ГъащІэмрэ лъымрэ хуэщІын хуей пщІэр
12-нэ урок
ГъащІэмрэ лъымрэ хуэщІын хуей пщІэр
Дауэ дызэреплъын хуейр дэ гъащІэм? (1) абортым? (1)
Дауэ Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр зэрыхущІэкъур гъащІэмкІэ шынагъуэ Іуэхугъуэхэр ямыщІэным? (2)
Хъуну псэущхьэхэр быукІ? (3)
Сыт хуэдэ ІуэхугъуэхэмкІэ къэгъэлъэгъуа зэрыхъур гъащІэм пщІэ зэрыхуэдмыщІыр? (4)
Сыт итыр Алыхьым и законым лъым щхьэкІэ? (5)
А законым къиубыдрэ лъы хэгъэлъэдэныр? (6)
1. Иеговэ гъащІэм и КъежьапІэщ. Псэ зыІут псоми гъащІэ зэраІэр зи фІыщІэр Алыхьыращ (Забур 35:10). ГъащІэр Алыхьым дежкІэ лъапІэщ. Иеговэ дежкІэ лъапІэщ уеблэмэ, къамылъхуауэ ныбэм илъ сабийм и гъащІэри. Ныбэм илъ апхуэдэ сабийр пщІэуэ быукІыныр гуэныхьщ Алыхьым дежкІэ (2 Мусэ 21:22, 23; Забур 126:3).
2. Хьисэ и гъуэгу пэжу тетхэр хущІокъур я гъащІэмкІэ шынагъуэ зыпылъ Іуэхугъуэхэр ямыщІэным. Ахэр кІэлъоплъ я мэшынэхэри, я унэхэри гъащІэмкІэ шынагъуэу щымытыну (5 Мусэ 22:8). Алыхьым и лэжьакІуэхэр я гъащІэм ириджэгукъым, гухэхъуэ гуэрхэр зрагъэгъуэтын щхьэкІэ. Аращ ахэр щІыхэмытыр цІыхум зэраныгъэ зэрепх, гущІэгъуншагъэ зыхэлъ спортхэм. Абыхэм залымыгъэ щІэным тезыгъэгушхуэ нэгузегъэужьыкІэхэм зыщадзей (Забур 10:5; Иуан 13:35).
3. Псэущхьэхэм я гъащІэри лъапІэщ 1 Мусэ 3:21; 9:3; 2 Мусэ 21:28). Ауэ псэущхьэхэм Іейуэ яхущытыныр, спортым щхьэкІэ укІыныр е Іуэхугъуэ мыхьэнэншэкІэ уджэгуу укІыныр тэмэмкъым (Ущие 12:10).
ДыкъэзыгъэщІам дежкІэ. Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм яукІ хъунущ псэущхьэхэр шхынкІэ, щыгъынкІэ я щхьэ зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ, е узыгъуэ, шынагъуэ гуэрым зыщахъумэн щхьэкІэ (4. Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр тутын ефэ, бетел ягъэныщкІу хъунукъым, икІи наркотик зыхаІукъым гухэхъуэ ягъуэтын щхьэкІэ. Ахэр псори пщІэныр Іейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ: 1) абыхэм я пщылІ дащІ, 2) Іэпкълъэпкъым зэран хохъу икІи 3) ахэр фІейщ (Рим 6:19; 12:1, СБ; 2 Коринф 7:1). А хьэл-щэнхэр гугъу мэхъу зыхэбнэну. Ауэ дэ ар зыхэднэн хуейщ, Иеговэ арэзы тщІын щхьэкІэ.
5. Лъыри лъапІэщ Алыхьым дежкІэ. Алыхьым жеІэ псэр, нэгъуэщІу жыпІэмэ, гъащІэр, лъым хэлъу. Абы щхьэкІэ лъыр пшхы хъунукъым. Апхуэдэуи, лъыр псори зыщІэмыгъэжа лы пшхы хъунукъым. Псэущхьэр тхьэламэ е къапхъэным дэлІыхьамэ, пшхы хъунукъым. БжьыкІэ е ІэщэкІэ яукІа псэущхьэр яшхынумэ, псынщІэу лъыр щІэгъэжын хуейщ (1 Мусэ 9:3, 4; 3 Мусэ 17:13, 14; Апостолхэм 15:28, 29).
6. ЦІыхум лъы хэбгъэлъадэ хъунукъэ? Зыщомыгъэгъупщэ, Иеговэ хуейщ дэ лъым зыщытхъумэну. Абы къикІыращ, дэ зэикІ сыт хуэдэ щІыкІэкІи ди Іэпкълъэпкъым хэдгъыхьэ хъунукъым нэгъуэщІ цІыхум илъ, уеблэмэ, дэ езым къытхашауэ зыщІыпІэ щахъумари (Апостолхэм 21:25). Абы къыхэкІкІэ, Хьисэ и гъуэгу пэжу тетхэм лъы зыхрагъэкІэнукъым. Ахэр арэзыщ нэгъуэщІ сыт хуэдэ лечениемкІи, псалъэм папщІэ, лъы зыхэмыт хущхъуэ зыхрагъэкІэнымкІэ. Ахэр хуейщ псэуну, ауэ хэткъым Алыхьым и унафэхэм ебакъуэу я гъащІэр кърагъэлыну (Матфей 16:25).
[Сурэтхэр, 25-нэ напэкІуэцІ]
Алыхьыр арэзы тщІыну дыхуеймэ, дэ зыщыддзейн хуейщ лъы хэгъэлъэдэным, Іуэхугъуэ фІейхэм, гъащІэм ириджэгуным.