Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

13 СТАТЬЯР

ХъыбарыфІыр щывгъэІукІэ гущІэгъу зыхэвгъэлъ

ХъыбарыфІыр щывгъэІукІэ гущІэгъу зыхэвгъэлъ

«Хьисэ... игу ящІэгъуащ икІи Іуэхугъуэ куэд яригъащІэу щІидзащ» (МК. 6:34).

70-НЭ УЭРЭДЫР Отыскивайте достойных

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР a

1. Хьисэ и хьэл-щэнхэм щыщу сыт хуэдэра псом хуэмыдэу гупсэхугъуэ къыдэзытыр? КъыдгурывгъаІуэ.

 ХЬИСЭ фІы дыдэу къыгуроІуэ дэ, гуэныхь зыхэлъ цІыхухэр, дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэр. Ар зэрытщІэм дэ гупсэхугъуэ къыдет. Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ гуфІэхэм ядэгуфІэт, гъыхэми ядэгът (Рим 12:15). Апхуэдэу абы и гъуэгу ирикІуэ цІыху блыщІым хъыбарыфІыр ягъэІуауэ гуфІэгъуэр яІэу къыщагъэзэжам щыгъуэ, Хьисэ хуабжьу гуфІат (Лк. 10:17—21). Абы нэмыщІ Лазар и лІэныгъэм ар фІыуэ зылъагъуу щытахэм гуауэ къахуихьар щилъэгъуам щыгъуэ, «игу щІыхьэри, Хьисэ хуабжьу гузэващ» (Ин. 11:33).

2. Сытыт Хьисэ къыдэІэпыкъур цІыхухэм гущІэгъу яхуищІыну?

2 Хьисэ дагъуэншэу щытами, гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм гущІэгъу яхуищІу щытащ. Сытыт абы къыдэІэпыкъур? Псом япэрауэ, цІыхухэр фІыуэ зэрилъагъурат. Мыбы ипэ дызэджа статьям зэритамкІэ, ар «щыгуфІыкІ зэпытт цІыху цІыкІум» (Прит. 8:31, Гъэсэпэтхыдэхэр). Абы цІыхухэр фІыуэ илъагъут икІи я гупсысэкІэр зыгуригъэІуэну хущІэкъут. Апостол Иуан жиІауэ щытащ Хьисэ «цІыхухэм ягу илъыр» илъагъуу зэрыщытар (Ин. 2:25). Абы цІыхухэм гущІэгъушхуэ яхуищІт. ЦІыхухэм ар ялъагъути, Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарым едаІуэт. Хьисэ нэхъыфІыжу щапхъэ тетхыу, цІыхухэм гулъытэ яхуэтщІу икІи гуапэу дахущытмэ, хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ ехъулІэныгъэ нэхъыбэ диІэнущ (2 Тим. 4:5).

3, 4. 1) ГущІэгъу тхэлъу щытмэ, хъыбарыфІ гъэІуным дапхуэдэу дызэрыхущытынур? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Апостол Паул къыгурыІуэт хъыбарыфІ гъэІуныр и къалэну зэрыщытыр (1 Кор. 9:16). Дэри ар ди къалэнщ. Ауэ гущІэгъу тхэлъу щытмэ, ди къалэну зэрыщытыракъым хъыбарыфІыр щІэдгъэІунур, атІэ цІыхухэм дадэІэпыкъуну дызэрыхуейращ. Дэ дощІэ: «Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (Апост. 20:35). Ар тщІэжу щытмэ, хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ нэхъыбэ къытхуихьынущ.

4 Мы статьям щызэпкърытхынущ хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ гущІэгъу зыхэдгъэлъыну сыт къыддэІэпыкъунуми. ЯпэщІыкІэ Хьисэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэми къэтщІэнущ, иужькІэ абы щапхъэ тетхыну къыддэІэпыкъуну чэнджэщиплІ зэпкърытхынущ (1 Пет. 2:21).

ХЬИСЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩИГЪЭІУМ ДЕЖ ЦІЫХУХЭМ ГУЩІЭГЪУ ЯХУИЩІТ

Хьисэ цІыхухэм гущІэгъу зэрахуищІым хуигъэушт гупсэхугъуэ къахуэзыхьын хъыбарыр яжриІэну. (5, 6-нэ абзацхэм феплъ.)

5, 6. 1) Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэмрэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ гущІэгъу зэрахуищІу щытар сытыт къызыхэщыр? 2) Лука 4:18, 19 зэритым хуэдэу, сытыт Хьисэ хъыбарыфІыр зыжриІэхэм гущІэгъу яхуищІу щІыщытар?

5 Хьисэ цІыхухэм гущІэгъу яхуищІу зэрыщытам фегупсыс. Зэгуэрым Хьисэрэ абы и лъэужь ирикІуэхэмрэ хуабжьу ешат, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ хъыбарыфІыр зэман куэдкІэ ягъэІуат, шхэнуи зэман яІатэкъым. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІат: «ЩІыпІэ пхыдза гуэрым ди закъуэу зыщывгъэпсэхужыну дывгъакІуэ». Ауэ ахэр а щІыпІэм щынэсам абыхэм цІыху куэд къежьэу къыщІэкІащ. Ар щилъагъум сыт Хьисэ ищІар? «А цІыхухэр мэлыхъуэ зыпэрымыт мэл хъушэм хуэдэти, игу ящІэгъуащ b икІи Іуэхугъуэ куэд яригъащІэу щІидзащ» (Мк. 6:30—34).

6 Хьисэ цІыхухэм гущІэгъу щІахуищІам и щхьэусыгъуэм гу лъыфтэ. Абы гу лъитат «а цІыхухэр мэлыхъуэ зыпэрымыт мэл хъушэм хуэдэу» зэрыщытыр. Хьисэ илъагъуу къыщІэкІынт языныкъуэхэр зэрытхьэмыщкІэр икІи я унагъуэхэр ягъэшхэн щхьэкІэ лэжьыгъэ гугъу ягъэзэщІэн зэрыхуейр. НэгъуэщІхэми фІыуэ ялъагъу цІыхур лІэныгъэм яІэщІиха хъунт. Хьисэ ахэр, дауикІ, фІыуэ къыгурыІуэт. Мыбы ипэ дызэджа статьям зэритамкІэ, ар езыр апхуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуауэ къыщІэкІынут. Хьисэ цІыхухэм щхьэкІэ гузавэт икІи гупсэхугъуэ яритыну хуейт. (Къеджэ Лука 4:18, 19.)

7. Дауэ Хьисэ щапхъэ зэрытетхынур?

7 Хьисэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Ди зэманми «цІыхухэр мэлыхъуэ зыпэрымыт мэл хъушэм» хуэдэщ. Ахэр гугъуехь куэдым пэщІохуэ, ауэ дэ абыхэм сэбэп яхуэхъун гуэр диІэщ — Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр (Апок. 14:6). Абы къыхэкІкІэ дэри Хьисэ хуэдэу «къулейсызымрэ тхьэмыщкІэмрэ» гущІэгъу худощІри хъыбарыфІымкІэ дадогуашэ (Пс. 72:13). Дэ цІыхухэм щхьэкІэ догузавэ икІи дадэІэпыкъуну дыхуейщ.

ЦІЫХУХЭМ ДАПХУЭДЭУ ГУЩІЭГЪУ ЗЭРАХУЭТЩІ ХЪУНУР

Дэтхэнэ цІыхури зыхуэныкъуэм фегупсыс. (8, 9-нэ абзацхэм феплъ.)

8. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ гущІэгъу зыхэдгъэлъыну сыт хуэдэ чэнджэщ къыддэІэпыкъунур? Щапхъэ къэфхь.

