«Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр» тхылъыр зэрыбджыну упщІэхэр
1 хъыбар
Алыхьым иухуэн щІедзэ
Хэт къыдэзытыр фІыгъуэу диІэр? Щапхъэ къэхь.
Хэт Алыхьым япэу къигъэщІар?
Япэу къигъэщІа мелыІычыр сыткІэ адрейхэм зэрахуэмыдэр?
ЩІылъэм ипэм щыгъуэ иІа теплъэм къытепсэлъыхьыжыт. (Еплъ сурэтым)
Сыт ищІар Алыхьым псэущхьэхэмрэ цІыхухэмрэ щІылъэр яхуигъэхьэзыру?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Иеремие 10:12.
Алыхьым и сыт хуэдэ хьэл-щІэнхэр къигъэщІахэм хэплъагъуэрэ? (Ис. 40:26; Рим 11:33).
Еджэт Колоссхэм 1:15—17.
Сыт дунейм и къэгъэщІыным Хьисэ хищІыхьар икІи абы щхьэкІэ дауэ дыхущытын хуей абы? (Кол. 1:15—17).
Еджэт 1 Мусэ 1:1—10.
а) Дауэ щІылъэр къызэрыхъуар? (1 Мусэ 1:1).
б) Сыт япэ махуэм Алыхьым ищІар? (1 Мусэ 1:3—5)
в) ЕтІуанэ махуэм къэхъуар къыжыІэжыт (1 Мусэ 1:7, 8).
2-нэ хъыбар
Хадэ дахащэ
Дауэ Алыхьым щІылъэр зэрытхуигъэхьэзырар?
КъыжыІэжыт, сыт хуэдэ псэущхьэ зэмылІэужьыгъуэхэр къигъэщІа Алыхьым? (Сурэтым еплъ.)
Сыт Едем жыг хадэр къызэрымыгуэкІыу щІыщытар?
Дауэт щІылъэр щытыну Алыхьыр зэрыхуеяр?
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 1:11—25 еджэт.
а) Сыт Алыхьым ищІар ещанэ махуэм? (1 Мусэ 1:12).
б) Сыт къэхъуар еплІанэ махуэм? (1 Мусэ 1:16).
в) Сыт хуэдэ псэущхьэхэра къигъэщІар етхуанэ, еханэ махуэхэм? (1 Мусэ 1:20, 21, 25).
1 Мусэ 2:8, 9 еджэт.
Адрейхэм хуэмыдэу сыт хуэдэ жыгитІ Алыхьым жыг хадэм хисар, икІи сытыт абыхэм къагъэлъагъуэр?
3-нэ хъыбар
Япэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ
Сыт ещанэ хъыбарым ит сурэтыр зэрыхуэмыдэр етІыуанэ хъыбарым итым?
Хэт къэзыгъэщІар япэ цІыхухъур, хэт абы фІищар?
Сыт хуэдэ къалэн Іэдэм и пщэм Алыхьым дилъхьар?
Сыт Алыхьым Іэдэм быдэу щІигъэжеяр?
Дапщэрэт Іэдэмрэ Хьэуарэ зэрыпсэуфынур, икІи сытыт абыхэм яригъэщІэну Иеговэ и мурадар?
УпщІэ лейхэр
2 Мусэ 33:19 еджэт.
Хэт Алыхьым и цІэр икІи сыт хуэдэ увыпІэ иубыдрэ абы? (2 Мусэ 15:3; Дан. 4:14).
1 Мусэ 1:26—31 еджэт.
а) Сыт гъэщІэгъуэныщэу Алыхьым къигъэщІар еханэ махуэм икІи сыт ар псэущхьэхэм къызэрыщхьэщыкІыр? (1 Мусэ 1:26).
б) ЦІыхумрэ псэущхьэхэмрэ Алыхьым ерыскъыуэ сыт яритар? (1 Мусэ 1:30).
1 Мусэ 2:7—25 еджэт.
а) Сытыт ищІэн хуэяр Іэдэм псэущхьэхэм цІэ яфІищын щхьэкІэ? (1 Мусэ 2:19).
б) 1 Мусэ 2:24 ит псалъэхэм дауэ къыдгурагъаІуэрэ нэчыхьым, зэмыгъусэу псэуным, зэбгъэдэкІыжыным Иеговэ хуиІэ еплъыкІэр? (Мт. 19:4—6, 9).
4-нэ хъыбар
Сыт абыхэм я унэр ящІыфІэкІуэдар
Сурэтым еплъыт. Сыт къащыщІар Іэдэмрэ Хьэуарэ?
Сыт абыхэм Иеговэ тезыр ящІытрилъхьар?
Сыт блэм Хьэуа жриІар?
Хэт блэр къэзыгъэсэбэпу Хьэуа епсэлъар?
Сыт Іэдэмрэ Хьэуарэ я жэнэт унэр ящІыфІэкІуэдар?
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 2:16, 17-рэ 3:1—13, 24 еджэт.
а) Блэм Хьэуа ирита упщІэм Иеговэ фэ Іей щхьэ тригъэуа? (1 Мусэ 3:1—5; 1 Ин. 5:3).
б) Хьэуа къыщыщІам тщІэ мыхъунур зэрыдигъэлъагъур дауэ? (Флп. 4:8; Екъуб 1:14, 15; 1 Ин. 2:16).
в) ЯщІам кърикІуар япшыныжыну зэрыхуэмейр дауэ къызэрагъэлъэгъуар Іэдэмрэ Хьэуарэ? (1 Мусэ 3:12, 13).
г) Едем жыг хадэм и къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ игъэува херувимхэм дауэ Иеговэ и тепщэныгъэр зэрыдаІыгъар? (1 Мусэ 3:24).
Апокалипсис 12:9 еджэт.
Сыт хуэдизкІэ ШейтІаным къехъулІа цІыхухэр Алыхьым и тепщэныгъэм пэщІигъэувэну? (1 Ин. 5:19).
5-нэ хъыбар
ГъащІэ гугъум щІедзэ
Іэдэмрэ Хьэуарэ Едем жыг хадэм щимысыжым я гъащІэр дауэт зэрыщытар?
Іэдэмрэ Хьэуарэ сыт къащыщІыу хъуар, сыт щхьэкІэ?
Сыт Іэдэмрэ Хьэуарэ я бынхэри жьы хъууэ лІэн хуей щІэхъуар?
Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ жиІэм едэІуатэмэ, езыхэмрэ я бынхэмрэ сыт хуэдэ гъащІэт яІэнур?
Сыт хуэдэ узрэ гугъуехьрэ ишэчын щІидза Хьэуа жаІам зэремыдаІуам щхьэкІэ?
Хэтыт я цІэр Іэдэмрэ Хьэуарэ япэу яІа къуитІым?
Мы сурэтым щыплъагъу адрей сабийхэр хэт?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Мусэ 3:16—23-рэ 4:1, 2.
а) ЩІым къытехуа тезырым Іэдэм и гъащІэр дауэ зэрищІар? (1 Мусэ 3:17—19; Рим 8:20, 22).
б) Сыт «гъащІэ», е «псэу» къызэрыкІ Хьэуа цІэр къыщІезэгъыр? (1 Мусэ 3:20).
в) Гуэныхь къахьа иужькІи Іэдэмрэ Хьэуарэ сыт хуэдэ гулъытэ Иеговэ яхуищІа? (1 Мусэ 3:7, 21).
Еджэт Апокалипсис 21:3, 4.
Сыт хуэдэ Іуэху «блэкІыну» нэхъ уежьэрэ?
6-нэ хъыбар
КъуэфІымрэ къуэ Іеймрэ
Сыт я лэжьыгъэ Къэбылрэ Хьэбылрэ?
Сыт хуэдэ тыхь Къэбыл Иеговэ къыхуихьыр, Хьэбыл-щэ?
Сыт Иеговэ Хьэбыл и тыхьыр нэхъ игу щІрихьыр икІи Къэбыл ейр игу щІримыхьыр?
Къэбыл сыт хуэдэ цІыху, абы зригъэхъуэжыну Иеговэ сыт ищІэр?
ЗэкъуэшитІыр губгъуэм зэгъусэу къыщинэм, сыт Къэбыл ищІэр?
Къэбыл и къуэшыр иукІа иужькІэ къыщыщІар сытми къыжыІэжыт.
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Мусэ 4:2—26.
а) Къэбыл къыпэщылъ шынагъуэм теухуауэ Иеговэ сыт жиІар? (1 Мусэ 4:7).
б) Къэбыл игу илъыр дауэ къызэрыщІэщар? (1 Мусэ 4:9).
в) Лажьэ зимыІэм илъ гъэжэным Иеговэ дауэ зарыхущытыр? (1 Мусэ 4:10; Ис. 26:21).
Еджэт 1 Ин. 3:11, 12.
а) Сыт Къэбыл Іейщэу къыщІэгубжьар, сыт хуэдэ дерс абы къыхэтхыфынур? (1 Мусэ 4:4, 5; Ущие 14:30; 28:22).
б) Дауэ Алыхьым и Псалъэм зэрыдигъэлъагъур ди унагъуэр зэрыщыту Иеговэ хуэмейми дэ абы хуэпэжу дыкъызэрынэфынур? (Забур 26:10; Мт. 10:21, 22).
Еджэт Иуан 11:25.
Пэжыгъэм щхьэкІэ лІахэр сыт Иеговэ къызэригъэгугъэр? (Ин. 5:24).
7-нэ хъыбар
ЛІыгъэ зыхэлъ цІыху
СыткІэт Индрис адрейхэм къазэрыщхьэщыкІыр?
Индрис и зэманым цІыхухэм апхуэдиз Іуэхугъуэ Іей щІалэжьыр сытыт?
Сыт Іейуэ цІыхухэм ящІэр? (Сурэтым еплъ.)
Сытыт Индрис лІыгъэ щІыхэлъын хуейр?
Дапщэт апщыгъуэм цІыхухэр зэрыпсэур, Индриси дапщэ зэрыпсэуар?
Индрис лІа иужь сыт къэхъуар?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Мусэ 5:21—24, 27.
а) Индрисрэ Иеговэрэ дауэ зэхущытт? (1 Мусэ 5:24).
б) Тхыгъэ ЛъапІэм зэритымкІэ, цІыхухэм щыщу хэт нэхъыбэрэ псэуар икІи ар щылІам илъэс дапщэ хъурэт? (1 Мусэ 5:27).
Еджэт 1 Мусэ 6:5.
Индрис лІа иужь, дэпхуэдизу дунейр зэІыхьат икІи сыт хужыпІэ хъунур ди зэманым? (1 Тим. 3:13).
Еджэт Еврей 11:5.
СыткІэт Индрис Алыхьым «игу зэрыдыхьар» икІи сыт хуищІар абы щхьэкІэ? (1 Мусэ 5:22).
Еджэт Иудэ 14, 15.
Армагеддон зауэр къызэрыблагъэр цІыхухэм щыжраІэкІэ Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр нобэ Индрис хэлъа лІыгъэм дауэ дэплъеифыну? (2 Тим. 4:2; Евр. 13:6).
8-нэ хъыбар
Иныжьхэр щІылъэм
Сыт къэхъуар Алыхьым и мелыІыч гуэрхэр ШейтІаным едэІуа иужь?
Сыт мелыІыч гуэрхэм уафэм щаІа къалэнхэр къагъанэу, щІылъэм къыщІехар?
Сыт мелыІычхэм цІыху Іэпкълъэпкъ къащтэу щІылъэм къызэрехар щІэбзаджагъэр?
Сыт мелыІычхэм я бынхэр адрей цІыхухэм къазэрыщхьэщыкІыр?
Сурэтым еплъыт. Сыт ящІэр мелыІычхэм я бынхэм къыдэкІуэтейуэ иныжь щыхъуам щыгъуэ?
Индрис иужь, цІыхуфІыу хэт иджыри щІылъэм щыпсэуар, Алыхьми сытыт ар фІыуэ щІилъагъур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Мусэ 6:1—8.
Сыт дэ къатщІэр 1 Мусэ 6:6 иту дэ длэжьыр Алыхьым къызэрыщыхъум теухуауэ? (Забур 77:40, 41; Ущие 27:11).
Еджэт Иудэ 6.
«Тхьэм къахуигъэна щІыпІэм» Нухь и зэманым икІа мелыІычхэм я щапхъэм сыт дызыщихъумэр? (1 Кор. 3:5—9; 2 Пт. 2:4, 9, 10).
9-нэ хъыбар
Нухь кхъухьыр ещІ
Нухь и унагъуэр цІыху дапщэт зэрыхъур и къуэхэми хэтыт я цІэр?
Сыт хуэдэ Іуэхугъуэ хьэлэмэт Нухь и пщэ дилъхьа Алыхьым, сыт щхьэкІэ?
Нухь и зэманым псэуа цІыхухэм дауэт къазэрыщыхъур Нухь кхъухьым щахутепсэлъыхьым деж?
Псэущхьэхэм теухуауэ Алыхьым сыт хуэдэ унафэ Нухь хуищІар?
Сытыт Нухьрэ и унагъуэмрэ ящІэн хуейр, кхъухьым и бжэр Алыхьым хуищІыжа нэужь?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Мусэ 6:9—22.
а) Сытыт Нухь Алыхьым и лэжьакІуэшхуэу плъытэ щІэхъунур? (1 Мусэ 6:9, 22).
б) Иеговэ залымыгъэм дауэ хущыт, ар абы зэрыхущытыр дауэ епха ди нэгу зэрызедгъэужьыныр къыщыхэтхым деж? (1 Мусэ 6:11, 12; Забур 10:15).
в) СыткІэ Нухь дыдэплъей хъуну, Иеговэ и организациемкІэ унафэ къыщытхуищІым деж? (1 Мусэ 6:22; 1 Ин. 5:3).
Еджэт 1 Мусэ 7:1—9.
Нухь хэлъ ныкъусаныгъэхэм емылъытауэ ар Иеговэ цІыху пэжу зэрилъытам дауэ уи гур хигъахъуэрэ? (1 Мусэ 7:1; Ущие 10:16; Ис. 26:7).
10-нэ хъыбар
Дунейпсо псыдзэшхуэ
Сытыт уэшхым щІидза нэужь, зыри кхъухьым щІимыхьэжыфынур?
Жэщ-махуэ дапщэрэ Иеговэ щІылъэм уэшх къыщригъэшха, дэпхуэдиз и лъагагъыу псыр къыдэкІуея?
Псым щІылъэр щІигъэна нэужь, сыт кхъухьым къыщыщІар?
Иныжьхэр псыдзэшхуэм къела? Я адэхэми сыт къащыщІар?
Мазитху дэкІа нэужь, сыт кхъухьым къыщыщІар?
Сыт Нухь кхъухьым къуаргъ къыщІригъэкІар?
Дауэ Нухь къызэрищІар щІым тет псыр зэрыжэщІыжар?
Нухьрэ и унагъуэмрэ илъэсым щІигъукІэ кхъухьым иса нэужь, сыт Алыхьым Нухь къыжриІар?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Мусэ 7:10—24.
а) ЩІылъэм щыпсэухэм щыщу зыгуэр къэна? (1 Мусэ 7:23).
б) Псыдзэм и псыр жэщІыжыху зэман дапщэ дэкІар? (1 Мусэ 7:24).
Еджэт 1 Мусэ 8:1—17.
1 Мусэ 8:17 дауэ къызэригъэлъагъуэр Иеговэ япэу мы щІылъэм хуищІа мурадым зэрызимыхъуэжар? (1 Мусэ 1:22).
Еджэт 1 Петр 3:19, 20.
11-нэ хъыбар
Япэ лэгъупыкъур
Нухь кхъухьым къызэрикІыжу, псом япэу сыт ищІар? (Сурэтым еплъ).
