Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

65 УЭРЭДЫР

ИпэкІэ фыкІуатэ!

ИпэкІэ фыкІуатэ!

(Еврейхэм 6:1)

  1. 1. Уи щІэныгъэр хэгъахъуэ, абы егугъу.

    Уи зэфІэкІхэр хэхъуэнщ, Тхьэм Іущагъыр уэ къыуитынщ.

    Умышынэу жыджэру хъыбарыр гъэІу,

    Иеговэ уэ щыгугъ.

    Дэ Алыхьым къалэн къыдитащ,

    ХъыбарыфІыр жетІэну дунейм.

    Зи гур къабзэр Иеговэ гъунэгъу хуэхъунщ.

    ФІэщхъуныгъэм быдэу тет!

  2. 2. ЕгъэфІакІуэ, жыджэру хъыбарыр гъэІу.

    ЛІыгъэ пхэлъу цІыху псоми Иеговэ егъэцІыху.

    ГурыфІыгъуэ уигу илъу гъэлъапІэ Тхьэр.

    Лъагъуныгъэм быдэу тет.

    КъытпэщІэтми дэ нобэ бий куэд,

    Дымышынэу дэ и Іэр тІыгъынщ.

    Пащтыхьыгъуэм къихьынур дэ яжетІэнщ,

    И пэжыгъэр къедгъэщІэнщ.

  3. 3. ЦІыхур пэжым хуегъаджэ, абы хущІэкъу.

    Нэгъэсауэ гъэзащІэ Иеговэ дзыхь пхуищІар.

    Иеговэ къару, лІыгъэ къыпхилъхьэнщ.

    ГурыфІыгъуэ уэ къыуитынщ.

    ШыІэныгъэри уэ зыхэгъэлъ,

    ЦІыху ебгъаджэми и гум лъэІэс.

    Мы дунейм къыхэкІыну уэ дэІэпыкъу,

    Уи щапхъэфІыр егъэлъагъу.

(Абы нэмыщІ феплъ Флп. 1:27; 3:16; Евр. 10:39.)