Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Алыхьым и хьэл-щэнхэр

Алыхьым и хьэл-щэнхэр

ЦІыхум и хьэл-щэныфІхэр нэхъыбэу къэпцІыхуху, ар уи гум дохьэ икІи фи ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ мэхъу. Иегови и хьэл-щэнхэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэху, абы нэхъ гъунэгъу ухуэхъунущ. Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэм щыщу плІыр нэхъыщхьэщ: къарур, Іущагъыр, захуагъэр, лъагъуныгъэр.

АЛЫХЬЫМ КЪАРУУШХУЭ БГЪЭДЭЛЪЩ

«Псори зи ІэмыщІэ илъ Зиусхьэн Иеговэ! Уи къаруушхуэмкІэ уафэмрэ щІылъэмрэ уэ къэбгъэщІащ» (ИЕРЕМИЯ 32:17).

Алыхьым и къарур и ІэдакъэщІэкІхэм къыхощ. Псалъэм папщІэ, гъэмахуэ махуэм щІыбым укъыщІэкІа иужь сыт зыхэпщІэр? Дыгъэ бзийхэм я хуабэр. Ар Алыхьым и къарум и фІыгъэщ. Дыгъэм и гуащІагъэр сыт хуэдэ? Дыгъэм и кум и пщтырагъыр градус 15 000 000 нос. Секунд къэс Дыгъэм къыбгъэдэкІ къарур мелуан щэ бжыгъэ хъу ядернэ бомбэхэм къабгъэдэкІ къарум хуэдиз мэхъу.

Ауэ вагъуэхэр миллиард бжыгъэ мэхъу икІи абыхэм яхэтщ Дыгъэм нэхърэ куэдкІэ нэхъ ин. ЩІэныгъэлІхэм къызэрахутамкІэ, UY Щита жыхуиІэ вагъуэр нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Абы и къэухьыр Дыгъэм и къэухьым хуэдэу 1 700 хуэдиз мэхъу. UY Щита жыхуиІэ вагъуэр Дыгъэм и пІэм итамэ, абы ЩІылъэри Юпитер планетэри зэщІиубыдэнут. Мы щапхъэм дэ нэхъыфІу къыдгурегъаІуэ Иеремие и псалъэхэр. Пэж дыдэу, Алыхь Иеговэ и къаруушхуэмкІэ Дунеишхуэр къигъэщІащ.

Алыхьым и къарум сыт дэ къытхуищІэфынур? Ди гъащІэр Алыхьым къигъэщІа псом елъытащ, псалъэм папщІэ Дыгъэм и къарум, ЩІылъэм къыдит псом. Абы нэмыщІ Алыхьыр и къарумкІэ цІыху къэс дэІэпыкъуфынущ. Дапхуэдэу? Псалъэм папщІэ, япэ лІэщІыгъуэм Алыхьым кърита къарумкІэ Хьисэ Іуэху телъыджэхэр ищІащ. Библием жеІэ: «Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекІуэ, уэшын уз зэфыкІхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лІахэр къотэджыж» (Маттэ 11:5). Ди зэманым-щэ? «Абы ешам къару ирет»,— щыжыІащ Библием. Иджыри абы итщ: «Иеговэ щыгугъхэм къару ягъуэтыжынущ» (Исаия 40:29, 31). Ди гугъуехьхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ, Иеговэ дэ дызыхуэныкъуэ къару къыдитыну хьэзырщ (2 Коринф 4:7). Зэрытлъагъущи, Алыхьыр хуейщ и нэІэ къыптригъэтыну икІи къару къыуитыну. Ухуейт уэ абы и ныбжьэгъу ухъуну?

АЛЫХЬЫМ ІУЩАГЪ ХЭЛЪЩ

«Уэ Иеговэ, блэжь Іуэхухэр сыту куэд! А псор Іущагъ хэлъу къэбгъэщІащ» (ПСАЛОМ 104:24).

Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэху, и Іущагъым ди гур хегъахъуэ. БиомиметикэкІэ зэджэ наукэр къэтщтэнщ. Абы хэт щІэныгъэлІхэм Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэр ядж икІи абыхэм тращІыкІыурэ зыгуэрхэр яухуэ, псалъэм папщІэ, езыр-езыру зэкІэрыпщІэж щІыІум щыщІэдзауэ кхъухьлъатэм и Іэмэпсымэхэм нэсыху.

