ЩІАЛЭГЪУАЛЭМ ПАПЩІЭ
12 Мурадхэр гъэув
СЫТ АБЫ КЪИКІЫР?
Сызэхъуапсэр къызэхъулІарэт жыпІэу ущысынымрэ мурадхэр бгъэувынымрэ зыкъым. Бгъэува мурадхэр къохъулІэн щхьэкІэ, псоми фІыуэ уегупсысын икІи уи мурадхэм куэду уелэжьыну ухьэзыру ущытын хуейщ.
Языныкъуэ мурадхэм махуэ зыбжанэ е тхьэмахуэ зыбжанэщ текІуэдэнур, адрейхэм мазэ зыбжанэ хуейщ, ауэ зы илъэс нэхърэ нэхъыбэ зытекІуэдэн мурадхэри щыІэщ. Мурадышхуэхэр къохъулІэн щхьэкІэ, мурад цІыкІухэр бгъэув хъунущ.
АБЫ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР
Бгъэува мурадхэр къызэрохъулІэм къару къыпхелъхьэ, уи ныбжьэгъухэм нэхъ гъунэгъу уахуещІ икІи нэхъ насыпыфІэ уещІ.
Бгъуэтыну къарур. Мурад цІыкІухэр къызэрохъулІэм къару къыует мурадышхуэхэм ухущІэкъуну. Абы нэмыщІ ар къыбдоІэпыкъу махуэ къэс узыпэщІэхуэ гугъуехьхэм упэлъэщыну, псалъэм папщІэ, уи ныбжьхэм къызэрыптракъузэм.
Ныбжьэгъугъэр. МурадыфІхэр зыгъэув икІи ахэр къехъулІэн щхьэкІэ къару езыхьэлІэ цІыхур игъэныбжьэгъуну хэти и гуапэщ. Абы нэмыщІ зэныбжьэгъухэр зэгъусэу зы мурадым зэрыхущІэкъум абыхэм я ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ ещІ.
Насыпыр. Бгъэува мурадыр къыщохъулІэм деж, абы насыпыфІэ уещІ.
«Сэ мурадхэр згъэувыну си фІэфІщ. Абы и фІыгъэкІэ мыхьэнэ зиІэ Іуэхум сызэрыхэтыр зыхызощІэ. Мурадыр къохъулІа нэужь, узэплъэкІыжу мыпхуэдэу жыпІэну гуапэщ: „Дауэ къыпщыхъурэ, псори къызэхъулІащ!“» (Кристофер).
БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «Жьым кІэлъыплъым зэи хисэнукъым, пшэхэм еплъым зэи гъавэр кърихьэлІэжынукъым» (Экклезиаст 11:4).
СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?
Мы лъэбакъуэхэр къыбдэІэпыкъунущ мурадхэр бгъэувыну икІи ахэр къохъулІэну.
Бгъэувыну мурадхэр къыхэх. Бгъэувыну узыхуей мурадхэр тхы икІи нэхъ мыхьэнэ зиІэхэр япэ игъэщ.
Псоми фІыуэ егупсыс. Мурад къэс къохъулІэн щхьэкІэ мыхэр щІэ:
бгъэува мурадыр къыщохъулІэну зэманыр теухуэ;
пщІэн хуейр зэхэгъэкІ;
зэран къыпхуэхъуфынумрэ абы узэрыпэлъэщынумрэ тхы.
Уи Іэр зэтедзауэ ущымыс. Іуэхум епха псори наІуэ хъуным упэмыплъэ. ЗэупщІыж: «Си мурадыр къызэхъулІэн щхьэкІэ япэ дыдэу сыт сщІэн хуейр?» Абы иужь Іуэхум и ужь ихьэ. Мурад цІыкІухэм щыщу къохъулІахэм гу лъытэ.
БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «Гумызагъэм гухэлъу ищІым хэхъуэ къыпэкІуэнщ» (Притчи 21:5, Гъэс).