ЧэнджэщыфІхэр. Ди тхыгъэхэр зэрыбдж хъуну щІыкІэхэр
Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэм теухуауэ нэхъыбэ къафщІэ
Библием дыщеджэм деж, дызэджэр нэхъыфІу къыдгурыІуэн щхьэкІэ, дэ Іэмэпсымэ зэмылІэужьыгъуэхэр къэдгъэсэбэп хъунущ. Ауэ дэ ди мурадыр щІэныгъэм хэдгъэхъуэн закъуэракъым. Дэ дыхуейщ Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр кІуэ пэтми нэхъ куу хъуну. Аращи, Библием деджэху, ди Алыхь лъапІэм теухуауэ щІэуэ зыгуэр къэтщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Библием фыщеджэкІэ фызэупщІыж: «Иеговэ теухуауэ мы пычыгъуэм сыт къыщысщІар?»
Дэ гу лъыттэ хъунущ Иеговэ лъагъуныгъэр, Іущагъыр, захуагъэр, къарур зэригъэлъагъуэ щІыкІэм. Ауэ Алыхьым а хьэл-щэниплІым и закъуэкъым хэлъыр, абы иджыри нэгъуэщІ хьэл-щэн дахэ куэд хэлъщ. Дэнэ-тІэ Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэм теухуауэ нэхъыбэ къыщытщІэфынур?
«Индекс публикаций Сторожевой башни» жыхуиІэм Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэм щыщу 50-м нэблагъэм и гугъу щещІ. Абыхэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну ухуеймэ, «Иегова» жыхуиІэ псалъащхьэр къызэІух, абы иужь «Качества по отдельности» жыхуиІэ Іыхьэр къэгъуэт. Библием щыщ пычыгъуэ гуэр ущеджэм деж, а Іыхьэм Иеговэ и сыт хуэдэ хьэл-щэным и гугъу ищІми егупсыси, ар фІыуэ зэпкърых. («Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуаІэм фІэкІа уимыІэу щытмэ, «Бог Иегова» жыхуиІэ псалъащхьэр къызэІухи, «Качества» жыхуиІэ Іыхьэр къэгъуэт.)