Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

12 СТАТЬЯР

Дапщэщ ущыпсэлъэн хуейр?

Дапщэщ ущыпсэлъэн хуейр?

«Псоми зэман иІэщ... зыри щыжумыІэн зэмани ущыпсэлъэн зэмани» (ЭККЛ. 3:1, 7).

90-НЭ УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР *

1. Экклезиаст 3:1, 7 ит псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?

 ЯЗЫНЫКЪУЭХЭМ псэлъэн яфІэфІщ, ауэ нэгъуэщІхэм щэхуу щытмэ нэхъ къащтэ. Мы статьяр зытегъэщІа едзыгъуэм зэрыжиІэмкІэ, зыри щыжумыІэн зэмани ущыпсэлъэн зэмани щыІэщ. (Къеджэ Экклезиаст 3:1, 7 *.) Дэ дыхуейуэ къыщІэкІынщ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр нэхъ псалъэу щытыну, ауэ адрейхэр нэхъ мащІэу псэлъэну.

2. Дапщэщ икІи дапхуэдэу дыпсэлъэн хуейми дыщегупсысым деж хэт и унафэ дызытетын хуейр?

2 Дызэрыпсэлъэфыр Алыхьым и тыгъэщ (Исх. 4:10, 11; Апок. 4:11). Иеговэ и ПсалъэмкІэ къыддоІэпыкъу а тыгъэр тэмэму къэдгъэсэбэпыну. Зыри щыжумыІэн зэмани ущыпсэлъэн зэмани зэрыщыІэр къыдгурызыгъаІуэ Библием ит щапхъэхэм мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ адрейхэм яжетІэм Иеговэ дапхуэдэу хущытми. ЯпэщІыкІэ дытепсэлъыхьынщ дыщыпсэлъэн хуейр дапщэщми.

ДАПЩЭЩ ДЫПСЭЛЪЭН ЩЫХУЕЙР?

3. Рим 10:14 зэритымкІэ, Иеговэрэ и Пащтыхьыгъуэмрэ теухуауэ дапщэщ щыжытІэн хуейр?

3 Дэ сыт щыгъуи хьэзыру дыщытын хуейщ Иеговэрэ и Пащтыхьыгъуэмрэ теухуауэ жытІэну (Мт. 24:14; къеджэ Рим 10:14). Апхуэдэу тщІэмэ, Хьисэ щапхъэ тыдох. Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ щытар и Адэм теухуа пэжыр цІыхухэм яжриІэнырат (Ин. 18:37). Ауэ дапхуэдэу дыпсалъэми дыкІэлъыплъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ теухуауэ нэгъуэщІхэм щажетІэм деж, дэ «Іэдэбу», пщІэ хэлъу депсэлъэн хуейщ икІи я гурыщІэхэмрэ я фІэщ хъумрэ дегупсысын хуейщ (1 Пет. 3:15). Апхуэдэу тщІэмэ, цІыхум депсалъэ закъуэу щымыту, зыгуэрым хуэдгъэсэфынкІэ хъунущ, уеблэмэ, и гум дылъэІэсынкІэ хъунущ.

4. Притчи 9:9 зэритымкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр я псалъэхэмкІэ дапхуэдэу нэгъуэщІхэм зэрадэІэпыкъуфынур?

4 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыри жамыІэу къагъанэ хъунукъым, зэхуэсым щыщ гуэрым чэнджэщ хуэныкъуэу ялъагъуу щытмэ. Къуэшыр е шыпхъур ямыгъэукІытэн щхьэкІэ, дауикІ, абыхэм хуэкІуэ зэман къыхахынущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр пэплъэн хуеинкІэ хъунущ зыри щымыту, езым и закъуэу епсэлъэфын щхьэкІэ. Ахэр къуэш, шыпхъухэм я пщІэр ирамыудыхыу зэрепсэлъэнум сыт щыгъуи хущІокъу. Ауэ абыхэм тегушхуэныгъэ яхэлъу цІыхум къыдэІэпыкъун Библием ит принципхэр ирагъэлъагъу. (Къеджэ Притчи 9:9, Гъэсэпэтхыдэхэр.) НэгъуэщІхэр щыщыуэм деж, я щыуагъэр яжепІэну ушынэн щІыхуэмейр сыт? Зэхуэмыдэ щапхъитІ зэпкърытхынщ: Алыхьым и лэжьакІуэ гуэрым и къуэхэм я къуэншагъэр яжриІэн хуейт, адрейр пащтыхь хъунум епсэлъэн хуейт.

