ДИ ГЪАЩІЭР
«ФиІэм арэзы фытехъуэ»
Алыхьым и лэжьакІуэр тхьэмыщкІагъэ ихуамэ, ахъшэ къилэжьыну иужь ихьэу, Иеговэ хуиІэ ныбжьэгъугъэм зэран хуэхъункІэ хъунущ. Апхуэдэ Іуэхугъуэ уихуамэ, Еврейхэм 13:5 ит гупсысэхэр къыбдэІэпыкъунущ.
«Ахъшэм фыхуэмынэпсей»
-
Иеговэ фелъэІуи, ахъшэм фызэрыхущытымрэ фи сабийхэм евгъэлъагъу щапхъэмрэ фегупсыс (g-U 9/15 6).
«ФиІэм арэзы фытехъуэ»
-
Пэж дыдэу фызыхуэныкъуэр сытми фегупсыс (w16.07-U 7, абз. 1, 2).
«ИгъащІэкІэ ухыфІэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым»
-
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр псом япэ ибгъэщмэ, уэ узыхуэныкъуэ псор Иеговэ къызэрыуитынур быдэу уи фІэщ щІы (w14-U 15/4 21, абз. 17).
«ДИ УНАГЪУЭШХУЭМ МАМЫРЫГЪЭ ИЛЪЩ, АХЪШЭКІЭ ГУГЪУЕХЬ ДЫЗЭРИІЭМ ЕМЫЛЪЫТАУЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Ди къуэш Мигель Новоа и щапхъэм уэ сытым ухуригъасэрэ?