Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЧЭНДЖЭЩ ЩХЬЭПЭХЭР

Фи гъащІэм къыщыфхуэсэбэпын гупсысэхэр къэвгъуэт

Фи гъащІэм къыщыфхуэсэбэпын гупсысэхэр къэвгъуэт

Библием дыщеджэм икІи ар куууэ щыдджым деж, дэ сэбэп къытхуэхъун гупсысэхэр къэдгъуэтыфынущ. Алыхьым и Псалъэм дыщеджэкІэ сэбэпынагъ нэхъыбэ хэтхын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

Нэхъ куууэ хэплъэ. Сыт абы къикІыр? Псалъэм папщІэ, къапщІэ хъунущ узэджэ пычыгъуэр хэт итхами, дапщэщ итхами, зытхар сыт хуэдэ Іуэхугъуэ итами. Ар зыхуэгъэзар хэт? А Іуэхугъуэм ипи иужьи сыт къэхъуар?

Абы узыхуигъасэм егупсыс. Мыпхуэдэ упщІэхэм егупсыс: «Сызэджэм зи гугъу ищІ цІыхухэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр яІа? Абыхэм сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр ягъэлъэгъуа? Сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр зыхэслъхьэну, сыт хуэдэхэм пэІэщІэ зыхуэсщІыну сыхуей икІи сыт щхьэкІэ?»

КъэпщІар къыщыгъэсэбэп уи гъащІэми хъыбарыфІ гъэІунми. Апхуэдэу пщІэмэ, Хьисэ жыхуиІар зыхэпщІэнущ: «Мы Іуэхухэр зэхэфщІыкІрэ вгъэзащІэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ» (Ин. 13:17).

  • Чэнджэщ: Тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэм «Алыхьым и Псалъэм ит хъугъуэфІыгъуэхэр» жыхуиІэ Іыхьэр ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэпыным зэрыхуэхьам гу лъытэ. А Іыхьэм зыдгъэунэхужыну икІи дыгупсысэну къыддэІэпыкъу упщІэхэмрэ сурэтхэмрэ итщ. А псом и фІыгъэкІэ дызэджэм сэбэпынагъ нэхъыбэ хыдохыф.