5. Илий дапщэщт тегушхуэныгъэ хэлъу щыпсэлъэн хуеяр?

5 Дин пашэшхуэ Илий и къуитІыр фІыщэу илъагъут, ауэ абы и къуэхэм Иеговэ пщІэ хуащІтэкъым. Абыхэм Иеговэ щІыхьышхуэ яхуищІат — Алыхьыр щагъэлъапІэ шэтырым дин пашэхэу щыІэт. Ауэ абыхэм увыпІэ яІыгъыр тэмэму къамыгъэсэбэпу, ирагъэлейт, Иеговэ къурмэныпхъэ къыхуахьхэм пщІэ лъэпкъ хуащІтэкъым икІи мыукІытэу зинэ ящІэт (1 Сам. 2:12—17, 22). Мусэ и хабзэмкІэ Илий и къуитІым лІэныгъэр тезыру къатехуэт, ауэ абыхэм гуэныхь ящІэхэм Илий апхуэдэуи мыхьэнэ ириттэкъым, я къуаншагъэр щабэу яжриІэу фІэкІ. ИкІи Алыхьыр щагъэлъапІэ шэтырым дин пашэхэу адэкІи щылэжьэну хуит ищІт (Втор. 21:18—21). Дапхуэдэут Иеговэ а Іуэхум зэрыхущытыр? Абы Илий мыпхуэдэу жриІащ: «Уи къуэхэм сэ нэхърэ пщІэ нэхъыбэ щхьэ яхуэпщІрэ?» Иеговэ мурад ищІащ мыхъумыщІагъэ зыщІэ Илий и къуитІым лІэныгъэр тезыру ятрилъхьэну (1 Сам. 2:29, 34).

6. Илий и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

6 Илий и щапхъэр дерс тхуохъу. Ди ныбжьэгъу е ди Іыхьлы Алыхьым и хабзэм текІауэ къатщІэмэ, абы депсалъэу, Иеговэ и хабзэхэр игу къэдгъэкІыжын хуейщ. Абы иужь Иеговэ зэхуэсым нэхъыжьу тригъэувахэр а цІыхум дэІэпыкъуарэ дэмыІэпыкъуарэ къэтщІэн хуейщ (Екъуб 5:14). Дэ Илий хуэдэу дыщытыну дыхуейкъым. Абы къыхэкІкІэ ди ныбжьэгъухэр е ди Іыхьлыхэр Иеговэ нэхърэ нэхъ лъапІэу тлъытэнукъым. ДауикІ, Иеговэ и хабзэм зэрытекІыр цІыхум къыгурыбгъэІуэжын щхьэкІэ лІыгъэ ухуейщ, ауэ дэ абы къару етхьэлІэм фІыгъуэ къыпэкІуэфынущ. АдэкІэ деплъынщ Илий и щапхъэмрэ Авигея зи цІэ израил цІыхубзым и щапхъэмрэ зэрызэщхьэщыкІым.

Псэлъэн щыхуей зэманым теухуауэ Авигея щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ. (7, 8-нэ абзацхэм феплъ.) *

7. Авигея Даут епсэлъэну сыт мурад щІищІар?

7 Авигея мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ Навал и щхьэгъусэт. Даутрэ абы и цІыхухэмрэ пащтыхь Щаул зыщыфІагъэпщкІум щыгъуэ, Навал и мэлыхъуэхэм зы зэман гуэркІэ ягъусащ, мэлхэр дыгъуэгъуакІуэхэм щахъумэу. Навал ахэр дэІэпыкъуэгъу зэрыхъуам щхьэкІэ фІыщІэ яхуищІа? Хьэуэ. Даут и цІыхухэм шхынрэ псырэ къаритыну щелъэІуам щыгъуэ, Навал къэгубжьри, абыхэм псалъэ Іейхэр яжриІащ (1 Сам. 25:5—8, 10—12, 14). Абы къыхэкІкІэ Даут мурад ищІащ Навал и унэм щыщ цІыхухъухэр псори иукІыну (1 Сам. 25:13, 22). Апхуэдэ къэмыхъун щхьэкІэ сытыт пщІэ хъунур? Авигея къыгурыІуащ псэлъэн щыхуей зэманыр къызэрысар. Ар Даут епсэлъэн щхьэкІэ лІыгъэ хэлъу 400 хъу зауэлІхэм япежьащ. Ахэр губжьат икІи мэжалІэт.