ЦІыхум и нэр телъыджэу зэхэлъщ

Алыхьым и Іущагъыр псом хуэмыдэу къыхощ цІыхум и Іэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъым. Ныбэм ирищІа сабийм зэрызиужьыр щапхъэу къэтхьынщ. Псори къыщежьэр къалъхуну сабийм и генхэр зыхэлъ зы клеткэщ. А клеткэм езым ещхьыж клеткэ куэдкІэ зеугуэш. Я зэманыр къосри, а клеткэхэр зыр зым къыщхьэщыкІыу мэхъу. Апхуэдэу, клеткэ зэмылІэужьыгъуэхэр 200-м нос, псалъэм папщІэ, лъым, нервым, къупщхьэм я клеткэхэр. Зэман мащІэ фІэкІа дэмыкІауэ, Іэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэр зэроубыд икІи лажьэу щІадзэ. Мазибгъу дэкІа иужь сабийр дунейм къытохьэ. Иджы абы и Іэпкълъэпкъыр клеткэ миллиард бжыгъэ мэхъу. ЦІыхум и Іэпкълъэпкъыр гъэщІэгъуэныщэу зэрызэхэлъыр щалъагъум деж, куэдыр Библием ит псалъэхэм арэзы тохъуэ: «Щытхъу къыпхуэсхьынущ, гъэщІэгъуэныщэу сызэхэлъщи икІи абы сегъэпІейтей» (Псалом 139:14).

Алыхьым и Іущагъым сыт дэ къыдитыфынур? Иеговэ ещІэ дэ насыпыфІэ сытым дищІынуми. Алыхьым щІэныгъэ куурэ зэхэщІыкІрэ иІэщ икІи абыхэмкІэ къыддэгуэшэну ар хьэзырщ. Иеговэ и Іущагъым теухуауэ Библием къыщыпщІэфынущ. Псалъэм папщІэ, абы мыпхуэдэ чэнджэщ итщ: «Зым зым гукъанэ гуэр хуиІэмэ, зэхуэвгъэгъу» (Колоссэ 3:13). Мы чэнджэщым Іущагъ хэлъ? Хэлъщ. ЩІэныгъэлІхэм къызэрахутамкІэ, зыгъэгъуф цІыхур нэхъыфІу мэжей, давление дэкІуеям, депрессием икІи нэгъуэщІ узхэми нэхъ щыхъума мэхъу. ЗэхэщІыкІ зыхэлъ ныбжьэгъуфІым хуэдэу, Алыхьыр сыт щыгъуи хьэзырщ чэнджэщ щхьэпэ къыуитыну (2 Тимофей 3:16, 17). Ухуейт уэ апхуэдэ ныбжьэгъу уиІэну?

АЛЫХЬЫМ ЗАХУАГЪЭ ХЭЛЪЩ

«Иеговэ захуагъэр ифІэфІщ» (ПСАЛОМ 37:28).

Алыхьыр сыт щыгъуи захуагъэм тетщ. «Алыхь пэжым зэи хабзэншагъэ хуэщІэнукъым икІи лъэкІыныгъэшхуэ зиІэм лей зэрихьэнукъым!» (Иов 34:10). Абы и унафэхэр сыт щыгъуи захуэщ. Иеговэ теухуауэ Библием щыжыІащ: «Уэ захуагъэм утету лъэпкъхэм хьэкум ятепщІыхьынущ» (Псалом 67:4). «Иеговэ цІыхум и гум илъыр елъагъури», цІыхумрэ абы и Іуэхухэмрэ теухуауэ псори ещІэ (1 Самуила 16:7). Ар къыпхуэгъэпцІэнукъым икІи сыт хуэдэ фэрыщІагъми абы занщІэу гу лъетэ. Абы нэмыщІ мы дунейм къыщекІуэкІ мыхъумыщІагъэхэр, Іулъхьэ тыныр, щІэпхъаджагъэхэр Алыхьым елъагъу икІи абы дыкъегъэгугъэ «хабзэншагъэ зезыхьэхэр щІым» тригъэкІуэдыкІыну (Притчи 2:22).

Ауэ Алыхьыр ткІийуэ икІи цІыхухэм тезыр щІатрилъхьэн зэпымыууэ къилъыхъуэу щыткъым. ЦІыхухэм гущІэгъу яхуищІыну абы сыт щыгъуи Іэмал къелъыхъуэ. Библием зэрыжиІэмкІэ, «Иеговэ Алыхь гущабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ». Зэпымыууэ гуэныхь зыщІэу щытар, и гуэныхь хьэлъэхэр къигъанэрэ хущІегъуэжмэ, Иеговэ абы хуигъэгъуну хьэзырщ. Аракъэ нэгъэсауэ захуагъэ хъужыр? (Псалом 103:8; 2 Петр 3:9).

Алыхьым и захуагъэм сыт ди сэбэпу хэлъыр? Апостол Петр мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «Тхьэр цІыхум и фэм емыплъу, цІыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр къызгурыІуащ. Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкІауи щрет, Тхьэм и фІэлІыкІыр зи гум илъыр икІи щыпкъагъэр зыгъэзащІэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ» (Апостолхэм 10:34, 35). Алыхьыр захуагъэм тетщи, зэи цІыху зэхэгъэж ищІкъым икІи зыри хиубыдыкІкъым. ЦІыхур къызыхэкІа лъэпкъым, щІэныгъэ иІэм, мылъку бгъэдэлъым емылъытауэ, Алыхьым и лэжьакІуэ хъуфынущ икІи ар арэзы ищІыфынущ.

