Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

51 УРОКЫР

Фи псэлъэкІэмкІэ Иеговэ вгъэгуфІэ

Фи псэлъэкІэмкІэ Иеговэ вгъэгуфІэ

Иеговэ дэ зэфІэкІ дахащэ къытхилъхьащ — дыпсэлъэфу абы дыкъигъэщІащ. А тыгъэр къызэрыдгъэсэбэп щІыкІэм Иеговэ мыхьэнэ ириту пІэрэ? ДауикІ, ирет! (Къеджэ Екъуб 1:26.) Дапхуэдэу дэ ди бзэр къызэрыдгъэсэбэпын хуейр, Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ?

1. Дапхуэдэу ди бзэр къызэрыдгъэсэбэпын хуейр?

Библием дыкъыхуреджэ: «Зым адрейр ирырегъэгушхуэ икІи зым адрейм гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ ирырегъэгъуэт» (1 Фессалоникэ 5:11). Уэ пцІыхухэм щыщу хэт псалъэ гуапэ хуэныкъуэми егупсыс. Ар бгъэгушхуэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур? Абы жепІэ хъунущ ар уэ фІыуэ зэрыплъагъур икІи лъапІэу зэрыплъытэр. Псалъэм папщІэ, жепІэ хъунущ абы хэлъ хьэл-щэнхэм щыщу сыт хуэдэр нэхъ уигу ирихьми. Библием ит едзыгъуэ гуэркІэ ар бгъэгушхуэфыну пІэрэ? ЦІыхур зыгъэгушхуэфын едзыгъуэ куэд Библием итщ. Зыщомыгъэгъупщэ: жыпІэ псалъэхэм нэмыщІ, ахэр зэрыжыпІэ щІыкІэми мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы къыхэкІкІэ гуапэу, щабэу сыт щыгъуи узэрыпсэлъэным хущІэкъу (Притчи 15:1, Гъэсэпэтхыдэхэр).

2. Сыт хуэдэ псэлъэкІэм пэІэщІэ зыхуэтщІын хуей?

Библием щыжыІащ: «ЕмыкІу псалъэ фи жьэм къыжьэдэвмыгъэкІ». (Къеджэ Ефес 4:29.) Дэ дыхъуанэкъым, псалъэ фІей, псалъэ къемызэгъхэр къэдгъэсэбэпкъым икІи цІыхум и жагъуэ хъун, и пщІэр езыудыхын псалъэ жагъуэхэр жытІэкъым. А псом нэмыщІ дэ бзэгу зетхьэкъым, зыми пцІы тетлъхьэкъым, зыми и щэхуи дгъэІукъым. (Къеджэ Притчи 16:28, Гъэс.)

3. Ди псэлъэкІэмкІэ адрейхэр дапхуэдэу зэрыдгъэгушхуэфынур?

И нэхъыбэм ди псалъэхэм къыхощ ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэ (Лука 6:45). Аращи, дэ фІым, сэбэпынагъ зыхэлъым дегупсысу зедгъэсэн хуейщ икІи дигури ди акъылри пэжыгъэкІэ, къабзагъэкІэ, лъагъуныгъэкІэ дгъэнщІын хуейщ (Филиппи 4:8). А псор ди щхьэм илъу, зэрызыдгъэпсэху щІыкІэмрэ ныбжьэгъухэмрэ хэплъыхьауэ къыхэтхын хуейщ (Притчи 13:20). Абы нэмыщІ зыгуэр жытІэн ипэ, дыкъэувыІэу дегупсысын хуейщ ди псалъэхэр адрейхэм къазэрыщыхъунум. Библием итщ: «Зи бзэ хуэмысакъым и псалъэм, джатэм хуэдэу, укъеуІэ, ауэ цІыху Іущ и псалъэр хущхъуэм хуэдэщ» (Притчи 12:18).

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ икІи нэгъуэщІхэр дгъэгушхуэн щхьэкІэ сыт хуэдэ псэлъэкІэ диІэн хуейми къащІэ.

4. ЖыпІэм, ар зэрыжыпІэ щІыкІэм икІи щыжыпІэ зэманым кІэлъыплъ

Дэ псоми дызыхущІегъуэжын псалъэхэр щыжытІэ къохъу (Екъуб 3:2). Галатие 5:22, 23 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Мы пычыгъуэм зи гугъу ищІ хьэл-щэнхэм щыщу дэтхэнэхэра уэ къыбдэІэпыкъунур уи псэлъэкІэм укІэлъыплъыжыну? Сыт хуэдэ хьэл-щэнхэрат Иеговэ ущІелъэІунур, зыхэплъхьэну къыбдэІэпыкъун щхьэкІэ?