8. Авигея и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

8 Авигея Даут щыхуэзам щыгъуэ, пщІэ хуищІу, лІыгъэ хэлъу икІи быдэу епсэлъащ. Авигея къэхъуа ІуэхумкІэ мыкъуаншэми, къыхуигъэгъуну Даут елъэІуащ. Абы Даут хьэл-щэныфІ хэлъхэм гу лъитащ икІи унафэ пэж зэрищІынум шэч къызэрытримыхьэр жиІащ. Авигея Иеговэ щыгугът икІи ар къызэрыдэІэпыкъунум шэч къытрихьэтэкъым (1 Сам. 25:24, 26, 28, 33, 34). ЛІыгъэ зыхэлъ мы цІыхубзым хуэдэу, дэ зыри жыдмыІэу къэдгъэнэнукъым, гуэныхьым хуэзышэну гъуэгум зыгуэр теувауэ тлъагъумэ (Пс. 141:5). Абы пщІэ хуэтщІу, ауэ быдэу депсэлъэн хуейщ. Ар щызыгъэуэн гъуэгум зэрытеувар гуапэу жетІэу щытмэ, абыкІэ къыдогъэлъагъуэ ныбжьэгъу пэжу дызэрыщытыр (Прит. 27:17, Гъэс.).

9, 10. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт зыщагъэгъупщэн хуэмейр къуэш, шыпхъухэм чэнджэщ етын щыхуейм деж?

9 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм тегушхуэныгъэ яхэлъын хуейщ, псом хуэмыдэу щыуагъэ зыщІа къуэшым е шыпхъум щепсалъэм деж (Гал. 6:1). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къагуроІуэ гуэныхь зэрахэлъыр икІи езыхэми зэгуэр чэнджэщ къратыну зэрыхуэныкъуэнкІэ хъунур. Ауэ ахэр абы къигъэувыІэн хуейкъым чэнджэщ хуэныкъуэхэм дэІэпыкъун щхьэкІэ (2 Тим. 4:2; Тит 1:9). Зэхуэсым и нэхъыжьхэр апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм щепсалъэм деж, я бзэр — Алыхьым къарита тыгъэр — тэмэму къызэрагъэсэбэпыным иужь итщ, шыІэныгъэ яхэлъу ахэр гъуэгу пэжым трагъэувэж. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр къуэш, шыпхъухэр фІыуэ зэралъагъум хуегъэуш абыхэм дэІэпыкъуну (Прит. 13:24). Ахэр зэхуэсым доІэпыкъу Иеговэ и хабзэхэм тетыну икІи хущІокъу къуэш, шыпхъухэр Іейм щахъумэну. Аращ абыхэм я деж псом нэхърэ нэхъапэр (Апост. 20:28).

10 Аращи, дэ дытепсэлъыхьащ дапщэщ дыпсэлъэн хуейми. Ауэ зыри жыдмыІэмэ щынэхъыфІ Іуэхугъуэхэри щыІэщ. Апхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж сыт хуэдэ гугъуехьхэр диІэнкІэ хъуну?

ДАПЩЭЩ ЗЫРИ ЩЫЖЫДМЫІЭНУР?

11. Екъуб сыт хуэдэ щапхъэ къихьа икІи ди бзэм дыкІэлъыплъын зэрыхуейм дапхуэдэу ар зэрыпищІар?

