Хэт Хьисэ бегъымбарыр?
3-нэ урок
Хэт Хьисэ бегъымбарыр?
Сыт Хьисэ Алыхьым и Къуэ «щыпэлъху» щІыфІащар? (1)
Сыт абы «ПсалъэкІэ» щІеджэр? (1)
Сыт Хьисэ цІыхуу щІым къыщІэкІуар? (2—4)
Сытыт абы Іуэху телъыджэхэр щІилэжьар? (5)
Сыт ищІэнур Хьисэ куэд мыщІэу? (6)
1. Хьисэ щІым къэкІуэн ипэкІэ уафэм щыпсэуащ нэрымылъагъу мелыІычу. Алыхьым Хьисэ псом япэ къигъэщІащ — аращ абы Алыхьым и Къуэ «щыпэлъхукІэ» щІеджэр (Колоссэ 1:15, СБ; Апокалипсис 3:14, СБ). Алыхьым езым и закъуэу къигъэщІар Хьисэ и закъуэщ. Хьисэ цІыху хъун ипэкІэ Иеговэ ар «дэІэпыкъуэгъу ІэкІуэлъакІуэу» къигъэсэбэпащ, уафэми щІылъэми щыІэ псори ищІын щхьэкІэ. Апхуэдэуи ар Алыхьым и лІыкІуэ нэхъыщхьэу къигъэсэбэпащ (Ущие 8:22—31, ИБ; Колоссэ 1:16, 17). Аращ Хьисэ «ПсалъэкІэ» щІеджэр (Иуан 1:1—3; Апокалипсис 19:13).
2. Алыхьым и Къуэр щІылъэм къигъэкІуащ, абы и гъащІэр Мэрем уэндэгъугъэкІэ кІэрилъхьэри. Аращ Хьисэ цІыхуу адэ щІимыІар. Абы щхьэкІэщ гуэныхьри, дагъуэри абы къыщІылъымысар. Алыхьым Хьисэ щІым къыщІигъэкІуам щхьэусыгъуищ иІащ: 1) Алыхьым теухуа пэжыр цІыхухэм яжриІэну (Иуан 18:37), 2) и гъащІэр дагъуэншэу ирихьэкІыу, дызэрыпсэун хуейм и щапхъэ дигъэлъэгъуну (1 Петр 2:21), 3) и гъащІэр иту, цІыхубэр гуэныхьымрэ ажалымрэ къригъэлыну. Сыт абы хуей щІэхъуар? (Матфей 20:28).
3. Япэ цІыху Іэдэм Алыхьым и унафэм зэребэкъуамкІэ Тхыгъэ ЛъапІэр «гуэныхькІэ» зэджэр ищІащ. Абы щхьэкІэ Алыхьым Іэдэм лІэну жриІащ (1 Мусэ 3:17—19). Ар Алыхьым и жыпхъэхэм афІэкІ техуэжтэкъыми аращ дагъуэ иІэ щІэхъуар. Хуэм-хуэмурэ Іэдэм жьы хъури лІащ. Іэдэм гуэныхьыр и бын псоми иритыжащ. Аращ дэри жьы дыщІэхъур, дыщІэсымаджэр, дыщІэлІэр. Дауэ къегъэла хъуну цІыху псори? (Рим 3:23; 5:12).
1 Тимофей 2:5, 6; Иуан 3:16; Рим 5:18, 19).
4. Хьисэ Іэдэм хуэдэу цІыху дагъуэншэу щытащ. Ауэ Іэдэм хуэмыдэу, ар сыт хуэдэ гъэунэхуныгъэ имыхуами Алыхьым хуэпэжу къэнащ. Абы къищэхужыфынут цІыхухэр, Іэдэм и гуэныхьым щхьэкІэ и цІыху гъащІэ дагъуэншэр итамэ. Абы Алыхьым и Псалъэр зэрытепсэлъыхьыр «щхьэщэхуж» жиІэущ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ Іэдэм и бынхэм яІэ хъуащ лІэныгъэм къызэрыІэщІэкІын Іэмал. Хьисэ зи фІэщ хъу цІыхухэм я гуэныхьхэр къахуэгъуфынущ, икІи абыхэм игъащІэкІэ псэуну Іэмал яІэщ (5. ЩІылъэм щыщыпсэум Хьисэ сымаджэхэр игъэхъужт, мэжалІэхэр игъашхэт, борэнхэр игъэувыІэт. Абы лІа нэгъунэ къигъэтэджыжт. Сытыт абы а Іуэху телъыджэхэр щІилэжьар? 1) Абы фІэгуэныхь хъут гугъу ехь цІыхухэр, икІи абыхэм ядэІэпыкъуну хуейт. 2) А телъыджэхэм къагъэлъагъуэт ар Алыхьым Зэрикъуэр. 3) Абыхэм къагъэлъэгъуащ щІылъэм и тепщэу щыщытынум деж абы цІыху жыІэдаІуэхэм сыт яхуищІэнуми (Матфей 14:14; Марк 2:10—12; Иуан 5:28,29).
6. Хьисэ лІэри, нэрымылъагъу мелыІычым хуэдэу Алыхьым къигъэтэджыжащ, икІи абы уафэм игъэзэжащ (1 Петр 3:18). Зэман дэкІа нэужь ар Алыхьым Пащтыхьу игъэуващ. Мыгувэу Хьисэ мы щІылъэм гугъуехьхэри Іей псори тригъэкІыжынущ (Забур 36:9—11; Ущие 2:21, 22).
[Сурэтхэр, 7-нэ напэкІуэцІ]
Хьисэ щІым къыщІэкІуауэ щытар иригъэджэну, телъыджэ къигъэлъэгъуэну, и гъащІэри дэ щхьэкІэ итыну арат