъэр уэ къыбдэІэпыкъунущ къапщІэр уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпыну (Екъуб 2:26).

КЪАПЩІЭМ ТЕТУ ПСЭУ

Псыдзэшхуэр къэхъуным ипэ Нухьрэ и унагъуэмрэ къащІам тету псэуащ (14-нэ абзацым феплъ.)

14. КъапщІэр уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр апостол Петр дапхуэдэу къызэрыхигъэщар? (Сурэтым феплъ.)

14 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм дежкІэ къащІам тету псэуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр апостол Петр къыхигъэщауэ щытащ. Абы Нухь теухуауэ Библием ит хъыбарыр щапхъэу къихьат. Иеговэ Нухь жриІауэ щытащ цІыху Іейхэр псыдзэшхуэкІэ зэригъэкІуэдынур. Нухьрэ абы и унагъуэмрэ къелын щхьэкІэ, псыдзэшхуэр зэрыщыІэнур ящІэ закъуэкІэ зэфІэкІтэкъым. Петр а зэманым щхьэкІэ жиІам гу лъыттэнщ. Абы итхащ: «Нухь бегъымбарым кхъухьыр щищІа махуэхэм Тхьэр шыІэныгъэшхуэкІэ къапэплъэу щытащ» (1 Пет. 3:20). Нухьрэ абы и унагъуэмрэ Алыхьым жиІам тету кхъухьыр ящІащ (Евр. 11:7). ИужькІэ Нухь ищІар псым зырызыщІагъауэм Петр иригъэщхьащ. Абы мыпхуэдэу итхащ: «Апхуэдэу... зевгъэумэхъыурэ фымыкІуэду Тхьэм иджы фыкърегъэл» (1 Пет. 3:21). Аращи, уэ псым зыщІэбгъэуэну зэрызыхуэбгъэхьэзырыр Нухьрэ абы и унагъуэмрэ кхъухь зэращІам ебгъэщхь хъунущ. Псым зыщІэбгъэуэну зыхуэбгъэхьэзырын щхьэкІэ, уи гъащІэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр хэплъхьэн хуей?

15. Уи гуэныхьхэм гурэ псэкІэ ухущІегъуэжыным къикІыр сыт?

15 Псым зыщІэбгъэуэн щхьэкІэ, уи гум къыбгъэдэкІыу уи гуэныхьхэм ухущІегъуэжын хуейщ (Апост. 2:37, 38). ЦІыхур гукІи псэкІи и гуэныхьхэм щыхущІегъуэжым деж, Іэмал имыІэу и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хелъхьэ. Уэ Иеговэ игу иримыхь щытыкІэр къэбгъэнауэ пІэрэ? Псалъэм папщІэ, зинэ щІэныр, тутын ефэныр е къемызэгъ псэлъэкІэр (1 Кор. 6:9, 10; 2 Кор. 7:1; Еф. 4:29). Ар умыщІауэ щытмэ, уи щытыкІэм адэкІи елэжь. Библием уезыгъаджэм е зэхуэсым и нэхъыжьхэм чэнджэщ къыуатыну икІи къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Ауэ уэ уныбжьыщІэмэ икІи уи адэ-анэм я гъусэу упсэууэ щытмэ, псым зыщІэбгъэуэну зэран къыпхуэхъу хьэл Іейхэм упэлъэщын щхьэкІэ, къыбдэІэпыкъуну абыхэм елъэІу.

16. Алыхьым гъунэгъу дыхуэзыщІ Іуэхухэм хыхьэр сыт?