11 Ди бзэм дыкІэлъыплъыну щымытынш щыІэщ. Екъуб итхауэ щытащ: «Езым и псалъэхэмкІэ гуэныхь зымыщІэ цІыхур цІыху нэгъэсауэ щытщ, ипкъ псори игъэІурыщІэн лъокІ. Шыхэм шхуэІур я жьэхэм жьэдэдолъхьэ, дгъэІурыщІэн щхьэкІэ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ абыхэм япкъ псори догъэжыІэщІэ» (Екъуб 3:2, 3). Шым шхуэІур и жьэм жьэдалъхьэ, шым тесым кІапсэмкІэ шыр здыхуеймкІэ иунэтІын щхьэкІэ икІи щыхуейм деж къигъэувыІэн щхьэкІэ. Абы кІапсэр иутІыпщу щытмэ, шыр ирихьэжьэнкІэ хъунущ. Апхуэдэу къэхъумэ, шым тесми езы шыми я зэран къикІыфынущ. Апхуэдэу дэри ди бзэм дыкІэлъымыплъу щытмэ, абы гугъуехь куэд кърикІуэнкІэ хъунущ. АдэкІэ зэпкърытхынщ дэри «кІапсэм дыкъекъуу», зыри щыжыдмыІэн Іуэхугъуэ зыбжанэ.

12. Дапщэщ зыри щыжыдмыІэнур?

12 Зэхуэсым пыщІа щэху гуэр зыщІэ къуэшым е шыпхъум дапхуэдэу фызэрыхущытыр? Псалъэм папщІэ, ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэрал гуэрым щыпсэу Алыхьым и лэжьакІуэ фыхуэза иужь, а къэралым хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр зэрырагъэкІуэкІым теухуауэ упщІэхэр ефтыну фигу къэкІрэ? Шэч хэмылъу, фэ абы фыщІыщІэупщІэр къуэшхэр фІыуэ фолъагъур икІи абыхэм щхьэкІэ фогузавэри аращ. Абы нэмыщІ фэ нэхъыфІу фщІэну фыхуейщ абыхэм щхьэкІэ дапхуэдэу Иеговэ зыхуэвгъэзэнуми. Дапхуэдэу щымытми, упщІэ лейхэр дымыту, «кІапсэм дыкъыщекъун» хуей зэманщ ар. Ауэ ерыщу упщІэхэр ттымэ, лъагъуныгъэ дызэрыхуримыкъур абы къегъэлъагъуэ — а цІыхум и дежкІи, абы нэмыщІ зыми зыри яжримыІэну абы къыщыгугъ къуэш, шыпхъухэм я дежкІи. ДауикІ, дэ дыхуейкъым ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралхэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм дэ ди ягъэкІэ гугъуехь нэхъыбэ яІэну. Дэ езыр апхуэдэ къэралым дыщыпсэууэ щытмэ, хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр зэрыдгъэзащІэм, зэІущІэхэр зэрекІуэкІым, нэгъуэщІхэми теухуауэ дытепсэлъыхьынукъым.

13. Притчи 11:13 зэритымкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

13 Притчи 11:13 (Гъэс.) ит принципым зэхуэсым и нэхъыжьхэр тетыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (къеджэ). Зыми жраІэн хуэмей информациехэмкІэ нэгъуэщІхэм дэгуашэ хъунукъым. Ар тыншу щымытынкІэ хъунущ, псом хуэмыдэу зэхуэсым и нэхъыжьым щхьэгъусэ иІэу щытмэ. Зэщхьэгъусэхэм я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъын щхьэкІэ, ахэр щІэх-щІэхыурэ зопсалъэ икІи я гурыщІэхэмкІэ, гупсысэхэмкІэ, зыгъэгузавэхэмкІэ зэдогуашэ. Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм къагуроІуэ къуэш, шыпхъухэм дзыхь къыхуащІу къыжраІэхэмкІэ я щхьэгъусэхэм дэгуэшэн зэрыхуэмейр. Апхуэдэу ямыщІэмэ, къуэш, шыпхъухэм дзыхь абыхэм хуамыщІыжу хъунущ икІи я цІэр ІейкІэ зэхуэсым хэІуа хъунущ. Зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэ къуэшхэр бзитІщхьитІу щытын хуейкъым (1 Тим. 3:8). Абы къикІыр абыхэм нэгъуэщІхэр къагъапцІэу икІи бзэгузехьэу щыт зэрымыхъунуращ. Зэхуэсым и нэхъыжьым и щхьэгъусэр фІыуэ илъагъуу щытмэ, ищІэн хуэмей информацие абы жриІэу, гугъу иригъэхьынукъым.

