Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

4 СТАТЬЯР

Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ, къару зэретхьэлІэр Иеговэ лъапІэу елъытэ

Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ, къару зэретхьэлІэр Иеговэ лъапІэу елъытэ

«Мыпхуэдэу фщІэ, фи гум сыкъэвгъэкІыжын щхьэкІэ» (ЛК. 22:19, ДУНЕИЩІЭ).

19-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1, 2. Илъэс къэс Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дыкъыщІекІуалІэр сыт?

 ИЛЪЭС 2 000 хуэдизкІэ узэІэбэкІыжмэ, Хьисэ и гъащІэр итащ, дэ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну Іэмал диІэн щхьэкІэ. Хьисэ яукІын ипэ иужьрей жэщым и лъэужь ирикІуэхэм яжриІащ щІакхъуэмрэ шагъырымрэ къагъэсэбэпу абы лъагъуныгъэм къыхэкІыу ищІар ягу къагъэкІыжыну (1 Кор. 11:23—26).

2 Дэ Хьисэ фІыщэу зэрытлъагъум къыхэкІкІэ а унафэр догъэзащІэ (Ин. 14:15). Илъэс къэс Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну лъэхъэнэм абы ищІар лъапІэу зэрытлъытэр къыдогъэлъагъуэ: Иеговэ лъэІукІэ зыхудогъазэ икІи Хьисэ и лІэныгъэм иІэ мыхьэнэм догупсыс. Абы нэмыщІ, цІыхухэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къедгъэблэгъэн щхьэкІэ, дэ хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэрэ дыхэтыну дыхущІокъу. ДауикІ, а Іуэхугъуэм дыкъекІуэлІэн щхьэкІэ, дэри къарууэ диІэр идохьэлІэ.

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Иеговэ и лэжьакІуэхэм, Хьисэ и лІэныгъэр ягу къагъэкІыжын щхьэкІэ, яхузэфІэкІыу хъуар зэращІэм теухуауэ Іуэхугъуищ мы статьям щызэпкърытхынущ: 1) ахэр Пщыхьэщхьэшхэр зэрегъэкІуэкІын хуейм теухуауэ Хьисэ къигъэна хабзэм зэрытетыр, 2) Пщыхьэщхьэшхэм нэгъуэщІ цІыхухэр къызэрырагъэблагъэр, 3) я Іуэхур зыІутым емылъытауэ, езыхэри Пщыхьэщхьэшхэм къызэрекІуалІэр.

ХЬИСЭ КЪИГЪЭНА ХАБЗЭМ ДЫТЕТЩ

4. Гъэ къэс Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм сыт хуэдэ упщІэхэм я жэуапхэр щызэхэтхрэ икІи а пэжхэр зэрытщІэр Іуэху къызэрыгуэкІыу тлъытэн щІыхуэмейр сыт? (Лука 22:19, 20).

4 Гъэ къэс Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дэ Библием тегъэщІа псалъэ додаІуэ. А псалъэ гъэхьэзырам мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапхэр щызэхыдох. Псалъэм папщІэ, цІыхубэр щхьэщэхужым щІыхуэныкъуэр сыт икІи зы цІыхум и лІэныгъэм куэдым я гуэныхьхэр дапхуэдэу зэрипшыныжыр? Абы нэмыщІ Пщыхьэщхьэшхэм дэ дигу къыщагъэкІыж щІакхъуэмрэ шагъырымрэ я мыхьэнэр сытми икІи ар зыІузылъхьэн хуейр хэтми. (Къеджэ Лука 22:19, 20, ДЩІ.) А пщыхьэщхьэм дэ иджыри догупсыс гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэм къапэщылъ фІыгъуэхэм (Ис. 35:5, 6; 65:17, 21—23). А пэжхэр зэрытщІэр дэ Іуэху къызэрыгуэкІ гуэру тлъытэн хуейкъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а пэжхэмрэ Хьисэ и гъащІэр зэритам мыхьэнэшхуэ зэриІэмрэ миллиард бжыгъэ хъу цІыхухэм къагурыІуэкъым. А псом нэмыщІ Хьисэ къигъэна хабзэм тету абыхэм Пщыхьэщхьэшхэр ирагъэкІуэкІкъым. Сыт абы щхьэусыгъуэ хуэхъур?

5. Апостолхэм щыщ куэдыр дунейм ехыжа иужь, Хьисэ къигъэна хабзэм дапхуэдэу цІыхухэр зэрытекІар?

