СТАТЬЯР 39
Шыпхъухэм щІэгъэкъуэн фахуэхъу
«ХъыбарыфІыр зыгъэІу цІыхубзхэр дзэшхуэм хуэдэщ» (ПС. 68:11).
137-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ хуэпэж цІыхубзхэр
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР *
1. Шыпхъухэр дапхуэдэу зэхуэсым дэІэпыкъуэгъу зэрыхуэхъур икІи абыхэм щыщ куэдыр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
ДЭ ХУАБЖЬУ дрогуфІэ егугъуу Иеговэ хуэлажьэ шыпхъу куэд зэхуэсым зэрыхэтым щхьэкІэ! А шыпхъухэм жыджэру зэІущІэхэм жэуап щат, ахэр хъыбарыфІ гъэІуным хэтщ, дыщызэхуэс Унэхэм кІэлъыплъынымкІэ дэІэпыкъуэгъу мэхъу икІи зэхуэсым щыщ нэгъуэщІхэми ядоІэпыкъу. ДауикІ, абыхэм я гъащІэр гугъуехьыншэу щыткъым. Абыхэм щыщ языныкъуэхэр зи ныбжь хэкІуэта я адэ-анэхэм кІэлъоплъыж. Хэти и Іыхьлыхэр къыпэщІоувэ, хэти и закъуэу сабийхэр зэрипІым щхьэкІэ куэду лэжьэн хуей мэхъу.
2. Шыпхъухэм щІэгъэкъуэн дахуэхъуным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
2 Шыпхъухэм щІэгъэкъуэн дахуэхъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мы дунейм щыпсэу цІыхухэм абыхэм къалэжь пщІэр сыт щыгъуи хуащІкъым. Абы нэмыщІ Библиеми дыкъыхуреджэ шыпхъухэм щІэгъэкъуэн дахуэхъуну. Псалъэм папщІэ, апостол Паул Рим щыІэ зэхуэсым елъэІуат Фэбэ зи цІэ шыпхъур гуапэу ирагъэблагъэу, «зыхуэныкъуэмкІэ дэІэпыкъуэгъу» хуэхъуну (Рим 16:1, 2). Япэм Паул фарисейуэ щытат икІи адрей фарисейхэм хуэдэу, абыи цІыхубзхэм нэмыплъ ириту щытауэ къыщІэкІынт. Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэ хъуа иужь, абы Хьисэ щапхъэ трихт икІи цІыхубзхэм гуапэу, пщІэ яхуищІу хущытт (1 Кор. 11:1).
3. Хьисэ цІыхубзхэм дапхуэдэу зэрыхущыту щытар, псом хуэмыдэу Алыхьым и мурадыр зыгъэзащІэ цІыхубзхэм?
3 Хьисэ цІыхубзхэм пщІэ яхуищІт (Ин. 4:27). Ар хуабжьу къыщхьэщыкІт а зэманым иудей дин пашэхэр цІыхубзхэм зэрыхущыту щытам. Библием теухуа зы энциклопедием мыпхуэдэу итщ: «Хьисэ цІыхубзхэм зэи Іей яхужиІакъым икІи я пщІэр ириудыхакъым». И Адэм и мурадыр зыгъэзащІэ цІыхубзхэм абы нэхъыбэжу пщІэ яхуищІт. Гу лъытапхъэщ: Хьисэ абыхэм и шыпхъухэм хуэдэу хущытт икІи цІыхухъухэм хуэдэу, ахэри Алыхьым и унагъуэм щыщу къилъытэт (Мт. 12:50).
4. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
4 Хьисэ сыт щыгъуи хьэзырт Алыхьым хуэлажьэ цІыхубзхэм дэІэпыкъуну. Абы ахэр лъапІэу илъытэт икІи къащхьэщыжт. АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ Хьисэ щапхъэ тетхыу, шыпхъухэм дапхуэдэу щІэгъэкъуэн дахуэхъуфынуми.
ДИ ШЫПХЪУ ЛЪАПІЭХЭМ ГУЛЪЫТЭ ЯХУЭФЩІ
5. Языныкъуэ шыпхъухэм я дежкІэ сыт щІэгугъур зэпсэлъэн ныбжьэгъу къагъуэтыну?
