1 разделыр къэпщытэжын
Уезыгъаджэм и гъусэу мы упщІэхэр зэпкърыфх:
КъэкІуэну зэманым теухуауэ Библием ит сыт хуэдэ гугъэ дахэра уэ нэхъ уигу ирихьыр?
(2 урокым еплъ.)
Библиер Алыхьым и Псалъэу сыт уэ къыщІэплъытэр?
Алыхьым и цІэмкІэ зыхуэбгъэзэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
(4 урокым еплъ.)
Библием щыжыІащ гъащІэр Алыхьым къыбгъэдэкІыу (Псалом 36:9). Ар уэ уи фІэщ хъурэ?
(6 урокым еплъ.)
Фыкъеджэ Притчи 3:32.
Иеговэ ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэу щыту сыт жыпІэ щІэхъунур?
Иеговэ и ныбжьэгъухэм сыткІэ щыгугърэ? Дауэ уеплърэ, абы Іущагъ хэлъ?
Фыкъеджэ Псалом 62:8.
Иеговэ зыхуэбгъазэу сыт къыпхуищІэну узэрелъэІуар? Сыт Алыхьым иджыри узэрелъэІу хъунур?
Иеговэ ди тхьэлъэІухэм дапхуэдэу жэуап зэрыритыр?
(9 урокым еплъ.)
Фыкъеджэ Еврейхэм 10:24, 25.
Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ уэ къыпхуахьынур?
ЗэІущІэхэм уекІуэлІэн щхьэкІэ къару епхьэлІэну хуэфащэ?
(10 урокым еплъ.)
Библием махуэ къэс уеджэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Сыт хуэдэ графиккІэ уэ Библием узэреджэр?
(11 урокым еплъ.)
Библиер щыбджым къэпщІам щыщу сыт нэхъ уигу ирихьар?
Библиер бджын зэрыщІэбдзэрэ гугъуехь гуэрхэм упэщІэхуа? Сыт хуэдэхэм? Библие джыныр къомыгъэнэну сыт къыбдэІэпыкъунур?
(12 урокым еплъ.)