Сыт хуэдэ унафэ яхуищІар Алыхьым Нухьрэ и унагъуэмрэ псыдзэ нэужьым?
Сыт хуэдэ псалъэ итар Алыхьым?
Сыт лэгъупыкъум дигу къигъэкІыжын хуеяр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Мусэ 8:18—22.
а) Дауэ Иеговэ къызэрыхуэтхьыфынур «мэдахэ гуакІуэр»? (1 Мусэ 8:21; Евр. 13:15, 16).
б) ЦІыхум и гур зэрыщытым теухуауэ сыт Иеговэ жиІар икІи сыт дэ дыщІэсакъын хуейр? (1 Мусэ 8:21; Мт. 15:18, 19).
Еджэт 1 Мусэ 9:9—17.
а) Езымрэ щІылъэм щыпсэухэмрэ я зэхуаку сыт хуэдэ зэгурыІуэныгъэ Иеговэ дилъхьар? (1 Мусэ 9:10, 11).
б) Лэгъупыкъум и зэгурыІуэныгъэм сыт пщІондэ къару иІэ? (1 Мусэ 9:16).
12-нэ хъыбар
ЦІыхухэм чэщанэшхуэр ящІ
Хэт хъуну Нимрод, Алыхьри дауэт абы зэрыхущытыр?
Мы сурэтым ит цІыхухэм сытыт чырбышхэр щІагъэжыр?
Сыт Иеговэ а ухуэныгъэр игу щІримыхьар?
Чэщанэшхуэр ямыщІыу Иеговэ дауэ къызэригъэувыІар?
Сыт а къалэм и цІэр икІи сыт а цІэм къикІыр?
Сыт къащыщІар цІыхухэм, Алыхьым я бзэр зэхигъэзэрыхьа нэужь?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Мусэ 10:1, 8—10.
Сыт хуэдэ хьэл-щэн Нимрод хэлъу къигъэлъэгъуар, абы дэ дызыщихъумэри сыт? (Ущие 3:31).
Еджэт 1 Мусэ 11:1—9.
Чэщанэшхуэр щІаухуэн хуей хъуар сыт, а ухуэныгъэр и кІэм щІынэмысынур сытыт? (1 Мусэ 11:4, М. З.; Ущие 16:18; Ин. 5:44).
13-нэ хъыбар
Ибрэхьим Алыхьым и ныбжьэгъущ
Ур щыпсэухэр сыт хуэдэ цІыхухэт?
Хэт мы сурэтым итыр, дапщэщ ар къыщалъхуар, дэнэ щыпсэуар?
Сыт Алыхьым Ибрэхьим жриІар?
Сыт Ибрэхьим Алыхьым и ныбжьэгъукІэ щІеджэ хъуар?
Ибрэхьим и гъусэу хэт Ур къыдэкІар?
Ханаан щІыналъэм къэкІуа нэужь, сыт Алыхьым Ибрэхьим жриІар?
Ибрэхьим илъэс 99 щыхъум сыт ар Алыхьым къызэригъэгугъар?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Мусэ 11:27—32.
а) ЛутІ Ибрэхьим и хэтыт? (1 Мусэ 11:27).
б) «Ханаан щІыналъэм кІуэн щхьэкІэ» и унагъуэр «къэзыщтауэ» жыхуиІэр Фаррэу щытми, дэнэ щытщІэр унагъуэр зэрыІэпхъуэжар зи жэрдэмыр зэры-Ибрэхьимыр? (1 Мусэ 11:31; Апост. 7:2—4).
Еджэт 1 Мусэ 12:1—7.
Ибрэхьим Ханаан щІыналъэм къэкІуа нэужь, Иеговэ абы зэрыгурыІуам сыт дыщІигъужар? (1 Мусэ 12:7).
Еджэт 1 Мусэ 17:1—8, 15—17.
а) Илъэс 99-рэ щыхъуам Ибрэхьим цІэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэ хилъхьа икІи сыт щІыхилъхьар? (1 Мусэ 17:5).
б) Иеговэ сыткІэ и нэфІ щигъэхуэну Саррэ къигъэгугъа? (1 Мусэ 17:15, 16).
Еджэт 1 Мусэ 18:9—19.
а) Сыт хуэдэ къалэнхэр адэм иІэу щыжыІа 1 Мусэ 18:19? (2 Мусэ 6:6, 7; Еф. 6:4).
б) Саррэ къыщыщІауэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэм дигъалъэгъурэ дэ Иеговэ зыри зэрыщыдмыбзыщІыфынур? (1 Мусэ 18: 12, 15; Забур 43:22).
14-нэ хъыбар
Алыхьым Ибрэхьим и фІэщхъуныгъэр егъэунэху
Сыт Алыхьым Ибрэхьим къызэригъэгугъар, и псалъэри дауэ иІыгъыжа?
Алыхьым Ибрэхьим и фІэщхъуныгъэр дауэ игъэунэхуа? (Сурэтым еплъ.)
Исхьэкъ къурмэну хуищІыну Алыхьым къыщІыжриІар къыгурымыІуами, сыт ищІар Ибрэхьим?
Ибрэхьим и къуэр иукІыну сэр къыщищтэм сыт къэхъуар?
Сыт хуэдизу Ибрэхьим Алыхьыр и фІэщ хъурэт?
Къурмэныпхъэ ищІыжыну Алыхьым сыт Ибрэхьим иритар икІи ар къызэрыхъуар дауэ?
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 21:1—7 еджэт.
Сыт еянэ махуэм Ибрэхьим и къуэр суннэт щІищІар? (1 Мусэ 14:10—12; 21:4).
1 Мусэ 22:1—18 еджэт.
Дауэ Исхьэкъ и адэ Ибрэхьим жиІар зэригъэзэщІар икІи къэунэхуну зэманым мыхьэнэшхуэ зиІэу къэхъуну Іуэхугъуэр дауэ абы къызэригъэлъэгъуар (1 Мусэ 22:7—9; 1 Кор. 5:7; Флп. 2:8, 9).
15-нэ хъыбар
ЛутІ и фызыр къызэплъэкІащ
Сыт Ибрэхьимрэ ЛутІрэ щІызэгуэкІар?
Сыт ЛутІ Содом къыщызэтеувыІэну мурад щІищІар?
Содом щыпсэу цІыхухэр сыт хуэдэт?
Сыт хуэдэ хъыбар мелыІычитІым ЛутІ къыжраІар?
Сыт ЛутІ и фызыр шыгъу пкъоуэ щІэжар?
Сыт хуэдэ дерс къыхэтхыфыну ЛутІ и фызым къыщыщІам?
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 13:5—13 еджэт.
ЦІыхухэм я зэхущытыкІэр гугъу щыхъум деж ар зэрыубзэхужын хуейм теухуауэ Ибрэхьим деж сытым зыщыхуедгъэсэфыну? (1 Мусэ 13:8, 9; Рим 12:10; Флп. 2:3, 4).
1 Мусэ 18:20—33 еджэт.
Ибрэхьимрэ Иеговэрэ зэжраІам дауэ ди фІэщ ищІрэ Иеговэрэ Хьисэрэ тэмэму хьэкум зэращІэнур? (1 Мусэ 18:25, 26; Мт. 25:31—33).
1 Мусэ 19:1—29 еджэт.
а) Тхыгъэ ЛъапІэм ит мы пычыгъуэм гомосексуализмым Алыхьыр зэреплъым теухуауэ сыт къыдигъащІэр? (1 Мусэ 19:5, 13; 3 Мусэ 20:13).
б) ЛутІрэ Ибрэхьимрэ Алыхьым жиІэр зэрагъэзэщІар сыткІэ зэрызэхуэмыдэр, сыт дэ абы къыхэтхыфынур? (1 Мусэ 19:15, 16, 19, 20; 22:3).
Лука 17:28—32 еджэт.
ЛутІ и фызым и гур хьэпшыпхэм зэрыхущытыр дауэт икІи сыт дэ абы дызыщихъумэр? (Лука 12:15, 17:31, 32; Мт. 6:19—21, 25).
2 Петр 2:6—8 еджэт.
ЛутІ дыдэплъейуэ дауэ дыхущытыну дэ мы Алыхьыншэ дунейм? (Иез. 9:4; 1 Ин. 2:15—17).
16-нэ хъыбар
Исхьэкъ фызыфІ къылъос
Мы сурэтым ит цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ хэт?
И къуэм фыз къыхуигъуэтын щхьэкІэ сыт Ибрэхьим ищІар, сыт апхуэдэу щІищІар?
Ибрэхьим и унэІутым и тхьэлъэІум и жэуапыр дауэ къылъыса?
Исхьэкъ дэкІуэну хуейрэ-хумейрэ щеупщІам сыт хуэдэ жэуап Ревеккэ къитар?
Сыт Исхьэкъ щІэрыщІэу насыпыфІэ щІэхъужар?
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 24:1—67 еджэт.
а) Сыт хуэдэ хьэл-щэныфІхэр къигъэлъэгъуа Ревеккэ, Ибрэхьим и унэІутым псыкъуийм деж щыхуэзам? (1 Мусэ 24:17—20; Ущие 31:17, 31).
б) Ижды Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм сыт хуэдэ щапхъэ яригъэлъэгъуа Ибрэхьим, Исхьэкъ и фыз хъуныр къызэрыхихамкІэ? (1 Мусэ 24:37, 38; 1 Кор. 7:39; 2 Кор. 6:17).
в) Исхьэкъ зэрищІам хуэдэу дэри дыгупсысэн щхьэкІэ сыт зэман щІыхэтхын хуейр? (1 Мусэ 24:63; Забур 76:13; Флп. 4:8).
17-нэ хъыбар
Зэмыщхьу зэтІолъхуэныкъуитІ
Хэт хъуну Исаврэ Екъубрэ, сыт ахэр зэрызэмыщхьыр?
Исаврэ Екъубрэ илъэс дапщэ хъурэт я адэшхуэ Ибрэхьим щылІам?
Сыт ищІар Исав и адэмрэ и анэмрэ ирищхьэжагъуэу?
Сыт Исав и къуэш Екъуб апхуэдизу щІытегубжьар?
Сыт хуэдэ унафэ хуищІа Исхьэкъ и къуэ Екъуб?
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 25:5—11, 20—34 еджэт.
а) Сыт къэхъуну Иеговэ яхужиІар Ревеккэ и къуитІым? (1 Мусэ 25:23).
б) Щыпэлъхуу щытыным дауэ хущытт Екъуб? Исав-щэ? (1 Мусэ 25:31—34).
1 Мусэ 26:34, 35; 27:1—46; 28:1—5 еджэт.
а) ИІэ духовнэмкІэ фІыщІэ нэсу зэримыщІыр сыткІэ къигъэлъэгъуа Исав? (1 Мусэ 28:1—4).
б) Сыт Исхьэкъ Екъуб ищІэну жриІар, Алыхьым и нэфІыр абы къыщыхуэн щхьэкІэ? (1 Мусэ 28:1—4).
Еврейхэм 13:16, 17 еджэт.
Исав и щапхъэм зэрыдигъэлъагъущи, сыт къащыщІыр, Алыхьым ищІэм и уасэр къызыгурымыІуэхэм?
18-нэ хъыбар
Екъуб Харраным макІуэ
Мы сурэтым ит хъыджэбзыр хэт, сыт абы Екъуб хуищІар?
Екъуб сытыт ищІэну хьэзырыр, Рахиль къишэн щхьэкІэ?
Сыт ищІар Лаван Рахиль Екъуб фызу щритыну зэманыр къыщысым?
Сыт идар Екъуб, дауэ мыхъуми Рахиль къишэн щхьэкІэ?
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 29:1—30 еджэт.
а) Лаван къигъэпцІами, зэрыцІыху пэжыр дауэ Екъуб къызэригъэлъэгъуар, сыт абы дигъэлъагъур? (1 Мусэ 25:27; 29:26—28; Мт. 5:37).
б) Екъуб зэрыдигъэлъэгъуамкІэ дауэ къэтщІэфыну лъагъуныгъэ дыдэмрэ лъагъуныгъэ нэпцІымрэ? (1 Мусэ 29:18, 20, 30; Уэр. 8:6).
в) Сыт хуэдэ цІыхубзиплІ Екъуб и унагъуэм щыщ хъууэ абы къуэ иужьыІуэкІэ къыхуэзылъхуар? (1 Мусэ 29:23, 24, 28, 29).
19-нэ хъыбар
Екъуб и унагъуэшхуэр
Екъуб и япэ фыз Лие къилъхуа къуихым хэтыт я цІэр?
Лие и унэІут Зелфэ Екъуб къыхуилъхуа къуитІым хэтыт я цІэр?
Рахиль и унэІут Валлэ Екъуб къыхуилъхуа къуитІым хэтыт я цІэр?
Рахиль и къуитІым хэтыт я цІэр, етІуанэ сэбийр къыщилъхум сыт абы къыщыщІар?
Псори зэхэту къуэ дапщэт Екъуб иІэр, сыт хуэдэ лъэпкъ абыхэм къатекІар? (Сурэтым еплъ.)
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 29:32—35; 30:1—26; 35:16—19 еджэт.
Ижь зэманым дауэт журтхэм щІалэ цІыкІухэм цІэ къызэрыхухахыр, Екъуб и къуэ 12-м я щапхъэм зэрыдагъэлъагъумкІэ?
1 Мусэ 37:35 еджэт.
Дэнэ щыпщІэр Екъуб Динэ нэмыщІи пхъу зэриІар, абы и цІэм фІэкІа Библием имытми? (1 Мусэ 37:34, 35).
20-нэ хъыбар
Динэ къыщыщІа насыпыншагъэр
Ибрэхьимрэ Исхьэкърэ сытыт щІыхуэмейр я бынхэм Ханаан щыщхэр къашэну?
ИфІэфІт Екъуб и пхъум Ханаан цІыхубзэхэр ныбжьэгъу къызэрищІар?
Динэ еплъ цІыхухъур хэт, сыт хуэдэ Іуэху Іей абы ищІар?
Къэхъуар къащІа нэужь, сыт Динэ и дэлъху Симеонрэ Левиерэ ящІар?
Симеонрэ Левиерэ ящІар Екъуб ифІэфІ хъуа?
Екъуб и унагъуэм къытехъуа насыпыншагъэхэм сыт я къежьапІэ хъуар?
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 34:1—3 еджэт.
а) И хъыджэбзыгъэр зэрыфІэкІуэдамкІэ езы Дини бгъэкъуаншэ щІэхъунур сыт? (Гал. 6:7).
б) Динэ къыщыщІам щхьэтелъэфу зэрыхущымытыр щІалэгъуалэм дауэ къагъэлъэгъуэфыну? (Ущие 13:20; 1 Кор. 15:33; 1 Ин. 5:19).
21-нэ хъыбар
Зэкъуэшхэм Исуф ялъагъу хъукъым
Исуф и къуэшхэр сытыт абы щІефыгъуэр икІи сыт абы ящІар?
Исуф и къуэшхэм япэ щІыкІэ ящІэну зыхэтыр сыт, ауэ сыт Рувим жиІэр?
Сондэджэру Исмэхьил лъэпкъым щыщхэр щыблэкІым сыт къэхъур?
ЗэрылІар и адэм и фІэщ ящІын щхьэкІэ, сыт Исуф и къуэшхэм ящІэр?
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 37:1—35 еджэт.
а) Зэхуэсым щыщхэм гуэныхь щащІам деж щІамыхъумэн щхьэкІэ, сыткІэ Исуф дэплъеифыну? (1 Мусэ 37:2; Лев. 5:1; 1 Кор. 1:11).