16 Абы нэмыщІ Алыхьым гъунэгъу дыхуэзыщІ Іуэхухэм дыхэтыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. А Іуэхухэм хохьэ зэІущІэхэм дызэрыкІуэмрэ абыхэм дызэрыхэтымрэ (Евр. 10:24, 25). Зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІуну хуит уащІауэ щытмэ, а Іуэхум зэпымыууэ хэт. ХъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэрэ ухэтыху, ар нэхъ уигу ирихьурэ кІуэнущ (2 Тим. 4:5). Уэ иджыри уныбжьыщІэмэ икІи уи адэ-анэм я гъусэу упсэууэ щытмэ, зэупщІыж: «ЗэІущІэхэмрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ сыкІуэну си адэ-анэм сыт щыгъуи сигу къагъэкІыжын хуейуэ пІэрэ? Хьэмэрэ, сэ езым ар сигу илъ?» ЗэІущІэхэм узэрыкІуэмкІэ, абы нэмыщІ хъыбарыфІыр зэрыбгъэІумкІэ Иеговэ теухуауэ уиІэ фІэщхъуныгъэр, ар фІыуэ зэрыплъагъур икІи фІыщІэ зэрыхуэпщІыр къыбогъэлъагъуэ. А Іуэхухэм Иеговэ узэрыхуэпэжыр къагъэлъагъуэ, ар абы къыхуэпхь тыгъэщ (Евр. 13:15; 2 Пет. 3:11). А тыгъэхэр ди гум къыбгъэдэкІыу щытщІым деж, абыхэм Алыхьыр ягъэгуфІэ. (Евгъапщэ 2 Коринф 9:7.) А псор щІэтщІэм и щхьэусыгъуэр нэхъыфІу диІэр Иеговэ еттыну дигу ирохьри аращ.

ИЕГОВЭ УХУИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ АДЭКІИ ХЭГЪАХЪУЭ

17, 18. Псым зыщІэбгъэуэну зыщыбгъэхьэзырым деж, мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ хьэл-щэныра къыбдэІэпыкъунур икІи сыт щхьэкІэ? (Притчи 3:3—6, Гъэс.).

17 Псым зыщІэбгъэуэну зыщыхуэбгъэхьэзырым деж, гугъуехьхэм упэщІэмыхуэу къэнэнукъым. Псалъэм папщІэ, Иеговэ и Щыхьэт ухъуну узэрыхуейм щхьэкІэ, языныкъуэ цІыхухэр къыпщыдыхьэшхыфынущ, уеблэмэ, къыппэщІэувэнкІи хъунущ (2 Тим. 3:12). Е, хьэл мыхъумыщІэ гуэрым уебэнмэ, иныкъуэхэм деж абы ущыпэмылъэщ къэхъункІи хъунущ. Е, уи мурадыр къомыхъулІэфыну узэригугъэм къыхэкІкІэ, шыІэныгъэ пфІэкІуэду уи гурэ уи щхьэрэ зэбгъэжынкІэ хъунущ. А псом упэлъэщыну сыт къыбдэІэпыкъунур? АбыкІэ къыбдэІэпыкъунур Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэращ.

18 Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр уэ пхэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфІ дыдэщ. (Къеджэ Притчи 3:3—6, Гъэсэпэтхыдэхэр.) Алыхьыр фІыуэ зэрыплъагъур къыбдэІэпыкъунущ узыпэщІэхуэ гугъуехьхэм ехъулІэныгъэ уиІэу упэлъэщыну. Лъагъуныгъэр зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ Иеговэ щапхъэ дегъэлъагъу. Иеговэ и лэжьакІуэхэм яхуиІэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэм Библиер щІэх-щІэхыурэ топсэлъыхь. Абы къокІ Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэи къызэримыгъэнэнур икІи фІыуэ илъагъун зэрыщимыгъэтынур (Пс. 100:5). Алыхьым езым и хьэл-щэнхэм хуэдэ тхэлъу дыкъигъэщІащ (ЩІэдз. 1:26). Дауэ-тІэ дэри апхуэдэ лъагъуныгъэр зэрыдгъэлъэгъуэфынур?

Уэ махуэ къэс Иеговэ фІыщІэ хуэпщІ хъунущ (19-нэ абзацым феплъ.) b

19. Иеговэ къытхуищІэ псом щхьэкІэ ди гум илъ фІыщІэм дапхуэдэу зэрыхэдгъахъуэ хъунур? (Галатие 2:20).