14. ЦІыхубзыр и щхьэгъусэм дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуфынур зэхуэсым щыщхэм пщІэ къыхуащІын щхьэкІэ?

14 ЦІыхубзыр и щхьэгъусэм дэІэпыкъуфынущ, зэхуэсым щыщхэм пщІэ къыхуащІын щхьэкІэ, ищІэн хуэмей информациер къыжриІэну химыгъэзыхьу щытмэ. ЦІыхубзыр апхуэдэу щытмэ, и щхьэгъусэм щІэгъэкъуэн зэрыхуэхъум нэмыщІ, абы дзыхь къыхуэзыщІ къуэш, шыпхъухэм пщІэ яхуещІ. Псом нэхъапэращи, Иеговэ егъэгуфІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэхуэсым мамырыгъэ илъыну икІи зэкъуэту щытыну ар доІэпыкъу (Рим 14:19).

НЭГЪУЭЩІХЭМ ЯЖЕТІЭМ ИЕГОВЭ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫХУЩЫТЫТР?

15. Елифаз, Вилдад, Софар сымэ жаІар Иеговэ дапхуэдэу къыщыхъуа икІи сыт щхьэкІэ?

15 Иов тхылъыр къыддэІэпыкъуфынущ дапщэщ икІи дапхуэдэу дыпсэлъэнуми къыдгурыІуэну. Іэиуб гузэвэгъуэ куэд и нэгу щІэкІа иужь гупсэхугъуэ къратыну икІи чэнджэщкІэ къыдэІэпыкъуну цІыхуиплІ къэкІуат. Абыхэм зыри жамыІэу куэдрэ щысащ. Абыхэм ящыщу цІыхуищым — Елифаз, Вилдад, Софар сымэ жаІа псалъэхэм къагъэлъэгъуащ ахэр зэгупсысар. Ахэр щысыху зэгупсысар Іэиуб зэрыдэІэпыкъуныратэкъым, атІэ ар зэрыкъуаншэр къызэрыгурагъэІуэн щІыкІэрат. Абыхэм жаІа псалъэхэм пэж гуэр хэлъами, Іэиуб теухуауэ икІи Иеговэ теухуауэ жаІахэм и нэхъыбэр пцІыт. Абыхэм Іэиуб занщІэу ягъэкъуэншащ (Иов 32:1—3). Ар дапхуэдэу Иеговэ къызэрыщыхъуар? А цІыхухъуищым щхьэкІэ Иеговэ губжьащ. Алыхьым ахэр акъылыншэу жиІащ икІи унафэ яхуищІащ Іэиуб абыхэм щхьэкІэ Алыхьым елъэІуну (Иов 42:7—9).

16. Елифаз, Вилдад, Софар сымэ я щапхъэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну?

16 Елифаз, Вилдад, Софар сымэ я щапхъэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну? Япэрауэ, ди къуэшхэр дгъэкъуаншэ хъунукъым (Мт. 7:1—5). Зыгуэр жытІэн ипэ абыхэм жаІэм фІыуэ дедэІуэн хуейщ. Абы щыгъуэщ дэ къыщыдгурыІуэнур абыхэм я Іуэхур зыІутыр (1 Пет. 3:8). ЕтІуанэрауэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм гуапэу депсэлъэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, псалъэ жытІэхэри пэжу щытын хуейщ (Еф. 4:25). Ещанэрауэ, адрейхэм яжетІэм Иеговэ мыхьэнэшхуэ ирет.