б) Сыт апхуэдизу Исуф и къуэшхэм абы лей ирахын хуей щІэхъуар? (1 Мусэ 37:11, 18; Ущие 27:4; Екъуб 3:14—16).
в) Екъуб и щапхъэм зэрыдигъэлъагъумкІэ, ущыгъуэну дауэ къезэгърэ? (1 Мусэ 37:35).
22-нэ хъыбар
Исуф тутнакъым ягъэтІыс
Илъэс дапщэ хъурэт Исуф Мысырым щашам, адэкІи дауэ хъурэ?
Дауэ Исуф тутнакъым къызэрыщыхутар?
Сыт хуэдэ къалэн тутнакъым щисым Исуф и пщэ къыдалъхьа?
Сыт тутнакъым щисым яхуищІэр Исуф фирхьэуным шагъыр хуизыгъахъуэмрэ щІакхъуэ езытымрэ?
Шагъыр изыгъахъуэр тутнакъым къыщикІыжым сыт къэхъур?
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 39:1—23 еджэт.
Исуф и зэманым къриубыдэу зинэ́ щІэныр зымыдэ Алыхьым и законыр тхауэ щымыІа пэтми, сыт хуэзыгъэушар Исуф Потифар и фызым ІэщІэкІыну? (1 Мусэ 2:24; 20:3; 39:9).
1 Мусэ 40:1—23 еджэт.
а) КІэщІу къэІуэтэжыт шагъыр изыгъахъуэм илъэгъуа пщІыхьэпІэмрэ Иеговэ Исуф къигъэсэбэпу абы кърихамрэ? (1 Мусэ 40:9—13).
б) ЗэхэщІыкІ зиІэ узыщыгугъ хъуну унэІутыр нобэ сыткІэ дэплъеифыну Исуф иІа гупсысэкІэм? (1 Мусэ 40:8; Забур 35:10; Ин. 17:17; Апост. 17:2, 3).
в) Къыщалъхуа махуэр гъэлъэпІэным Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр апхуэдэу щІеплъым и щхьэусыгъуэр дауэ къыбгуригъаІуэрэ 1 Мусэ 40:20? (Еккл. 7:1; Мк. 6:21—28).
23-нэ хъыбар
Фирхьэуным и пщІыхьэпІэхэр
Зы жэщ гуэрым сыт фирхьэуным илъагъур?
Шагъыр изыгъахъуэм икІэм-икІэжым Исуф къищІэжын хуей щІэхъур сыт?
Сурэтым иту сыт хуэдэ пщІыхьэпІитІ фирхьэуным илъэгъуар?
А пщІыхьэпІэхэм Исуф къарихыр сыт?
Фирхьэуным къыкІэлъыкІуэу Мысырым и нэхъыщхьэ дауэ хъуа Исуф?
Исуф и къуэшхэр Мысырым къэкІуэн хуей щІэхъуар сыт, я къуэшри къыщІамыцІыхужыр сыт?
Сыт хуэдэ пщІыхьэпІэхэр къищІэжрэ Исуф, абы къыгурагъаІуэри сыт?
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 41:1—57 еджэт.
а) Исуф къыхуащІ щІыхьыр Иеговэ дауэ хуиунэтІрэт, Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэри сыткІэ абы дэплъеифыну? (1 Мусэ 41:16, 25, 28; Мт. 5:16; 1 Пт. 2:12).
б) Гъавэр бэву Мысырым щыщыта илъэсхэмрэ къыкІэлъыкІуа гъаблэ гъэхэмрэ фІы дыдэу дауэ къагъэлъэгъуэжрэ Иеговэ и цІыхубэм яІэ духовнэ щытыкІэмрэ чристэнхэм яІэмрэ зэрызэхуэмыдэр? (1 Мусэ 41:29, 30; Амос 8:11, 12).
1 Мусэ 42:1—8-рэ 50:20-рэ еджэт.
Иеговэ хуэлажьэхэр щыпсэу щыпІэм апхуэдэ щыхабзэми, яІыгъ къулыкъум пщІэ зэрыхуащІыр къагъэлъэгъуэн щхьэкІэ, хъуну цІыхум щхьэщэ хуащІ? (1 Мусэ 42:6).
24-нэ хъыбар
Исуф и къуэшхэр егъэунэху
Сыт Исуф и къуэшхэм ящІыжриІэр ахэр тІасхъэщІэххэу?
Сыт Екъуб и къуэ нэхъыщІэ дыдэ Вениамин Мысырым щІигъакІуэр?
Исуф и дыжьын фалъэр дауэ Вениамин и къэпым зэрыкІуар?
Иудэ сыт жиІэр, Вениамин къригъэутІыпщыжын щхьэкІэ?
СыткІэ захъуэжа Исуф и къуэшхэм?
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 42:9—38 еджэт.
Исуф жиІауэ 1 Мусэ 42:18 итыр Иеговэ и организацэм къулыкъу щызыІыгъхэм ягу къыщІагъэкІыжыпхъэр сыт? (Неемие 5:15; 2 Кор. 7:1, 2).
1 Мусэ 43:1—34 еджэт.
а) Щыпэлъхур Рувиму щытми, сыт къигъэлъагъуэр зэкъуэшхэм къабгъэдэкІыу Иудэ зэрыпсэлъам? (1 Мусэ 43:3, 8, 9; 44:14, 18; 1 Тхыд. 5:2).
б) Зэрынэрылъагъущи, дауэт Исуф и къуэшхэр игъэунэхуну зэрыхуеяр, сыт щхьэкІэ? (1 Мусэ 43:33, 34).
1 Мусэ 44:1—34 еджэт.
а) Зихэтыр ящибзыщІын щхьэкІэ, сыту зыкъигъэлъэгъуа Исуф? (1 Мусэ 44:5, 15; Мусэ 19:26).
б) Исуф и къуэшхэм дауэ къызэрагъэлъэгъуар япэм яхэлъу щыта лъагъу мыхъуныгъэр язэрыхэмылъыжыр? (1 Мусэ 44:13, 33, 34).
25-нэ хъыбар
Унагъуэр Мысырым мэІэпхъуэ
Сыт къэхъур Исуф хэтми пэж дыдэу и къуэшхэм щажриІэм?
Гум къыбгъэдэкІыу сыт хуэдэ псалъэхэр Исуф и къуэшхэм яжриІэрэ?
Сыт жиІар фирхьэуным, Исуф и къуэшхэр къызэрыкІуар къыщищІэм?
Мысырым щыІэпхъуэжам Екъуб и унагъуэр цІыху дапщэ хъурэт?
Екъуб и унагъуэм дауэ еджэ зэрыхъуар, сыт щхьэкІэ?
УпщІэ лейхэр
1 Мусэ 45:1—28 еджэт.
Исуф къыщыщІам дауэ дигъэлъагъурэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм Іей гуэр иращІэну щыхэтым деж Іейр фІы ищІыжыфыну къару зэриІэр? (1 Мусэ 45:5—8; Ис. 8:10; Флп. 1:12—14).
1 Мусэ 46:1—27 еджэт.
Екъуб Мысырым кІуэуэ гъуэгу щытетым Иеговэ сыткІэ ар къигъэгугъа? (1 Мусэ 46:1—4).
26-нэ хъыбар
Іэюб Алыхьым хуэпэжщ
Хэт Іэюбыр?
Сытыт зыхуейр ШейтІаныр? КъехъулІа ар абы?
Сыт Иеговэ хуидар ШейтІаным ищІэну, сыт щІыхуидар?
Сыт Іэюб и фызым щІыжиІар: «Алыхьым ебги зыгъалІэ», — жиІэу? (Сурэтым еплъ.)
Сыт Иеговэ Іэюб хуищІэжар, сыт щІыхуищІэжар? (Еплъ етІуанэ сурэтым.)
Сыт Иеговэ къытхуищІэжыфынур, Іэюб ещхьу хуэпэжу дыкъанэмэ?
УпщІэ лейхэр
Іэюб 1:1—22 еджэт.
Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр сыткІэ Іэюб нобэ дэплъеифыну? (Іэюб 1:1; Флп. 2:15; 2 Пт. 3:14).
Іэюб 2:1—13 еджэт.
ШейтІаным къатрилъхьа бэлыхьхэр дауэ зэхуэмыдэу яшэча Іэюбрэ и фызымрэ? (Іэюб 2:9, 10; Ущие 19:3; Мих. 7:7; Мал. 3:14).
-
а) СыткІэ зэщхь я пэжыгъэм щхьэкІэ Іэюб къылъысамрэ Хьисэ къылъысамрэ? (Іэюб 42:12; Флп. 2:9—11).
б) Іэюб Алыхьым и пащхьэ зэрыхуэпэжам сыт дамэ къыщІыттригъакІэр? (Іэюб 42:10, 12; Евр. 6:10; Екъуб 1:2—4, 12; 5:11).
27-нэ хъыбар
Мысырым пщы бзаджэ теуващ
Сурэтым еплъыт. ЧнутІыр зыІыгъыр хэт, иукІри хэт?
Исуф лІа нэужь, сыт Израилым къащыщІар?
Сытыт мысырхэр израилым щІыщышынэр?
ЩылъхуэкІэ израиль цІыхубзхэм ядэІэпыкъу фызхэм сыт хуэдэ унафэ яхуищІар фирхьэуным?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Мусэ 1:6—22.
а) Дауэ Иеговэ игъэзэщІэн зэрыщІидзар Ибрэхьим ирита псалъэр? (2 Мусэ 1:7; 1 Мусэ 12:2; Апост. 7:17).
б) Израиль фызгъалъхуэхэм дауэт гъащІэм пщІэ зэрыхуащІыр къызэрагъэлъэгъуар? (2 Мусэ 1:17; 1 Мусэ 9:6).
в) Фызгъалъхуэхэр Иеговэ зэрыхуэпэжам къыпэкІуар сыт? (2 Мусэ 1:20, 21; Ущие 19:17).
г) Ибрэхьим къытекІыну къызэригъэгугъа жылэм Иеговэ хуимурадым ШейтІаныр дауэ зэран хуэхъуну хэта? (2 Мусэ 1:22; Мт. 2:16).
28-нэ хъыбар
Мусэ цІыкІу къызэрырагъэлар
Мы сурэтым ит сабий цІыкІур хэт, хэт абы зи Іэпэ иІыгъри?
Мусэ и анэм сыт ищІар ар ажалым къригъэлын щхьэкІэ?
Мы сурэтым ит хъыджэбз цІыкІур хэт, абы ищІари сыт?
Сыт жиІар Мэрям, фирхьэуным и пхъум сабийр къыщигъуэтам?
Принцессэм сыт Мусэ и анэм жриІар?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Мусэ 2:1—10.
Мусэ цІыкІухукІэ и анэм сыт хуэдэ Іэмал иІа ар игъэсэну, иригъэджэну икІи сыт хуэдэ щапхъэ трахыфыну нобэ абы адэ-анэхэм? (2 Мусэ 2:9, 10; 5 Мусэ 6:6—9; Ущие 22:6; Еф. 6:4; 2 Тим. 3:5).
29-нэ хъыбар
Мусэ щІыщІэпхъуэжам и щхьэусыгъуэр
Дэнэ Мусэ къыщыхъуар, итІанэми и адэ-анэм теухуауэ сытыт абы ищІэр?
Сыт ищІар Мусэ илъэс 40 щыхъум?
Израиль щыщ цІыхухъуитІ зэзауэм язым сыт Мусэ жриІар, абы къыжриІэжари сыт?
Сыт Мусэ Мысырым икІыжын хуей щІэхъуар?
Мусэ здэкІуар дэнэ, абы щызэригъэцІыхуари хэт?
Илъэс 40-кІэ сыт Мусэ ищІар, Мысырым икІыжа нэужь?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Мсэ 2:11—25.
Мысырым щІекІуэкІ Іущагъ псоми куэдкІэ зэрыщІагъэджыкІам емылъытауэ, дауэ Мусэ къызэригъэлъэгъуар Иеговэрэ и лъэпкъымрэ зэрыхуэпэжыр? (2 Мусэ 2:11, 12; Евр. 1:24).
Еджэт Апостолхэм 7:22—29.
Мусэ и закъуэ къарукІэ Израилыр зэрыт мысыр пщылІыпІэм къришыжыну зэрыхэтам сыт хуэдэ дерс къыхэтхыфыну? (Апост. 7:23—25; 1 Пт. 5:6, 10).
30-нэ хъыбар
МафІэ зыщІэна чыцэ
Сурэтым ит бгым сыт зэреджэр?
И мэлхэр и гъусэу Мусэ а бгым щыбгъэдыхьам илъэгъуар къыжыІэжт.
МафІэ зыщІэна чыцэм къыхэІукІ макъым сыт жиІар, ар зи макъри хэт?
И лъэпкъыр Мысырым къригъэшыжыну Алыхьым щыжиІам, сыт жэуапу Мусэ итар?
КъэзыгъэкІуамкІэ къеупщІатэмэ, сыт хуэдэ жэуап, Алыхьым зэрыжиІамкІэ, Мусэ израиль цІыхухэм яритын хуеяр?
Мусэ Алыхьым зэригъэкІуар дауэ къигъэлъэгъуэфынут?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Мусэ 3:1—22.
Теократическэ къалэн гуэр тхузэфІэмыкІыну къыщытщыхъум деж Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунур Мусэ и щапхъэм дауэ ди фІэщ игъэхъурэ? (2 Мусэ 3:11, 13; 2 Кор. 3:5, 6).
Еджэт 2 Мусэ 4:1—20.
а) Мадиам щІыналъэм зэрыщыІа илъэс 40-м Мусэ и гупсысэкІэм дауэ зихъуэжа, сыт хуэдэ дерс къыхахыфыну абы зэхуэсым къалэн хэха зи пщэм дэлъыну хущІэкъухэм? (2 Мусэ 2:11, 12; 4:10, 13; Мих. 6:8; 1 Тим. 3:1, 6, 10).
б) Иеговэ и организацэр къигъэсэбэпу дигъасэмэ, Мусэ и щапхъэм сыт хьэкъ тщищІыр? (2 Мусэ 4:12—14; Забур 102:14; Евр. 12:4—11).
31-нэ хъыбар
Мусэрэ Хьэрунрэ фирхьэуным деж зэрыкІуар
Мусэрэ Хьэрунрэ ящІа телъыджэхэр дауэ израиль цІыхухэм къащыхъуа?
Сыт Мусэрэ Хьэрунрэ фирхьэуным жраІар, фирхьэунми сыт хуэдэ жэуап къаритыжар?
Сурэтым къызэрыщыгъэлъэгъуауэ, Хьэрун и мэлыхъуэ башыр щыхыфІидзам сыт къэхъуар?
Иеговэ дэуэ фирхьэуным зэрызригъэцІыхужар, фирхьэунми сыт ищІар?
ЕпщІанэ тезырым иужькІэ сыт къэхъуар?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Мусэ 4:27—31-рэ 5:1—23-рэ.
Сыт къригъэкІар фирхьэуным: «Сэ Иеговэ сцІыхукъым» жыхуиІам? (2 Мусэ 5:2; 1 Пащт. 2:12; Рим 1:21).
Еджэт 2 Мусэ 6:1—13, 26—30.
а) СыткІэт Иеговэ Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ закъызэрыримыгъэцІыхуар? (2 Мусэ 3:13, 14; 6:3; 1 Мусэ 12:8; 22:14).
б) Мусэ и пщэ къыдилъхьэ къалэныр хузэфІэмыкІыну къызэрилъытэжым емылъытауэ Иеговэ ар къызэригъэсэбэпам сыт дызригъэгупсысыр? (2 Мусэ 7:2, 3, 6; Апост. 4:29—31).