5 Апостолхэм щыщ куэдыр дунейм ехыжа иужь, Хьисэ и лъэужь ирикІуэ хуэдэу фэ зытезыгъауэ цІыхухэр зэхуэсым къыхыхьащ (Мт. 13:24—27, 37—39). Абыхэм, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр «гъуэгу пхэнжым трагъэхьэн щхьэкІэ», пэжыр зэблашу щІадзащ (Апост. 20:29, 30). Псалъэм папщІэ, «цІыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыну Мэссихь зэ къурмэныпхъэ зищІащ» жиІэу Библием итми, абыхэм жаІэт а къурмэныпхъэр къытебгъэзэжурэ къэпхьын хуейуэ (Евр. 9:27, 28). А пцІыр нобэ куэдым я фІэщ мэхъу. Языныкъуэ динхэм щыщхэр щІэх-щІэхыурэ — уеблэмэ, махуэ къэс — члисэм макІуэ, «литургия» b жыхуаІэ Іуэхугъуэм хэтын щхьэкІэ. НэгъуэщІ динхэм щыщхэм Хьисэ и лІэныгъэр апхуэдизрэ ягу къагъэкІыжкъым, ауэ абыхэми нэгъэсауэ къагурыІуэкъым Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми. Языныкъуэхэр мыпхуэдэу йогупсыс: «Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ си гуэныхьхэр пэж дыдэу къысхуэгъуну?» ЦІыхухэм апхуэдэ упщІэ щІаІэр сыт? Абы и щхьэусыгъуэр — Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм ди гуэныхьхэр зэрипшыныжыр зи фІэщ мыхъу цІыхухэм я гупсысэкІэр абыхэм зэран зэрыхуэхъуращ. Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэр а Іуэхур зэхагъэкІыну дапхуэдэу цІыхухэм зэрадэІэпыкъур?

6. 1872-нэ гъэм Библием и КъэхутакІуэхэм сыт къагурыІуар?

6 1870-нэ гъэм Библием и КъэхутакІуэхэм, Чарлз Тейз Расселл абыхэм яхэту, Алыхьым и Псалъэр куууэ яджын щІадзащ. Абыхэм къащІэну хуейт Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм иІэ мыхьэнэмрэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр зэрегъэкІуэкІын хуеймрэ теухуауэ. 1872-нэ гъэм ирихьэлІэу абыхэм къагурыІуащ Хьисэ и гъащІэр цІыхубэм щхьэкІэ зэритар. Абыхэм а щІэныгъэхэр ямыбзыщІу, тхылъхэр, газетхэр, журналхэр къагъэсэбэпу къащІамкІэ нэгъуэщІхэм дэгуэшэну хущІэкъут. Куэд дэмыкІыу, япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лІэужь ирикІуэхэм хуэдэу, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр ягъэлъэпІэн щхьэкІэ, ахэр илъэсым зэ зэхуэсу щІадзащ.

7. Библием и КъэхутакІуэхэм къащІар дэ сыткІэ сэбэп къытхуэхъурэ?

7 Илъэс куэд ипэ Библием и КъэхутакІуэхэм къащІар дэ нобэ хуабжьу сэбэп къытхуохъу. СыткІэ? Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэмрэ абы къытхузэІуих Іэмалхэмрэ теухуауэ пэжыр къэтщІащ (1 Ин. 2:1, 2). Абы нэмыщІ дэ къэтщІащ языныкъуэ цІыхухэм уафэм кІуэну гугъэ зэраІэр икІи гъащІэ мыухыж яІэу мелуан бжыгъэ хъу нэгъуэщІ цІыхухэр щІылъэм зэрыщыпсэунур. Иеговэ и лъагъуныгъэмрэ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм къытхуихь фІыгъуэхэмрэ дыщегупсысым деж, дэ Алыхьым гъунэгъу дыхуохъу (1 Пет. 3:18; 1 Ин. 4:9). Аращи, Библием и КъэхутакІуэхэм щапхъэ ятетхыу, Хьисэ къигъэна хабзэм тету екІуэкІ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дэри нэгъуэщІхэр къыдогъэблагъэ.

ЗИУСХЬЭНЫМ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭМ НЭГЪУЭЩІХЭР КЪЫДОГЪЭБЛАГЪЭ

Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм цІыхухэр жыджэру къевгъэблэгъэн щхьэкІэ, сыт фщІэ хъунур? (8—10-нэ абзацхэм феплъ.) e

8. Иеговэ и лъэпкъым сыт хуэдэ къару ирихьэлІэр, нэгъуэщІхэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къригъэблэгъэн щхьэкІэ? (Сурэтым феплъ.)

