Дэ дуней нэхъыфІ дыхуэныкъуэщ!
«Дыщыпсэу дунейр гугъуехькІэ гъэнщІащ»,— жиІауэ щытащ ООН-ым и Генеральнэ секретару лажьэ Антониу Гутерреш. Абы и псалъэхэм уэ арэзы утехъуэрэ?
Нобэ хъыбарыщІэхэм я темэхэм уагъэшынэ:
Узыфэхэмрэ пандемиехэмрэ
Гузэвэгъуэшхуэхэр
ТхьэмыщкІагъэмрэ гъаблэмрэ
Дыкъэзыухъуреихь дунейр уцІэпІа зэрыхъумрэ дунейм и хуабагъэр зэрыхэхъуэмрэ
ЩІэпхъаджагъэр, лей зехьэныр, Іулъхьэ тыныр
Зауэхэр
Дэ дуней нэхъыфІым дызэрыхуэныкъуэр гурыІуэгъуэщ. А дунейм щыІэн хуейщ:
Узыншагъэ быдэ
Мамырыгъэ
Ерыскъыр пэрыхьэту
Дуней къабзэ
Захуагъэ
Гузэгъэгъуэ къозыт гъащІэ
Дуней нэхъыфІ жыхуэтІэр сыт?
Иджыпсту дыщыпсэу дунейм сыт къыщыщІынур?
Дуней нэхъыфІым дыщыпсэун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
Мы упщІэхэми нэгъуэщІхэми я жэуапыр мы журналым къыщыпщІэнущ икІи къэпщІар уигу ирихьынущ.