в) Мысырым я тхьэхэм нэхърэ зэрынэхълъэщыр дауэ Иеговэ къызэригъэлъэгъуар? (2 Мусэ 7:12; 1 Тхыд. 29:12).
Еджэт Мусэ 7:1—13.
а) Иеговэ фирхьэуным тезыр трилъхьэнур мышынэу зэрыжыраІамкІэ Мусэрэ Хьэрунрэ сыт хуэдэ щапхъэ ирагъэлъэгъуар нобэ Алыхьым хуэлажьэхэм (2 Мусэ 7:2, 3, 6; Апост. 4:29—31).).
б) Мысырым я тхьэхэм нэхърэ зэрынэхълъэщыр дауэ Иеговэ къызэригъэлъэгъуар? (2 Мусэ 7:12; 1 Тхыд. 29:12).
32-нэ хъыбар
ТезырипщІыр
Мы хъыбарым къыщыхьа сурэтхэр къэбгъэсэбэпурэ тепсэлъыхьыжыт Иеговэ япэу Мысырым ятрилъхьа тезырипщІым.
СыткІэ япэрей тезырищыр адрейхэм къазэрыщхьэщыкІыр?
Сыт хуэдэт еплІанэ, етхуанэ, еханэ тезырхэр?
Тепсэлъыхьыжыт ебланэ, еянэ, ебгъуанэ тезырхэм.
ЕпщІанэ тезырым ипэ къихуэу ящІэн хуейуэ израиль цІыхухэм сыт Иеговэ яжриІар?
ЕпщІанэр сыт хуэдэ тезырт, абы иужькІи сыт къэхъуар?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Мусэ 7:19—8:23.
а) Иеговэ къахуигъэкІуа япэ тезыритІым хуэдэ езыхэм яхуэмыщІэжа пэтми, ещанэ тезыр нэужьым, къагурыІуэн хуей хъуар сыт мысырым я цІыху Іэзэхэм? (2 Мусэ 8:18, 19; Мт. 12:24—28).
б) Иеговэ и цІыхухэр зэрыхуэхъумэжынур еплІанэ тезырым дауэ къызэригъэлъэгъуар, мы къэблагъэ «хьэзабышхуэм» Иеговэ хуэлажьэхэм сыт а Іуэхугъуэм яригъэлъагъур? (2 Мусэ 8:22, 23; Апост. 7:13, 14; 2 Тхыд. 16:9).
Еджэт 2 Мусэ 8:24; 9:3, 6, 10, 11, 14, 16, 23—25-рэ 10:13—15, 21—23-рэ.
а) ТезырипщІымкІэ сыт хуэдэ цІыху гупитІ къыхэщхьэхукІар, апхуэдэ гупхэм нобэ дызэрыхущытын хуейр дауэ? (2 Мусэ 8:10, 18, 19; 9:14).
б) 2 Мусэ 9:16 дауэ къыдгуригъаІуэрэ Иеговэ ди зэманым къэсыху ШейтІаныр щІыщигъэІам и щхьэусыгъуэхэр? (Рим 9:21, 22).
Еджэт 2 Мусэ 12:21—32.
Дауэ ІутІыжым цІыху куэд къызэрыригъэлыфар, сыт абы дигъэлъагъур? (2 Мусэ 12:21—23; Ин. 1:29; Рим 5:18, 19, 21; 1 Кор. 5:7).
33-нэ хъыбар
Хы Плъыжьым зэрызэпрыкІар
ЦІыхухъу дапщэ, цІыхубзрэ сабийхэмрэ я гъусэу, Мысырым къикІыжар, хэт абыхэм иджыри я гъусар?
Дауэ къыщыхъуа фирхьэуным израиль цІыхухэр зэриутІыпщыжар, сыт ищІари?
Мысырхэр и цІыхубэм къатримыгъэуэн щхьэкІэ, сыт Иеговэ ищІар?
Мусэ и мэлыхъуэ башыр Хы Плъыжьым щыхуишиям сыт къэхъуар, израиль цІыхухэми сыт ящІар?
Мысырхэр израилхэм якІэлъыщІэпхъуэу хым щыхэлъэдам сыт къэхъуар?
Иеговэ къызэрыригъэлам щхьэкІэ зэрыгуфІэр, фІыщІэшхуэ зэращІыр дауэ израиль цІыхухэм къызэрагъэлъэгъуар?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Мусэ 12:33—36.
И цІыхубэр Мысырым апхуэдиз илъэсрэ зэрыщыпщылІам пэкІуэ уасэр Иеговэ дауэ къазэрыригъэтыжар? (2 Мусэ 3:21, 22; 12:35, 36).
Еджэт 2 Мусэ 14:1—31.
Армагеддон зауэ къэблагъэр зи нэгу щІэкІын хуей нобэ Иеговэ хуэлажьэхэм дауэ къазэрыщыхъун хуейр 2 Мусэ 14:13, 14, Мусэ щыжыІа псалъэхэр? (2 Тхыд. 20:17; Забур 90:8).
Еджэт 2 Мусэ 15:1—8, 20, 21.
а) Сыт Иеговэ хуэлажьэхэм щІыхь хуащІу уэрэд щІыжраІэн хуейр? (2 Мусэ 15:1, 2; Забур 104:2, 3; Апок. 15:3, 4).
б) Хы Плъыжьым и Іуфэм Иеговэ щІыхь хуищІыу уэрэд жызыІа Марям адрей цІыхубзхэм сыт хуэдэ щапхъэ яригъэлъэгъуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэ цІыхубзхэм? (2 Мусэ 15:20, 21; Забур 67:12).
34-нэ хъыбар
ШхыныгъуэщІэ
Еплъыт сурэтым. Сыт щІым къыщащыпыр цІыхухэм, сыт абы зэреджэри?
Мусэ цІыхухэм мэнн къызэрыщыпын хуейм теухуауэ сыт яжриІэр?
Израиль цІыхухэм еханэ махуэм ящІэн хуейуэ Иеговэ яжриІэр сыт икІи сыт щхьэкІэ?
Ебланэ махуэм щхьэкІэ къагъанэ мэнным сыт телъыджэу Иеговэ ирищІэр?
Дэпхуэдизрэ Иеговэ и цІыхухэр мэннкІэ зэригъашхэр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Мусэ 16:1—36-рэ 4 Мусэ 11:7—9-рэ.
а) Зэхуэсхэм къалэн зи пщэ дэлъхэм пщІэ зэрыхуэщІын хуейм теухуауэ 2 Мусэ 16:8-м дызыхуигъасэр сыт? (Евр. 13:17).
б) Губгъуэ нэщІым ит израиль цІыхухэм махуэ къэс сыт ягу къазыгъэкІыжыр, абыхэм я гъащІэр Иеговэ зэрыІэщІэлъыр? (2 Мусэ 16:14—16; 5 Мусэ 8:2, 3).
в) Хьисэ а мэнным къикІыу жыхуиІар сыт, а «уафэм къикІ щІакхъуэм» сыт хуэдэ сэбэпынагъи къытхуихьрэ? (Ин. 6:31—35, 40).
Еджэт Исус Навин 5:10—12.
Илъэс дапщэкІэ мэнныр израиль цІыхухэм яшха, абы сыткІэ ахэр игъэунэхуа, сыт хуэдэ дерси къыхэтхыфыну абы? (2 Мусэ 16:35; 4 Мусэ 11:4—6; 1 Кор. 10:10, 11).
35-нэ хъыбар
Иеговэ и законхэр къарет
Мысырым къызэрикІыжрэ мазитІ хуэдиз дэкІа нэужь, дэнэ деж израиль цІыхухэм я шэтырхэр щагъэувыр?
Израилхэм ящІэну Иеговэ зыхуейр сыт, сыт хуэдэ жэуапи къатрэ абыхэм?
Сыт Иеговэ Мусэ къыщІритыр мывэ пІащІитІыр?
УнафипщІым нэмыщІ Иеговэ сыт хуэдэ законхэри израиль цІыхухэм къарита?
Сыт хуэдэ унафитІыра псом нэхърэ нэхъыщхьэу Хьисэ жыхуиІар?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Мусэ 19:1—25; 20:1—21; 24:12—18-рэ 31:18-рэ иджыри.
Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэным иджыри хыхьэу 2 Мусэ 19:8 ит псалъэхэм къыдгурагъаІуэр сыт? (Мт. 16:24; 1 Пт. 4:1—3).
Еджэт 5 Мусэ 6:4—6; 3 Мусэ 19:18; Матфей 22:36—40.
Дауэ Хьисэ кІэлъыкІуэхэм къызэрагъэлъагъуэр Алыхьымрэ гъунэгъумрэ фІыуэ зэралъагъур? (Мк. 6:34; Апост. 4:20; Рим 15:2).
36-нэ хъыбар
Дыщэм къыхэщІыкІа танэ
Сурэтым ит цІыхухэм сыт ящІэр, сыт щІащІэр апхуэдэу?
Сыт Иеговэ Іеищэу къыщІэгубжьар, Муси ищІэр сыт цІыхубэм ящІэр щилъагъум?
ЦІыхухъу гуэрхэм сыт унафэу Мусэ яхуищІыр?
Сыт мы Іуэхугъуэм дызыхуигъасэр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Мусэ 32:1—35.
а) Мы Іуэхугъуэм дауэ къыхэщыжрэ дин нэпцІымрэ Алыхьым пэжу зэрыхуэлэжьэн хуеймрэ щызэхапщэм деж Иеговэ абы зэреплъыр? (2 Мусэ 32:4—6, 10; 1 Кор. 10:7, 11).
б) Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм зыщагъэпсэхуну щыхуейхэм деж сыт хэплъыхьауэ, псалъэм папщІэ, уэрэдхэмрэ, къафэкІэ джэгукІэмрэ къыщІыхахын хуейр? (2 Мусэ 32:18, 19; Еф. 5:15, 16; 1 Ин. 2:15—17).
в) Левие и лъэпкъым пэжыгъэм щхьэкІэ зэрызыкъаІэтам сыт хуэдэ щапхъэ дигъэлъагъур? (2 Мусэ 32:25—28).
37-нэ хъыбар
Алыхьыр щагъэлъапІэ шэтыр
Мы сурэтым щыплъагъур сыт, абы и мыхьэнэри сыт?
Іыхьэ-Іыхьэу тыншу зэпкъырыпх хъууэ Иеговэ шэтырыр Мусэ щІригъэщІар сыт?
АдэкІэ къыщыт пэш цІыкІум щІэт пхъуантэм и къулыкъур сыт, сыт абы дэлъри?
Дин пашэ нэхъыщхьэу хэт Иеговэ къыхихыр икІи абы и къалэныр сыт?
Пэш нэхь иным щІэт хьэпшыпищыр къебжэкІыт.
Шэтырыр зыдэт пщІантІэм сыт хуэдэ хьэпшыпитІ дэтыр икІи дауэ ахэр къызэрагъэсэбэпыр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Мусэ 25:8—40; 26:1—37; 27:1—8-рэ 28:1-рэ.
«ЗэгурыІуэныгъэм и пхъуантэм» тет херувимхэм сытыт къагъэлъагъуэр? (2 Мусэ 25:20, 22; 4 Мусэ 7:89; 4 Пащт. 19:15).
Еджэт 2 Мусэ 30:1—10, 17—21; 37:1, 2-рэ Еврейхэм 9:1—5-рэ.
а) Шэтырым къулыкъу щызыгъэзащІэ дин пашэхэр ІэпкълъэпкъкІэ къабзэлъабзэу зэрыщытын хуейм сытыт апхуэдиз мыхьэнэ Иеговэ щІритыр, сыт хуэдэ дерс абы къыхэтхыфынур? (2 Мусэ 30:18—21; 40:30, 31; Евр. 10:22).
б) Мусэ и лъэужь иува журтхэм письмо апостол Павел щахуитхым ирихьэлІэу Тэурэт хабзэхэмрэ шэтырым Альыхьым къулыкъу зэрыщыхуэлэжьыпхъэмрэ жьы зэрыхъуар дауэ абы къызэригъэлъагъуэр? (Евр. 9:1, 9; 10:1).
38-нэ хъыбар
ТІасхъэщІэх пщыкІутІыр
Мы сурэтым ит жызум Іэрамэр адрейхэм къазэрыщхьэщыкІыр сыт, ар къыздрахари дэнэ?
Ханаан щІыналъэм сыт Мусэ тасхъэщІэх 12-р щІигъакІуар?
ТІасхъэщІэхипщІым Мусэ деж къагъэзэжа нэужь, жаІэжыр сыт?
ТІасхъащІэхитІым дауэ къызэрагъэлъагъуэр Иеговэ дзыхь зэрыхуащІыр, хэт сымэ ахэр?
Сыт Иеговэ Іеищэу къыщІэгубжьар, Муси жриІэр сыт?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 4 Мусэ 13:2—34.
а) Хэт сымэ тІасхъэщІэхыу къыхахар, сыт хуэдэ Іуэхугъуэ хьэлэмэт ящІэн хуейуэ абыхэм я пщэ къыдэхуар? (4 Мусэ 13:3, 4, 19—21).
б) Исус Навинрэ Халеврэ я гупсысэкІэр сыткІэт адрейхэм я гупсысэкІэм къызэрыщхьэщыкІыр, сыт хуэдэ дерс абы къыхэтхыфынур? (4 Мусэ 13:29—31; Мт. 17:20; 2 Кор. 5:7).
Еджэт 4 Мусэ 14:1—38.
а) Иеговэ къалэн зи пщэ дилъхьауэ щІылъэм щиІэ цІыхухэм дахуэпсалъэ щІэмыхъунур сыт? (4 Мусэ 14:2, 3, 27; Мт. 25:40, 45; 1 Кор. 10:10).
б) Иеговэ и лэжьакІуэ псоми гулъытэ зэрыхуищІыр дауэ 4 Мусэ 14:24 къызэрыщыгъэлъэгъуэжар? (3 Пащт. 19:18; Ущие 15:3).
39-нэ хъыбар
Хьэрун и баш къэгъэгъар
Хэт сымэ Мусэрэ Хьэрунрэ къыпэщІэувэр икІи сыт абыхэм Мусэ жраІэр?
Корейрэ абы и акъылэгъуу цІыху 250-м ящІэну Мусэ яжриІэр сыт?
ЦІыхубэм сыт хуэдэ унафэ яхуищІыр Мусэ, жиІэныр зэриухыу занщІэу къэхъури сыт?
Сыт Корейрэ абы и акъылэгъу цІыху 250-м къащыщІыр?
Хьэрун и къуэ Елеазар цІыху хэкІуэдахэм я удз гъэсылъэм къыхищІыкІыжыр сыт, сыт апхуэдэу щІищІэр?
Хьэрун и башыр къэгъэгъэн хуей щІищІыр сыт Иеговэ? (Сурэтым еплъ)
УпщІэ лейхэр
Еджэт 4 Мусэ 16:1—49.
а) Сыт ящІэр Корейрэ абы и акъылэгъухэмрэ, абыкІи Иеговэ пэщІэувауэ щІыжыпІэ хъунур сыт? (4 Мусэ 16:9, 10, 18; 3 Мусэ 10:1, 2; Ущие 11:2).
б) Сыт хуэдэ Іуэху еплъыкІэ пхэнж яІэ хъуа Корейрэ «цІыхубэм я пашэхэу» цІыхухъу 250-м? (Мусэ 16:1—3; Ущие 15:33; Ис. 49:7).
Еджэт 4 Мусэ 17:1—11-рэ 26:10-рэ.
а) Хьэрун и башыр къызэрыгъэгъам къигъэлъэгъуар сыт, а башыр пхъуантэм щахъумэну Иеговэ щІыжиІари сыт? (4 Мусэ 17:5, 8, 10; Евр. 9:4).
