43 УРОКЫР
Алыхьым и лэжьакІуэр дауэ фадэм зэрыхущытын хуейр?
Дуней псом цІыхухэр фадэм зэрыхущытыр зэщхькъым. Хэти фІэфІщ и ныбжьэгъухэм я гъусэу ефэну, хэти фадэ зыІуимылъхьэххэну унафэ ищІащ, хэти къэувыІэжыкІэ имыщІэу йофэ. НтІэ, фадэм теухуауэ Библием сыт итыр?
1. Фадэ уефэ мыхъуну Библием ит?
Фадэ уефэ мыхъуну Библием иткъым. Абы зэритщи, шагъырыр Алыхьым цІыхухэм ярита тыгъэхэм ящыщ зыщ. Библием жеІэ шагъырым цІыхур нэжэгужэ зэрищІыр (Псалом 104:14, 15). Алыхьым и лэжьакІуэхэу Библием зи гугъу ищІхэм щыщу языныкъуэхэр фадэ иныкъуэм деж ефэу щытащ (1 Тимофей 5:23).
2. Фадэ ефэным теухуауэ сыт хуэдэ чэнджэщ Библием итыр?
Иеговэ идэкъым фадэкІэ ебгъэлеину икІи ефэрейуэ ущытыну (Галатие 5:21). Алыхьым и Псалъэм итщ: «Уахэмыхьэ фадэм дихьэххэм» (Притчи 23:20, Гъэсэпэтхыдэхэр). Уи закъуэу уефэми е зыгуэрым и гъусэу уефэми зыщомыгъэгъупщэ, уи узыншагъэм зэран ухуэхъуху е уи акъылым уикІыу, жыпІэри пщІэри къыбгурымыІуэжу ухъуху, уефэ зэрымыхъунур. Уи пІалъэр умыщІэжмэ, фадэ уемыфэххэну унафэ пщІымэ нэхъыфІщ.
3. Адрейхэм къащта унафэм дапхуэдэу пщІэ зэрыхуэтщІ хъунур?
Дэтхэнэ зы цІыхуми езым унафэ ищІыжын хуейщ фадэ ефэнрэ емыфэнрэ. ЦІыхум иримыгъэлейуэ ефэмэ, ар дгъэкъуаншэ хъунукъым икІи фадэ зыІуимылъхьэну унафэ къэзыщтар ефэну хэдгъэзыхь хъунукъым (Рим 14:10). Уемыфэххэмэ нэхъыфІщ, уефэрэ, зыгъэлъэпэрэпэн мывэ нэгъуэщІхэм уахуэхъу нэхърэ. (Къеджэ Рим 14:21.) Тхыгъэ ЛъапІэм итщ: «Езым и фІагъ зыхэлъым и ужь иремыт хэти, атІэ нэгъуэщІ цІыхухэм я фІагъ зыхэлъым и ужь ирырет». (Къеджэ 1 Коринф 10:23, 24.)
НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
Фадэ уефэнрэ уемыфэнрэ икІи уефэну мурад пщІамэ, дапхуэдиз уефэнуми зэхэбгъэкІыну къыбдэІэпыкъуну Библием ит принципхэр къащІэ. Уи пІалъэр умыщІэжу гу лъыптамэ, сыт къыбдэІэпыкъунуми къащІэ.
4. Фадэ уефэнрэ уемыфэнрэ унафэ щІы
Хьисэ дапхуэдэут фадэм зэрыхущытыр? Жэуапыр къэтщІэн щхьэкІэ, Хьисэ япэ дыдэу телъыджэ ищІар дигу къэдгъэкІыжынщ. Иуан 2:1—11 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:
-
Мы хъыбарым тепщІыхьмэ, Хьисэ дапхуэдэут зэрыхущытыр фадэмрэ фадэ ефэхэмрэ?
-
Фадэ зыІузылъхьэ цІыхухэр Хьисэ игъэкъуаншэу щыщымытакІэ, фадэ ефэхэм дапхуэдэу дэ дазэрыхущытын хуейр?
Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр фадэ ефэ хъунуми, ар къыщемызэгъи щыІэщ. Притчи 22:3 итым къеджи мыпхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж фадэ уефэнрэ уемыфэнрэ егупсыс:
-
рулым уІутІысхьэнумэ е техникэкІэ улэжьэнумэ;
-
сабий уиІэну уежьэмэ;
-
дохутырым фадэ уемыфэну къыбжиІамэ;
-
фадэ ущефэкІэ укъэмыувыІэжыфмэ;
-
къэрал унафэм уефэну имыдэмэ;
-
япэм фадэкІэ езыгъэлейуэ щыта, ауэ иджы зыІуимылъхьэну мурад зыщІа цІыху къыфхэтмэ.