17. Елиуй и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

17 Іэиуб и деж къэкІуахэм ящыщу еплІанэр Елиуйщ, ар Ибрэхьим и Іыхьлыт. Іэиуб жиІами, абы нэмыщІ Елифаз, Вилдад, Софар сымэ жаІами Елиуй фІыуэ едэІуащ. Сыт апхуэдэу жытІэ щІэхъунур? Абы Іэиуб и щыуагъэр къыщыгуригъэІуэжым гуапэу, ауэ зэрыщытым хуэдэу псори жриІащ икІи и еплъыкІэр ихъуэжыну дэІэпыкъуащ (Иов 33:1, 6, 17). Елиуй езым и щхьэр е нэгъуэщІ гуэр игъэлъэпІэну иужь итакъым, абы и деж псом нэхърэ нэхъапэр Иеговэ гъэлъэпІа хъунырат (Иов 32:21, 22; 37:23, 24). Елиуй и щапхъэм къыдгурегъаІуэ зыри жумыІэу, ущыдэІуэн зэман зэрыщыІэр (Екъуб 1:19). Абы нэмыщІ иджыри къыдгурегъаІуэ нэгъуэщІым и щыуагъэр къыщыгурыдгъэІуэжым деж, абы нэхърэ нэхъыфІу зыдгъэлъэгъуэн зэрыхуэмейр, дэ ди деж псом нэхъапэу щытын хуейр Иеговэ и цІэр гъэлъэпІа хъуныращ.

18. Дыпсэлъэфу Алыхьым къыдита тыгъэр лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур?

18 Дапщэщ икІи дапхуэдэу дыпсэлъэн хуейми теухуауэ Библием ит чэнджэщым дытету щытмэ, дыпсэлъэфу Алыхьым къыдита тыгъэр лъапІэу зэрытлъытэр къыдогъэлъагъуэ. Іущагъышхуэ зыбгъэдэлъа пащтыхь Сэлмэн Алыхьым и къару лъапІэмкІэ иригъэтхауэ щытащ: «Дыжьын тхыпхъэ зыхэлъ дыщэм къыхэщІыкІа мыІэрысэм хуэдэщ игъуэм жыІа хъуа псалъэр» (Прит. 25:11). НэгъуэщІхэм жаІэм фІыуэ дедаІуэмэ икІи зыгуэр жытІэн ипэ дыгупсысэмэ, дыщэм къыхэщІыкІа мыІэрысэм хуэдэу, ди псалъэхэр лъапІэу икІи дахэу щытынущ. Абы щыгъуэ куэд жытІэми мащІэ жытІэми ди псалъэхэм нэгъуэщІхэр игъэгушхуэнущ икІи Иеговэ и гур дгъэгуфІэнущ (Прит. 23:15, Гъэс.; Еф. 4:29). Дыпсэлъэфу Алыхьым къыдита тыгъэр лъапІэу зэрытлъытэр къызэрыдгъэлъэгъуэн Іэмал нэхъыфІ дыдэщ ар!

70-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым хуэфащэхэр къэфлъыхъуэ

^ Дапщэщ икІи дапхуэдэу дыпсэлъэн хуейми тщІэн щхьэкІэ къыддэІэпыкъун принципхэр Алыхьым и псалъэм итщ. Библием ит чэнджэщхэр къатщІэмэ икІи ахэр къэдгъэсэбэпмэ, ди псалъэхэм Иеговэ игъэгуфІэнущ.

^ Экклезиаст 3:1, 7: «Псоми зэман иІэщ икІи уафэ щІагъым сыт хуэдэ Іуэхуми зэман иІэжщ... щызэгуэптхъын зэмани, щызэгуэбдэжын зэмани, зыри щыжумыІэн зэмани ущыпсэлъэн зэмани».

^ СУРЭТЫР. Ди зы шыпхъум нэгъуэщІ шыпхъум Іущагъ зыхэлъ чэнджэщ ирет.

^ СУРЭТЫР. Ди зы къуэшым нэгъуэщІ къуэшым гу лърегъатэ къабзагъэм кІэлъыплъыным мыхьэнэшхуэ зэриІэм.

^ СУРЭТЫР. Псэлъэн щыхуей зэманыр къыщысам Авигея Даут зыхуигъэзащ икІи абы фІыгъуэ къыпэкІуащ.

^ СУРЭТЫР. Ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралым хъыбарыфІ гъэІуныр зэрыщекІуэкІым теухуауэ зэщхьэгъуситІым зыри жаІэкъым.

^ СУРЭТЫР. Зэхуэсым пыщІа щэхухэр нэгъуэщІым зыми зэрызыхримыгъэхыным зэхуэсым и нэхъыжьыр иужь итщ.