1 Коринф 15:33 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Нэгу зегъэужьыкІэ къыхэпххэмрэ уи ныбжьэгъухэмрэ уи псэлъэкІэр дапхуэдэу зэрахъуэжыфынур?

Экклезиаст 3:1, 7 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж зыри жыдмыІэмэ е жытІэну дызыхуеяр иужькІэ жытІэмэ щынэхъыфІыр?

5. Адрейхэм фІыкІэ ятепсэлъыхь

НэгъуэщІхэм я гум уемыуэну икІи фІыкІэ уатепсэлъыхьыну сыт къыбдэІэпыкъунур? ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • Къуэшым сыт мурад щІищІар адрейхэм зэрыхущытыр ихъуэжыну?

  • Абы зихъуэжын щхьэкІэ сыт ищІар?

Экклезиаст 7:16 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • НэгъуэщІхэм щхьэкІэ Іей гуэр жытІэну къыщыдрихьейм деж сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

Экклезиаст 7:21, 22 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Зыгуэр ІейкІэ къыщыптепсэлъыхьым деж уи жагъуэ умыщІыну мы едзыгъуэхэр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур?

6. Уи унагъуэм щІэсхэм гуапэу епсалъэ

Иеговэ хуейщ ди унагъуэм щІэсхэм щабэу, лъагъуныгъэ хэлъу депсэлъэну. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:

  • Уи унагъуэм щІэсхэм гуапэу уепсэлъэну сыт къыбдэІэпыкъунур?

Ефес 4:31, 32 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Ди псэлъэкІэмкІэ ди унагъуэм щІэсхэм дапхуэдэу зэрызыхедгъэщІэфынур ахэр фІыуэ зэрытлъагъур, пщІэи зэрахуэтщІыр?

Иеговэ псоми зэхахыу жиІащ и Къуэ Хьисэ фІыуэ зэрилъагъур. Маттэ 17:5 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Ди унагъуэм щІэсхэм дызэрепсалъэ щІыкІэмкІэ Иеговэ дапхуэдэу щапхъэ зэрытетхыфынур?

НэгъуэщІхэм уазэрыщытхъун Іэмал къэлъыхъуэ

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Сызыхуейр жызоІэ. Хуэмейр къызремыдаІуэ».

  • Ар пфІэтэмэм? Сыт щхьэкІэ?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Псалъэхэм къаруушхуэ щІэлъщ. Аращи, жытІэм, ар зэрыжытІэ щІыкІэм икІи щыжытІэ зэманым фІыуэ дыкІэлъыплъын хуейщ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Дауэ цІыхур псалъэкІэ зэрыбгъэгушхуэфынур икІи абы узэрыдэІэпыкъуфынур?

  • Сыт хуэдэ псэлъэкІэм уэ пэІэщІэ зыхуэпщІыну ухуей?

  • Ди псэлъэкІэр сытым дежи гуапэу, уигъэгушхуэу щытын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Ди псэлъэкІэр сытым дежи гуапэу щытыну сыт къыддэІэпыкъунур?

«„ЦІыху Іущ“ и псэлъэкІэ зэгъэгъуэт» (8:09)

Псалъэ фІей, псалъэ къемызэгъхэр жумыІэну сыт къыбдэІэпыкъунуми къащІэ.

«Хъуэнэным сыт Іейуэ хэлъыр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

Зыгуэрым ІейкІэ тепсэлъыхьу ежьа хъыбарыр къызэрыбгъэувыІэфынум теухуауэ еплъ.

«ЦІыхухэм я зэран къызэрыкІыфыну хъыбархэр дауэ къызэрыбгъэувыІэ хъунур?» (2:36)

Зы цІыхухъу гуэрым и псэлъэкІэ фІейр къигъэнэну Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуам теухуауэ къащІэ.

«СыщІэпсэум и мыхьэнэм куууэ сегупсысу щІэздзащ» («ХъумакІуэ чэщанэ», шыщхьэІум и 1, 2013 гъэ, урысыбзэкІэ)