Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

55 УРОКЫР

Дапхуэдэу уэ зэхуэсым сэбэп узэрыхуэхъуфынур?

Дапхуэдэу уэ зэхуэсым сэбэп узэрыхуэхъуфынур?

Зэхуэс мин куэдым хэт мелуан бжыгъэ хъу Иеговэ и Щыхьэтхэр гуфІэгъуэ яІэу Иеговэ хуолажьэ. ЗэІущІэхэм щагъуэт щІэныгъэмрэ щызэхах чэнджэщхэмрэ абыхэм лъапІэу ялъытэ икІи зэхуэсым сыт и лъэныкъуэкІи щІэгъэкъуэн зэрыхуэхъуным иужь итщ. Уэри апхуэдэ гурыщІэрэ гукъыдэжрэ уиІэу пІэрэ?

1. Уи зэманымрэ уи къарумрэ дапхуэдэу зэхуэсым зэрытебгъэкІуэдэфынур?

Дэ тщыщ дэтхэнэ зыри и зэхуэсым сэбэп хуэхъуфынущ. Уи зэхуэсым зи ныбжь хэкІуэта е лъэрымыхь хэтмэ, абыхэм сыткІэ уадэІэпыкъу хъунуми егупсыс. Псалъэм папщІэ, ахэр зэІущІэм пшэ, тыкуэным уахуэкІуэ е унэ Іуэху гуэркІэ уадэІэпыкъу хъунущ. (Къеджэ Екъуб 1:27.) Абы нэмыщІ дыщызэхуэс Унэхэр щызэщІакъуэкІэ, зыхуей щыхуагъазэкІэ сэбэп дыхъуфынущ. Дэ ар тщІэну зыми дыхигъэзыхькъым. Дэ Алыхьри, ди къуэш, ди шыпхъухэри фІыуэ долъагъури, сыткІи дэІэпыкъуэгъу дыхъуну дыхьэзырщ (Псалом 110:3).

Псым зыщІэзыгъэуахэм зэхуэсым дэІэпыкъуну Іэмал нэхъыбэж яІэщ. Библием къахуигъэувым тету псэу къуэшхэм Іэмал яІэщ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу лэжьэну икІи иужькІэ зэхуэсым и нэхъыжь хъуну. Къуэшхэри, шыпхъухэри пионеру лажьэ хъунущ, е нэгъуэщІу жыпІэмэ хъыбарыфІ гъэІуным зэман нэхъыбэ трагъэкІуадэ хъунущ. Языныкъуэ Иеговэ и Щыхьэтхэм Іэмал яІэщ дыщызэхуэс Унэхэр ухуэным хэтыну е хуабжьу дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэ зэхуэс здэщыІэ щІыпІэм Іэпхъуэну.

2. Дапхуэдэу уиІэмкІэ зэхуэсым узэрыдэІэпыкъу хъунур?

Дэ диІэм и нэхъыфІымкІэ Иеговэ дгъэлъэпІэфынущ (Притчи 3:9, Гъэсэпэтхыдэхэр). ХъыбарыфІыр дуней псом щыІун щхьэкІэ икІи зэхуэсыр зыхуей хуэзэн щхьэкІэ, дэ сэбэп дыхъуну дыхьэзырщ, псалъэм папщІэ ахъшэкІэ е нэгъуэщІ гуэркІэ. (Къеджэ 2 Коринф 9:7.) Дэ арэзыуэ тты ахъшэр гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуа къуэш, шыпхъухэм зыхуэныкъуэр Іэрагъэхьэн щхьэкІэ къагъэсэбэп. Куэдым мурад ящІащ зэхуэсым дэІэпыкъун щхьэкІэ щІэх-щІэхыурэ ашыкым ахъшэ иралъхьэну. (Къеджэ 1 Коринф 16:2.) Дыщызэхуэс Унэхэм щІэт ашыкхэм ахъшэ иплъхьэ хъунущ е donate.dan124.com сайтымкІэ ахъшэ ебгъэхь хъунущ. Арэзыуэ ахъшэ е нэгъуэщІ зыгуэр зэрыттыр Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур къызэрыдгъэлъэгъуэн Іэмалхэм ящыщ зыщ.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Уи зэхуэсым узэрыдэІэпыкъу хъуну Іэмалхэр къащІэ.

3. АхъшэкІэ дэІэпыкъуэгъу дыхъуфынущ

Адрейхэм ядэІэпыкъуну зигу ирихьхэр Иеговэрэ Хьисэрэ фІыуэ ялъагъу. Хьисэ и гъэсэнхэм фызабэ тхьэмыщкІэр щапхъэу къахуихьащ. Фызабэм ахъшэ мащІэ дыдэ фІэкІа имыІами, а иІа тІэкІур Иеговэ тыгъэу къыхуихьащ. Лука 21:1—4 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Арэзыуэ пты ахъшэр Іэмал имыІэу куэду щытын хуей, Иеговэ абы щыгуфІыкІын щхьэкІэ?