8 ХъыбарыфІымкІэ дыздэгуашэ цІыхухэм гущІэгъу яхуэтщІын щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунур? Дэ цІыхухэм я пІэ зидгъэувэн хуейщ икІи Іуэхугъуэ гуэр дихуа иужь нэгъуэщІхэр къытхущытыну дызэрыхуейм хуэдэу, дэри абыхэм дахущытын хуейщ (Мт. 7:12) c. АдэкІэ сэбэп къытхуэхъун чэнджэщиплІ зэпкърытхынщ. Япэрауэ, дэтхэнэ цІыхури зыхуэныкъуэм фегупсыс. ХъыбарыфІыр зыгъэІур дохутырым ебгъэщхь хъунущ. ДохутырыфІыр цІыху къэс зыхуэныкъуэм йогупсыс. Абы сымаджэм упщІэхэр ирет икІи ар зыгъэгузавэхэр къыщыжриІэм деж, фІыуэ йодаІуэ. Дохутырыр пІащІэкъым сымаджэм хущхъуэ хуитхыну. Абы япэщІыкІэ обследование ирегъэкІуэкІри, абы иужь игъэхъужын щІедзэ. Апхуэдэу дэри хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ цІыху къэс бгъэдыхьэкІэ къыхуэдгъуэтыну иужь дитщ, я Іуэхур зыІутымрэ я еплъыкІэмрэ елъытауэ.

9. ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж сыт хуэдэ гупсысэкІэ диІэн хуэмейр? КъыдгурывгъаІуэ.

9 ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ цІыхум дыщепсалъэм деж, дегупсысын хуейкъым абы и Іуэхур зыІутыр, и фІэщ хъур икІи ар и фІэщ щІэхъум и щхьэусыгъуэр къыдгурыІуэу (Прит. 18:13, Гъэс.). Абы нэхърэ нэхъыфІщ егупсысауэ упщІэхэр еттмэ (Прит. 20:5, Гъэс.). Фи щІыпІэм къыщезэгъыу щытмэ, и лэжьапІэм, и унагъуэм, и гъащІэм икІи и еплъыкІэм теухуауэ феупщІ хъунущ. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ къыдгурыІуэнущ хъыбарыфІыр дапхуэдэу цІыхум сэбэп хуэхъунуми. Ар къыдгурыІуэмэ, Хьисэ зэрищІу щытам хуэдэу, дэри гущІэгъу дгъэлъагъуэу, цІыхум и гум дынэсыфынущ (Евгъапщэ 1 Коринф 9:19—23.)

ЦІыхум сыт хуэдэ гъащІэ ирихьэкІми фи нэгу къыщІэвгъэхьэ. (10, 11-нэ абзацхэм феплъ.)

10, 11. 2 Коринф 4:7, 8 зэритымкІэ, сыт дэ иджыри къыддэІэпыкъунур хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ гущІэгъу зыхэдгъэлъыну? Щапхъэ къэфхь.

10 ЕтІуанэрауэ, цІыхум сыт хуэдэ гъащІэ ирихьэкІми фи нэгу къыщІэвгъэхьэ. Къапщтэу щытмэ, цІыхум и Іуэхур зыІутыр къыдгурыІуэфынущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, дэ псоми гуэныхь тхэлъщи, адрей цІыхухэм яІэ гугъуехьхэм хуэдэ дэри дыІуощІэ (1 Кор. 10:13). Мы дунейм ущыпсэуну егъэлеяуэ гугъущи, Алыхьыр хэмыту гугъуехьхэм дыпэлъэщыфынукъым. (Къеджэ 2 Коринф 4:7, 8.) Ауэ фегупсысыт: Иеговэ зымыцІыхухэр дауэ хъурэ! Хьисэ хуэдэу, дэ абыхэм гущІэгъу худощІ икІи «фІым теухуа хъыбарыр» яжыдоІэ (Ис. 52:7).