5 Дэ псори, къуэшхэри шыпхъухэри, дызэпсэлъэн ныбжьэгъу дыхуэныкъуэщ. Ауэ шыпхъухэм я дежкІэ апхуэдэ ныбжьэгъу къагъуэтыну иныкъуэхэм деж нэхъ гугъущ. Сыт щхьэкІэ? Языныкъуэ шыпхъухэм абы теухуауэ жаІэм деплъынщ. Джо́рдан * къыддогуашэ: «Сэ щхьэгъусэ сызэримыІэм къыхэкІкІэ зэхуэсыр къысхуэмыныкъуэу икІи сылейуэ щІэх-щІэхыурэ къысщохъу». ХъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу хэтын щхьэкІэ нэгъуэщІ щІыпІэ Іэпхъуа пионеру лажьэ Кри́стен жеІэ: «НэгъуэщІ зэхуэс ущыхыхьэм деж закъуэныгъэ зыхэпщІэнкІэ хъунущ». Зи Іыхьлыхэр Иеговэ и Щыхьэту щымыт Алыхьым и лэжьакІуэхэр я унагъуэхэм яхэмыхьащэу щытынкІэ хъунущ икІи зэхуэсым щыхэтым дежи закъуэныгъэ зыхащІэу щытынкІэ хъунущ. Абы нэмыщІ сымаджэу унэм къыщІэмыкІ е и Іыхьлы сымаджэм кІэлъыплъ Алыхьым и лэжьакІуэхэми закъуэныгъэ зыхащІэнкІэ хъунущ. Анне́тт игу къегъэкІыж: «Сэ хьэщІапІэ сыкъыщрагъэблагъэм деж сыкІуэтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ си анэ сымаджэм сэрат бгъэдэсыр».
6. Лука 10:38—42 зэритымкІэ, Хьисэ Мэриемрэ Марфэрэ дапхуэдэу зырыдэІэпыкъуар?
6 Хьисэ Алыхьым хуэлажьэ цІыхубзхэм гулъытэ яхуищІт икІи я ныбжьэгъуфІу щытт. Ар Мэриемрэ Марфэрэ зэрыхущытам дегупсысынщ. А зэшыпхъухэм щхьэгъусэ яІэтэкъым. (Къеджэ Лука 10:38—42.) Хьисэ и псалъэкІэмрэ и щытыкІэмрэ и фІыгъэкІэ Мэриемрэ Марфэрэ абы бгъэдэсыну я гуапэт. Зэгуэр Мэрием Хьисэ и лъапэм деж тІысат, абы и лъэужь ирикІуэхэм зэращІым хуэдэу, икІи Хьисэ ар зэридэнум абы шэч къытрихьэтэкъым *. Марфэ Мэрием къызэрыдэмыІэпыкъум щхьэкІэ зэгуэпати, а Іуэхум теухуауэ и еплъыкІэр Хьисэ жриІэфащ. Абы щыгъуэ Хьисэ гуапэу зэшыпхъуитІми мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэр къагуригъэІуащ. Мэрием, Марфэ, абыхэм я дэлъху Лазар сымэ я деж Хьисэ мызэ-мытІэу кІуащ икІи абыхэм зыхащІэт Хьисэ ахэр фІыуэ зэрилъагъур (Ин. 12:1—3). Аращи, гъэщІэгъуэнкъым Лазар сымаджэ хьэлъэ щыхъуам щыгъуэ Мэриемрэ Марфэрэ Хьисэ къадэІэпыкъуну зэрызыхуагъэзар (Ин. 11:3, 5).
7. Шыпхъухэр дапхуэдэу зэрыдгъэгушхуэфынур?
7 Языныкъуэ шыпхъухэм я дежкІэ зэІущІэхэр — къуэш, шыпхъухэм зэрыхуэзэфын Іэмалхэм щыщ зыщ. Аращи, ахэр дыщызэхуэс Унэм къыщыкІуэм деж мыхьэнэшхуэ иІэщ гуапэу къедгъэблэгъэным, депсэлъэным икІи гулъытэ яхуэтщІыным. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Джо́рдан мыпхуэдэу жеІэ: «Си дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ зэІущІэхэм жэуап зэрыстым щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэр къызэрысщытхъум, я гъусэу хъыбарыфІыр згъэІуну сыкъызэрыраджэм е нэгъуэщІ зыгуэркІэ гулъытэ къызэрысхуащІым». Дэ ди лъэныкъуэкІэ тхузэфІэкІыр тщІэн хуейщ шыпхъухэм ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ зэраІэм шэч къытрамыхьэн щхьэкІэ. Ки́а къыддогуашэ: «Сэ зэІущІэм сыкъэмыкІуэу щытмэ, шэч къытесхьэкъым зыгуэрым къысхуитхыу къызэрысщІэупщІэнум. ИкІи абы си фІэщ ещІ къуэш, шыпхъухэм фІыуэ сызэралъагъур».
