Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

6. Дуней псом хъыбарыфІыр щагъэІу

6. Дуней псом хъыбарыфІыр щагъэІу

6. Дуней псом хъыбарыфІыр щагъэІу

«Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом тет цІыхухэр ирагъэдэІуэн хуейуэ щытщ» (МАТТЭ 24:14).

● Ваиатеа щопсэу Туамоту хытІыгухэм ящыщ зым. Туамоту хытІыгу 78-рэ хохьэ икІи абыхэм щІыуэ яубыдыр квадратнэ километру 810 000 хъуми, а хытІыгухэм цІыху 16 000 фІэкІа щыпсэукъым. Абы емылъытауэ, Ваиатеарэ абы и гъунэгъухэмрэ Иеговэ и Щыхьэтхэр яцІыху. Ар гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ и Щыхьэтхэм къару куэд ирахьэлІэ дуней псом щыпсэу цІыхухэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр лъагъэІэсын щхьэкІэ.

ІУЭХУР ЗЭРЫЩЫТЫР. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр дуней псом щагъэІу. Псалъэм папщІэ, 2010-нэ гъэм Иеговэ и Щыхьэтхэм къэрал 236 хъыбарыфІыр щагъэІуащ икІи а лэжьыгъэм сыхьэту зы миллиардрэ мелуан щихым щІигъурэ трагъэкІуэдащ. А бжыгъэр Иеговэ и Щыхьэтхэм ятебгуашэмэ, махуэ къэс дэтхэнэ зыми дакъикъэ 30-кІэ хъыбарыфІыр игъэІуауэ жыпІэ хъунущ. Иужьрей илъэсипщІым къриубыдэу Иеговэ и Щыхьэтхэм Библием тегъэщІа тхыгъэхэу миллиард тІощІым щІигъу къыдагъэкІащ икІи ягуэшащ.

ЦІЫХУХЭМ ЖАІЭР. Библием ит хъыбарыр ижь-ижьыж лъандэрэ ягъэІу.

ПЭЖУ ПІЭРЭ АР? Пэж дыдэу, цІыху куэдыр иужь итащ Библием ит хъыбарыр ягъэІуну. Ауэ инэхъыбэм абы трагъэкІуадэ зэманри къызэщІаубыдэ щІыпІэри мащІэт. Абы елъытауэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм Библием ит хъыбарыфІыр дуней псом щагъэІу икІи ар цІыху мелуан бжыгъэм зэхах. Къэрал унафэщІхэр ткІийуэ къащыпэщІэта зэманми абыхэм а лэжьыгъэр къагъэнакъым * (Марк 13:13). Абы нэмыщІ Иеговэ и Щыхьэтхэм хъыбарыфІыр зэрагъэІум щхьэкІэ улахуэ къраткъым. Абыхэм гукъыдэж яІэу я зэманыр а лэжьыгъэм трагъэкІуадэ икІи Библием тегъэщІа тхыгъэхэр пщІэншэу ягуэш. Абыхэм я лэжьыгъэр арэзыуэ къат ахъшэмкІэщ зэрекІуэкІыр.

ДАУЭ УЕПЛЪРЭ? «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІыр» пэж дыдэу дуней псом щагъэІурэ? Мы псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъум къигъэлъагъуэрэ куэд мыщІэу ди гъащІэм фІыкІэ зихъуэжыну?

[Сноскэ]

^ Нэхъыбэ къэпщІэн щхьэкІэ «Верные в испытании. Свидетели Иеговы в Советском Союзе», «Лиловые треугольники», «Мужество Свидетелей Иеговы перед лицом нацизма» жыхуиІэ видеохэм еплъ. КъыдэзыгъэкІар Иеговэ и Щыхьэтхэращ.

[Вставкэ]

«Иеговэ хуит дищІыхукІэ дэ адэкІи жыджэру хъыбарыфІыр дгъэІунущ икІи абы щхьэкІэ дэтхэнэ зы Іэмалри къэдгъэсэбэпынущ» («ЕЖЕГОДНИК СВИДЕТЕЛЕЙ ИЕГОВЫ», 2010 ГЪЭ).