Куэд мыщІэу гъащІэм фІыкІэ зихъуэжынущ
Куэд мыщІэу гъащІэм фІыкІэ зихъуэжынущ
«Иджыри тІэкІу дэкІмэ, цІыху хабзэншэр щыІэжынукъым... Іэдэбхэм мы щІыр щІэину къахуэнэнущ икІи мамырыгъэмкІэ затІыжынущ» (ПСАЛОМ 37:10, 11).
ДАУИКІ, уэ ухуейт мы псалъэхэр гъэзэщІа щыхъуну зэманыр плъэгъуну! Ахэр куэд мыщІэу гъэзэщІа зэрыхъунур ди фІэщ зыщІын щхьэусыгъуэхэр диІэщ.
«Иужьрей махуэхэм» дызэрыщыпсэум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ зыбжанэщ мы статьяхэм щызэпкърытхар (2 Тимофей 3:1—5). Алыхьым и лэжьакІуэхэм къэхъун хуей псалъэхэр яригъэтхащ, нобэ дэ гугъапІэ диІэн щхьэкІэ (Рим 15:4). А псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъум къегъэлъагъуэ ди гугъуехьхэм куэд мыщІэу кІэ къазэрыхуэкІуэнур.
АдэкІэ сыт къэхъунур? Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр дуней псом и тепщэу щытынущ (Маттэ 6:9, 10). А зэманым къэхъуну зэхъуэкІыныгъэхэм теухуауэ Библием щыжыІащ:
● Гъаблэ щыІэжынукъым. «ЩыІэнущ пэрыхьэту щІакхъуэр дуней псом, бгыщхьэхэм ар берычэту щыІэнущ» (Псалом 72:16).
● Узыфэхэр кІуэдыжынущ. «Зы цІыхуми жиІэнукъым: „Сэ сысымаджэщ“» (Исаия 33:24).
● ЩІыналъэр къэщІэрэщІэжынущ. «Къумымрэ щІы гъущэмрэ икъукІэ гуфІэнущ, губгъуэ нэщІыр нэжэгужэ хъужынущ икІи шэфраным хуэдэу къэгъэгъэжынущ» (Исаия 35:1).
Куэд дэмыкІыу къэхъуну зэхъуэкІыныгъэхэм щыщу мыхэр языныкъуэхэращ. Иеговэ и Щыхьэтхэм еупщІ куэд мыщІэу гъащІэм фІыкІэ зэрызихъуэжынур быдэу я фІэщ щІэхъум теухуауэ.