8. Хьисэ иджыри сыт хуэдэ лъэныкъуэкІэ щапхъэ тетх хъуну?
8 Хьисэ Алыхьым хуэлажьэ цІыхубзхэм гулъытэ яхуищІт, дэри абы щапхъэ тетхын хуейщ. Ахэр ди деж къедгъэблагъэ хъунущ дгъэшхэн е депсэлъэн щхьэкІэ. Ауэ ди псалъэхэм уагъэгушхуэу щытын хуейщ (Рим 1:11, 12). Хьисэ ищІэт языныкъуэхэм я дежкІэ щхьэгъусэншэу упсэуныр гугъуу зэрыщытынур. Ауэ абы ІупщІу жиІащ цІыхум и насыпыр абы щхьэгъусэрэ сабийрэ иІэрэ имыІэрэ елъытауэ зэрыщымытыр (Лк. 11:27, 28). Ар зэлъытар цІыхум Алыхьым хуэлэжьэныр и гъащІэм псом япэ зэрыригъэщыращ (Мт. 19:12). Щхьэгъусэ уимыІэу упсэуным теухуауэ Хьисэ иІа еплъыкІэм хуэдэ зэхуэсым и нэхъыжьхэми яІэн хуейщ.
9. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэн хуейр шыпхъухэм дэІэпыкъун щхьэкІэ?
9 Псом хуэмыдэу, зэхуэсым и нэхъыжьхэр Алыхьым хуэлажьэ цІыхубзхэм я шыпхъухэм икІи я анэхэм хуэдэу хущытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (1 Тим. 5:1, 2). Абы щхьэкІэ зэІущІэр щІидзэн ипэ е иуха иужь абыхэм гулъытэ хуащІын хуейщ. Кри́стен жеІэж: «Сэ пионеру сылажьэт, лэжьапІэми лэжьыгъэ куэд щызгъэзащІэт, абы къыхэкІкІэ сэ зэи сыхущІыхьэтэкъым. Зэхуэсым и нэхъыжьым абы гу лъитэри, а псом дапхуэдэу сыпэлъэщми щІэупщІащ. Апхуэдэ гулъытэ къызэрысхуищІар хуабжьу си гуапэ хъуат». Зэхуэсым и нэхъыжьхэм шыпхъухэм епсэлъэн щхьэкІэ щІэх-щІэхыурэ зэман хухахмэ, абыхэм зыхащІэнущ лъапІэу зэралъытэр *. Аннетт зэрыжиІэмкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр щІэх-щІэхыурэ къызэрепсалъэр абы къыдоІэпыкъу. Абы жеІэ: «Сэ ахэр нэхъыфІу къызоцІыху, езыхэми сыкъацІыху. Абы къыхэкІкІэ дэІэпыкъуэгъу сыщыхуэныкъуэм деж абыхэм захуэзгъэзэну нэхъ тыншщ».
ШЫПХЪУХЭР ЛІАПІЭУ ФЛЪЫТЭ
10. Шыпхъухэм я гур сыт хэзыгъахъуэр?
10 Дэ псоми, къуэшхэми, шыпхъухэми тфІэфІщ зэфІэкІ диІэхэм гу щылъатэм деж икІи лэжьыгъэ дгъэзащІэр лъапІэу зэралъытэр къыщыджаІэм деж. Ауэ абыхэм гу щылъамытэм деж ди жагъуэ мэхъу. Щхьэгъусэ зимыІэ ди шыпхъу А́бигейл зыри къыхуэмейуэ иныкъуэхэм деж къыщохъу. Абы жеІэ: «Сэ сыт щыгъуи зэхызох: „Уэ мыбы уришыпхъукъэ?“, „Уэ мыбыхэм урапхъукъэ?“, ауэ сэ езыр сыщымыІэххэм хуэдэщ». Иджыри ди шыпхъу Пэм и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар илъэс куэдкІэ миссионеру лэжьащ, абы иужь и адэ-анэм кІэлъыплъыжын щхьэкІэ унэм игъэзэжащ. Пэм иджыпсту илъэс 70-м щІигъуащ икІи иджыри къыздэсым ар пионеру мэлажьэ. Пэм къыддогуашэ: «Лэжьыгъэ згъэзащІэм щхьэкІэ къыщысщытхъум деж си гур абы хуабжьу хегъахъуэ».
11. Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІум щыгъуэ игъуса цІыхубзхэм къыхуащІэр лъапІэу зэрилъытэр дапхуэдэут къызэригъэлъагъуэр?
11 Хьисэ лъапІэу илъытэт «я мылъкумкІэ... дэІэпыкъуэгъу» къыхуэхъу Алыхь фІэлІыкІ зиІэ цІыхубзхэр (Лк. 8:1—3). Апхуэдэу къыдэІэпыкъуну Хьисэ ахэр хуит зэрищІым имызакъуэу, Алыхьым теухуа щІэныгъэхэри къахузэІуихт. Псалъэм папщІэ, Хьисэ абыхэм яжриІащ ар зэрылІэнур икІи лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжынур (Лк. 24:5—8). Хьисэ апостолхэр зыпэщІэхуэну гугъуехьхэм зэрыхуигъэхьэзырам хуэдэу а цІыхубзхэри хуигъэхьэзыращ (Мк. 9:30—32; 10:32—34). Гу лъытапхъэщ: Хьисэ яубыда иужь апостолхэм ар къагъанэри щІэпхъуэжащ, ауэ абы игъуса языныкъуэ цІыхубзхэм ар къагъэнакъым пкъом кІэраІулІэу, и псэр хэкІыхукІэ (Мт. 26:56; Мк. 15:40, 41).
12. Хьисэ цІыхубзхэм сыт хуэдэ къалэнхэр дзыхь яхуищІрэт?
12 Хьисэ мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнхэр цІыхубзхэм дзыхь яхуищІт. Псалъэм папщІэ, Хьисэ къызэрытэджыжар япэ дыдэу зылъэгъуар цІыхубзхэращ икІи къызэрытэджыжар апостолхэм жраІэну Хьисэ абыхэм къалэн яхуищІат (Мт. 28:5, 9, 10). Ди эрэм 33-нэ гъэм Пэнтэкост махуэшхуэм щыгъуэ Алыхьым и къару лъапІэр и лэжьакІуэхэм щаритым, абыхэм цІыхубзхэри яхэтауэ къыщІэкІынущ. Ар апхуэдэу щытмэ, Алыхьым и къару лъапІэр зрита шыпхъухэм зэфІэкІ яІэ хъуащ нэгъуэщІыбзэкІэ псэлъэну икІи «Тхьэм илэжьа Іуэхушхуэхэм я хъыбарыр» ягъэІуну (Апост. 1:14; 2:2—4, 11).
13. Шыпхъухэм Иеговэ и организацэм сыт хуэдэ лэжьыгъэ щагъэзащІэр икІи абыхэм ящІэр фІыщІэ зэрытщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур?
13 Ди шыпхъухэм Иеговэ хуащІэ псом щхьэкІэ щытхъу яхуэфащэщ. Иеговэ дыхуэлэжьэну дыщызэхуэс Унэхэр ухуэным икІи зыхуей хуэгъэзэным ахэр хэтщ, нэгъуэщІыбзэкІэ псалъэ зэхуэсхэм долажьэ, Вефилым доІэпыкъу, абы нэмыщІ абыхэм ди тхыгъэхэр нэгъуэщІыбзэкІэ зэрадзэкІ, гузэвэгъуэшхуэ нэужьым зэхэкъутахэр зэлъыІуахыж, пионеру икІи миссионеру мэлажьэ. Къуэшхэм хуэдэу шыпхъухэри «Школа пионерского служения», «Школа благовестников Царства» жыхуиІэхэм, абы нэмыщІ Галаад Школым щоджэ. Абы нэмыщІ ди шыпхъухэр я щхьэгъусэхэм доІэпыкъу зэхуэсымрэ Иеговэ и организацэмрэ къалэн щаІэр яхуэгъэзэщІэн щхьэкІэ. Я щхьэгъусэхэр къадэмыІэпыкъуу щытамэ, а къуэшхэр зэхуэсым и тыгъэу щытыфынутэкъым (Еф. 4:8). Фегупсыс: псэемыблэжу Иеговэ и лэжьыгъэм хэт шыпхъухэм дапхуэдэу фазэрыдэІэпыкъуфынур?