УкъызыхэкІа лъэпкъымрэ пІыгъ увыпІэмрэ емылъытауэ, уэ Иеговэ узэхихынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы цІыху зэхэгъэж ищІкъым

Алыхьыр хуейщ и захуагъэм лъабжьэ хуэхъу принципхэр къыдгурыІуэну. Аращ абы напэ къыщІыдитар. Библием напэр ирегъэщхь ди гум иратха унафэм икІи абы и фІыгъэкІэ дызахуэрэ дыкъуаншэрэ къыдгуроІуэж (Рим 2:15). Сыт абы ди сэбэпынагъыу хэлъыр? Тэмэму гъэса напэм губзыгъагъэрэ захуагъэрэ зыхэмылъ Іуэхухэм дыщихъумэнущ. Ауэ зыгуэркІэ дыщыуамэ, ди напэ гъэсам дыхуигъэушынущ гуэныхьым дыхущІегъуэжу зытхъуэжыну. Алыхьым захуагъэ зэрыхэлъыр ди дежкІэ насыпщ икІи абы дэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуещІ.

АЛЫХЬЫР — ФІЫЛЪАГЪУНЫГЪЭЩ

«Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ» (1 ИУАН 4:8).

Алыхьым къару, Іущагъ, захуагъэ хэлъщ, арщхьэкІэ Библием зыщІыпІи щыжыІакъым Алыхьыр езыр къарууэ, Іущагъыу е захуагъэу. Ауэ Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, Алыхьыр езыр фІылъагъуныгъэщ. Сыт щхьэкІэ? Иеговэ зыгуэр щищІэкІэ и къарур къегъэсэбэп икІи захуагъэмрэ Іущагъымрэ тетщ. Ауэ абы сыт имыщІэми лъагъуныгъэм къыхэкІыу ещІэ.

Иеговэ уафэм щыІэхэри щІылъэм щыпсэухэри къыщІигъэщІар зыгуэр хуэныкъуэу аратэкъым, атІэ лъагъуныгъэращ ар хуэзыгъэушар псоми гъащІэ яритыну. Иеговэ хуэпэж мелыІычхэмрэ цІыхухэмрэ абы и лъагъуныгъэр зыхащІэ икІи къыбгъэдэкІ фІыгъуэхэр лъапІэу ялъытэ. Алыхьым цІыхухэм ЩІыр унэ тыншу яритащ. Иеговэ ноби цІыхухэм и нэІэ ятригъэтщ: абы «дыгъэр цІыху бзаджэхэми цІыхуфІхэми къахукъуегъэкІ, щыпкъагъэ зигу илъхэми имылъхэми уэшх къахурегъэшх» (Маттэ 5:45).

Абы нэмыщІ «Зиусхьэным гущІэгъушхуэ иІэщ, абы и гур дэ къытщІогъу» (Екъуб 5:11). Иеговэ лъапІэу елъытэ езыр къэзыцІыхуу, нэхъ гъунэгъу хуэхъуну хуейхэр. Библием зэрыжиІэмкІэ, Иеговэ «дэ тщыщ дэтхэнэми пэжыжьэкъым» (Апостолхэм 17:27).

Алыхьым и лъагъуныгъэм сыт дэ къытхуихьыр? Дыгъэр зэрыкъухьэжым дыкІэлъыплъыну ди фІэфІщ. Сабийм и дыхьэшх макъым ди гур хегъахъуэ. ФІыуэ тлъагъу цІыхур лъапІэу долъытэ. А псор димыІэуи дыпсэуфынут, ауэ абыхэм ди гъащІэр нэхъ дахэ икІи нэхъ насыпыфІэ ящІ.

Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну Іэмал къызэрыдитами абы и лъагъуныгъэр къыхощ. Библием дыкъыхуреджэ: «Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищІыс Іуэхуми щхьэкІэ Тхьэм фелъэІуурэ, щІыхь хуэфщІурэ, фи дэІэпыкъуэгъу хъуну фелъэІуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащІэ». Лъагъуныгъэ зыхэлъ адэм хуэдэу, Иеговэ хуейщ дэ дызыгъэгузавэ псори абы хуэтІуэтэну. Абы щыгъуэ езым «къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иныр» къыдитыну дыкъегъэгугъэ (Филиппи 4:6, 7).

Алыхьым и хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр зэрызэпкърытхам и фІыгъэкІэ ар нэхъыфІу къэпцІыхуа? Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэхъун щхьэкІэ, абы къыпхуищІам икІи дяпэкІэ къыпхуищІэнум теухуауэ къэдгъащІэ.

ХЭТ ХЪУНУ АЛЫХЬЫР? КъарукІи, ІущагъкІи, захуагъэкІи Иеговэ хуэдэ щыІэкъым. Ауэ псом хуэмыдэу дыдэзыхьэхыр абы и лъагъуныгъэращ