Мы дунейм и кІэухыр пэж дыдэу гъунэгъу?
Дыщыпсэу дунейм кІэ къыхуэкІуэну куэд щІауэ жаІэ, ауэ зэкІэ псори зэрыщытам хуэдэу къонэ. Дунейм и кІэухым теухуауэ жаІэ псори пцІыуэ пІэрэ? Хьэмэрэ пэж гуэри абы хэлъ?
СЫТ БИБЛИЕМ ЖИІЭР?
Дауэ мы дунейм кІэ къызэрыхуэкІуэнур?
Дапщэщ ар къыщыхъунур?
Укъелын щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр?
Мы дунейм кІэ къыхуэкІуа нэужь, щІылъэм сыт хуэдэ гъащІэ щыІэнур?
Мы упщІэхэм Библием ирит жэуапыр мы журналым къыщыпщІэнущ. А жэуапхэр гъэщІэгъуэнщ икІи ахэр уигу ирихьыну къыщІэкІынщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм гугъапІэ къыдат.
Алыхьым тхуигъэхьэзыра гъащІэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну ухуеймэ, Иеговэ и Щыхьэтхэр я гуапэу къыбдэІэпыкъунущ.