14. Псалом 68:11 ит псалъэхэм ипкъ иткІэ Іущагъ зыхэлъ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэр?
14 Іущагъ зыхэлъ зэхуэсым и нэхъыжьхэм къагуроІуэ шыпхъухэр псэемыблэжу Алыхьым и лэжьакІуэ «дзэшхуэм хуэдэу» зэрыщытыр икІи и нэхъыбэм хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр абыхэм нэхъыфІу зэрагъэзащІэр. (Къеджэ Псалом 68:11 *.) Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр хущІокъу апхуэдэ шыпхъухэм я деж зыщагъэсэну. Абигейл и гуапэ мэхъу абы щІэныгъэ зригъэгъуэтахэмкІэ дэгуэшэну къуэшхэр къыщелъэІум деж икІи хъыбарыфІыр зыхуиІуатэхэм я гум сытыр нэхъ нэсми къыщеупщІым деж. Абигейл жеІэ: «Абы сэ си фІэщ ещІ организацэм мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэ щызгъэзэщІэну Иеговэ дзыхь къызэрысхуищІар». Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІэ Алыхьым хуэпэж икІи Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ шыпхъухэр гугъуехь зиІэ шыпхъу ныбжьыщІэхэм зэрадэІэпыкъуфынур (Тит 2:3—5). Пэжщ, шэч хэмылъу шыпхъухэр фІыуэ тлъагъуну икІи абыхэм пщІэ яхуэтщІыну яхуэфащэщ!
ШЫПХЪУХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ ИКІИ ФАКЪЫЩХЬЭЩЫЖ
15. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж шыпхъухэм дадэІэпыкъун хуеинкІэ хъуну?
15 Иныкъуэхэм деж Іуэхугъуэ гугъум пэщІэхуа шыпхъухэр къадэІэпыкъун икІи къащхьэщыжын гуэр хуэныкъуэщ (Ис. 1:17). Псалъэм папщІэ, фызабэр е зи щхьэгъусэ зыбгъэдэмысыж шыпхъур и щхьэгъусэм зэхигъэкІыу щыта ІуэхухэмкІэ дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэнкІэ хъунущ. Зи ныбжь хэкІуэта шыпхъур дохутырхэм епсэлъэн щхьэкІэ къыдэІэпыкъун гуэр хуеинкІэ хъунущ. Е теократическэ лэжьыгъэхэм хэт ди шыпхъу пионерым дыкъыщхьэщыжын хуеинкІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ адрей пионерхэр хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхэтым хуэдизрэ ари хэтын хуейуэ зыгуэрхэм жаІэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ шыпхъухэм дауэ уадэІэпыкъу хъуну? Хьисэ и щапхъэм иджыри зэ зыхуэдгъэзэнщ.
16. Марк 14:3—9 зэритымкІэ, Хьисэ Мэрием дапхуэдэу къызэрыщхьэщыжар?
16 Алыхьым хуэлажьэ цІыхубзхэм жаІэр е ящІэр нэгъуэщІу къащыгурыІуэм деж, Хьисэ занщІэу абыхэм къащхьэщыжу щытащ. Псалъэм папщІэ, абы апхуэдэу ищІащ Марфэ Мэрием щигъэкъуэншам щыгъуэ (Лк. 10:38—42). Абы нэмыщІ Мэрием ищІар мытэмэму къалъытэу нэгъуэщІхэм ягъэкъуаншэу щыщІадзам щыгъуи Хьисэ абы къыщхьэщыжащ. (Къеджэ Марк 14:3—9.) Хьисэ Мэрием а Іуэхур ищІэну хуэзыгъэушар къыгурыІуэти, мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ щытхъуащ: «Сэр щхьэкІэ псапэ ищІащ абы. [...] Мы цІыхубзым лъэкІыр ищІащ». ИкІи мыпхуэдэу жиІащ: «Дуней псом хъыбарыфІыр щыщызэлъагъэщІыскІэ, мы цІыхубзым ищІари яІуэтэнущ». Мы псалъэхэр зэрыпэжым мы статьяр щыхьэт тохъуэ. ДауикІ, мы псалъэхэм Мэрием ягъэгушхуауэ къыщІэкІынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ дуней псом щекІуэкІыну хъыбарыфІ гъэІуным и гугъу щищІам щыгъуэ Мэрием и гум къыбгъэдэкІыу ищІа Іуэхугъуэм теухуауэ жиІащ!
17. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж шыпхъухэм факъыщхьэщыжын хуей? Щапхъэ къэфхь.
17 Фэри шыпхъухэм факъыщхьэщыжрэ, ахэр абы щыхуэныкъуэм деж? Мыпхуэдэ Іуэхугъуэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ: зи щхьэгъусэр Иеговэ и Щыхьэту щымыт шыпхъур щІэх-щІэхыурэ зэІущІэм къыкІэроху икІи ар зэриухыу занщІэу щІокІыж, абы нэмыщІ и бынхэр зэзэмызэххэщ зэІущІэм къыщыздишэр. Апхуэдэу зэрыщытым зэхуэсым щыщ языныкъуэхэм гу лъатэ икІи а шыпхъур ягъэкъуаншэ. Ахэр зэрегупсысымкІэ ар теубыдагъэ нэхъ хэлъу и щхьэгъусэм епсэлъамэ, и сабийхэр зэІущІэм къигъэкІуэнут. Ауэ пэжыр жыпІэмэ, шыпхъум хузэфІэкІыр ещІэ. Ар и щхьэгъусэм и еплъыкІэм ебакъуэу езым унафэ ищІ хъунукъым. ИкІи быным теухуауэ унафэ щащІым деж иужьрей псалъэр зейр цІыхухъуращ. Апхуэдэ шыпхъум дапхуэдэу фыкъыщхьэщыж хъуну? НэгъуэщІхэр щыщытым деж а шыпхъум фыщытхъу икІи езыр щыщымытым дежи абы фІыкІэ фытепсэлъыхь. Апхуэдэу фщІэмэ, абы Іей хужаІэр къэвгъэувыІэфынущ.
18. Шыпхъухэм иджыри дапхуэдэу щІэгъэкъуэн дазэрыхуэхъуфынур?
18 Шыпхъухэм иджыри дапхуэдэу щІэгъэкъуэн дазэрыхуэхъуфынур? ІуэхукІэ дадэІэпыкъу хъунущ (1 Ин. 3:18). Аннетт жеІэ: «Си Іуэхухэр схуэщІэн щхьэкІэ языныкъуэ дэлъхухэр икІи шыпхъухэр си анэ сымаджэм бгъэдэсыну къокІуэ е шхын къахь. Абы и фІыгъэкІэ сэ зыхызощІэ зэхуэсым щыщхэм фІыуэ сыкъызэралъагъур икІи лъапІэу сызэралъытэр». Ди шыпхъу Джо́рдани къуэш, шыпхъухэр къызэрыдэІэпыкъур фІыщІэ ещІ. Машинэр зэрызехьэн хуейм теухуауэ ди зы къуэш гуэрым абы чэнджэщ зытІущ къритащ. Шыпхъур къыддогуашэ: «Дэлъхухэмрэ шыпхъухэмрэ къызэрысхуэгузавэр икІи машинэм сыщыдэсым деж сысакъыну зэрыхуейр хуабжьу си гуапэщ».
19. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр шыпхъухэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъуфынур?
19 Зэхуэсым и нэхъыжьхэри шыпхъухэм зэрадэІэпыкъуным хущІокъу. Шыпхъухэм щІэгъэкъуэн уахуэхъуным Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэшхуэ зэриІэр абыхэм ящІэ (Екъуб 1:27). А къуэшхэм Хьисэ хэлъ Іущагъым щапхъэ трах: шыпхъум унафэ хуащІыным ипІэкІэ гуапэу хущытыну икІи и Іуэхур зыІутыр зыгурагъэІуэну хущІокъу (Мт. 15:22—28). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм шыпхъухэм зэрадэІэпыкъун Іэмал къыщалъыхъуэм деж, Иеговэрэ абы и организацэмрэ къазэрыщхьэщыжыр шыпхъухэм зыхащІэ. Псалъэм папщІэ, ди шыпхъу Киа зэрыІэпхъуэр ар зыхэт гупым и надзирателым къыщищІам щыгъуэ къыдэІэпыкъун щхьэкІэ занщІэу къуэш, шыпхъухэм хъыбар яригъэщІащ. Киа игу къегъэкІыж: «Ар къызэрыздэІэпыкъуам стрессым сыщихъумащ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм я псалъэ гуапэхэм, абы нэмыщІ ахэр къызэрыздэІэпыкъум си фІэщ ящІащ зэхуэсым и дежкІэ лъапІэу сызэрыщытыр икІи гугъуехь сыщиІэм деж си закъуэу сыкъызэрымынэнур».