ХьэгъуэлІыгъуэм е зэныбжьэгъухэр фыщызэхуэсым деж, фи Іэнэм фадэ къытебгъэувэнрэ къытомыгъэувэнрэ къыбгурыІуэну мы видеор къыбдэІэпыкъунущ. ВИДЕОМ еплъ.
Рим 13:13, 1 Коринф 10:31, 32 итым къеджэ. Едзыгъуэ къэс уеджа иужь мы упщІэм жэуап ет:
-
Иеговэ арэзы зытехъуэн унафэ къэпщтэн щхьэкІэ, мы принципыр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур?
5. Фадэм теухуауэ уи пІалъэр щІэж
Фадэ уефэну Иеговэ идэу щытми, абыкІэ ебгъэлеину абы идэкъым. Сыт щхьэкІэ? Осия 4:11, 18 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:
-
ЦІыхум фадэкІэ иригъэлеймэ, сыт къэхъункІэ хъунур?
Лей уемыфэн щхьэкІэ, сыт пщІэ хъунур? Фадэм теухуауэ уи пІалъэр пщІэжын хуейщ икІи уи щхьэм ущыгугъыж хъунукъым. Притчи 11:2 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:
-
Дапхуэдиз уефэнуми унафэ щІэпщІын хуейр сыт?
6. ФадэкІэ егъэлеиныр хьэл пхуэхъуамэ, дапхуэдэу абы узэрыпэлъэщынур?
ФадэкІэ егъэлеиным пэлъэщыну зы цІыхухъу гуэрым къыдэІэпыкъуар сытми къащІэ. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:
-
Дмитрий ефа иужь дапхуэдэут зэрызищІыр?
-
Абы ефэн занщІэу щигъэтыжыфа?
-
Фадэм текІуэну сыт абы къыдэІэпыкъуар?
1 Коринф 6:10, 11 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:
-
ФадэкІэ езыгъэлейм къихь гуэныхьым и хьэлъагъым теухуауэ сыт Библием жиІэр?
-
Мы едзыгъуэхэм дапхуэдэу къызэрыхэщыр фадэкІэ езыгъэлейхэм ар къызэрагъэнэфынур?
Маттэ 5:30 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:
-
«Уи Іэр... пыупщІ» жиІэм къикІыр Иеговэ бгъэгуфІэн щхьэкІэ зыгуэр къэбгъэнэн зэрыхуеинкІэ хъуныращ. Фадэм утекІуэну ухуеймэ, сыт пщІэ хъунур? a
1 Коринф 15:33 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:
-
Фадэ куэду ефэхэм уаригъусэмэ, ар сыткІэ зэран къыпхуэхъуфыну?
ЗЫГУЭР КЪОУПЩІЫНКІЭ ХЪУНУЩ: «Алыхьым и лэжьакІуэр фадэ ефэ мыхъуну ара?»
-
Сыт хуэдэ жэуапт уэ абы ептынур?
КЪЭПЩЫТЭЖ
Иеговэ цІыхухэм фадэ щІаритар абы гуфІэгъуэ хахын щхьэкІэщ, ауэ ебгъэлеину икІи ефэрейуэ ущытыну абы идэкъым.
Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:
-
Фадэм теухуауэ сыт Библием итыр?
-
ФадэкІэ ебгъэлеймэ, сыт хуэдэ зэран абы къикІынкІэ хъунур?
-
Фадэм теухуауэ адрейхэм къащта унафэм дапхуэдэу пщІэ зэрыхуэтщІ хъунур?
НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
Фадэ ефэнрэ емыфэнрэ унафэ ящІыну сыт ныбжьыщІэхэм къадэІэпыкъунур?
Фадэм удихьэхамэ, абы упэлъэщыну сыт къыбдэІэпыкъунур?
«Фадэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм зивгъэІэ» («ХъумакІуэ чэщанэ», щІышылэм и 1, 2010 гъэ, урысыбзэкІэ)
Иеговэ и лэжьакІуэхэм хъуэхъу жаІэ хъуну?
«Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» («ХъумакІуэ чэщанэ», мазаем и 15, 2007 гъэ, урысыбзэкІэ)
«Си ныбжьэгъур щІэ зимыІэ фэндырэкІэ къызэджат» жыхуиІэ статьям еджи, зы цІыхухъу гуэр фадэкІэ егъэлеиным зэрыпэлъэщар къащІэ.
«Библием гъащІэр ехъуэж» («ХъумакІуэ чэщанэ», накъыгъэм и 1, 2012 гъэ, урысыбзэкІэ)
a ФадэкІэ езыгъэлейхэм щыщу языныкъуэхэм дохутыр зыдамыгъэІэпыкъуу хъунукъым. Дохутыр куэдым зэрыжаІэмкІэ, апхуэдэ цІыхухэр емыфэххэмэ нэхъыфІщ.