Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

5 СТАТЬЯР

ЗэІущІэхэм дыщІэкІуэм и щхьэусыгъуэр сыт?

ЗэІущІэхэм дыщІэкІуэм и щхьэусыгъуэр сыт?

«Зиусхьэныр къэкІуэжыху... [ар] зэрылІам и хъыбарыр... фІуатэу арщ» (1 КОР. 11:26).

18-НЭ УЭРЭДЫР Щхьэщэхужым щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ худощІ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР *

1, 2. 1) Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм мелуан бжыгъэкІэ цІыхухэр къыщекІуалІэм деж, сыт Иеговэ илъагъур? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.) 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

 ФИ НЭГУ КЪЫЩІЭВГЪЭХЬЭ, Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм дуней псом мелуан бжыгъэкІэ цІыхухэр къыщекІуалІэм деж, сыт Иеговэ илъагъуми. Иеговэ цІыху куэд къызэрыкІуам и закъуэкъым илъагъур, атІэ дэтхэнэ зы цІыхуми гу лъетэ. Псалъэм папщІэ, абы елъагъу илъэс къэс а зэІущІэм къекІуалІэхэр. Абыхэм яхэтщ гугъуехьышхуэхэм пэщІэхуэхэр. НэгъуэщІхэр ди зэІущІэхэм къэмыкІуэми Пщыхьэщхьэшхэр зэрыбламыгъэкІыным иужь итщ. Абы нэмыщІ яфІэгъэщІэгъуэн хъууэ а зэІущІэм япэ дыдэу къэкІуахэми Иеговэ гу лъетэ.

2 ДауикІ, Иеговэ мэгуфІэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм цІыху куэд къызэрыкІуэм щхьэкІэ (Лк. 22:19). Ауэ абы и дежкІэ псом нэхъапэр цІыху къэкІуам и бжыгъэракъым, атІэ ахэр къэкІуэну хуэзыгъэушаращ. Мы статьям мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэ щызэпкърытхынущ: илъэс къэс екІуэкІ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм дызэрыкІуэм нэмыщІ, Иеговэ фІыуэ къэзылъагъухэм щхьэкІэ абы игъэхьэзыр тхьэмахуэ къэс екІуэкІ зэІущІэхэми сыт дыщІэкІуэр?

Хьисэ и лІэныгъэр ягу къагъэкІыжын щхьэкІэ дуней псом цІыху мелуан куэд Пщыхьэщхьэшхэм йокІуалІэ. (1, 2-нэ абзацхэм феплъ.)

ДЭ ІЭДЭБАГЪ ДОГЪЭЛЪАГЪУЭ

3, 4. 1) Сыт зэІущІэхэм дыщІекІуалІэм и щхьэусыгъуэр? 2) ЗэІущІэхэм дызэрыщІэсым сыт къигъэлъагъуэр? 3) 1 Коринф 11:23—26 зэритымкІэ, Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм сыт щыгъуи декІуэлІэн щІыхуейр сыт?

3 Дэ зэІущІэхэм дыщІекІуалІэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр — ахэр Иеговэ зэрыдгъэлъапІэ Іэмалхэм ящыщ зыщ. Абы нэмыщІ а зэІущІэхэм Иеговэ дыщрегъаджэ. ЦІыху пагэхэм яфІэфІкъым зыгуэрхэм щрагъаджэм деж (3 Ин. 9). Абыхэм елъытауэ дэ Иеговэрэ и организацэмрэ дызэрырагъаджэм дыщогуфІыкІ (Ис. 30:20; Ин. 6:45).

4 ЗэІущІэхэм дызэрыкІуэмкІэ дэ къыдогъэлъагъуэ Іэдэбагъ зэрытхэлъыр икІи деджэну дызэрыхьэзырыр. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм дыщІекІуалІэр абы мыхьэнэшхуэ зэриІэр къызэрыдгурыІуэм и закъуэкъым — дэ иджыри Іэдэбагъ тхэлъу Хьисэ и унафэм дытетщ: «Мыпхуэдэу фщІэ, фи гум сыкъэвгъэкІыжын щхьэкІэ, ДЩІ». (Къеджэ 1 Коринф 11:23—26.) А мыхьэнэшхуэ зиІэ зэІущІэр дэ къыддоІэпыкъу къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ дахэ диІэр тфІэмыкІуэдыну икІи абы дигу къегъэкІыж Иеговэ фІыщэу дызэрилъагъур. Ауэ Алыхьым ещІэ дэ гушхуэныгъэрэ дэІэпыкъуэгъурэ дызэрыхуэныкъуэр икІи ахэр илъэсым зэ фІэкІ зыхэдмыщІэмэ, ар мащІэу зэрыщытынур къыгуроІуэ. Абы къыхэкІкІэ зэІущІэхэр тхьэмахуэ къэс екІуэкІыу Иеговэ ищІащ икІи абыхэм декІуэлІэну езым дыхуегъэуш. Алыхьым жиІэм дедаІуэу, зэІущІэхэм дыкІуэн щхьэкІэ Іэдэбагъ дыхуейщ. Дэ тхьэмахуэ къэс зэман куэд хухыдох зэІущІэхэм дызэрыщІэсым икІи абы зэрызыхуэдгъэхьэзырым.