  • Ди гум къыбгъэдэкІыу ахъшэ щыттым деж Иеговэрэ Хьисэрэ сыт зыхащІэр?

Арэзыуэ тты ахъшэр здэкІуэр къэпщІэн щхьэкІэ ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:

  • Дэ тщІы тыгъэхэр дуней псом тет къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъур?

4. Дэ дэІэпыкъуэгъу дыхъуфынущ

Пасэрей зэманым псэуа Иеговэ и лэжьакІуэхэм яхузэфІэкІыу хъуар ящІэт, Алыхьыр щагъэлъапІэ унэр екІуу щытын щхьэкІэ. Абы ахъшэ тыным и закъуэтэкъым хиубыдэр. 2 Летопись 34:9—11 итым къеджи мы упщІэм егупсыс:

  • Иеговэ и Унэшхуэр зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ, израил цІыхухэм сытыт ящІэр?

Ноби Иеговэ и Щыхьэтхэр абыхэм я щапхъэм тетщ. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:

  • Дыщызэхуэс Унэхэр зыхуей хуэгъэзауэ, къабзэу щытыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

  • Уэ сыткІэ дэІэпыкъуэгъу ухъуфыну?

5. Къуэшхэм сыт ящІэ хъунур?

Библием къуэшхэр хуегъэуш зэхуэсым дэІэпыкъун щхьэкІэ яхузэфІэкІыр ящІэну. Зы щапхъэ деплъынщ. ВИДЕОМ еплъи мы упщІэм жэуап ет:

  • Зэхуэсым нэхъыбэу дэІэпыкъун щхьэкІэ сыт къуэшым ищІар?

Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу е и нэхъыжьу лэжьэну хуей къуэшхэм яхэлъын хуей хьэл-щэнхэр Библием итщ. 1 Тимофей 3:1—13 итым къеджи мы упщІэхэм егупсыс:

  • Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу е и нэхъыжьу лэжьэну хуей къуэшхэр дапхуэдэу зэрыщытын хуейр?

  • Абыхэм я унагъуэм щыщхэри дапхуэдэу зэрыщытын хуейр? (4, 11 едзыгъуэхэм еплъ.)

  • Библием къахуигъэувым къуэшхэр тетыну зэрыхущІэкъур зэхуэсым щыщхэм дапхуэдэу сэбэп зэрыхуэхъур?

ЗЫГУЭР КЪОУПЩІЫНКІЭ ХЪУНУЩ: «Иеговэ и Щыхьэтхэм я лэжьыгъэм текІуадэ ахъшэр дэнэ къыздрахыр?»

  • Апхуэдэу жызыІэм сыт хуэдэ жэуапт ептынур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Иеговэ ди зэманыр, ди къарур, ди ахъшэр зэхуэсым зэрытедгъэкІуадэр лъапІэу елъытэ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Уи зэманымрэ уи къарумрэ зэхуэсым дапхуэдэу зэрытебгъэкІуадэ хъунур?

  • АхъшэкІэ зэхуэсым дапхуэдэу дызэрыдэІэпыкъуфынур?

  • Дапхуэдэу уэ уи зэхуэсым удэІэпыкъуну узэрыхуейр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Іыхьэ пщІанэр ятыну Алыхьым и лэжьакІуэхэм къащІыхуимыгъэувыжыр къащІэ.

«Іыхьэ пщІанэм теухуауэ сыт Библием итыр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

Библием зэрыжиІэмкІэ, языныкъуэ къалэнхэр Алыхьым зи пщэ дилъхьар псым зыщІэзыгъэуа цІыхухъухэращ. Ауэ а къалэнхэр ди шыпхъухэм ягъэзэщІэн хуей хъумэ-щэ?

«Зэхуэсым нэхъыжь иІэн хуейуэ Иеговэ щІытриухуам и щхьэусыгъуэр къывгурыІуэу пІэрэ?» («ХъумакІуэ чэщанэ», мазае, 2021 гъэ)

Ди къуэш, ди шыпхъухэм ди тхыгъэхэр псэемыблэжу яІэрызыгъэхьэ Иеговэ и Щыхьэтхэр зэгъэцІыху.

«Конго щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм ди тхыгъэхэр къазэрыІэрыхьэр» (4:25)

НэгъуэщІ динхэм ахъшэ зэрыхахым хуэдэу, дэ зэрыхэдмыхым теухуауэ къащІэ.

«Иеговэ и Щыхьэтхэм ирахьэкІ лэжьыгъэр кІуэтэн щхьэкІэ ахъшэ дэнэ къыздрахыр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)