Алыхьым теухуа щІэныгъэм уи гъащІэр фІыкІэ ихъуэжынущ!
«Хэт хъуну Алыхьыр?» жыхуиІэ упщІэм и жэуапыр кІэщІу зэпкърытхащ. Псалъэм папщІэ, уэ къэпщІащ Алыхьым и цІэр зэры-Иеговэр икІи абы и хьэл-щэн нэхъыщхьэр зэрылъагъуныгъэр. Абы нэмыщІ уэ къэпщІащ Иеговэ цІыхухэм яхуищІамрэ къэкІуэну зэманым абы къыдитыну гъащІэ дахэмрэ теухуауэ. Алыхьым теухуауэ гъэщІэгъуэн куэд Библием иджыри къытхузэІуех. Ауэ уэ мыпхуэдэ упщІэ уиІэнкІэ хъунущ: Алыхьым теухуа щІэныгъэр си дежкІэ сыткІэ сэбэп?
Иеговэ теухуауэ Библием жеІэ: «Ар къэплъыхъуэмэ зыкъыуигъэгъуэтынущ» (1 Летопись 28:9). Егупсысыт: Алыхьым теухуа пэжыр адэкІи къапщІэмэ, Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъынущ (Псалом 25:14). Апхуэдэ зэхущытыкІэфІым уи гъащІэр дауэ ихъуэжыну?
Насып пэж. Иеговэ Алыхь насыпыфІэщ (1 Тимофей 1:11, ДЩІ). Иеговэ гъунэгъу дызэрыхуэхъум икІи абы и еплъыкІэм хуэдэ зэрызэдгъэгъуэтым дэ насыпыфІэ дещІ. Ар ди гупсысэкІэмрэ ди узыншагъэмрэ сэбэп хуохъу (Псалом 33:12). Уэ пхэлъ хьэл мыхъумыщІэхэр зыхэбнэфынущ икІи фІым зыхуебгъэсэфынущ. Абы нэмыщІ цІыхухэм уадэгъуэгурыкІуэфу зебгъэсэфынущ. Апхуэдэ сэбэпынагъыр зыхэпщІа иужь, уэ мы псалъэхэм арэзы утехъуэну къыщІэкІынщ: «Си дежкІэ Алыхьым гъунэгъу сыхуэхъуныр фІыгъуэщ» (Псалом 73:28).
Алыхьым гулъытэ къыпхуещІ икІи и нэІэ къыптригъэтщ. Иеговэ дэтхэнэ и лэжьакІуэри къегъэгугъэ: «Чэнджэщ уэстынущ икІи сыпкІэлъыплъынущ» (Псалом 32:8). Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ дэтхэнэ и лэжьакІуэми гулъытэ зэрыхуищІыр икІи ахэр зыхуэныкъуэ псор зэрызэхищІыкІыр (Псалом 139:1, 2). Иеговэ нэхъыфІу къэпцІыхумэ, уэ къыбгурыІуэнущ абы хуэдэ ныбжьэгъу зэрыщымыІэр икІи ар къыбдэІэпыкъуну сытым дежи зэрыхьэзырыр.
КъэкІуэну зэманым гъащІэ дахэ. Иеговэ нобэ насыпыфІэ дызэрыхъун Іэмалыр къызэрыджиІэм нэмыщІ, гъащІэ дахэ къытпэщылъым теухуауи къытхузэІуех (Исаия 48:17, 18). Тхыгъэ ЛъапІэм щыжыІащ: «ЦІыхухэм мыкІуэдыжын гъащІэ яІэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращІэнури, уэ къэбгъэкІуа Хьисэ Мэссихь зэращІэнури аращ» (Иуан 17:3). Ди зэман хьэлъэм Алыхьым къыдит гугъэр «хъурзэм хуэдэу ди гум илъщ» (Еврейхэм 6:19).
АдэкІи Алыхьыр нэхъыфІу къыщІэпцІыхун икІи гъунэгъу ущІыхуэхъун хуейм нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэри иІэщ. Нэхъыбэ къэпщІэн щхьэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм захуэгъазэ е jw.org жыхуиІэ сайтым ихьэ.