5. Сыт Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхухэр Иеговэ и деж щІекІуалІэр?

5 Иеговэ кърегъэблагъэ абы и деж щеджэну хуейуэ хъуар икІи илъэс къэс Іэдэбагъ зыхэлъ цІыху куэд Алыхьым и деж йокІуалІэ (Ис. 50:4). Ахэр здэкІуэ Пщыхьэщхьэшхэр апхуэдизкІэ ягу ирохьри, адрей зэІущІэхэми кІуэну мурад ящІ (Зах. 8:20—23). Дэ ди гуапэщ абыхэм я гъусэу ди ДэІэпыкъуэгъуу икІи ди КъегъэлакІуэу щыт Иеговэ и деж дыщеджэну (Пс. 40:17). Иеговэрэ абы фІыщэу илъагъу и Къуэ Хьисэрэ дызэрырагъаджэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ икІи нэхъыфІ щыІэ? (Мт. 17:5; 18:20; 28:20).

6. Іэдэбагъ зэрыхэлъыр зы цІыхухъу гуэрым дауэ къызэрыдэІэпыкъуар Пщыхьэщхьэшхэм къэкІуэну?

6 Илъэс къэс Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм цІыху нэхъыбэ къызэредгъэблэгъэным дыхущІокъу. Кърагъэблэгъахэм ящыщу Іэдэбагъ зыхэлъ цІыху куэд а зэІущІэм къокІуалІэ икІи ахэр абы хущІегъуэжкъым. Зы щапхъэ деплъынщ. Илъэс зыбжанэкІэ узэІэбэкІыжмэ, ди зы къуэшым Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэр цІыхухъу гуэрым иритат. Абы а тхылъымпІэр къищтащ, ауэ къэмыкІуэфыну жиІат. Ди къуэшым Іейуэ игъэщІэгъуащ а цІыхухъур Пщыхьэщхьэшхэм къэкІуауэ щилъэгъуам щыгъуэ! А цІыхухъум гуапэу къызэрырагъэблэгъар апхуэдизкІэ игу ирихьати, тхьэмахуэ къэс зэІущІэхэм кІуэуэ щІидзащ. Илъэсым и кІуэцІым абы зэІущІищ фІэкІ блигъэкІакъым. Сытыт а лІым зэІущІэхэр апхуэдизу лъапІэу щІилъытэр? Абы Іэдэбагъ хэлъти, и Іуэхухэр ихъуэжри Пщыхьэщхьэшхэм къэкІуащ. Ар къезыгъэблэгъа къуэшым иужькІэ жиІащ: «Ар — икъукІэ Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхущ». Иеговэ ар къришэлІащ, иджы а цІыхухъур ди къуэшщ (2 Сам. 22:28; Ин. 6:44).

7. Библием дыщеджэм деж икІи зэІущІэхэм дыщыкІуэм деж къатщІэ щІэныгъэхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур Іэдэбагъ зыхэтлъхьэну?

7 Библием дыщеджэм деж икІи зэІущІэхэм дыщыкІуэм деж къатщІэ щІэныгъэхэр къыддоІэпыкъу Іэдэбагъ зыхэтлъхьэну. Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэ тхьэмахуэхэм Хьисэ и щапхъэмрэ абы дэр щхьэкІэ и гъащІэр иту Іэдэбагъ игъэлъэгъуамрэ зэІущІэхэм нэхъыбэу дыщытопсэлъыхь. Абы нэмыщІ Пщыхьэщхьэшхэр дгъэлъэпІэным махуэ зыбжанэ иІэу щІыдодзэри, Хьисэ и лІэныгъэмрэ ар къызэрытэджыжамрэ теухуауэ Библием ит пычыгъуэхэм доджэ. А псор зэрытщІэр къыддоІэпыкъу Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр лъапІэу тлъытэну икІи ди гум илъ фІыщІэр хэхъуэну. Ди гум илъ фІыщІэм дыхуегъэуш Хьисэ хэлъа Іэдэбагъым хуэдэ дэри зыхэтлъхьэну икІи сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами Иеговэ и мурадыр дгъэзэщІэну (Лк. 22:41, 42).

