ДунеищІэр къэсыпащ!
Алыхьым щІылъэр къыщІигъэщІар цІыхуфІхэм гъащІэ мыухыж яІэу абы щыпсэун щхьэкІэщ (Псалом 37:29). Абы япэ цІыхуитІым — Іэдэмрэ Хьэуарэ — Іэдэн жыг хадэр псэупІэ дахэу яритащ. Алыхьым и унафэм тету, ахэри абыхэм я щІэблэри ди щІыналъэм кІэлъыплъын хуейт (ЩІэдзапІэ 1:28; 2:15).
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэрей дунейр жыжьэу бгъэдыхьэркъым Алыхьым и мурадымкІэ щыІэн хуея жэнэтым. Ауэ Алыхьыр и мурадым хущІегъуэжакъым. Дапхуэдэу абы и мурадыр зэригъэзэщІэжынур? Мыбы ипэ къихуэ статьяхэм къызэрыщытщІащи, Алыхьым щІыр игъэкІуэдыжынукъым, атІэ ар къыхуэпэж цІыхухэм псэупІэ дахэу яритынущ. Сыт хуэдэ гъащІэ а зэманым щыІэнур?
Дуней псом зы правительствэщ щыІэнур
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр уафэм щыІэщ икІи ар куэд мыщІэу цІыху псоми я правительствэу щытынущ. А зэманым щІыр жэнэт дахащэ хъужынурэ, абы щыпсэуну цІыхухэм я зэхуаку гуфІэгъуэрэ мамырыгъэ дэлъынущ. Алыхьым Хьисэ щІым и тепщэу щытыну тригъэуващ. Нобэ тепщэныгъэ зиІэхэм елъытауэ, Хьисэ и лъабжьэ щІэт цІыхухэм яфІ сыт щыгъуи къилъыхъуэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы Алыхьымрэ цІыхухэмрэ фІыуэ елъагъу. Ар гущІэгъурэ захуагъэрэ зыхэлъ ПащтыхьыфІу щытынущ (Исаия 11:4).
Дунейм тет цІыху псори зэкъуэту псэунущ
ДунеищІэм щыпсэуну цІыхухэр лъэпкъ-лъэпкъкІэ гуэшауэ щымыту, псори зы лъэпкъыу щытынущ (Апокалипсис 7:9, 10). ЦІыхухэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъуу икІи я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъу псэунущ. Абыхэм Алыхьым къыбгъэдэкІ унафэр зэгъусэу ягъэзэщІэнущ — унэ тынш яхуэхъуа ди планетэм кІэлъыплъынущ (Псалом 115:16).
ЦІыхумрэ природэмрэ я зэхуаку мамырыгъэ дэлъынущ
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр щІылъэ псом и тепщэ хъуа нэужь, природэр зэрыщыту Алыхьым и ІэмыщІэм илъынущ икІи абы псори зэрыщытын хуейм хуэдэу зэтригъэувэжынущ (Псалом 24:1, 2). Зэгуэр Хьисэ борэнышхуэр игъэсэбырыжауэ щытащ. Абы и дежкІэ ар тыншт. Апхуэдэу Хьисэ къигъэлъэгъуащ Алыхьым кърита къарум и инагъыр (Марк 4:39, 41). Хьисэ и тепщэныгъэм щІэтыну цІыхухэр гузэвэгъуэшхуэ гуэр къэхъунущ жаІэу шынэнукъым. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм цІыхумрэ природэмрэ я зэхуаку дэлъын хуей мамырыгъэри дилъхьэжынущ (Осия 2:18).
Ерыскъыр пэрыхьэту щыІэнущ икІи псоми узыншагъэ быдэ яІэнущ
Дэтхэнэ зы цІыхуми узыншагъэ быдэ иІэнущ. Зыри сымэджэнукъым, жьы хъунукъым икІи лІэжынукъым (Исаия 35:5, 6). ЦІыхухэр щыпсэуну дунейр къабзэу, Іэдэмрэ Хьэуарэ щыпсэуа Іэдэн жыг хадэм ещхьу дахэу щытынущ. ДунеищІэм щІыгулъ пшэрым гъавэ бэв къыдитынущ, псоми ерыскъыр пэрыхьэту яІэн щхьэкІэ (ЩІэдзапІэ 2:9). Пасэрей зэманым Алыхьым и лъэпкъыу щыта Израил лъэпкъым «и ныбэ из хъуху щІакхъуэр ишхт», дунеищІэми псоми апхуэдэ Іэмал яІэнущ (Левит 26:4, 5).
