7-НЭ УПЩІЭР
Сыт сщІэнур, зыгуэрым сригъусэну сыхигъэзыхьмэ?
СЫТЫТ УЭ ПЩІЭНУР?
Мыпхуэдэ Іуэхугъуэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт: Хетеррэ Майкрэ зэрызэпсалъэр мазитІ фІэкІа мыхъуми, Хетер къыщохъу ахэр игъащІэ лъандэрэ зэрыцІыхуу. Ахэр махуэ къэс сыхьэт бжыгъэкІэ телефонкІэ мэуэршэр икІи зэпымыууэ СМС зыхуатх. Зым псэлъэн щІидзамэ, адрейм занщІэу пещэ. Ауэ иджы Майк нэхъыбэ хуейщ...
Иджыри къыздэсым ахэр я ІэхэмкІэ зэрыІыгъыу икІи ба зыхуащІ къудейуэ щытауэ аращ. ЗэкІэ Хетер нэхъыбэ хуейкъым, ауэ нэгъуэщІ лъэныкъуэкІи Майки фІэкІуэдыну хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр зэрызэпсалъэм Хетер насыпыфІэ ещІ. «ИкІи... дэ фІыуэ дызэролъагъу» — йогупсыс ар.
Зыгуэрым уепсалъэ хъуну уи ныбжь нэсамэ, сыт уэ пщІэныр мыпхуэдэ Іуэхугъуэ упэщІэхуэм?
КЪЭУВЫІИ ЕГУПСЫС!
Дауэ уеплърэ, зы лъагапІэ гуэрым укъепкІэмэ, сыт уэ къыпщыщІынур? ДауикІ, абы уи зэран къикІынущ. Абы ещхьу Алыхьым и хабзэм уебакъуэмэ, псалъэм папщІэ «зинэ щІэным пэІэщІэ зыфщІ» жыхуиІэ псалъэхэр умыгъэзащІэмэ, абы фІым ухуишэнукъым (1 Фессалоникэ 4:3).
Сыт-тІэ абы кърикІуэныр? Библием щыжыІащ: «Зинэ зыщІэм езым и пкъым гуэныхь ирещІэж» (1 Коринф 6:18). Сыт абы къикІыр?
ЩІэныгъэлІхэм къызэрахутамкІэ, нэчыхьыншэу зыгуэрым иригъуса ныбжьыщІэхэм щыщ куэдым абы къыпэкІуэ гугъуехьхэр зыхащІащ. Псалъэм папщІэ:
-
ХУЩІЕГЪУЭЖАЩ. Нэчыхьыншэу зыгуэрым иригъуса ныбжьыщІэхэм я нэхъыбэм зэрыхущІегъуэжар жаІэжащ.
-
ЗЫР ЗЫМ ДЗЫХЬ ХУИМЫЩІЫЖУ ХЪУАЩ. Дэтхэнэ зыри егупсысу щІедзэ: «Зыгуэрым иджыри иримыгъусауэ пІэрэ ар?»
-
Я ГУГЪЭХЭР КЪУТАЩ. Хъыджэбзыр хьэпшып гуэрым хуэдэу къамыгъэсэбэпу, гулъытэ хуащІу, хуэсакъыу къыхущытыну хуейщ. ЩІалэ куэдми жаІэ, ахэр хъыджэбзым игъуса иужь, ар апхуэдэуи ягу иримыхьыжу.
-
Сыт а псом къигъэлъагъуэр? Нэчыхь уимыІэу зыгуэрым уригъусэмэ, уи щхьэр богъэпуд икІи уи къабзагъэр пфІокІуэд (Рим 1:24). Зэбгъэгъуэтыным нэхърэ пфІэкІуэдыныр куэдкІэ нэхъ лъапІэщ!
«Зинэ щІэным пэІэщІэ зыфщІ» жыхуиІэ Алыхьым и хабзэм утетыну мурад быдэ щІы (1 Фессалоникэ 4:3). Уи щхьэгъусэм уригъусэным зыри Іей хэмылъу Алыхьым елъытэ. ИужькІэ уэ унагъуэ уиІэ хъумэ, уэ абы гуфІэгъуэ къыпхуихьынущ икІи зинэ щІэным кърикІуэ гузэвэгъуэхэр зыхэпщІэнукъым, псалъэм папщІэ уи щхьэм мыгъуагъэ хуэпхьыжынукъым икІи уи гуми хьэлъэ телъынукъым (Притчи 7:22, 23; 1 Коринф 7:3).
УЭ ДАУЭ УЕПЛЪРЭ?
-
ФІыуэ узылъагъу цІыхум уи узыншагъэм зыгуэркІэ зэран хуэхъун гуэр пщІэну ухигъэзыхьыну?
-
Алыхьымрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэхъун гуэр апхуэдэ цІыхум уигъэщІэну? (Еврейхэм 13:4).