ДЭ ЛІЫГЪЭР КЪЫДДОІЭПЫКЪУ

8. Хьисэ лІыгъэ зэрыхэлъар сытым къыхэща?

8 Абы нэмыщІ Хьисэ лІыгъэ игъэлъэгъуам хуэдэ дэри дгъэлъэгъуэну дыхущІокъу. Фигу къэвгъэкІыж Хьисэ лІэным ипэ къихуэу лІыгъэ игъэлъэгъуар. Абы фІы дыдэу ищІэт куэд мыщІэу и бийхэм зэрагъэпудынур, зэраубэрэжьынур икІи икІэм-икІэжым зэраукІынур (Мт. 20:17—19). Ауэ ар хьэзырт а псор ишэчыну. Зэманыр къэса иужь Гефсимание жыг хадэм и апостол пэжхэм щажриІащ: «Фытэдж! ФынакІуэ, абыхэм сезыгъэубыдынур къэблэгъащ» (Мт. 26:36, 46). Ар яубыдыну Іэщэ яІыгъыу цІыху гуп къыщыкІуам щыгъуэ, Хьисэ апостолхэм къахэкІри, абыхэм къалъыхъуэр езырауэ зэрыщытыр жиІащ икІи зауэлІхэм елъэІуащ и апостолхэр яутІыпщыжыну (Ин. 18:3—8). Сыту лІыгъэшхуэ игъэлъэгъуа Хьисэ! Нобэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэри щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэри абы лІыгъэ игъэлъэгъуам щапхъэ трахыну хущІокъу. Дапхуэдэу?

ЛІыгъэ тхэлъу зэІущІэхэм дызэрыкІуэм нэгъуэщІхэри хуегъэуш лІыгъэ зыхагъэлъыну. (9-нэ абзацым феплъ.) *

9. 1) ЗэІущІэхэм дэдмыгъэхуу дыкІуэн щхьэкІэ сыт лІыгъэ дыщІыхуейр? 2) Я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ тутнакъым ис къуэш, шыпхъухэм ди щапхъэр дауэ къазэрыдэІэпыкъур?

9 ЗэІущІэхэм дэдмыгъэхуу дыкІуэн щхьэкІэ лІыгъэ дыхуейщ. Ди къуэш, ди шыпхъу языныкъуэхэм гуауэ яІэми, я гур иудами е узыншагъэм пыщІа гугъуехьхэр яІэми зэІущІэхэм къокІуэ. НэгъуэщІхэм къэрал унафэщІхэр е унагъуэм щыщхэр къапэщІоувэ. Фегупсысыт, я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ тутнакъым ис къуэш, шыпхъухэм ди щапхъэм я гур зэрыхигъахъуэм (Евр. 13:3). Гугъуехьхэм дызэрыпэщІэхуэм емылъытауэ Иеговэ дызэрыхуэлажьэр абыхэм щызэхахым деж, тегушхуэныгъэ яІэ мэхъу адэкІи фІэщхъуныгъэрэ лІыгъэрэ ягъэлъэгъуэну икІи Иеговэ пэжу къыхуэнэну. Апхуэдэу зэрыщытыр апостол Паул и щапхъэм къегъэлъагъуэ. Ар яубыдауэ Римым щыщыІэм щыгъуэ и къуэшхэр Алыхьым пэжу зэрыхуэлажьэр зэхихыхукІэ гуфІэт (Флп. 1:3—5, 12—14). КъаутІыпщыжын ипэ е къаутІыпщыжа иужь занщІэу Паул журтхэм Письмо яхуитхащ. А письмомкІэ абы къуэшхэр къыхуриджащ: «Зэшхэм хуэдэу, зэпымыууэ фІыуэ фызэрылъагъуу щрет». Абы нэмыщІ хуигъэушащ зэІущІэхэм зэпымыууэ кІуэну (Евр. 10:24, 25; 13:1).