8 Илъэс куэд хъуауэ Иеговэ и лъэпкъым Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм нэгъуэщІхэр кърегъэблагъэ. А зэІущІэ хэхар ягъэлъэпІэн щхьэкІэ, 1881-нэ гъэм США-м, Аллеге́йни къалэм (Пенсильвание штатым) Библием и КъэхутакІуэхэр зы къуэш гуэрым и унэм щызэхуэсащ. ИужькІэ дэтхэнэ зы зэхуэсми Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щхьэж езым иригъэкІуэкІыу хъуащ. 1940-нэ гъэм, гъатхэпэ мазэм объявление щыІащ къуэш, шыпхъухэм пэжыр зыфІэгъэщІэгъуэн хъуа цІыхухэр а зэІущІэ хэхам кърагъэблагъэ зэрыхъунум теухуауэ. 1960-нэ гъэм Вефилым къикІыу Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къызэрырагъэблагъэ тхылъымпІэ япэ дыдэу зэхуэсхэм къаІэрыхьащ. Абы лъандэрэ апхуэдэ тхылъымпІэхэр миллиард бжыгъэкІэ ягуэшащ. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм нэгъуэщІхэр къедгъэблэгъэн щхьэкІэ, апхуэдиз зэманрэ къарурэ щІытедгъэкІуадэр сыт?

9, 10. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дэ къедгъэблагъэр хэт икІи сыт щхьэкІэ? (Иуан 3:16).

9 Дэ дыхуейщ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм япэ дыдэу къекІуэлІэнухэм Иеговэрэ Хьисэрэ цІыхухэм щхьэкІэ ящІар къащІэну. (Къеджэ Иуан 3:16.) А зэІущІэм абыхэм щалъэгъунумрэ щызэхахынумрэ Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къащІэну икІи и лэжьакІуэ хъуну хуигъэушыну дэ дыщогугъ. Ауэ дэ пэжыр зымыщІэхэм я закъуэкъым а зэІущІэм къедгъэблагъэр.

10 Дэ иджыри абы къыдогъэблагъэ хъыбарыфІ гъэІуным хэмытыж къуэш, шыпхъухэр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, япэм хуэдэуи, Алыхьым ахэр фІыуэ зэрилъагъур ягу къэдгъэкІыжыну дыхуейщ. Апхуэдэ къуэш, шыпхъу куэдыр а зэІущІэм къокІуалІэ икІи дэ абы гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм абыхэм ягу къигъэкІыжыфынущ ахэр Иеговэ щыхуэлажьэ зэманым насыпыфІэу зэрыщытар. Мо́никэ c и щапхъэр зэпкърытхынщ. COVID-19 пандемиер щекІуэкІым щыгъуэ, абы зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр игъэІун щІидзэжащ. 2021-нэ гъэм, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм щыІа иужь, абы мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «Мэгъэм екІуэкІа Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр си дежкІэ нэхъ хэхауэ щытщ. Илъэс 20 лъандэрэ сэ япэу хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм садэгуэшащ икІи ахэр Пщыхьэщхьэшхэм къезгъэблэгъащ. Сэ си гум къыбгъэдэкІыу а Іуэхум сыхэтащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэрэ Хьисэрэ къысхуащІар фІыщІэшхуэ сощІ» (Пс. 103:1—4). ЦІыхухэр къыдэдаІуэми къыдэмыдаІуэми, дэ ахэр Пщыхьэщхьэшхэм къыдогъэблагъэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы етхьэлІэ къарур Иеговэ лъапІэу зэрилъытэр дощІэ.

11. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм цІыхухэр къызэредгъэблагъэм Иеговэ и нэфІ зэрыщыхуэр дапхуэдэу? (Аггей 2:7).

11 ЦІыхухэр Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къедгъэблэгъэн щхьэкІэ, дэ къару идохьэлІэ икІи а Іуэхум Иеговэ и нэфІ щохуэ. 2021-нэ гъэм, COVID-19 пандемием пыщІауэ щыІа гугъуехьхэм емылъытауэ, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм псом хуэмыдэу цІыху куэд къекІуэлІащ. Абыхэм я бжыгъэр цІыху 21 367 603-рэ хъут. Ар Иеговэ и Щыхьэту дуней псом тетым нэхърэ тІурэ ныкъуэкІэ нэхъыбэ мэхъу! ДауикІ, Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэ зиІэр абыхэм я бжыгъэракъым, атІэ езы цІыхухэращ (Лк. 15:7; 1 Тим. 2:3, 4). Аращи, дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым, нэгъуэщІхэр къыщедгъэблагъэм деж, пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхухэр къэдгъуэтыну Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум. (Къеджэ Аггей 2:7.)

