122 УЭРЭДЫР
ФыкъимыкІуэту быдэу фыщыт
-
1. ЦІыхухэм я гъащІэр гугъу хъуащ, къохьэлъэкІ,
Къапэщылъ псом щхьэкІэ шынэ ягу илъщ,
ЛІыгъэр, быдагъэр тхэлъын псоми хуейщ,
Адэм дэ дыхуэпэжынщ.
ЕЖЬУ
Быдагъэ псоми тхэлъынщ,
Дэ мы дунейм дытекІуэнщ.
Псоми дыпэлъэщынщ,
ГугъапІэр дигу илъынщ.
-
2. Мы дунеижьым хъуапсагъэ щыкуэдщ,
Тхьэм и еплъыкІэм дэ дыкъихъумэнщ.
Пэжым дытетмэ, Іейр тщІымэ ІэщІыб,
Къабзэу дэ ди гур тхъумэнщ.
ЕЖЬУ
Быдагъэ псоми тхэлъынщ,
Дэ мы дунейм дытекІуэнщ.
Псоми дыпэлъэщынщ,
ГугъапІэр дигу илъынщ.
-
3. Адэм жыджэру дэ дыхуэлэжьэнщ,
Зигу къабзэ цІыхухэр и деж къетшэлІэнщ.
Псэемыблэжу дэ Ар дгъэлъэпІэнщ,
И губжь махуэшхуэр къэсынщ.
ЕЖЬУ
Быдагъэ псоми тхэлъынщ,
Дэ мы дунейм дытекІуэнщ.
Псоми дыпэлъэщынщ,
ГугъапІэр дигу илъынщ.
(Абы нэмыщІ феплъ Лк. 21:9; 1 Пет. 4:7.)