Дунейм и кІэухыр дапщэщ? Абы теухуауэ Хьисэ Мэссихь жиІар
Мыбы ипэ къихуэ статьям къызэрыщытщІащи, Библием зэрыжиІэмкІэ, мы дунейм кІэ къызэрыхуэкІуэнум къикІкъым щІымрэ цІыху лъэпкъымрэ кІуэдыжыну. КІуэдыжынур цІыху Іейхэмрэ ди гугъуехьхэмрэщ. Ауэ мы дунейм и кІэухыр къыщысыну зэманым теухуауэ Библием зыгуэр щыжыІауэ пІэрэ?
МЫ ДУНЕЙМ И КІЭУХЫМ ТЕУХУАУЭ ХЬИСЭ МЭССИХЬ ЖИІАУЭ ЩЫТА ПСАЛЪЭХЭР:
«Аращи, фымыжейуэ фысакъ, — къыщІигъуащ Хьисэ, ЦІыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкІуэжыну махуэри сыхьэтри фщІэркъыми» (МАТТЭ 25:13).
«Фымыжейуэ фысакъ, Тхьэми фелъэІу; а сыхьэтыр къыщысынур фщІэркъыми» (МАРК 13:33).
Зэрытлъагъущи, зы цІыхуми ищІэкъым мы дунейм и кІэухыр къыщысыну махуэр. Ауэ Алыхьым триухуащ а махуэри а сыхьэтри (Маттэ 24:36). Мы дунейм и кІэухыр къызэрыблагъэр дэ зыгуэру къытхуэщІэну пІэрэ? КъытхуэщІэнущ. Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІауэ щытащ кІэухым ипэ къихуэу къэхъуну Іуэхугъуэхэр.
НЭЩЭНЭР
Хьисэ зи гугъу ищІа Іуэхухэр «мы дунейм и кІэухыр къызэрыкІуэнум» и нэщэнэ хъун хуейт. Абы жиІащ: «Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы къэралри адрей къэралым езэуэну къызэщІэтэджэнущ. Гъабли къэхъунущ, щІыр щІыпІэ-щІыпІэхэмкІи хуабжьу щыхъеинущ» (Маттэ 24:3, 7). А псом нэмыщІ, Хьисэ зэрыжиІамкІэ, уз зэрыцІалэхэмрэ пандемиехэмрэ къэхъун хуейт (Лука 21:11). Хьисэ и псалъэхэр нобэ гъэзэщІа зэрыхъур плъагъурэ?
Зауэхэм, гъаблэм икІи уз зэрыцІалэхэм нобэ дуней псор зэщІащтащ. Псалъэм папщІэ, 2004-нэ гъэм Индийскэ хым щІыр хуабжьу зэрыщыхъеям къыхэкІкІэ цунами къэхъуащ икІи абы цІыху 225 000 хуэдиз ихьащ. Илъэсищым къриубыдэу COVID-19 жыхуаІэ узыфэм цІыху мелуан 6,9 хуэдиз илІыкІащ. Хьисэ зэрыжиІамкІэ, апхуэдэ Іуэхугъуэхэр щыхьэт тохъуэ дунейм и кІэухыр къызэрыблэгъам.
ИУЖЬРЕЙ МАХУЭХЭР
Библием «иужьрей махуэхэр» щыжиІэм деж, зи гугъу ищІыр мы дунейм и кІэухым ипэ къихуэ зэманыращ (2 Петр 3:3, 4). 2 Тимофей 3:1—5 зэритымкІэ, иужьрей махуэхэм цІыхухэм зэрахьэ хабзэншагъэр нэхъыбэ хъунущ. ( «Мы дунейм и кІэм ипэ къихуэу» жыхуиІэ рамкэм еплъ.) Ди зэманым цІыхухэр щхьэхуещэ, нэпсей, тэмакъкІэщІ зэрыхъуам икІи лъагъуныгъэр зищІысыр абыхэм зэращыгъупщэжам гу лъыптэрэ? А псом къегъэлъагъуэ мы дунейм и кІэухыр къызэрыблэгъар.
Иужьрей махуэхэр зэман кІыхь? Хьэуэ. Библием зэрыжиІэмкІэ, ар зэман кІэщІщ. А зэманыр иуха нэужь, Алыхьым щІылъэм зэран хуэхъу цІыхухэр игъэкІуэдыжынущ (Апокалипсис 11:15—18; 12:12).
КУЭД МЫЩІЭУ ЩІЫЛЪЭР ЖЭНЭТ ХЪУЖЫНУЩ!
Дэ къызэрытщІащи, мы дуней бзаджэм и кІэухыр къыщысыну махуэри сыхьэтри Алыхьым триухуащ (Маттэ 24:36). Абы нэмыщІ иджыри зы хъыбарыфІ щыІэщ. Алыхьыр хуейкъым зы цІыхуи кІуэдыну (2 Петр 3:9). Дыкъелыну дыхуеймэ тщІэн хуейр Алыхьым къыджеІэ. Сыт абы апхуэдэу щІищІэр? Алыхьыр хуейщ дэ дыкъригъэлу жэнэтыщІым дыщигъэпсэуну.
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэ щІэту псэуну хуей цІыхухэм Іэмал яІэщ щІэныгъэ зрагъэгъуэтыну. Хьисэ жиІауэ щытащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр дуней псом зэрыщагъэІунур (Маттэ 24:14). Иеговэ и Щыхьэтхэм сыхьэт миллиард куэд трагъэкІуадэа хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм ядэгуэшэным. Хьисэ зэрыжиІамкІэ, а лэжьыгъэр дунейм и кІэухым ипэ къихуэу екІуэкІын хуейщ.
ЦІыхухэм я тепщэныгъэм куэд мыщІэу кІэ къыхуэкІуэнущ. Ауэ уэ укъелу дунеищІэм ущыпсэуну Іэмал уиІэщ, икІи ар хъыбарыфІщ. Абы щхьэкІэ уэ пщІэн хуейм теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьям къыщыпщІэнущ.
Мы дунейм и кІэухым теухуауэ Хьисэ жиІа псалъэхэм гугъэ къыдат