10, 11. 1) Хэт Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къедгъэблэгъэн хуейр? 2) Ефес 1:7 зэритымкІэ, сыт дэ ахэр къыщІедгъэблагъэр?

10 Абы нэмыщІ Пщыхьэщхьэшхэм ди Іыхьлыхэр, къыддэлажьэхэр икІи ди гъунэгъухэр къедгъэблэгъэн щхьэкІэ лІыгъэ дыхуейщ. Ауэ сыт дэ ахэр къыщІедгъэблагъэр? Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуащІа псом щхьэкІэ ди гум фІыщІэшхуэ илъщи, ахэри къедгъэблэгъэну дыхуейщ. Дэ дыхуейщ дыкъэзыщэхужа «Тхьэм и нэфІ щыхуэныгъэшхуэр» нэгъуэщІхэми зыхащІэну. (Къеджэ Ефес 1:7; Апок. 22:17.)

11 ЗэІущІэхэм дыщыкІуэм деж дэ иджыри мыхьэнэшхуэ зиІэ зы хьэл-щэн догъэлъагъуэ. А хьэл-щэныр Иеговэрэ Хьисэрэ ягъэлъэгъуащ.

ДЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ДЫХУЕГЪЭУШ

12. 1) Иеговэрэ Хьисэрэ худиІэ лъагъуныгъэр зэІущІэхэм дауэ нэхъ куу зэращІыр? 2) 2 Коринф 5:14, 15 зэритымкІэ, Хьисэ и щапхъэм дытету сыт тщІэн хуейр?

12 Иеговэрэ Хьисэрэ худиІэ лъагъуныгъэм дыхуегъэуш зэІущІэхэм дыкІуэну. ИкІи а зэІущІэхэм къыщытщІэм ди лъагъуныгъэр нэхъ куу ещІ. Абыхэм сыт щыгъуи щызэхыдох Алыхьымрэ абы и Къуэмрэ къытхуащІам теухуауэ (Рим 5:8). Пщыхьэщхьэшхэм, псом хуэмыдэу дигу къегъэкІыж Иеговэрэ Хьисэрэ цІыхухэр фІыщэу зэралъагъур, уеблэмэ, щхьэщэхужым мыхьэнэшхуэ зэриІэр иджыри къызыгурымыІуа цІыхухэри фІыуэ зэралъагъур. Щхьэщэхужыр фІыщІэ зэрытщІым дыхуегъэуш махуэ къэс Хьисэ и щапхъэм дытетыну. (Къеджэ 2 Коринф 5:14, 15.) Абы нэмыщІ Иеговэ апхуэдэ тыгъэ къызэрытхуищІам щхьэкІэ ди гум дыхуегъэуш абы и цІэр дгъэлъэпІэну. Дауэ ар зэрытщІ хъунур? Псалъэм папщІэ, зэІущІэхэм ди гум къыбгъэдэкІыу жэуап зэрыттымкІэ Алыхьыр фІыуэ зэрытлъагъур догъэлъагъуэ.

13. Иеговэрэ Хьисэрэ худиІэ лъагъуныгъэм и кууагъыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? КъыдгурывгъаІуэ.

13 Дэ зыгуэр зэрызыхуэдгъэныкъуэмкІэ къыдогъэлъагъуэ Иеговэрэ Хьисэрэ худиІэ лъагъуныгъэм и кууагъыр. ЗэІущІэхэм екІуэлІэн щхьэкІэ дэ тщыщ куэдым зыгуэр зыхуагъэныкъуэн хуей мэхъу. Ди зэІущІэхэм щыщ зыр пщыхьэщхьэм цІыхухэр щылажьэ махуэм йокІуэкІ икІи куэдыр абы дешауэ декІуалІэу къыщІэкІынщ. Адрей зэІущІэр щэбэтым е тхьэмахуэ махуэм, цІыхухэм зыщагъэпсэхум, йокІуэкІ. Дезэшауэ щытми, зэІущІэхэм дыкІуэн щхьэкІэ къару етхьэлІэр Иеговэ илъагъурэ? Шэч хэмылъу елъагъу! Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъум къыхэкІыу къару етхьэлІэр абы лъапІэу елъытэ (Мк. 12:41—44).

14. Псэемыблэжу лъагъуныгъэ зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ Хьисэ сыт хуэдэ щапхъэ къытхуигъэна?