Шынагъэ щымыІэжу мамыр хъужа дуней
Алыхьым и правительствэр дуней псом и тепщэ хъуа нэужь, цІыхухэр псори мамыру зэдэпсэунущ икІи абыхэм я зэхуаку гуапагъэрэ захуагъэрэ дэлъынущ. Зауэ афІэкІа щыІэжынукъым. Зи тепщэныгъэр тэмэму къэзымыгъэсэбэп цІыхухэри Алыхьым игъэкІуэдыжынущ. ЦІыхухэр афІэкІа гугъу ехьын хуей хъунукъым, зыхуэныкъуэ дыдэр зрагъэгъуэтын щхьэкІэ. Библием щыжыІащ: «Дэтхэнэ зыри и жызум лъабжьэмрэ и ахъо лъабжьэмрэ щІэсыжынущ, икІи ахэр зыми игъэшынэнукъым» (Михей 4:3, 4).
Псоми унэ дахэрэ лэжьыгъэ гъэщІэгъуэнрэ яІэнущ
Дэтхэнэ зы унагъуэми езым и унэ иІэнущ икІи и унэр фІэкІуэдынкІэ зыри шынэнукъым. ГуфІэгъуэ къыпхуэзыхь лэжьыгъэ псоми яІэнущ. Библием зэрыжиІэмкІэ, дунеищІэм щыпсэунухэр «пщІэншэу лэжьэнукъым» (Исаия 65:21—23).
ЩІэныгъэ нэхъыфІ дыдэр
Библием зэрыжиІэмкІэ, «щІылъэр Иеговэ теухуа щІэныгъэмкІэ гъэнщІауэ щытынущ» (Исаия 11:9). Алыхь Иеговэ и Іущагъым щІэи гъуни иІэкъым икІи дунеищІэм щыпсэуну цІыхухэм Іэмал яІэнущ абы и деж щеджэну. Псалъэм папщІэ, Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм теухуауэ абыхэм куэд къащІэнущ, ауэ зыми и щІэныгъэр тригъэкІуэдэнукъым Іэщэ щІыным е нэгъуэщІ зыгуэркІэ цІыхухэм зэран хуэхъуным (Исаия 2:4). ЦІыхухэм я къарури я гупсысэхэри етауэ щытынущ я зэхуаку мамырыгъэ дэлъу псэуным икІи ди щІыналъэм фІыуэ кІэлъыплъыным (Псалом 37:11).
ГъащІэм кІэ иІэнукъым
Ди гъащІэм и дэтхэнэ зы махуэми гуфІэгъуэрэ гупсэхугъуэрэ къытхуихьын щхьэкІэ, Алыхьым щІылъэр къыщигъэщІым къаруушхуэрэ лъагъуныгъэшхуэрэ хилъхьащ. Иеговэ хуейщ цІыхухэр зэи мылІэжу, гъащІэ мыухыж яІэу псэуну (Псалом 37:29; Исаия 45:18). И мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ, Алыхьым лІэныгъэм кІэ къыхуигъэкІуэнущ (Исаия 25:8). Библием итщ: «ЛІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыІэжынукъым» (Апокалипсис 21:4). Дунейм и кІэухым къелынухэм ямызакъуэу, лІахэм къахэтэджыкІыжынухэри щІылъэм щыпсэунущ. Алыхьым абыхэм гъащІэ мыухыж яІэу псэуну Іэмал яритынущ. Ар уасэ зимыІэ тыгъэщ (Иуан 5:28, 29; Апостолхэм 24:15).
Мы дунейм и кІэухым укъелын икІи апхуэдизу гъунэгъу хъуа дунеищІэм ущыпсэун щхьэкІэ сыт пщІэн хуейми къащІэ. Иеговэ и Щыхьэтхэм елъэІу «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ интерактивнэ курсымкІэ Библием пщІэншэу урагъэджэну.