11 Ди къуэш Сергей и щапхъэр зэпкърытхынщ. Пэжыр къищІэн ипэ ар укІытэхыу щытащ икІи цІыхухэм епсэлъэну къегугъуэкІт. Зэгуэрым абы Библиер иджын щІидзащ. «Библиер щызджым сэ къызгурыІуащ Алыхьым и лэжьакІуэхэм я фІэщхъуныгъэм теухуауэ нэгъуэщІхэм жраІэну я къалэну зэрыщытыр,— жеІэ Сергей.— Сэ си гугъэт ар зэи схузэфІэмыкІыну». Ауэ ар егупсыст Библием ит хъыбарыр зэхэзымыха цІыхухэм икІи ахэр гугъу зэрехьыр къыгурыІуэт. «Пэж къасщІэхэм я фІыгъэкІэ насыпрэ гупсэхугъуэрэ сиІэт,— пещэ Сергей.— Сэ къызгурыІуэт нэгъуэщІхэри абы зэрыхуэныкъуэр». ЦІыхухэм дэІэпыкъуну хуейти, абы лІыгъэ зыхилъхьэри хъыбарыфІыр игъэІун щІидзащ. «Сэ езым згъэщІагъуэу, хъыбарыфІ гъэІуным сыхэтурэ, нэхъ сымыукІытэу сыхъуащ,— къыддогуашэ ар.— Абы нэмыщІ си фІэщхъуныгъэри нэхъ быдэ хъуащ» d.

Языныкъуэхэм зэман яхуейщ фІэщхъуныгъэ зрагъэгъуэтын щхьэкІэ. (12, 13-нэ абзацхэм феплъ.)

12, 13. ЦІыхухэр пэжым щыхуедгъаджэм деж сыт шыІэныгъэ зыхэдгъэлъын щІыхуейр? Щапхъэ къэфхь.

12 Ещанэрауэ, цІыхухэр пэжым щыхуевгъаджэм деж шыІэныгъэ зыхэвгъэлъ. Зыщывмыгъэгъупщэ: Библием ит дэ фІыуэ тщІэ гупсысэхэр абыхэм зэи зэхахауэ къыщІэкІынкъым. Абы нэмыщІ зытет диныр куэдым быдэу я фІэщ мэхъу. Абыхэм къалъытэу къыщІэкІынщ я диным пыщІа хабзэхэр ягъэзащІэмэ, я лъэпкъымрэ унагъуэмрэ нэхъ хуэгъунэгъуу, пыщІауэ щыту. Дауэ абыхэм уазэрыдэІэпыкъуфынур?

13 Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Жьы хъуа, лъэлъэж лъэмыжыр щызэрахъуэкІынум деж, щІэ ямыщІауэ ар якъутэжкъым. Абы ещхьу, и диным пыщІауэ цІыхум и гум фІэфІу щыта щІэныгъэ «жьыр» къигъэнэн ипэ, Библием тегъэщІа щІэныгъэхэр зригъэгъуэтын хуейщ икІи «щІэуэ» щІэныгъэ къищІэхэр фІыщІэ ищІыну дэ абы дыдэІэпыкъун хуеинкІэ хъунущ. Абы щыгъуэщ цІыхум япэм иІа еплъыкІэхэр къыщигъэнэфынур. Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр ищІын щхьэкІэ абы зэман гуэр хуеину къыщІэкІынщ (Рим 12:2).

14, 15. ЩІылъэм щыІэну жэнэтым цІыхухэр игъащІэкІэ зэрыщыпсэунум теухуауэ зыри зымыщІэхэм дауэ дазэрыдэІэпыкъунур? Щапхъэ къэфхь.