19 ЯпэщІыкІэ фІыщІэ бгъэлъагъуэу зебгъасэ хъунущ (1 Фес. 5:18). Абы щхьэкІэ махуэ къэс мыпхуэдэу зэупщІыж: «Иеговэ къысхуиІэ лъагъуныгъэр нобэ дапхуэдэу зэригъэлъэгъуар?» ИужькІэ Иеговэ къыпхуищІам щхьэкІэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъази, фІыщІэ хуэщІ. Апостол Паул и щапхъэм утету Иеговэ ищІэу хъуар уэ къыпхуищІэу къэлъытэ. (Къеджэ Галатие 2:20.) Мыпхуэдэу зэупщІыж: «Сэри Иеговэ фІыуэ зэрыслъагъур езгъэлъэгъужыну сыхуей?» А лъагъуныгъэр уэ къыбдэІэпыкъунущ адэкІи гъэунэхуапІэхэм упэщІэтыну икІи гугъуехьхэм упэлъэщыну. Иджыри абы ухуигъэушынущ Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхухэм ухэтыну икІи уафэм щыІэ ди Адэм ухуиІэ лъагъуныгъэр сыт щыгъуи ебгъэлъэгъуну.

20. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэн щхьэкІэ, пщІэн хуейр сыт икІи а унафэм мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

20 Зэман дэкІмэ, Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэм ухуигъэушынущ, уи гъащІэр и ІэмыщІэ иплъхьэн щхьэкІэ, тхьэлъэІу хэхакІэ абы зыхуэбгъэзэну. Зыщомыгъэгъупщэ: уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьа иужь, игъащІэкІэ абы ейуэ ущытыну Іэмал уиІэ мэхъу. Иеговэ ухуэпэжыну пта псалъэм гугъуехь уиІэми уимыІэми зихъуэжкъым. А псалъэр щІэрыщІэу жыпІэжын хуейуэ щыткъым. ДауикІ, уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэн щхьэкІэ, мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къэпщтэн хуейщ. Ауэ егупсысыт: уи гъащІэм къриубыдэу уэ унафэ куэд къэпщтэн хуей хъунущ. Языныкъуэ унафэхэр тэмэму щытынущ, ауэ Иеговэ и лэжьакІуэ ухъуну къэпщта унафэм зыри пэпщІ хъунукъым (Пс. 50:14). Алыхьым уригъэпцІыжын щхьэкІэ, абы ухуиІэ лъагъуныгъэр ШейтІаным пфІигъэкІуэдыну хэтынущ. Ауэ ар зытомыгъакІуэ (Иов 27:5). Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэшхуэр къыбдэІэпыкъунущ абы епта псалъэм утетыну икІи фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм хэбгъэхъуэну.

21. Псым зэрызыщІэдгъауэр Іуэхум и щІэдзапІэу жыпІэ щІэхъунур сыт?

21 Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьа иужь, уи зэхуэсым щыщ нэхъыжьхэм захуэгъази, псым зэрызыщІэбгъэуэным теухуауэ епсалъэ. Ауэ зыщомыгъэгъупщэ: псым зэрызыщІэбгъауэр Іуэхум и щІэдзапІэу аращ. А лъэбакъуэр зэрыпчымкІэ уэ зэи кІэ зимыІэну гъуэгум — Иеговэ и гъуэгум — утохьэ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым ухуиІэ лъагъуныгъэм хэгъахъуэ. АбыкІэ къыбдэІэпыкъуну мурадхэр гъэув. А лъагъуныгъэм псым зыщІэбгъэуэну ухуигъэушынущ. А махуэр гукъинэжу щытынущ, ауэ ар Іуэхум и щІэдзапІэу аращ. Аращи, Иеговэрэ абы и Къуэмрэ уахуиІэ лъагъуныгъэр сыт щыгъуи хрырехъуэ!

135-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ укъыхуреджэ: «Тет дунейм цІыху Іущу, щІалэ»

a Псым зыщІэбгъэуэн ипэ абы ухуэзыгъэушыр сытми зэхэбгъэкІын хуейщ. Ауэ иджыри тчы лъэбакъуэхэм мыхьэнэшхуэ яІэщ. Абы щхьэкІэ Ефиопием щыщ къулыкъущІэм и щапхъэр зэпкърытхынщ икІи Библиер зыджым псым зыщІигъэуэн ипэ сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр ичын хуейми дытепсэлъыхьынщ.

b СУРЭТЫР. Шыпхъум Иеговэ тыгъэу къыхуищІахэм щхьэкІэ фІыщІэ хуещІ.