4. Лъагъуныгъэр мащІэ хъунущ
4. Лъагъуныгъэр мащІэ хъунущ
«ЗэкІужыныгъэр зыхуэдэр ящІэнукъым» (2 ТИМОФЕЙ 3:1—3).
● Крис унагъуэм лей къызылъысахэм ядэІэпыкъуу Уэльс къэралым и ищхъэрэ лъэныкъуэм щолажьэ. Ар къыддогуашэ: «Япэм зыкъытхуэзыгъэзауэ щыта цІыхубз гуэр ди деж аргуэру къэкІуат, ауэ сэ ар къэсцІыхужакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а цІыхубзыр егъэлеяуэ яубэрэжьат. Языныкъуэ цІыхубзхэм я гум апхуэдизкІэ уІэгъэ хьэлъэхэр тралъхьэри, ахэр цІыхухэм я нэгум щІэплъэну мэукІытэ».
ІУЭХУР ЗЭРЫЩЫТЫР. Африкэм щыІэ зы къэрал гуэрым дэтхэнэ зы ещанэ цІыхубзми иджыри и сабиигъуэм лей ирахауэ щытащ. КъызэрахутамкІэ, а къэрал дыдэм цІыхухъухэм щыщу Іыхьэ ещанэм щІигъум уи щхьэгъусэм уеуэныр тэмэму къалъытэ. Ауэ цІыхубзхэм я закъуэкъым лей къызылъысыр. Псалъэм папщІэ, Канадэм щыпсэу цІыхухъухэм щыщу процент щэщІым щІигъур я фызхэм яубэрэжь.
ЦІЫХУХЭМ ЖАІЭР. Унагъуэхэм залымыгъэр сыт щыгъуи щызекІуэу щытащ. Ди зэманым а гугъуехьым япэм нэхърэ нэхъыбэу гулъытэ хуащІу щІадзауэ аращ.
ПЭЖУ ПІЭРЭ АР? Иужьрей илъэсхэм а гугъуехьым пэж дыдэу гулъытэ куэд хуащІ. Ауэ унагъуэхэм илъ залымыгъэр абы щхьэкІэ нэхъ мащІэ хъукъым. Зы унагъуэм щыщхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр мащІэ дыдэ зэрыхъуар нобэ наІуэщ.
ДАУЭ УЕПЛЪРЭ? 2 Тимофей 3:1—3 ит псалъэхэр гъэзэщІа хъурэ? Унагъуэ куэдым илъ лъагъуныгъэр мащІэ дыдэ зэрыхъуам гу лъыптэрэ?
Къэхъун хуей псалъэхэм щыщу етхуанэр зытеухуар дыщыпсэу ЩІыращ. Абы теухуауэ Библием жиІэм еплъ.
[Вставкэ]
«ЗэрабжымкІэ, унагъуэхэм илъ залымыгъэм теухуауэ пэж псор тщІэкъым. ЦІыхубзыр и щхьэгъусэм 35-рэ хуэдизкІэ иубэрэжьа иужьщ полицием зыщыхуигъазэр» (УНАГЪУЭМ ЛЕЙ КЪЫЗЫЛЪЫСАХЭМ ЯДЭІЭПЫКЪУ СЛУЖБЭМ И ЛЭЖЬАКІУЭ).