14 Псэемыблэжу лъагъуныгъэ зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ Хьисэ щапхъэ къытхуигъэнащ. И лъэужь ирикІуэхэм щхьэкІэ и гъащІэр итыну зэрыхьэзырым и мызакъуэу, ар хьэзырт махуэ къэс и щхьэ Іуэхур къигъанэу абыхэм я Іуэхухэр япэ иригъэщыну. Апхуэдэу зэгуэрым ар ешауэ икІи къыпэщылъым щхьэкІэ гузавэу зэрыщытым емылъытауэ, и лъэужь ирикІуэхэм зэман къахудигъэкІащ (Лк. 22:39—46). Езым зыгуэр къыхуащІэным нэхърэ нэгъуэщІхэм дэІэпыкъуныр абы нэхъапэу илъытэт (Мт. 20:28). Хьисэ хуэдэу дэри Иеговэрэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ фІыуэ тлъагъумэ, Пщыхьэщхьэшхэми нэгъуэщІ зэІущІэхэми дыкІуэн щхьэкІэ къарууэ диІэр етхьэлІэнущ.

15. Псом хуэмыдэу хэт дэ дыдэІэпыкъуну дызыхуейр?

15 Дэ икъукІэ дрогушхуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ цІыху пэжхэм дызэрыщыщым! Дэ дыхуейщ нэгъуэщІхэри Иеговэ и лъэпкъым щыщ хъуну. Аращи, ахэр къедгъэблэгъэн щхьэкІэ зэман куэд тыдогъэкІуадэ. Ауэ, псом хуэмыдэу дадэІэпыкъуну дыхуейщ зэІущІэхэм къэмыкІуэж икІи хъыбарыфІ гъэІуным хэмытыж къуэш, шыпхъухэм (Гал. 6:10). Лъагъуныгъэм къыхэкІыу дэ ахэр ди зэІущІэхэм къэкІуэну худогъэуш, псом хуэмыдэу Пщыхьэщхьэшхэм. Абыхэм ящыщ гуэрым ди Адэу икІи ди Мэлыхъуэу щыт Иеговэ деж къыщигъэзэжым дэ хуабжьу догуфІэ, Иеговэрэ Хьисэрэ зэрыгуфІэм хуэдэу (Мт. 18:14).

16. 1) Дауэ зыр зым зэрыдгъэгушхуэфынур икІи зэІущІэхэм псоми дыкІуэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр? 2) Иуан 3:16 ит Хьисэ и псалъэхэр сыт иджыпсту дигу къыщІэдгъэкІыжын хуейр?

16 КъыкІэлъыкІуэ тхьэмахуэхэм Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм цІыху нэхъыбэ къызэредгъэблэгъэным иужь дивгъэт. А Пщыхьэщхьэшхэр 2019 гъэм, мэлыжьыхьым и 19-м, мэрем махуэм екІуэкІынущ. (« Псори къевгъэблагъэ!» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) Аращи, зыр зым дгъэгушхуэн щхьэкІэ зэІущІэхэм дэдмыгъэхуу дызэрыкІуэным къарууэ диІэр едвгъэхьэлІэ. Мы дунейм и кІэр нэхъ гъунэгъу мэхъури зэІущІэхэм нэхъыбэжу дыхуэныкъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр къыддоІэпыкъу Іэдэбагъ, лІыгъэ икІи лъагъуныгъэ дгъэлъэгъуэну (1 Фес. 5:8—11). Аращи, Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэр ди гум къыбгъэдэкІыу фІыщІэ зэрытщІыр къэдвгъэгъэлъагъуэ! (Къеджэ Иуан 3:16.)

126-НЭ УЭРЭДЫР Быдэу, жану фыщыт!

^ 2019 гъэм, мэлыжьыхьым и 19-м Хьисэ и лІэныгъэр дигу къэдгъэкІыжынущ. Ар псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ зэІущІэщ. Дэ Іэмал имыІэу абы дыкІуэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ дгъэгуфІэну дыхуейщ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Пщыхьэщхьэшхэмрэ тхьэмахуэ къэс екІуэкІ зэІущІэхэмрэ дыщІэкІуэм щхьэусыгъуэ иІэхэр.

^ СУРЭТХЭР. И фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ тутнакъым ис ди къуэшыр и унагъуэм къыхуитха письмом егъэгушхуэ. Ар зэращымыгъупщэжар а письмом къыгурегъаІуэ. Къэралым зэрызехьэ къыщекІуэкІым емылъытауэ, абы и щхьэгъусэмрэ и къуэмрэ Иеговэ пэжу зэрыхуэлажьэм ар егъэгуфІэ.