Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

«КъыкІэрымыхун!» (2023-нэ гъэм екІуэкІ конгрессым и уэрэдыр)

«КъыкІэрымыхун!» (2023-нэ гъэм екІуэкІ конгрессым и уэрэдыр)

(Аввакум 2:3)

Къихын:

  1. 1. Дахэу мы дунейр, Адэ, къэбгъэщІащ.

    А псоми къыхощ уи лъагъуныгъэ куур.

    Иеговэ, уэ уи гум илъщ мурад:

    Ди щІылъэр жэнэт щІэрыщІэу уэ пщІыжынщ.

    (ЕЖЬУ)

    Уи дунеищІэр къос, быдэу ар мэхъу ди фІэщ!

    Уи псалъэм уэ ухуэпэжщ.

    Дыгъэри къыкъокІыж, уэри жыпІар къэхъунщ.

    Уэ тебухуа махуэр зэи

    «КъыкІэрымыхун!»

  2. 2. Уи ныбжьэгъухэр дэ къедгъэблэгъэжынщ,

    Дахащэу жэнэт абыхэм ептыжынщ.

    Уи гум ахэр илъщ, фІыщэуи уолъагъу,

    Абыхэм пхуащІар уэ зэи пщымыгъупщэн.

    (ЕЖЬУ)

    Уи дунеищІэр къос, быдэу ар мэхъу ди фІэщ!

    Уи псалъэм уэ ухуэпэжщ.

    Дыгъэри къыкъокІыж, уэри жыпІар къэхъунщ.

    Уэ тебухуа махуэр зэи

    «КъыкІэрымыхун!»

  3. 3. Зи гур къабзэхэр къыболъыхъуэ уэ,

    Гъунэгъу зыхубощІ, гугъапІэри ибот.

    Дэри хъыбарыфІ цІыхухэм яхудохь,

    Уэ дзыхь къытхуэпщІар дэ икІэм нэдгъэсынщ.

    (ЕЖЬУ)

    Уи дунеищІэр къос, быдэу ар мэхъу ди фІэщ!

    Уи псалъэм уэ ухуэпэжщ.

    Дыгъэри къыкъокІыж, уэри жыпІар къэхъунщ.

    Уэ тебухуа махуэр зэи

    «КъыкІэрымыхун!»

    ИкІэм нэс уэ дыппэплъэнщ!

(Абы нэмыщІ феплъ Кол. 1:11.)