ДунеищІэм ущыпсэун щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр?
Мыбы ипэ къихуэ статьяхэм уэ къыщыпщІащ Алыхьым куэд мыщІэу мы дунеймрэ абы къыщекІуэкІ гугъуехьхэмрэ кІэ зэрыритынур. Алыхьым ар зэрищІэнур быдэу уи фІэщ пщІы хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библием щыжыІащ:
«Мы дуней хьэхур... мэкІуэдыж» (1 ИУАН 2:17).
Мы дунейм кІэ къыщыхуэкІуэкІэ абы къелыну цІыхухэр зэрыщыІэнум шэч къытедмыхьэми хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а едзыгъуэ дыдэм иджыри мыпхуэдэу итщ:
«Тхьэр зыхуейр зыгъэзащІэ цІыхур игъащІэкІэ щыІэнущ».
Зэрытлъагъущи, къелыну хуей цІыхум Алыхьым и мурадыр игъэзэщІэн хуейщ. А мурадым теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэн щхьэкІэ, япэщІыкІэ езы Алыхьыр къэпцІыхун хуейщ.
УКЪЕЛЫН ЩХЬЭКІЭ АЛЫХЬЫР ФІЫУЭ КЪЭПЦІЫХУН ХУЕЙЩ
Хьисэ Мэссихь жиІауэ щытащ: «ЦІыхухэм мыкІуэдыжын гъащІэ яІэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращІэнури, уэ къэбгъэкІуа Хьисэ Мэссихь зэращІэнури аращ» (Иуан 17:3). Мы дунейм кІэ къыщыхуэкІуэкІэ укъелу гъащІэ мыухыж уиІэу упсэун щхьэкІэ, Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ зэбгъэгъуэтын хуейщ. Алыхьыр зэрыщыІэр уи фІэщ хъукІэ е абы теухуауэ зыгуэр тІэкІу пщІэкІэ зэфІэкІкъым. Абы ныбжьэгъу ухуэхъун хуейщ. Зыгуэр бгъэныбжьэгъун щхьэкІэ, дауикІ, абы зэмани къаруи тебгъэкІуэдэн хуейщ. Ар дыдэр хужыпІэ хъунущ Алыхьым худиІэ ныбжьэгъугъэм теухуауэ. Алыхьым ныбжьэгъу дыхуэхъун икІи а ныбжьэгъугъэр зыфІэдмыгъэкІуэдын щхьэкІэ, мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэр зэпкърытхынщ. Ахэр Библием итщ.
БИБЛИЕМ МАХУЭ КЪЭС ЕДЖЭ
Дыпсэун щхьэкІэ, дэ махуэ къэс дышхэн хуейщ. Ауэ Хьисэ жиІауэ щытащ: «ЩІакхъуэ къудейкъым цІыхур зэрыпсэунур, атІэ дэтхэнэ псалъэу Тхьэм къыбгъэдэкІырщ» (Маттэ 4:4).
Иеговэ къыбгъэдэкІ псалъэхэр дэ Библием къыщыдогъуэт. Тхыгъэ ЛъапІэр бджымэ, уэ къэпщІэнущ Алыхьым пасэ зэманым ищІам, нобэ ищІэм икІи дяпэкІэ ищІэнум теухуауэ.
АЛЫХЬЫМ КЪЫБДЭІЭПЫКЪУНУ ЕЛЪЭІУ
Сыт пщІэ хъунур Алыхьым хуэжыІэдаІуэ ущытыну ухуейуэ, ауэ абы имыдэхэм щыщ гуэр къэбгъэнэну къохьэлъэкІмэ? Абы щыгъуэ Алыхьыр нэхъыфІу къэпцІыхун хуейуэ аращ.
Азием щыпсэу цІыхубз гуэрым и щапхъэр къэтхьынщ. Абы ирихьэкІ гъащІэр Алыхьым и хабзэхэм техуэтэкъым. Библиер щиджым щыгъуэ, абы къищІащ зинэ щІэныр Алыхьым зэримыдэр (1 Коринф 6:18). А цІыхубзыр Алыхьым елъэІут къару къритыну. Абы и фІыгъэкІэ гуэныхь лэжьыныр абы къигъэнэфащ. Ауэ зэзэмызэ абы гупсысэ мыхъумыщІэхэр и щхьэм къохьэ. «Апхуэдэм деж,— жеІэ абы,— сэ псори зэрыщыт дыдэм хуэдэу Иеговэ жызоІэж. Сэ сощІэ Алыхьыр къыздэмыІэпыкъумэ зыри зэрысхузэфІэмыкІынур. ТхьэлъэІум и фІыгъэкІэ сэ къару согъуэт икІи Иеговэ нэхъ гъунэгъу сыхуохъу». А цІыхубзым хуэдэу, ди зэманым мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ зрагъэгъуэт. Иеговэ абыхэм къару ярет я гъащІэр яхъуэжу, напэ къабзэ яІэу псэун щхьэкІэ (2 Коринф 4:7).
Алыхьыр нэхъыфІу къэпцІыхуху, езыми нэхъыфІу укъицІыхунущ икІи и ныбжьэгъуу уилъытэнущ (Галатие 4:9; Псалом 25:14). Абы щыгъуэ уэ дунеищІэм ущыпсэуну Алыхьым къыпхуигъэфэщэнущ. Ауэ дунеищІэм сыт хуэдэ гъащІэ щыІэнур? Абы теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьям къыщыпщІэнущ.
a Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и цІэр Иеговэщ.