14 ЦІыхухэр пэжым щыхуедгъаджэм деж шыІэныгъэ зыхэдгъэлъмэ, дэ дегупсысынукъым абыхэм Библием ит пэжхэр занщІэу къагурыІуэу, арэзы техъуэну. Абы нэхърэ нэхъыфІщ цІыхум и пІэм зибгъэувэу, Библием итым езыр егупсысыну удэІэпыкъумэ. Дегупсысынщ, псалъэм папщІэ щІылъэм щыІэну жэнэтым цІыхухэр игъащІэкІэ зэрыщыпсэунур дызэпсалъэм дауэ къыгурыдгъэІуэнуми. Куэдым абы теухуауэ зыри ящІэкъым. Абыхэм я фІэщ хъууэ къыщІэкІынщ лІэныгъэмкІэ псори иухыу е цІыхур лІа иужь уафэм кІуэуэ. Дауэ апхуэдэ цІыхухэм дазэрыдэІэпыкъуфынур?

15 Ди зы къуэшыр цІыхухэм мыпхуэдэу йопсалъэ. ЯпэщІыкІэ ар ЩІэдзапІэ 1:28 къоджэри, зэпсалъэм йоупщІ: «Алыхьым и мурадымкІэ, цІыхухэр дэнэ щыпсэун хуейт икІи сыт хуэдэ гъащІэт абыхэм яІэн хуейр?» И нэхъыбэм жаІэ: «ЩІылъэм насыпыфІэу щыпсэун хуейт». Абы иужькІэ къуэшыр Исаия 55:11 къоджэри, Алыхьым и мурадым зихъуэжарэ зимыхъуэжарэ йоупщІ. «Зихъуэжакъым» жаІэ куэдым. ИкІэм деж къуэшыр Псалом 37:10, 11 къоджэри, цІыхухэм я къэкІуэнур дапхуэдэу щытынуми йоупщІ. Апхуэдэу Библием тегъэщІауэ къуэшыр цІыхухэм епсалъэурэ, куэдым ядэІэпыкъуащ къагурыІуэну цІыхуфІхэр игъащІэкІэ щІылъэм щыпсэуну Алыхьым мурад иІам зэрызимыхъуэжар.

Зы ІуэхуфІым фІыгъуэ куэд кърикІуэфынущ. Псалъэм папщІэ, гупсэхугъуэ къозыт письмо цІыхум хуэптх хъунущ. (16, 17-нэ абзацхэм феплъ.)

16, 17. Притчи 3:27 зэритымкІэ, дауэ дэ цІыхухэм гущІэгъу зэрахуэтщІыфынур? Щапхъэ къэфхь.

16 ЕплІанэрауэ, цІыхухэм ІуэхукІэ фадэІэпыкъу. Псалъэм папщІэ, цІыхур хущІэмыхьэу фрихьэлІамэ, «къысхуэгъэгъу» жыпІэу, иужькІэ укъэкІуэну угурыІуэ хъунущ. Ауэ зыгуэркІэ къыдэІэпыкъун гуэр хуеймэ-щэ? ЦІыхур унэм къыщІэмыкІыфмэ, удэІэпыкъуну узэрыхьэзырыр жепІэ хъунущ, псалъэм папщІэ тыкуэным укІуэну е и письмор ебгъэхьыну. Апхуэдэу фщІэмэ, цІыхум ІуэхукІэ фыдэІэпыкъунущ. (Къеджэ Притчи 3:27, Гъэс.)