б) Хьэрун и башымкІэ Иеговэ дигъэлъэгъуну зыхуеям сыт хуэдэ дерс къыхэтхрэ? (4 Мусэ 17:10; Апост. 20:28; Флп. 2:14; Евр. 13:17).
40-нэ хъыбар
Мусэ бгым тоуІуэ
Губгъуэ нэщІым ит и цІыхубэм сыт Иеговэ яхуищІэр?
Кадес деж къыщызэтеувыІам щыгъуэ, сыт зыхуейуэ щІэтхьэусыхэр израиль цІыхухэр?
ЦІыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ Иеговэ дауэ псы язэрыритыр?
Сурэтым еплъыт. Іэпэ зыхуэзышиижар хэт, апхуэдэу щІищІэри сыт?
Мусэрэ Хьэрунрэ Иеговэ сыткІэ къызэрагъэгубжьар, тезыру къалэжьари сыт?
Ор зи цІэ бгыщхьэм къыщыхъур сыт, израиль лъэпкъым я дин пашэ нэхъыщхьэ хъури хэт?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 4 Мусэ 20:1—13, 22—29-рэ 5 Мусэ 29:5-рэ.
а) Израиль цІыхухэр губгъуэ нэщІым щитам щыгъуэ Иеговэ абыхэм зэрелІэлІам дигъэлъагъур сыт?
б) Мусэрэ Хьэрунрэ Израиль лъэпкъым и пащхьэ зэрыщамыгъэлъэпІар Иеговэ дауэ къыщыхъуа? (4 Мусэ 20:12; 1 Кр. 10:12; Апок. 4:11)
в) Иеговэ трилъхьа тезырыр Мусэ къызэрыщыхъуам къыхэтхыфынур сыт хуэдэ дерс? (4 Мусэ 12:3; 20:12, 27, 28; 5 Мусэ 32:4; Евр. 12:7—11).
41-нэ хъыбар
Гъуаплъэм къыхэщІыкІа блэ
Сурэтым еплъыт. Сыт бжэгъум фІэлъыр, Иеговэ Мусэ ар абы щІыфІригъэлъхьари сыт?
Иеговэ яхуищІа псори фІыщІэ зэрамыщІар цІыхубэм дауэ къызэрагъэлъагъуэр?
Щхъухь зиІэ блэхэр къатеуа нэужь, цІыхубэр Мусэ сыткІэ зэрелъэІур?
Иеговэ Мусэ гъуаплъэм къыхэщІыкІа блэр щІригъэщІыр сыт?
Сыт хуэдэ дерс а Іуэхугъуэм дэ къыхэтхыфынур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 4 Мусэ 21:4—9.
а) Иеговэ къахуищІэмкІэ мыарэзы израилхэм я щапхъэм дызыщихъумэр сыт? (4 Мусэ 21:5, 6; Рим 2:4).
б) Илъэсищэ бжыгъэ дэкІа нэужь, израиль цІыхубэм гъуаплъэм къыхэщІыкІа блэр къызэрагъэсэбэпын щІадзар дауэ, Езекие ищІари сыт? (4 Мусэ 21:9; 4 Пащт. 18:1—4).
Еджэт Иуан 3:14, 15.
Пкъом ираІулІа Хьисэ и Іуэхур бжэгъум фІэлъа блэм къигъэлъэгъуэжу щІыжыпІэ хъунур сыт? (Гал. 3:13; 1 Пт. 2:24).
42-нэ хъыбар
Шыд псэлъэф
Хэт Валакыр, сыт абы Валаам къыщІригъашэр?
Валаам и шыдыр сыт гъуэгум щІытетІысхьар?
Валаам шыдым къыжриІэр сыт?
Сыт мелыІычым Валаам жриІэр?
Сыт къэхъур Валаам Израилым ебгыну щыхуежьэм?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 4 Мусэ 21:21—35.
Аморрей пащтыхь Сигонымрэ, васан пащтыхь Огымрэ израилыр язэрытекІуар зи фІыщІэр сыт? (4 Мусэ 21:21, 23, 33, 34).
Еджэт 4 Мусэ 22:1—40.
Израилым ебгыну Валаам щІыхэтар сыт, сыт хуэдэ дерс абы къыхэтхыфынур? (4 Мусэ 22:16, 17; Ущие 6:16, 18; 2 Пт. 2:15; Иудэ 11).
Еджэт 4 Мусэ 23:1—30.
Валаам и жыІэкІам ар Алыхьым и лэжьакІуэу къыпщигъэхъуми, абы и Іуэхугъуэхэм нэгъуэщІ къыщІагъэлъагъуэр сыт? (4 Мусэ 23:3, 11—24; 1 Пащт. 15:22).
Еджэт 4 Мусэ 24:1—25.
Иеговэ и мурадхэр Іэмал имыІэу къызэрехъулІэнымкІэ диІэ фІэщхъуныгъэр дауэ зэрагъэбыдэр мыбдеж щыжыІа псалъэхэм? (4 Мусэ 24:10; Ис. 54:17).
43-нэ хъыбар
Исус Навин цІыху пашэ мэхъу
Сурэтым еплъыт. Хэт мы Мусэ бгъэдэт цІыхухъуитІыр?
Сыт Иеговэ Исус Навин жриІэр?
Сыт Мусэ Нево бгыщхьэм щІыдэкІуейр, абы Иеговэ къыщыжриІэри сыт?
Мусэ щылІам илъэс дапщэ хъурэт?
Сыт израиль цІыхухэр щІэнэщхъейр, ауэ гуфІэну сыт хуэдэ щхьэусыгъуи яІэ?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 4 Мусэ 27:12—23.
Сыт хуэдэ къалэн Исус Навин и пщэ Иеговэ дилъхьар, ди зэманми Иеговэ и цІыхубэм зэрелІалІэр сыт дэзыгъэлъагъур? (4 Мусэ 27:15—19; Апост. 20:28; Евр. 13:7).
Еджэт 5 Мусэ 3:23—29.
Сыт Иеговэ Мусэрэ Хьэрунрэ цІыхубэр къызэригъэгугъа щІыналъэм щІримыгъэхьэр, сыт хуэдэ дерс къыхэтхыфыну абы? (5 Мусэ 3:25—27; 4 Мусэ 20:12, 13).
Еджэт 5 Мусэ 31:1—8, 14—23.
Мусэ лІэн ипэкІэ жиІа псалъэхэм дауэ зэрыдагъэлъагъур Иеговэ абы къытрилъхьа тезырымкІэ зэрыарэзыр? (5 Мусэ 31:6—8, 23).
Еджэт 5 Мусэ 32:45—52.
Алыхьым и Псэлъэм итым ди гъащІэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэн хуейр? (5 Мусэ 32:47; 3 Мусэ 18:5; Евр. 4:12).
Еджэт 5 Мусэ 34:1—12.
Мусэ зэикІ Иеговэ нэкІэ имылъэгъуами, 5 Мусэ 34:10 зэритымкІэ сыт хуэдэ зэхущытыкІэ Алыхьымрэ абырэ тлъагъур къигъэлъагъуэрэ? (2 Мусэ 33:11, 20; 4 Мусэ 12:8).
44-нэ хъыбар
Раав тІасхъэщІэххэр егъэпщкІу
Дэнэ Раав щыпсэур?
Хэт мы сурэтым ит цІыхухъуитІыр, сыт ахэр Иерихон къыщІэкІуар?
Сыт хуэдэ унафэ Иерихон и пащтыхьым Раав хуищІыр, сыт жэуапу абы итыжар?
Израиль цІыхухъуитІым дауэ Раав зэрыдэІэпыкъуар, гущІэгъу сыткІэ къыхуащІыну ар абыхэм елъэІурэ?
ТІасхъэщІэхитІым сыт Раав къызэрагъэгугъар?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Исус Навин 2:1—24.
Израиль лъэпкъыр Иерихон щытеуам щыгъуэ, Иеговэ къызэригъэгугъауэ 2 Мусэ 23:27-м ит псалъэхэр дауэ къызэрыхъуар? (Ис.Н. 2:9—11).
Еджэт Еврейхэм 11:31.
Раав дигъэлъэгъуа щапхъэм фІэщхъуныгъэ Іэмал имыІэу дызэриІэн хуейр дауэ зэрыдигъэлъагъур? (Рим 1:17; Евр. 10:39; Екъуб 2:25).
45-нэ хъыбар
Иордан псым зэрызэпрыкІар
Сыт хуэдэ Іуэху телъыджэ Иеговэ ищІэр израилыр Иордан псым зэпрыкІыфын щхьэкІэ?
Иордан псым зэпрымыкІ щІыкІэ фІэщхъуныгъэ зэраІэр израиль цІыхухэм дауэ къызэрагъэлъэгъуэн хуейр?
Сыт Иеговэ Исус Навин щІыжриІэр псы лъэгум мывэшхуэу 12 къыхихыну?
Дин пашэхэр Иордан къызэрыхэкІыжу, занщІэу сыт къэхъур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Исус Навин 3:1—17.
а) Мы Іуэхугъуэм зэрыдигъэлъагъущи, сыт дэ тщІэн хуейр Иеговэ къыддэІэпыкъун, и нэфІыр къытщыхуэн щхэкІэ? (Ис.Н. 3:13, 15; Ущие 3:5; Екъуб 2:22, 26).
б) Къызэригъэгугъа щІыналъэм ихьэну израиль цІыхухэр Иорданыпсым щызэпрыкІым псыр зэрыщытыр дапхуэдэут, Иеговэ и цІэр абы дауэ игъэлъэга? (Ис.Н. 3:15; 4:18; Забур 65:5—7).
Еджэт Исус Навин 4:1—18.
Иордан къыхахыу Галгал щагъэтІылъа мывэ 12-м сыт и мыхьэнэр? (Ис.Н. 4:4—7, 19—24).
46-нэ хъыбар
Иерихон и блынхэр
Махуихым и кІуэцІкІэ ящІэн хуейуэ дин пашэхэмрэ зауэлІхэмрэ сыт Иеговэ яжриІэр?
Ебланэ махуэм сыт абыхэм ящІэн хуейр?
Иерихон и блынхэм сыт къащыщІыр? (Еплъ сурэтым)
Сыт щхьэгъубжэм кІапсэ плъыжьыр къыщІыдэлэлыр?
Исус Навин и унафэкІэ сыт зауэлІхэм къалэмрэ абы дэсхэмрэ, дыжьынымрэ дыщэмрэ, гъуаплъэмрэ гъущІымрэ иращІэн хуейр?
Сыт хуэдэ унафэ тІасхъэщІэхитІым къыхуащІар?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Исус Навин 6:1—24.
а) Иерихон и блынхэр хъурейуэ махуэ ебланэм къызэракІухьар, сыткІэ хуэбгъадэ хъуну мы иужьрей махуэхэм Иеговэ и Щыхьэтхэм хъыбарыфІыр цІыхухэм ирагъэщІэн щхьэкІэ ирагъэкІуэкІ Іуэхугъуэм? (Ис.Н. 6:14, 15; Ис. 60:22; Мт. 24:14; 1 Кор. 9:16).
б) Къэхъун ипэкІэ къыжыІауэ Исус Навин 6:25-м ит псалъэхэр зэратхрэ илъэс 500 дакІа нэужь, дауэ къызэрыхъуар, Иеговэ жиІэ псалъэхэм теухуауи сыт абы дигъэлъагъур? (3 Пащт. 16:34; Ис. 55:11).
47-нэ хъыбар
Израилым дыгъу къахэкІащ
Еплъыт сурэтым. Иерихон къыдаха хьэпшыпхэр зыгъэпщкІу мы цІыхухъур хэт, хэт сымэ абы къыдэІэпыкъухэри?
Аханрэ и унагъуэмрэ ящІар щыуагъэшхуэу щІэплъытэ хъунур сыт?
Гай къалэм израилхэр щІытемыкІуамкІэ Исус Навин Иеговэ щеупщІым, сыт хуэдэ жэуап къритар?
Исус Навин къаша нэужь, сыт Аханрэ абы и унагъуэмрэ къащыщІыр?
Ахан бэлыхь зэрызэхидзэжам сыт хуэдэ дерс къыхэтхыфыну?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Исус Навин 7:1—26.
а) Исус Навин Тхьэ зэрелъэІуа щІыкІэм сыт дигъэлъагъур, ДыкъэзыгъэщІам ар зэрыхущытым теухуауэ? (Ис.Н. 7:7—9; Забур 118:145; 1 Ин. 5:14).
б) Ахан къыщыщІам сыт дигъэлъагъур, сыт абы дызыщихъумэр? (Ис.Н. 7:11, 14, 15; Ущие 15:3; 1 Тим. 5:24; Евр. 4:13).
Еджэт Исус Навин 8:1—29.
Зэхуэсым дызэрыхэтым щхьэкІэ сыт хуэдэ къалэн ди пщэ къыдэхуэрэ? (Ис.Н. 7:13; 3 Мусэ 5:1; Ущие 28:13).
48-нэ хъыбар
Гаваон щыщ цІыху Іущхэр
Къалэ гъунэгъухэм щыпсэу ханаан лъэпкъхэм сыткІэ Гаваон щыщхэр къащхьэщыкІрэ?
Сурэтым къызэрыщыгъэлъэгъуэжауэ, сыт ящІэр гаваонхэм, сыт апхуэдэу щІащІэр?
Исус Навинрэ нэгъуэщІ унафэщІхэмрэ сыт Гаваон щыщхэр къызэрагъэгугъэр, махуищ дэкІа нэужьи сыт абыхэм къащІэр?
Гаваон щыщхэм Израилым мамырыгъэ зэрыращІылІар адрей къалэхэм щыщ пащтыхьхэм къащІа нэужь, сыт къэхъур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Исус Навин 9:1—27.
а) Израилхэм «а щІыналъэм щыпсэу псори фыукІ» яжриІа пэтми, гаваонхэр псэууэ къызэригъэнамкІэ сыт хуэдэ хьэл-щэн Иеговэ къигъэлъэгъуар? (Ис.Н. 9:22, 24; Мт. 9:13; Апост. 10:34, 35; 2 Пт. 3:9).
б) Исус Навин гаваонхэм ярита псалъэр зэриІыгъыжамкІэ сыт хуэдэ щапхъэфІ яригъэлъэгъуар нобэ Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм? (Ис.Н. 9:18, 19; Мт. 5:37; Еф. 4:25).
Еджэт Исус Навин 10:1—5.
ЦІыху гупышхуэм гаваон щыщхэм сыткІэ щапхъэ трахрэ, абы щхьэкІэ хэт ахэр хэзыубыдыкІар? (Ис.Н. 10:4; Зах. 8:23; Мт. 25:35—40; Апок. 12:17).
49-нэ хъыбар
Дыгъэр къоувыІэр
Еплъыт сурэтым. Сыт жиІэр Исус Навин, сыт апхуэдэу щІыжиІэр?
Дауэ Иеговэ Исусрэ абы и зауэлІхэмрэ зэрадэІэпыкъур?
Пащтыхь дапщэм ятекІуэрэ Исус Навин икІи зэман дапщэ абы ихьыр?
Сыт Исус Навин ханаан щІыналъэр щІигуэшыр?
Илъэс дапщэ хъууэ Исус Навин лІа, сыт израиль лъэпкъым абы иужькІэ къащыщІыр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Исус Навин 10:6—15.
Иеговэ израилым щхьэкІэ дыгъэри мазэри къызэригъэувыІар зэрытщІэм сыт дэ шэч зэрыдимыгъэщІыр? (Ис.Н. 10:8, 10, 12, 13; Забур 17:4; Ущие 18:10).