ГУГЪУЕХЬХЭМ ЕМЫЛЪЫТАУЭ, ЗИУСХЬЭНЫМ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭМ ДЫКЪОКІУАЛІЭ

Пщыхьэщхьэшхэм дыхэтын щхьэкІэ къару щетхьэлІэм деж, Иеговэ и нэфІ къытщохуэ (12-нэ абзацым феплъ.) f

12. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дыкъекІуэлІэну гугъуу щытынкІэ щІэхъунур сыт? (Сурэтым феплъ.)

12 Хьисэ жиІауэ щытат иужьрей махуэхэм дэ гугъуехь куэдым дызэрыпэщІэхуэнур. Псалъэм папщІэ, дыкъызэрырахуэкІыр, ди Іыхьлыхэр къызэрытпэщІэувэр, уз зэрыцІалэхэм зэрызаубгъур икІи нэгъуэщІ Іуэхугъуэ куэд а гугъуехьхэм хыхьэфынущ (Мт. 10:36; Мк. 13:9; Лк. 21:10, 11). А псом къыхэкІкІэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дыкъекІуэлІэну гугъуу щытынкІэ хъунущ. А гугъуехьхэм пэлъэщын щхьэкІэ, къуэш, шыпхъухэм сыт ящІэр икІи Иеговэ абыхэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъур?

13. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр иригъэкІуэкІын щхьэкІэ, Артём игъэлъэгъуа лІыгъэмрэ тегушхуэныгъэмрэ къыхэкІкІэ дапхуэдэу Иеговэ и нэфІ абы зэрыщыхуар?

13 Къуэш, шыпхъухэр тутнакъым зэрагъэтІысыр. Я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ тутнакъым ягъэтІыса къуэшхэм, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр ягъэлъэпІэн щхьэкІэ, яхузэфІэкІыу хъуар ящІэ. Ди къуэш Артём и щапхъэм деплъынщ. 2020-нэ гъэм, гъатхэм, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІ зэманым, ар цІыхуиплІ и гъусэу камерэ зэвым ист. Артём тутнакъым исми, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къыщагъэсэбэп щІакхъуэмрэ шагъырымрэ игъэхьэзырыну хузэфІэкІащ икІи псалъэ гъэхьэзырар езым и щхьэм хужиІэжыну мурад ищІащ. Ауэ абы и гъусэу исхэр зэпымыууэ тутын ефэт икІи хъуанэт. Сыт-тІэ Артём ищІар? Ар и гъусэхэм елъэІуащ зы сыхьэт нэхъ мыхъуми тутын емыфэу икІи мыхъуанэу зыхуагъэшэчыну. ГъэщІэгъуэныращи, ахэр абы арэзы техъуащ. Пщыхьэщхьэшхэм теухуауэ и гъусэхэр едэІуэну хуейрэ хуэмейрэ Артём абыхэм щеупщІам, ар яфІэмыгъэщІэгъуэну жаІащ. Ауэ Артём Пщыхьэщхьэшхэр зэрыригъэкІуэкІыр щалъагъум икІи щызэхахым щыгъуэ, абыхэм ди къуэшыр упщІэкІэ щІагъэнащ.

14. COVID-19 пандемием емылъытауэ, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр ирагъэкІуэкІын щхьэкІэ, къуэшхэм сыт ящІар?

14 COVID-19 пандемиер зэрекІуэкІыр. Пандемием зыщІиубгъуам щыгъуэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм Іэмал яІакъым щызэхуэс Унэхэм щызэІущІэну. Ауэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр ирагъэкІуэкІыну абыхэм ар зэран зыхуагъэхъуакъым d. Интернет зиІэ зэхуэсхэм видео-конференц-связь жыхуаІэмкІэ Пщыхьэщхьэшхэр ирагъэкІуэкІащ. Ауэ интернет зимыІэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Языныкъуэ къэралхэм Пщыхьэщхьэшхэм щыжаІэ псалъэр телевидениемкІэ е радиокІэ къатащ. Абы нэмыщІ щІыпІэ пхыдзахэм щыпсэухэми Пщыхьэщхьэшхэр ирагъэкІуэкІыну Іэмал яІэн щхьэкІэ, а псалъэ гъэхьэзырар филиалхэм бзэ 500-м нэхърэ нэхъыбэкІэ щрагъэтхри, къуэшхэм Іэрагъэхьащ.