17 Ди зы шыпхъум и щапхъэр зэпкърытхынщ. Абы ІуэхуфІ ищІам фІыгъуэ куэд кърикІуащ. Зы унагъуэ гуэрым я сабийр лІауэ шыпхъур яхуэгузэвэну хуейти, письмо яхуитхащ. А письмом гупсэхугъуэ къозыт Библием ит едзыгъуэ зытІущ иритхащ. Дауэ а унагъуэм щыщхэм ар къазэрыщыхъуар? «Дыгъуасэ Іейуэ сынэщхъейт,— къитхыжащ гуауэшхуэ зиІэ анэм.— Письмо къэптхам дэ гупсэхугъуэ къызэрыдитар уи нэгу къыпхущІэгъэхьэнкъым. ПсалъэкІэ пхужыІэнкъым ди гум илъ фІыщІэр икІи а письмор къызэрыддэІэпыкъуар. Дыгъуасэ абы тІощІрэ сыкъеджэжа хъунщ. Апхуэдэ псалъэ дахэхэр, гуапэхэр икІи гупсэхугъуэ къозыт псалъэхэр зэи зэхэсхакъым. Ди гум къыбгъэдэкІыу фІыщІэшхуэ пхуэтщІыну дыхуейщ». Дэри гугъу ехь цІыхухэм я пІэ зидгъэувэрэ дазэрыдэІэпыкъуным иужь дитмэ, шэч хэмылъу ехъулІэныгъэ диІэнущ.

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУМ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ХУДИІЭН ХУЕЙЩ

18. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ тхузэфІэкІыр тщІэжыну 1 Коринф 3:6, 7 дауэ къызэрыддэІэпыкъур?

18 ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ тхузэфІэкІыр тщІэжу щытын хуейщ. Алыхьым теухуауэ цІыхухэм пэжыр къедгъэщІэну дадэІэпыкъуми, дэ псори дэлъытакъым. (Къеджэ 1 Коринф 3:6, 7.) Иеговэщ цІыхухэр къезышалІэр (Ин. 6:44). ЦІыхур хъыбарыфІым едэІуэнрэ емыдэІуэнрэ зэлъытар абы и гум и щытыкІэращ (Мт. 13:4—8). Зыщывмыгъэгъупщэ: Хьисэ нэхърэ нэхъыфІ ЕгъэджакІуэ дунейм темытами, зэпсэлъахэм щыщу и нэхъыбэ цІыхухэр къедэІуакъым. Аращи, ди гум едгъэжэлІэнкъым дадэІэпыкъуну дызыхуей цІыхухэм я нэхъыбэр къыдэдэІуэну хуэмеймэ.

19. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ гущІэгъу зыхэдгъэлъыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

19 ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ гущІэгъу зыхэдгъэлъмэ, абы фІыгъуэ куэд къыпэкІуэнущ икІи а лэжьыгъэм нэхъыбэжу гуфІэгъуэ хэтхынущ. «Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» жыхуиІэ псалъэхэри зэрыпэжыр зыхэтщІэнущ. Абы нэмыщІ «пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхухэм» я дежкІэ нэхъ тынш хъунущ хъыбарыфІым едэІуэну (Апост. 13:48, ДЩІ). Аращи, «Іэмал дгъуэтыху къэс цІыху псоми фІы яхуэдвгъащІэ» (Гал. 6:10). Апхуэдэу тщІэмэ, уафэм щыІэ ди Адэр зэрыдгъэлъапІэм гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьынущ (Мт. 5:16).

64-НЭ УЭРЭДЫР ДыгуфІэу гъавэр Іудохыж

a ЦІыхухэм гущІэгъу тхэлъу дахущытмэ, ахэр нэхъ къыдэдэІуэнущ икІи хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ нэхъыбэ къытхуихьынущ. Мы статьям Хьисэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэми къыщытщІэнущ икІи хъыбарыфІыр зыжетІэхэм гущІэгъу яхуэтщІыну къыддэІэпыкъуну чэнджэщиплІ щызэпкърытхынущ.

b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Уигу щІэгъун жиІэм къикІыр гугъуехь зышэчым е зыгуэр Іейуэ къызыхущытым гущІэгъу хуэщІыныращ. ЦІыхум дигу зэрыщІэгъум дыхуегъэуш абы и Іуэхур нэхъ тынш хъун щхьэкІэ тхузэфІэкІыр тщІэну.

c 2014-нэ гъэм, накъыгъэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Следуйте „золотому правилу“ в служении» жыхуиІэ статьям феплъ.