Еджэт Исус Навин 12:7—24.
Ханаан щІыналъэм щыщу пащтыхь 31-м зэратекІуар хэт зи фІыщІэр, сыт абы ди дэжкІэ мыхьэнэшхуэ щІиІэр? (Ис.Н. 12:7; 24:11—13; 5 Мусэ 31:8; Лука 21:9, 25—28).
Еджэт Исус Навин 14:1—5.
Израилым и лъэпкъхэм дауэ зэрытрагуэшар щІыналъэр, Жэнэтым къыщытлъысыну щІы Іыхьэхэм теухуауэ сыт абы дигъэлъэгъур? (Ис.Н. 14:2; Ис. 65:21; Иез. 47:21—23; 1 Кор. 14:33).
Еджэт ХеящІэ 2:8—13.
Ижь зэманым Израилым яхэта Исус Навин хуэдэу, хэт нобэ Хьисэ и гъэсэнхэр гъуэгу пэжым тезымыгъэкІыр? (ХеящІэ 2:8, 10, 11; Мт. 24:45—47; 2 Фес. 2:3—6; Тит 1:7—9; Апок. 1:1; 2:1, 2).
50-нэ хъыбар
ЦІыхубз хахуитІ
Хэт хъуну хеящІэхэр, абыхэм ящыщ гуэрхэми хэт я цІэр?
Деворэ сыт хуэдэ пщІэ къылъысыр, абы хыхьэри сыт?
Иеговэ къыжриІауэ Девора сыт Варак жриІэр, Израилым деж пащтыхь Иавинрэ абы и дзэм и нэхъыщхьэ Сисарэрэ шынагъуэу щыщытым щыгъуэ, абы зэрыжиІамкІи хэтыт текІуэныгъэмкІэ фІыщІэр къэзыхьын хуейр?
Дауэ Иаиль и хахуагъэр къызэригъэлъагъуэр?
Пащтыхь Иавин лІа нэужь, сыт къэхъур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт ХеящІэ 2:14—22.
Израилым Иеговэ и губжьыр дауэ къызралэжьар, абы дызыхуигъасэри сыт? (ХеящІэ 2:20; Ущие 3:1, 2; Иез. 18:21—23).
Еджэт ХеящІэ 4:1—24.
Деворэрэ Иаилрэ яІа фІэщхъуныгъэмрэ хахуагъэмрэ сыткІэ дадеплъеифыну? (ХеящІэ 4:4, 8, 9, 14, 21, 22; Ущие 31:30; 1 Кор. 16:13).
Еджэт ХеящІэ 5:1—31.
Варакрэ Деворэрэ текІуэныгъэ уэрэду жаІар «Армагеддон щІыпІэм» щекІуэкІыну зауэм теухуа тхьэлъэІуу сыт плъытэ щІэхъунур? (ХеящІэ 5:3, 31; 1 Тхыд. 16:8—10; Апок. 7:9, 10; 16:16; 19:19—21).
51-нэ хъыбар
Руфрэ Ноеминрэ
Дауэ Ноеминь Моав щІыналъэм къызэрыщыхутар?
Хэт хъуну Руфрэ Орфэрэ?
Унэм Ноеминь щаригъэгъэзэжыным щыгъуэ сыт ящІэр Руфрэ Орфэрэ?
Хэт Воозыр, дауэ ар Руфрэ Ноеминрэ къазэрыдэІэпыкъур?
Воозрэ Руфрэ я сабийм хэт фІащыр, сыт абы и цІэр щІызэдгъэщІэн хуейр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Руфь 1:1—17.
а) Руфь и лъагъуныгъэр сыт хуэдэ Іуэхугъуэ дахащэкІэ къигъэлъагъуэрэ? (Руфь 1:16, 17).
б) «НэгъуэщІ мэлхэр» Алыхьым и дух лъапІэр зыщыхуахэм щыщу нобэ мы щІылэм щыпсэухэм язэрыхущытыр дауэ къигъэлъэгъуа хъурэ Руфь зэрыщытам? (Ин. 10:16; Зах. 8:23).
Еджэт Руфь 2:1—23.
ЗищІалэгъуэ цІыхубзхэм сыт хуэдэ щапхъэ Руфь яригъэлъэгъуар? (Руфь 2:17, 18; Ущие 23:22; 31:15).
Еджэт Руфь 3:5—13.
а) Нэхъ цІыхухъу щІалэІуэ дэкІуэжыфын пэтрэ, езым Руфь гуфІэжу къызэрыдэкІуар дауэ Вооз къыщыхъуа?
б) Руфь хэлъа лъагъуныгъэм сыт хуэдэ щапхъэ дигъэлъагъурэ? (Руфь 3:10; 1 Кор. 13:4, 5).
Еджэт Руфь 4:7—17.
Хьисэ и гъуэгу ирикІуэ цІыхухъухэр сыткІэ Вооз дэплъеифыну? (Руфь 4:9, 10; 1 Тим. 3:1, 12, 13; 5:8).
52-нэ хъыбар
Гедеонрэ абы и зауэлІ 300-рэ
Сыт икІи дауэ израилхэр былыхь щІыхэхуар?
Гедеон зауэлІ куэдыІуэ игъусэу сыт Иеговэ щІыжиІэр?
Щынэкъэрабгъэ псоми Гедеон унэм яригъэгъэзэжа нэужь, цІыху дапщэ къанэр?
Сурэтым еплъыт. КъыжыІэжыт цІыху 300-м Гедеон и зауэлІхэр Иеговэ зэрынигъэсыр дауэми.
ЦІыху 300-р Гедеон дауэ зауэм зэрыхуигъэхьэзырыр, израилхэм дауэ текІуэныгъэр къызырахьыр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт ХеящІэ 6:36—40
а) Иеговэ зыхуейр дауэ Гедеон зэригъэунэхуар?
б) Иеговэ зыхуейр нобэ дауэ дэ къызэрытщІэфынур? (Ущие 2:3—6; Мт. 7:7—11; 2 Тим. 3:16, 17).
Еджэт ХеящІэ 7:1—25.
а) Зезыгъэзыхыу псы ефахэр мыхъуу, зауэлІ 300 сакъахэм сыткІэ дадэплъеифыну? (ХеящІэ 7:3, 6; Рим 13:11, 12; Еф. 5:15—17).
б) Гедеон еплъурэ абы ищІэ дыдэр зыщІэжа зауэлІ 300-м хуэдэу, дауэ «дызэреплъыфынур» Гедеон нэхъ ИныІуэ Хьисэ, ищІар тщІэжын щхьэкІэ? (ХеящІэ 7:17; Мт. 11:29, 30; 28:19, 20; 1 Пт. 2:21).
в) Иеговэ и организацием дыщиІэ къалэнымкІэ арэзыуэ дыщытыну дауэ къыддэІэпыкъурэ ХеящІэ 7:21-м ит псалъэхэр? (1 Кор. 4:2; 12:14—18; Екъуб 4:10).
Еджэт ХеящІэ 8:1—3.
Ди къуэш, е ди шыпхъу гуэрымрэ дэрэ зыгуэркІэ ди акъыл зэтемыхуамэ, Іуэхур дауэ зэхэдгъэкІыфыну, Гедеон ефремхэм я Іуэхур зэрызэхигъэкІар ди щапхъэу? (Ущие 15:1; Мт. 5:23, 24; Лк. 9:48).
53-нэ хъыбар
Иеффэ ита псалъэр
Хэт Иеффэ, сыт хуэдэ зэман ар щыпсэуар?
Иеффэ сыт хуэдэ псалъэ иритыр Иеговэ?
Аммонитянхэм ятекІуауэ унэм къыщигъэзэжым, сыт ар Іейуэ къыщІэнэщхъеяр?
И адэм ита псалъэр къыщищІэм, сыт Иеффэ и пхъум жиІэр?
Сыт цІыхухэм Иеффэ и пхъур фІыуэ щІалъагъур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт ХеящІэ 10:6—18.
Израилыр Иеговэ зэрыхуэмыпэжам сыт дэ дызыщихъумэр? (ХеящІэ 10:6, 15, 16: Рим 15:4; Апок. 2:10).
Еджэт ХеящІэ 11:1—11; 28—40.
а) Иеффэ «къурмэныпхъэу» и пхъур щитам щыгъуэ, ар мафІэкІэ зэримыгъэсар данэ щытщІэр? (ХеящІэ 11:31; 3 Мусэ 16:24; 5 Мусэ 18:10, 12).
б) Иеффэ и пхъур сыт хуэдэ щІыкІэкІэ тыгъэ зэрищІар?
в) Алыхьым ирита псалъэм Иеффэ зэремыпцІыжам сыт къыхэтхыфынур? (ХеящІэ 11:35, 39; Еккл. 5:4, 5; Мт. 16:24).
г) Иеффэ и пхъур дауэ щапхъэфІ зэрахуэхъур Хьисэ и гъуэгу ирикІуэ щІалэгъуалэхэм, зэману яІэр къагъэсэбэпу Алыхьым хуэлэжьэным я гъащІэр траухуэнымкІэ? (ХеящІэ 11:36; Мт. 6:33; Флп. 3:8).
54-нэ хъыбар
ЦІыху нэхъ къарууфІэ дыдэр
Нэхъ къарууфІэ дыдэу мы дунейм тетам и цІэр хэт, хэт абы а къарур къезытар?
Аслъэнышхуэм сытыт зэгуэр Самсон ирищІар? (Еплъ сурэтым)
Еплъыт сурэтым. Самсон сыт хуэдэ щэху Далидэ жриІэр, абы щхьэкІэ филистимлянхэм деж ар пщылІыпІэ дауэ зэрихуэр?
Самсон езыр щыхэкІуэда махуэм дауэ филистимлян цІыху 3 000 зэриукІыр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт ХеящІэ 13:1—14.
Манойрэ и фызымрэ сабий пІынымкІэ сыт хуэдэ щапхъэфІ дагъэлъэгъуа? (ХеящІэ 13:8; Забур 126:3; Еф. 6:4).
Еджэт ХеящІэ 14:5—9, 15:9—16.
а) Иеговэ и дух лъапІэм ищІэфынум теухуауэ сыт къатщІэр, Самсон аслъэныр зэриукІам, зэрапха кІапсэхэр зэрызэпичам, цІыху 1 000 шыдым и жьэгъумкІэ зэриукІам деджа нэужь?
б) Дух лъапІэр нобэ дауэ къыддэІэпыкъурэ? (ХеящІэ 14:6; 15:14; Зах. 4:6; Апост. 4:31).
Еджэт ХеящІэ 16:18—31.
Зыхэта цІыху Іейхэр сыткІэ зэран къыхуэхъуа Самсон, сыт хуэдэ дерс абы къыхэтхыфынур? (ХеящІэ 16:18, 19; 1 Кор. 15:33).
55-нэ хъыбар
ЩІалэ цІыкІум Алыхьым къулыкъу хуещІэ
Сурэтым ит щІалэ цІыкІум хэт и цІэр, хэт сымэ абы къыбгъэдэтхэри?
Шэтырым кІуэуэ сыт зэгуэр Аннэ Иеговэ зэрелъэІуар, дауэ абы Иеговэ жэуап къызэрыритар?
Иеговэ и шэтырым къулыкъу щищІэну къыщашам илъэс дапщэ хъурэт Самуел, гъэ къэс сыт абы и анэм ищІэр?
Хэт я цІэр Иляс и къуэхэм, сыт хуэдэ цІыху ахэр?
Дауэ Иеговэ зэгуэр Самуел къызэрепсэлъар, къыжриІари сыт?
Ин хъуа нэужь, Самуел зэрыхъур хэт, жьы хъуа нэужьи къэхъур сыт?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 1:1—28.
а) Унагъуэр Алыхьым хуэлэжьэнымкІэ къалэныр Елканэ и пщэ зэрыдилъхьэжамкІэ сыт хуэдэ щапхъэ яригъэлъэгъуар унагъуэхэм я нэхъыжьхэм? (1 Пащт. 1:3, 21; Мт. 6:33; Флп. 1:10).
б) Аннэ и Іуэхухэр щызэхэзэрыхьам щыгъуэ сыт ищІар, сыт хуэдэ щапхъэ абыкІэ дигъэлъэгъуар? (1 Пащт. 1:10, 11; Забур 54:23; Рим 12:12)
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 2:11—36.
Сыт дэзыгъэлъагъур Иляс Иеговэ нэхърэ и къуэхэр нэхъ «къызэрищтар», сыт абы дызыщихъумэр? (1 Пащт. 2:22—24, 27, 29; 5 Мусэ 21:18—21; Мт. 10:36, 37).
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 4:16—18.
Щызауэ щІыпІэм сыт хуэдэ хъыбар гуауиплІ Иляс къыхурахар, абы иужькІэ езым сыт къыщыщІар?
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 8:4—9.
Дауэ израилхэм Иеговэ зэрагъэпудар, нобэ Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэу дауэ дызэрыщытыфынур? (1 Пащт. 8:5, 7; Иуан 17:16; Екъуб 4:4).
56-нэ хъыбар
ТэлутІ Израилым и япэ пащтыхьщ
Еплъыт сурэтым. Сыт Самуел ищІэр, сыт апхуэдэу щІищІэр?
Сыт ТэлутІ Иеговэ игу щІрихьыр икІи сыт хуэдэ цІыху ар?
Хэт ТэлутІ и къуэм и цІэр, сыт абы ищІэр?
Сыт Самуел къэкІуэжыху емыжьэу, ТэлутІ езым къурмэныр къыщІихьыр?
ТэлутІ теухуа хъыбарым сыт хуэдэ дерсхэр къыхэтхыфыну?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 9:15—21, 10:17—27.
И пщІэр езыудыха цІыхухэм пІащІэу зыгуэр яримыщІэнымкІэ ТэлутІ хэлъа Іэдэбагъыр дауэ сэбэп къыхуэхъуа? (1 Пащт. 9:21; 10:21, 22, 27; Ущие 17:27)
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 13:5—14.
Сыт хуэдэ гуэныхь ТэлутІ Галгал щищІар? (1 Пащт. 10:8; 13:8, 9, 13)
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 15:1—35.
а) Амоликитянхэм я пащтыхь Агаг и Іэхум ехьэлІауэ сыт хуэдэ гуэныхь хьэлъэ къихьа ТэлутІ? (1 Пащт. 15:2, 3, 8, 9, 22).
б) Дауэ ТэлутІ и къуаншагъэр нэгъуэщІхэм трилъхьэну зэрыхэтыр, езым зигъэзэхуэн щхьэкІэ? (1 Пащт. 15:24)
в) Чэнджэщ къыщыдаткІэ сыт дэ зызыщытхъумэн хуейр? (1 Пащт. 15:19—21; Забур 140:5; Ущие 9:8, 9; 11:2)
57-нэ хъыбар
Алыхьым Даут къыхех
Хэт мы сурэтым ит щІалэщІэм и цІэр, дэнэ ар зэрыхахуэр щытщІэр?
Дэнэ Даут щыпсэур, хэт абы и адэмрэ и адэшхуэмрэ я цІэр?
Вифлеем, Иессэ и унэ, Иеговэ сыт Самуел щІигъакІуэр?
Иессэ и къуэхэм щыщу блыр Самуел къыщыхуашэм сыт къэхъур?
Сыт Иеговэ Самуел жриІэр, Даут къыщыхуашэм?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 17:34, 35.
Дауэ мы Іуэхугъуэхэм къагъэлъагъуэрэ Даут адрейхэм хуэмыдэу нэхъ зэрыхахуэр икІи Иеговэ зэрыщыгугъыр? (1 Пащт. 17:37)
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 16:1—14.
