Алыхьым игу иримыхь фІэщхъуныгъэхэмрэ хабзэхэмрэ
11-нэ урок
Алыхьым игу иримыхь фІэщхъуныгъэхэмрэ хабзэхэмрэ
Сыт хуэдэ фІэщхъуныгъэхэмрэ хабзэхэмрэ мытэмэмыр? (1)
Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм я фІэщ хъун хуей Алыхьыр Тхьэнапищу? (2)
Сыт Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм щІамыгъэлъапІэр Рождествор, ІутІыжыр (Пасхэр), къыщалъхуа махуэхэр? (3, 4)
ЛІахэр псэухэм зэран хуэхъуфыну? (5)
Жор зыфІэлІыхьар Хьисэ? (6)
Сыт хуэдизкІэ нэхъапэ Алыхьым и гум удыхьэныр? (7)
1. ФІэщхъуныгъэу, хабзэу щыІэ псори Іейкъым. Ауэ абыхэм щыщу Алыхьым идэкъым дин нэпцІым къыщежьахэмрэ Библием зыхуригъаджэм темыхуэхэмрэ (Матфей 15:6).
2. Тхьэнапищ. Иеговэ Тхьэнапищу щыт личностищыр зы Алыхь хъууэ? Хьэуэ! Иеговэ-Адэр «Тхьэ пэж закъуэращ» (Иуан 17:3; Марк 12:29). Хьисэ абы япэ къигъэщІауэ и унафэм щІэту и Къуэу аращ (1 Коринф 11:3). Адэр Къуэм нэхърэ нэхъыщхьэщ (Иуан 14:28). Дух ЛъапІэр личносткъым, атІэ мыувыІэу лажьэ Алыхьым и къарурщ (1 Мусэ 1:2; Апостолхэм 2:18, СБ).
3. Рождествомрэ ІутІыжымрэ. Хьисэ къыщалъхуар декабрым и 25-р аракъым. Ар къыщалъхуар хуэгъэфэщауэ октябрым и 1-ращ, мэлыхъуэхэм я хъушэр жэщкІэ щІыбым щаІыгъ зэманыращ (Лука 2:8—12). Хьисэ зэикІ жиІакъым и гъуэгу ирикІуэхэм езыр къыщалъхуа махуэр ягъэлъэпІэн хуейуэ. Абы и еджакІуэхэм ящымыгъупщэжыну яжриІар щылІа махуэращ (Лука 22:19, 20). Рождествомрэ абы ехьэлІа хабзэхэмрэ къыщежьэр пасэрей дин нэпцІхэращ. Ар дыдэр хужыпІэ хъунущ ІутІыжым ехьэлІа хабзэхэм: джэдыкІэ лахэмрэ тхьэкІумэкІыхьхэмрэ къэгъэсэбэпыным. Пасэрей зэманым Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм ягъэлъапІэтэкъым Рождествори ІутІыжри. ЯгъэлъапІэкъым ахэр нобэ Хьисэ и гъуэгу пэжу ирикІуэхэми.
4. Къыщалъхуа махуэхэр. Къыщалъхуа махуэр ягъэлъапІэу хъыбаритІ къудейщ Тхыгъэ ЛъапІэм итыр, тІум щыгъуи зыгъэлъапІэ цІыхухэр Иеговэ хуэлажьэу щытакъым (1 Мусэ 40:20—22; Марк 6:21, 22, 24—27). Япэу Хьисэ и гъуэгу теувахэм ягъэлъапІэу щытакъым къыщалъхуа махуэхэр. Къыщалъхуа махуэр гъэлъэпІэныр къыздикІыр пасэрей дин нэпцІхэращ. Пэжу Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм илъэсым къриубыдэу адрей махуэхэм тыгъи ят, зэгъусэуи зэманыр хъарзынэу ягъакІуэ.
5. ЛІам щышынэн. ЛІахэм зыри зэхащІэжкъым икІи зыри къуащІэфынукъым. Дэ абыхэм дадэІэпыкъуфынукъым, езыхэри зэран къытхуэхъуфынукъым (Забур 145:4; Екклесиаст 9:5, 10). Псэр малІэ; ар псэукъым цІыхур лІа иужькІэ (Иезекил 18:4). Ауэ зэзэмызэ жин бзаджэхэм, демонкІэ зэджэхэм, лІахэм япІэкІэ зыкъуагъэлъагъу. ЛІахэм ущызыгъэшынэ, ахэр бгъэлъэпІэн хуей зыщІ хабзэхэр тэмэмкъым (Исай 8:19).
6. Жор. Хьисэ зыфІэлІыхьар жоркъым. Ар зыфІэлІыхьар пкъощ е ентІырщ. Грек псалъэ Библие куэдым «жор» жиІэу щызэдзэкІам къикІыр пкъощ. Жор символыр къызыхэкІар пасэрей дин нэпцІхэращ. Пасэрей зэманым Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм жор къагъэсэбэптэкъым икІи ар ягъэлъапІэтэкъым. Абы къыхэкІкІэ, Алыхьыр щагъэлъапІэкІэ жор къэгъэсэбэпыныр тэмэму къэплъытэрэ уэ? (5 Мусэ 7:26; 1 Коринф 10:14).
7. ДауикІ, и щхьэкІэ жыхуэтІа фІэщхъуныгъэхэр, е хабзэхэр къэбгъэнэныр икъукІэ гугъущ. Уи Іыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ фІэщхъуныгъэ уиІахэр уамыгъэхъуэжыну хэтынкІэ хъунущ. Ауэ Алыхьым и гум удыхьэныр куэдкІэ нэхъапэщ, цІыхухэм я гум удыхьэным нэхърэ (Ущие 29:25; Матфей 10:36, 37).
[Сурэт, 22-нэ напэкІуэцІ]
Алыхьыр Тхьэнапищкъым
[Сурэт, 23-нэ напэкІуэцІ]
Рождествомрэ ІутІыжымрэ пасэрей дин нэпцІхэм къыхэкІащ
[Сурэт, 23-нэ напэкІуэцІ]
ЛІахэм уащІыщышынэни щІэбгъэлъэпІэни щхьэусыгъуэ лъэпкъ щыІэкъым