Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Борэным хуэдэ гугъуехьхэр къыщыкъуэкІым деж, пэжагъым хъурзэм хуэдэу нэчыхьыр къехъумэ

ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭМ ПАПЩІЭ

1 Узэхуэпэжыныр

1 Узэхуэпэжыныр

СЫТ АБЫ КЪИКІЫР?

Зэхуэпэж зэщхьэгъусэхэр зэи егупсыскъым зэгуэр я нэчыхьыр якъутэжыну. Апхуэдэ гупсысэкІэм ахэр къихъумэу жыпІэ хъунущ. Унагъуэ насыпыфІэ зиІэм быдэу и фІэщ мэхъу, гугъуехь гуэрхэр къыкІуэкІми, и щхьэгъусэр пэжу къызэрыхуэнэнур.

Языныкъуэхэр щІызэбгъэдэмыкІыжым и щхьэусыгъуэр я благъэхэмрэ я ныбжьэгъухэмрэ емыкІу къызэращІынуращ. Ауэ зэщхьэгъусэхэм лъагъуныгъэрэ пщІэрэ я зэхуаку зэрыдэлъыр икІи ахэр зэрызэхуэпэжыр щІызэдэпсэум щхьэусыгъуэ хуэхъумэ нэхъыфІщ.

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «ЛІыми и фызыр иригъэкІыж хъунукъым» (1 Коринф 7:11).

«Уи щхьэгъусэм ущыхуэпэжым деж, абы зэрызыхуумыгъэгусэным иужь уитщ. Уэ абы къыпхуигъэгъуну уелъэІуну икІи уэ езыми абы хуэбгъэгъуну ухьэзырщ. Гугъуехь гуэрхэм фыхуэзэмэ, абыхэм хэкІыпІэ ямыІэу плъытэкъым. Абыхэм упэлъэщын щхьэкІэ уэ къару ибохьэлІэ» (Майк).

АБЫ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР

Пэжагъ зыхуримыкъу зэщхьэгъусэхэр гугъуехьхэм пэщІэхуа нэужь, мыпхуэдэу егупсысыфынущ: «Дэ дызэтехуэкъыми, дызэбгъэдэкІыжмэ нэхъыфІщ».

«Куэдыр унагъуэ щаухуэм деж, мыпхуэдэу йогупсыс: „Дызэдэмыпсэуфмэ, дызэбгъэдэкІыжынщи зэфІэкІащ“. Унагъуэ имыухуэ щІыкІэ цІыхур апхуэдэу зэрегупысым къегъэлъагъуэ абы пэжагъ зэрыхуримыкъур» (Джен).

СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

ЗЭУПЩІЫЖ

ФыщызэфІэнам деж:

  • Мы цІыхур щхьэгъусэ зэрыпщІам ухущІегъуэжрэ?

  • Мыр си щхьэгъусэу щытамэ нэхъыфІт жыпІэу нэгъуэщІ гуэрым уехъуапсэрэ?

  • Мыпхуэдэу жыпІэрэ: «УхыфІызодзэ!» е «ФІыуэ сыкъэзылъагъун къэзгъуэтынщ»?

Зы упщІэм е нэхъыбэм «нтІэ» жыпІэу жэуап ептамэ, абы къегъэлъагъуэ нэчыхьым ухуиІэ пэжагъым узэрелэжьын хуейр.

ЗЭГЪУСЭУ ФЕГУПСЫС

  • Фызэрызэхуэпэжыр нэхъ махэ хъуауэ къыфщыхъурэ? Къыфщыхъумэ, сыт абы и щхьэусыгъуэр?

  • Нэхъ зэхуэпэж фыхъун щхьэкІэ, сыт фэ фщІэ хъунур?

ЧЭНДЖЭЩХЭР

  • Лъагъуныгъэ письмо кІэщІ цІыкІухэр зэхуэфтх.

  • ЛэжьапІэм узыбгъэдэс стІолым уи щхьэгъусэм и сурэтыр тегъэт.

  • Фыщызэмыгъусэм деж, телефонкІэ фызэпсалъэ е фызэхуэтхэ.

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр цІыхум зэбгъэдигъэкІыж хъунукъым» (Маттэ 19:6).