а) Иеговэ жиІауэ 1 Пащтыхьыгъуэ 16:7 итыр дауэ къызэрыддэІэпыкъур цІыху зэхэдз дымыщІыну, цІыхум и теплъэм демыплъыну? (Апост. 10:34, 35; 1 Тим. 2:4).
б) Дауэ ТэлутІ и щапхъэм зэрыдигъэлъагъур, Иеговэ и дух лъапІэр цІыхум къытрихыжмэ, нэщІ хъуа щІыпІэр бзаджэнаджэм, е гуэныхьыщІэ щэныжьыр зыхуейм зэриубыдыр? (1 Пащт. 16:4; Мт. 12:43—45; Гал. 5:16).
58-нэ хъыбар
Даутрэ ДжэлутІрэ
Израиль и дзэм сыт ДжэлутІ къажриІэр?
Дапщэ ДжэлутІ и лъагагъыр, ДжэлутІ зыукІым иритыну сыт ТэлутІ жиІэр?
ЗэрыщІалэІуэм щхьэкІэ Даут ДжэлутІ емызэуэфыну ТэлутІ къыщыжриІэм, сыт жэуапу Даут итыжыр?
Даут ДжэлутІ жриІа псалъэхэм дауэ къызэригъэлъагъуэр ар зыщыгугъыр зэры-Иеговэр?
Сурэтым зэрыщыплъагъущи, Даут сыткІэ ДжэлутІ зэриукІыр, абы иужькІи сыт филистимлянхэм ящІэр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 17:1—54.
а) Шынэр имыщІэу апхуэдизу сытыт Даут щІыщытыр, абы и хахуагъэм сыткІэ дыдэплъеифыну? (1 Пащт. 17:37, 45; Еф. 6:10, 11)
б) ДжэлутІ зэпеуэну зэрыхуеям дауэ зыщадзеин хуей Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм джэгукІэ къыщыхахым деж? (1 Пащт. 17:8; Гал. 5:26; 1 Тим. 4:8)
в) Дауэ Даут жиІэм къызэригъэлъагъуэр, Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуным абы шэч лъэпкъ къызэрытримыхьэр (1 Пащт. 17:45—47; 2 Тхыдэжь 20:15)
г) Дауэ мы Іуэхугъуэ тхыжам къызэрыхэщыр а зауэр дзэ гупитІым я зауэ къудейуэ щымыту тхьэ нэпцІхэмрэ Алыхь пэж Иеговэрэ я зауэу зэрыщытар? (1 Пащт. 17:43, 46, 47)
д) Дауэ Алыхьым и дух лъапІэр зыщыхуахэм щыщу къэнэжахэр Даут хуэдэу, Иеговэ зэрыщыгугъыр? (1 Пащт. 17:37; Иер. 1:17—19; Апок. 12:17)
59-нэ хъыбар
Даут щыщІэпхъуэжын хуей хъуар
Сыт ТэлутІ Даут щІефыгъуэр, ТэлутІ и гупсысэкІэр Ионафан ейм сыткІэ зэремыщхьыр?
Зэгуэр Даут пшынэ дыкъуакъуэ ТэлутІ щыхуеуэм, сыт къэхъур?
Ипхъу Мелхолэ фызу иритын ипэ къихуэу ищІэн хуейуэ сыт ТэлутІ Даут къыхуигъэувыр, сыт щхьэкІэ?
Даут ТэлутІ пшынэдыкъуакъуэ щыхуеуэм, сыт ещэнэрейуэ къэхъур? (Сурэтым еплъ)
Мелхолэ дауэ Даут зэрыдэІэпыкъур къелын щхьэкІэ, илъэсиблкІэ Даут ищІэн хуей хъури сыт?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 18:1—30.
а) Ионафанрэ Даутрэ яку дэлъа лъагъуныгъэ гуащІэм дауэ къигъэлъэгъуэжрэ «нэгъуэщІ мэлхэмрэ» «гуп мащІэмрэ» яку дэлъ лъагъуныгъэр? (1 Пащт. 18:1; Ин. 10:16; Лука 12:32; Зах. 8:23)
б) 1 Пащтыхьыгъуэ 18:4 ит псалъэхэм дауэ къызэрагъэлъэгъуэжыр Ионафан, ТэлутІ иужькІэ пащтыхьыгъуэр къызылъысыр арами, пащтыхь хъуам Іеищэу зэрыхуэІурыщІэр?
в) Дауэ ТэлутІ и щапхъэм зэрыдигъэлъагъур фыгъуэным гуэныхь хьэлъэ къызэрыхэкІыр, сыт абы дэ дызыщихъумэр? (1 Пащт. 18:7—9, 25; Екъуб 3:14—16).
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 19:1—17.
1 Пащтыхьыгъуэ 19:4, 5-м ит псалъэхэр Ионафан щыжиІэм ар и гъащІэм зэремыблэжыр дауэ къызэригъэлъэгъуар? (1 Пащт. 19:1, 6)
60-нэ хъыбар
Авигеерэ Даутрэ
Еплъыт сурэтым. Даут къыхуэкІуэ мы цІыхубзым и цІэр хэт, сыт хуэдэ хьэл абы хэлъыр?
Навалыр хэт?
Сыт Даут и цІыхухэм щыщ гуэрхэр Навал щІыхуигъакІуэр, къыдэІэпыкъуну иригъэлъэІуну?
Сыт Навал Даут и цІыхухэм къажриІэр, Даути дауэ зищІрэ?
Сыт хуэдэ Іущагъ Авигея къигъэлъагъуэр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 22:1—4.
Дэ, Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр, зы унагъуэшхуэ хуэдэу дызэдэІэпыкъужу дыщытын щхьэкІэ, Даут и унагъуэм сыт хуэдэ щапхъэ дигъэлъэгъуа? (Ущие 17:17; 1 Фес. 5:14)
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 25:1—43.
а) Сыт Навал Іумпэм цІыхухэм щІащІыр? (1 Пащт. 25:2—5, 10, 14, 21, 25)
б) СыткІэ Хьисэ и гъуэгум тет щхьэгъусэ зиІэ цІыхубзхэр дэплъеифыну Авигея (1 Пащт. 25:32, 33; Ущие 31:26; Еф. 5:24)
в) Сыт хуэдэ Іуэху Іейхэр ищІэну Авигея Даут щихъума? (1 Пащт. 25:31, 33; Рим 12:19; Еф. 4:26)
г) Авигея жиІа псалъэхэр Даут къызэрыщыхъуар дауэ къадэІэпыкъурэ цІыхухъухэм, цІыхубзхэм Иеговэ и нэкІэ еплъыну? (Апост. 21:8, 9; Рим 2:11; 1 Пт. 3:7)
61-нэ хъыбар
Даут пащтыхь мэхъу
Сыт ящІар Даутрэ Авессэрэ, ТэлутІ жеиху?
Даут ТэлутІ сыт хуэдэ упщІэхэр иритрэ?
Дэнэ здэкІуэр Даут, ТэлутІ бгъэдэкІыжа нэужь?
Сыт Даут Іейуэ къэзыгъэнэщхъеяр, уэрэд дахи щІызэхилъхьэн хуей хъуар?
Илъэс дапщэт Даут зэрыхъур, Хеврон пащтыхьу щыхахам щыгъуэ, и къуэ гуэрхэми я цІэр хэт?
ИужьыІуэкІэ Даут дэнэ пащтыхь щыхъур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Пащтыхьыгъуэ 26:1—25.
а) Даут жиІауэ 1 Пащтыхьыгъуэ 26:10-м ит псалъэхэм дауэ къызэрагъэлъагъуэр ар езыр Иеговэ и цІыхубэр къызэрызэригъэпэщам зэрыхущытыр? (Забур 36:7; Рим 13:2)
б) ФІы тщІэуэ фІыщІэ къыщыпэмыкІуэм деж, дауэ сэбэп къытхуэхъурэ Даут жиІауэ 1 Пащтыхьыгъуэ 26:10 ит псалъэхэр ди гупсысэкІэм нэхъ Іей мыхъуну? (3 Пащт. 8:32; Забур 17:21)
Еджэт 2 Пащтыхьыгъуэ 1:26.
Дауэ Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм Даутрэ Ионафанрэ «зыхуаІа лъагъуныгъэ гуащІэм» хуэдэ зэрызыхуаІэфынур? (1 Пт. 4:8; Кол. 3:14; 1 Ин. 4:12)
Еджэт 2 Пащтыхьыгъуэ 5:1—10.
а) Илъэс дапщэкІэ Даут унафэ ищІа, период дапщэкІэ зэпыбуд хъуну ар зэрытепща зэманыр? (2 Пащт. 5:4, 5)
б) Даут цІэрыІуэ зыщІар сыт, сыт абы дигу къигъэкІыжын хуейр? (2 Пащт. 5:10; 1 Пащт. 16:13; 1 Кор. 1:31; Флп. 4:13)
62-нэ хъыбар
Даут и унэм къыщыхъуа насыпыншагъэхэр
Хэт ей хъуа ханаан щІыналъэр, Иеговэ и фІыщІэкІэ?
Сыт къэхъур зэгуэр Даут унащхьэм къыщеплъыхым?
СыткІэ апхуэдизу Иеговэ Даут къызэригъэгубжьар?
Сурэтым зэриту, хэт гуэныхь ищІар къыщІигъэщыну Иеговэ Даут хуигъакІуэр, абы зэрыжиІамкІи, сыт Даут къыпэщылъыр?
Сыт хуэдэ насыпыншагъэхэр Даут къыщыщІрэ?
Даут къыкІэлъыкІуэу хэт пащтыхь хъур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Пащтыхьыгъуэ 11:1—27.
а) ХущІыхьэгъуэ зидмыгъэІэу Иеговэ дыхуэлажьэмэ, абы дауэ дыкъызэрихъумэр?
б) Сыт Даут гуэныхьым къыхуэзышар, абы Иеговэ хуэлажьэхэр сытым щихъумэрэ? (2 Пащт. 11:2; Мт. 5:27—29; 1 Кор. 10:12; Екъуб 1:14, 15)
Еджэт 2 Пащтыхьыгъуэ 12:1—18.
а) Нэхъыжьхэмрэ адэ-анэхэмрэ папщІэ сыт хуэдэ дерс хэлъ Нафан Даут чэнджэщ зэрырита щІыкІэм? (2 Пащт. 12:1—4; Ущие 12:18; Мт. 13:34)
б) Сыт Иеговэ Даут гуэщІэгъу щІыхуищІар? (2 Пащт. 12:13; Забур 31:5; 2 Кор. 7:9, 10)
63-нэ хъыбар
Пащтыхь Іущ Сэлмэн
СыткІэ Иеговэ Сэлмэн зэреупщІыр, Сэлмэни сыт хуэдэ жэуап къитыжрэ?
КъызэрелъэІуамкІэ арэзы Іейуэ, сыткІэ Иеговэ Сэлмэн къигъэгугъэрэ?
Сыт хуэдэ Іуэхугъуэ гугъу зэхагъэкІыну фызитІыр Сэлмэн деж къакІуэрэ?
Дауэ зэхигъэкІрэ а Іуэхугъуэр Сэлмэн? (Еплъ сурэтым)
Сэлмэн и пащтыхьыгъуэ зэманым хэкур дауэ щыт, сыт ар зифІыщІэр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 3 Пащтыхьыгъуэ 3:3—38.
а) Сэлмэн и гум къыбгъэдэкІыу жиІа псэлъэу 3 Пащтыхьыгъуэ 3:7 итым сыт хуэдэ дерс къыхахыфыну Алыхьым и организацием къалэн гуэр зи пщэ дэлъ цІыхухъухэм? (Забур 118:105; Ущие 3:5, 6)
б) Сэлмэн зыщІэлъэІуам дауэ дигъэлъагъурэ зыщІэлъэІун хуейр сытми? (3 Пащт. 3:9, 11; Ущие 30:8, 9; 1 Ин. 5:14)
в) Сэлмэн цІыхубзитІым я Іуэхур зэрызэхигъэкІам дыщегупсысым деж, къэкІуэну зэманым Сэлмэн нэхъ Ину Хьисэ зэрытепщэну щІыкІэм теухуауэ хьакъ тщыхъур сыт? (3 Пащт. 3:28; Ис. 9:6, 7; 11:2—4)
Еджэт 3 Пащтыхьыгъуэ 4:29—34.
а) Іущагъ хуейуэ Сэлмэн Алыхьым зэрелъэІуам, Иеговэ дауэ жэуап къызэрыритар? (3 Пащт. 4:29)
б) Сэлмэн и Іущагъым къакІуэу едэІуэн щхьэкІэ цІыхухэм къарууэ ирахьэлІам дегупсысмэ, дауэ дызэрыхущытын хуейр Алыхьым и Псалъэр дджыным? (3 Пащт. 4:29, 34; Иуан 17:3; 2 Тим. 3:16).
64-нэ хъыбар
Сэлмэн Алыхьым унэшхуэр хуищІ
Сэлмэн унэшхуэр ищІыным зэман дапщэ текІуадэр, ахъшэ куэдыщэ щІихьри сыт?
Унэшхуэр мыхьэнэ иІэу пэш кІуэцІ дапщэ хъурэ, адэкІэ нэхъ къыщыт пэш кІуэцІми щІэтыр сыт?
Унэшхуэр зэраухам щхьэкІэ Сэлмэн жиІэ тхьэлъэІум сыт щыжиІахэр?
Сэлмэн и тхьэлъэІумкІэ зэрыарэзыр Иеговэ дауэ къызэригъэлъагъуэр?
И щхьагъусэхэм сытым худашэхрэ Сэлмэн, абы къыщыщІыр сыт?
Сэлмэн Иеговэ къызэригъэгубжьыр сыткІэ, абы Иеговэ жриІэри сыт?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Тхыдэжь 28:9, 10.
Даут жиІауэ 1 Тхыдэжьым 28:9, 10-м итым махуэ къэс тщІэн хуейуэ дыкъызыхуриджэр сыт? (Забур 18:15; Флп. 4:8, 9).
Еджэт 1 Тхыдэжьхэм 6:12—21, 32—42.
а) Дауэ Сэлмэн къызэригъэлъэгъуар цІыхум ищІауэ зы уни Алыхьышхуэр зэрыщІэмыхуэнур? (2 Тхыд. 6:18; Апост. 17:24, 25)
б) 2 Тхыдэжь 6:32, 33 Сэлмэн жиІауэ ит псалъэхэм Иеговэ теухауэ къыджаІэр сыт? (Апост. 10:34, 35; Гал. 2:6)
Еджэт 2 Тхыдэжь 7:1—5.
Иеговэ иІэ щІыхьыр ялъэгъуа иужь, израиль цІыхухэм ар зыгъэлъэпІам сыт дэ дызыхуигъэушыр, Иеговэ и цІыхубэм яхуищІэ хъугъуэфІыгъуэхэм дыщегупсысым деж? (2 Тхыд. 7:3; Забур 21:23; 33:2; 95:2).
Еджэт 3 Пащтыхьыгъуэ 11:9—13.
Сэлмэн и щапхъэм пэжыгъэм дытету икІэм нэс Іэмал имыІэу дыкъызэрынэн хуейр дауэ зэрыдигъэлъагъур? (3 Пащт. 14:1, 9; Мт. 10:22; Апок. 2:10).
65-нэ хъыбар
Пащтыхьыгъуэр гуэшащ
Сурэтым ит цІыхуитІым хэт я цІэр, хэт хъуну ахэр?
Сыт Ахие и халатым ирищІэр, абы къикІри сыт?
Сыт Сэлмэн Иеровоам ирищІэну зыхэтыр?