ШЫПХЪУХЭР ПСОРИ ЩІЭГЪЭКЪУЭН ХУЭНЫКЪУЭЩ
20, 21. Ди шыпхъухэр псори лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?
20 Ди зэхуэсхэм нэгъуэщІхэм дэІэпыкъуэгъу хуэхъу шыпхъу куэд хэтщ! Абыхэм щІэгъэкъуэн дахуэхъуну яхуэфащэщ. Апхуэдэу тщІэн щхьэкІэ Хьисэ щапхъэ тетхын хуейщ, шыпхъухэм гулъытэ яхуэтщІу икІи нэхъыфІу къэтцІыхуу. Абы нэмыщІ Иеговэ хуащІэ псом щхьэкІэ дащытхъун икІи щыхуэныкъуэм деж абыхэм дакъыщхьэщыжын хуейщ.
21 Рим къалэм дэсхэм хуэгъэзауэ Паул итха письмом и кІэм Алыхьым и лэжьакІуэ цІыхубзибгъу къыхигъэщащ (Рим 16:1, 3, 6, 12, 13, 15). А шыпхъухэм дежкІэ, дауикІ, гуапэт Паул абыхэм сэлам зэрырихыжыр икІи зэрыщытхъур зэхахыну. Дэри ди зэхуэсым хэт шыпхъухэм щІэгъэкъуэн дахуэвгъэхъу. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ къэдгъэлъэгъуэнущ ахэр Алыхьым и унагъуэм щыщ цІыхум хуэдэу фІыуэ зэрытлъагъур икІи лъапІэ зэрытлъытэр.
136-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ тыгъэшхуэ къытхуещІ
^ Алыхьым хуэлажьэ цІыхубзхэр гугъуехь куэдым пэщІохуэ. Хьисэ Мэссихь щапхъэ тетхыу, абыхэм щІэгъэкъуэн дапхуэдэу дахуэхъуфынуми мы статьям щызэпкърытхынущ. Хьисэ Алыхьым хуэлажьэ цІыхубзхэм гулъытэ яхуищІу, ахэр лъапІэу илъытэу икІи къащхьэщыжу зэрыщытамкІэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ.
^ Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
^ Библием теухуа зы энциклопедием мыпхуэдэу итщ: «ЕгъэджакІуэм и лъапэм деж и лъэужь ирикІуэхэр зэрыщысым къигъэлъагъуэт, абыхэми егъэджакІуэ хъуну зэрызагъэхьэзырыр. Ауэ цІыхубзхэм хуитыныгъэ яІэтэкъым егъэджакІуэ хъуну... Абы къыхэкІкІэ иудейхэм щыщ куэдым хуабжьу ягу ирихьынутэкъым Мэрием Хьисэ и лъапэм деж тІысу, абы жиІэм зэредэІуар».
^ Зэхуэсым и нэхъыжьыр шыпхъум щыдэІэпыкъум деж сакъын хуейщ. Псалъэм папщІэ, ар и закъуэу шыпхъум и деж кІуэ хъунукъым.
^ Псалом 68:11: «Иеговэ псалъэ ет, хъыбарыфІыр зыгъэІу цІыхубзхэр дзэшхуэм хуэдэщ».
^ СУРЭТЫР. Шыпхъухэм зэрыхущытын хуейм теухуауэ къуэшхэм Хьисэ щапхъэ трах: къуэшыр шыпхъухэм доІэпыкъу, абы машинэ шэрхъыр ехъуэж; нэгъуэщІ къуэшыр и щхьэгъусэр и гъусэу зи ныбжь хэкІуэта шыпхъум и деж кІуащ; адрей къуэшым и щхьэгъусэр и гъусэу шыпхъумрэ абы и пхъумрэ я деж кІуащ, Библием ит гупсысэхэр зэгъусэу зэпкърахын щхьэкІэ.