15. Сью и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

15 Унагъуэм щыщхэр къызэрытпэщІэувэр. Языныкъуэхэм я унагъуэм щыщхэр къапэщІоувэ. Сью зи цІэ цІыхубзым и щапхъэм деплъынщ. 2021-нэ гъэм, Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну ипэ махуэм, Сью Библием езыгъаджэ шыпхъум жриІащ и унагъуэм щыщхэр къызэрыпэщІэувам къыхэкІкІэ абы зэремыдэІуэфынур. Шыпхъур абы Лука 22:44 итым къыхуеджащ, абы нэмыщІ гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж Хьисэ щапхъэ тетхыу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зэрызыхуэдгъэзэн икІи дзыхь зэрыхуэтщІын хуейр жриІащ. КъыкІэлъыкІуэ махуэм Сью щІакхъуэмрэ шагъырымрэ игъэхьэзыращ икІи jw.org сайтым ит Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэу пщэдджыжьым екІуэкІыну программэ хэхам еплъащ. А махуэм ар и пэшым щІэсу телефонкІэ зэІущІэм зыпидзэри, Пщыхьэщхьэшхэм теухуа псалъэм едэІуащ. Абы иужь Сью а шыпхъум мыпхуэдэу хуитхащ: «Уэ дыгъуасэ зыкІэ сыбгъэгушхуати! Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм сыхэтыфын щхьэкІэ, сэ схузэфІэкІыр сщІащ, къэнэжар езы Иеговэ ищІащ. ПсалъэкІэ пхужыІэнкъым сэ си гум илъ гуфІэгъуэмрэ фІыщІэмрэ!» Дауэ уеплърэ, уэ апхуэдэ гугъуехь упэщІэхуэмэ, Иеговэ къыбдэІэпыкъуфыну пІэрэ?

16. Пщыхьэщхьэшхэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар тщІэуэ щытмэ, Иеговэ и нэфІ къызэрытщыхуэным шэч къыщІытедмыхьэр сыт? (Рим 8:31, 32).

16 Хьисэ щылІа махуэр дигу къэдгъэкІыжын щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар зэрытщІэр Иеговэ лъапІэу елъытэ. Иеговэ къытхуищІар фІыщІэ тщІыуэ щытмэ, абы и нэфІ къызэрытщыхуэным шэч къытедмыхьэми хъунущ. (Къеджэ Рим 8:31, 32.) Аращи, мэгъэми Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр зэрыдгъэлъэпІэным икІи ар щекІуэкІыну лъэхъэнэм Иеговэ нэхъыбэрэ дызэрыхуэлэжьэным ди акъылыр тедухуэнщ.

18-НЭ УЭРЭДЫР Щхьэщэхужым щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ худощІ

a 2023-нэ гъэм, мэлыжьыхьым и 4-м, гъубж махуэм мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр ягъэлъэпІэн щхьэкІэ, дуней псом щызэхуэсынущ. Куэдыр а Іуэхугъуэм япэ дыдэу къекІуэлІэнущ. Абы нэмыщІ хъыбарыфІ гъэІуныр къэзыгъэна къуэш, шыпхъухэри илъэс бжыгъэ лъандэрэ а Іуэхугъуэм япэу къэкІуэнущ. Хэти, гугъуехь яІэхэм емылъытауэ, абы къекІуэлІэнущ. Ауэ шэч къытевмыхьэ: фи Іуэхур зыІутым щхьэкІэ къэмынэу, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм фекІуэлІэн щхьэкІэ, къару зэрефхьэлІэм Иеговэ егъэгуфІэ.

b Члисэхэм къекІуалІэ цІыхухэм я гугъэщ, «литургия» жыхуаІэр щекІуэкІым деж, зыІуалъхьэ щІакхъуэмрэ шагъырымрэ Хьисэ ипкъ икІи илъ хъууэ. Абы нэмыщІ абыхэм я гугъэщ, а Іуэхугъуэр щрагъэкІуэкІым деж, Хьисэ и пкъымрэ и лъымрэ сыт щыгъуи къурмэну къахьу.

c Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

d Абы нэмыщІ «Как отпраздновали Вечерю в 2021 году» зи цІэ статьяхэм jw.org сайтым фыщеджэ.

e СУРЭТЫР. 1960 гъэхэм щыщІэдзауэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэр нэхъ екІу хъуурэ кІуащ. Иджыпсту ар тхылъымпІэм тедзауэ икІи электроннэ форматкІэ къыдагъэкІауэ щыІэщ.

f СУРЭТЫР. Мы сурэтым къыщыгъэлъэгъуащ цІыхухэм зыкъыщаІэта щІыпІэм Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр къуэш, шыпхъухэм зэрырагъэкІуэкІыр.