ЛъэпкъипщІым и пащтыхьу сыт Иеровоам цІыхухэм щІыхахыр?
Дыщэм къыхэщІыкІауэ танитІыр сыт Иеровоам щІищІыр, абы щхьэкІи сыт а хэкум къыщыщІыр?
ЛъэпкъитІ хъу пащтыхьыгъуэмрэ Иерусалим дэт унэшхуэмрэ сыт къащыщІыр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 3 Пащтыхьыгъуэ 11:26—43.
Сыт худэ цІыхуу щыта Иеровоам, Алыхьым и унафэхэр игъэзащІэу щытмэ, хуищІэну сыткІэ ар Иеговэ къигъэгугъа? (3 Пащт. 11:28, 38).
Еджэт 3 Пащтыхьыгъуэ 12:1—33.
а) Ровоам иригъэлейуэ зэрыщытам сыт хуэдэ дерс къыхахыфыну адэ-анэхэмрэ зэхуэсым я нэхъыжьхэмрэ? (3 Пащт. 12:13; 1 Пт. 5:2, 3).
б) ЩІалэгъуалэр Іуэхугъуэ гугъу пэщІэхуа иужь, дэнэ чэнджэщ къыщалъыхъуэн хуейр? (3 Пащт. 12:6, 7; Ущие 1:8, 9; 2 Тим. 3:16, 17; Евр. 13:7).
в) Сыт Ровоам дыщэм къыхэщІыкІа танэхэр щагъэлъэпІэну щІыпІитІ щІищІар, Иеговэ нэсу и фІэщ зэрымыхъури а Іуэхугъуэм дауэ къигъэлъагъуэрэ? (3 Пащт. 11:37; 12:26—28).
г) Пэжыгъэм тету Алыхьым хуэмылэжьэн щхьэкІэ лъэпкъипщІ хъу пащтыхьыгъуэм закъыщиІэтам щыгъуэ, хэт абы я унэфэщІыу щытар? (3 Пащт. 12:32, 33).
66-нэ хъыбар
Пащтыхьым и фыз бзаджэ Езавел
Хэт Езавелыр?
Сытыт Ахав зэгуэр щІэгукъыдэмыжыр?
Сыт ищІэр Езавел илІ Ахав Навуфей и жызум хадэр Іэригъэхьэн щхьэкІэ?
Езавел тезыр трыригъэлъхьэну хэт Иеговэ къигъакІуэр?
Сыт къэхъур Ииуй Езавел и унэм къыщыІулъадэм деж? (Сурэтым еплъ)
УпщІэ лейхэр
Еджэт 3 Пащтыхьыгъуэм 16:29—33; 18:3, 4.
Ахав и пащтыхьыгъуэм щыгъуэ израилым сыт хуэдэ щытыкІэ иІар? (3 Пащт. 16:33).
Еджэт 3 Пащтыхьыгъуэ 21:1—16.
а) Дауэ Навуфей къызэригъэлъэгъуар Иеговэ зэрыхуэпэжыр, хахуагъэ зэрыхэлъыр? (3 Пащт. 21:1—3; 3 Мусэ 25:23—28).
б) Ахав и щытыкІам сыт дызыщихъумэр, дызыхуейр къыщыдэмыхъулІэм деж? (3 Пащт. 21:4; Рим 5:3—5)
Еджэт 4 Пащтыхьыгъуэ 9:30—37.
Ииуй Иеговэ зыхуейр хуэпабгъэу зэригъэзэщІэм сыт дызыхуигъасэр? (4 Пащт. 9:4—10; 2 Кор. 9:1, 2; 2 Тим. 4:2).
67-нэ хъыбар
Иосафат Иеговэ щогугъ
Хэт Иосафатыр, хэт и заманыгъуэ ар щыпсэуар?
Сыт израиль цІыхухэр щІэшынар, абыхэм ящыщ зыкъуомэми сыт ящІэр?
Иосафат и тхьэлэІум дауэ Иеговэ жэуап къызэрыритыр?
Щызэуэну щІыпІэм израилхэр къэмыс щІыкІэ, сыт Иеговэ ищІэр?
Иосафат деж сытым зыщедгъэсэфыну?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Тхыдэжь 20:1—30.
а) Шынагъуэ Іуэху щыхэхуам деж ящІапхъэу Алыхьым и цІуху пэжхэм сыт яригъэлъэгъуар Иосафат? (2 Тхыд. 20:12; Забур 24:15; 61:2).
б) Иеговэ и цІыхубэм зэрыпыщІа канал сыт щыгъуи зэриІам теухуауэ ди зэманым сыт хуэдэ канал къигъэсэбэпу жыпІэ хъунур? (2 Тхыд. 20:14, 16; Мт. 24:45—47; Иуан 15:15).
в) «ЛъэкІыныгъэшхуэ псори зиІэ Тхьэм и махуэшхуэ» зауэм Алыхьым щыщІидзэм деж сыткІэ ди Іуэхухэр Иосафат ейм ещхь хъуну? (2 Тхыд. 20:15, 17; 32:8; Апок. 16:14, 16).
г) Левий и лъэпкъым щыщхэм дэплъеяуэ цІыхухэм хъыбарыфІыр егъэщІэнымкІэ къекІукІ дунейпсо Іуэхугъуэм сыт хащІыхьрэ пионерхэмрэ миссионерхэмрэ? (2 Тхыд. 20:19; Рим 10:13—15; 2 Тим. 4:2).
68-нэ хъыбар
ЩІалэ цІыкІуитІыр къызэрыхъужар
Хэт мы сурэтым итыр икІи сыт щІалэ цІыкІум къыщыщІыр?
Иляс щІалэ цІыкІум щхьэкІэ сыткІэ тхьэм зэрелъэІур, сыт абы иужькІи къэхъур?
Иляс и дэІэпыкъуэгъу адрей бегъымбарым хэт и цІэр?
Сонам щыпсэу цІыхубзым и унэ къыщІраджэр сыт Елисей?
Сыт Елисей ищІэр, сабий лІами къыщыщІыр сыт?
Илясрэ Елисейрэ ящІамкІэ къигъэлъэгъуауэ сыт хуэдэ къару Иеговэ иІэр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 3 Пащтыхьыгъуэ 17:8—24.
а) Иляс и жыІэдаІуагъымрэ и фІэщхъуныгъэмрэ дауэ зэрагъэунэхуар? (3 Пащт. 17:9; 19:1—4, 10).
б) Сарептэ щыщ фызабэм и фІэщхъуныгъэр гъэщІэгъуэныщэу щІыжыпІэ хъунур сыт? (3 Пащт. 17:12—16; Лк. 4:25, 26).
в) Сарептэ щыщ фызабэм ищІам къыпэкІуэжам дауэ нэрылъагъу тщищІрэ Хьисэ жиІа Матфей 10:41, 42-м ит псалъэхэр? (3 Пащт. 17:10—12, 17, 23, 24).
Еджэт 4 Пащтыхьыгъуэ 4:8—37.
а) ХьэщІагъэ тхэлъын хуейм теухуауэ сытым зыщыхуедгъэсэфыну Сонам щыщ цІыхубзым деж? (4 Пащт. 4:8; Лука 6:38; Рим 12:13; 1 Ин. 3:17)
б) Иеговэ хуэлажьэхэм фІыуэ нобэ дауэ дахущытыфыну? (Апост. 20:35; 28:1, 2; Гал. 6:9, 10; Евр. 6:10).
69-нэ хъыбар
Хъыджэбз цІыкІур цІыхухъу цІэрыІуэм зэрыдэІэпыкъуар
Сурэтым ит хъыджэбз цІыкІум сыт цІыхубз цІэрыІуэм жриІэр?
Хэт хъуну мы цІыхубз цІэрыІуэр, мы хъыджэбз цІыкІуми сыт абы и унэ щищІэр?
Нееман жриІэн хуейуэ Елисей сыт и пщылІым жриІэр, Неемани сыт апхуэдизу къыщІэгубжьыр?
Нееман и пщылІым жиІэм щедаІуэм сыт къэхъур?
Нееман и тыгъэр сыт Елисей къыщІримыІыхыр, ауэ Гиезэ ищІэр сыт?
Гиезэ къыщыщІыр сыт, мы Іуэхугъуэм сыт хуэдэ дерс къыхэтхыфыну?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 4 Пащтыхьыгъуэ 5:1—27.
а) Хъыджэбз цІыкІум игъэлъэгъуа щапхъэм нобэрей щІалэгъуалэр сытым тригъэгушхуэрэ? (4 Пащт. 5:3; Забур 8:3; 148:12, 13).
б) Тхыгъэм тету чэнджэщ къыщыдатым деж, сыт Нееман дигу къыщІэдгъэкІыжын хуейр? (4 Пащт. 5:15; Евр. 12:5, 6; Екъуб 4:6).
в) Елисейрэ Гиезэрэ ящІар зэдгъапщэмэ, абы сытым дыщІигъэджыкІрэ? (4 Пащт. 5:9, 10, 14—16, 20; Мт. 10:8; Апос. 5:1—5; 2 Кор. 2:17).
70-нэ хъыбар
Инусрэ бдзэжьей инымрэ
Хэт Инусыр, сыт абы Иеговэ жриІэр?
Иеговэ жыхуиІэм кІуэну зэрыхуэмейм къыхэкІыу сыт ищІэр Инус?
Борэнышхуэр увыІэжын щхьэкІэ, ящІэну хыдзэлІхэм сыт яжриІэр Инус?
Инус псым хэхуа нэужь, сыт къыщыщІыр? (Сурэтым еплъ)
Дэпхуэдизрэ Инус бдзэжьеишхуэм и ныбэм зэрилъыр, сыт абы щищІэр?
ГъущапІэм къытехуэжа иужь, сыт Инус ищІэр, сыт хуэдэ дерс абы къыхэтхыфынур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Инус 1:1—2:1.
Ниневия къалэдэсхэм хъыбар яжриІэн хуейуэ и пщэ дэлъа лэжьыгъэм Инус зэрыхущытар дауэ? (Инус 1:2, 3; Ущие 3:1; Еккл 8:12).
Еджэт Инус 2:2, 3, 11.
Инус къыщыщІам дауэ дифІэщ ищІрэ ди тхьэлъэІухэм Иеговэ жэуап къызэрыритынур? (Забур 21:25; 33:7; 1 Ин. 5:14).
Еджэт Иуан 3:1—10.
а) И пщэ дилъхьа къалэныр игъэзэщІэну зэрыхуэмеям емылъытауэ Иеговэ Инус адэкІэ къызэригъэсэбэпам дауэ ди гур къызэригъэгъуэтыжрэ? (Забур 102:14; 1 Пт. 5:10).
б) Къэтщта ІэнэтІэм щыпсэу цІыхухэм дазэрыхущытын хуейм теухуауэ, Ниневие хъыбарыфІыр Инус щигъэІум щыгъуэ къэхъуам сыт дигъэлъагъур? (Инус 3:6—9; Еккл. 11:6; Апост. 13:48).
71-нэ хъыбар
Алыхьым дыкъегъэгугъэ жэнэткІэ
Хэту Исай зэрыщытар, дэпщэщ ар щыпсэуар, сыт Иеговэ абы иригъэлъэгъуар?
«Жэнэт» псалъэм къикІыр сыт, абы сыт уигу къигъэкІыжыр?
КъэкІуэну жэнэтыщІэм теухуауэ Иеговэ Исай иригъэтхар сыт?
Дауэ Іэдэмрэ Хьэуарэ я жэнэт унэ дахащэр язэрыфІэкІуэдар?
Алыхьыр фІыуэ зылъагъу цІыхухэр сыткІэ къызэригъэгугъэр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Исай 11:6—9.
а) ДунеищІэм цІыхухэмрэ псэущхьэмрэ зэрызэхущытыным теухуауэ Алыхьым и Псалъам сыт итыр? (Забур 148:10, 13; Ис. 65:25; Иез. 34:25).
б) Исай и псалъэхэм духовнэ мыхьэнэ щІэлъыр дауэ Иеговэ и цІыхухэм деж къэхъуу зэрыщыплъагъур? (Рим 12:2; Еф. 4:23, 24).
в) ДунеищІэм цІыхухэм зэрызахъуэжынумрэ нобэ зэрызахъуэжымрэкІэ фІыщІэр зызей хэт (Ис. 48:17, 18; Гал. 5:22, 23; Флп. 4:7).
Еджэт Апокалипсис 21:3, 4.
а) Алыхьыр цІыхухэм пэж дыдэу, нэрылъагъуу зэрахэмытыр, атІэ абы щІагъыбзэ щІэлъу зэрыжыІар дауэ езы Тхыгъэм къигъэлъагъуэрэ? (3 Мусэ 26:11, 12; 2 Тхыд. 6:18; Ис. 66:1; Апок. 21:2, 3, 22—24).
б) Сыт хуэдэ нэпс, сыт хуэдэ уз афІэкІа щымыІэжынур? (Лк. 8:49—52; Рим 8:21, 22; Апок. 21:4).
72-нэ хъыбар
Алыхьыр доІэпыкъу пащтыхь Езекие
Хэт мы сурэтым ит цІыхухъур, сыт ар балыхьышхуэ щІыхэхуар?
Сыт хуэдэ письмо Езекие Алыхьым и пащхьэ ирилъхэр, ар Алыхьым зэрелъэІури сыт?
Езекие сыт худэ пащтыхьу щыта, сыт худэ хъыбар абы Иеговэ бегъымбар Исай къжригъэІэр?
Сурэтым зэрыщыплъагъумкІэ, сыт Иеговэ и мелыІычым Ассирием щыщ зауэлІхэм ярищІэр?
ЛъэпкъитІ хъу пащтыхьыгъуэр зэман гуэркІэ мамыру псэуами, сыт къэхъур Езекие лІа иужь?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 4 Пащтыхьыгъуэ 18:1—36.
а) Ассирием лІыкІуэу къагъэкІуа Рабсак израилхэм я фІэщхъуныгъэр яфІигъэкІуэдыну дауэ зэрыхэтар? (4 Пащт. 18:19, 21; 2 Мусэ 5:2; Забур 63:4).
б) Езекие и щапхъэм тету дауэ Иеговэ и щыхьэтхэм я бийхэм зэрыхущытыр? (4 Пащт. 18:36; Забур 38:2; Ущие 26:4; 2 Тим. 2:24).
Еджэт 4 Пащтыхьыгъуэ 19:1—37.
а) Зэман гугъу щихуам деж Иеговэ и цІыхубэр Езекие къигъэна щапхъэм дауэ тет? (4 Пащт. 19:1, 2; Ущие 3:5, 6; Евр. 10:24, 25; Екъуб 5:14, 15).
б) Пащтыхь Сеннахирим щэней дауэ зэрыхэнар икІи хэт абы къигъэлъэгъуэжыр? (4 Пащт. 19:32, 35, 37; Апок. 20:2, 3).
Еджэт 2 Пащтыхьыгъуэ 21:1—6, 16.
Зэгуэр Иерусалим и пащтыхь Іейуэ щыта псом нэхърэ, Манассие нэхъ Іеижу щІыжыпІэ хъунур сыт? (2 Тхыд. 33:4—6, 9).
73-нэ хъыбар
Израилым и иужьрей пащтыхьыфІыр
Иосие илъэс дапщэт зэрыхъур пащтыхь щыхъуам щыгъуэ, зэрыпащтыхьри илъэсибл дэкІэ нэужь, сыт абы ищІэн щІидзэр?
Еплъыт япэ сурэтым. Сыт Иосие ищІэр?
Алыхьым и унэшхуэм щелэжьым, сыт абы дин пашэшхуэм къыщигъуэтыжыр?
Сыт Иосие и щыгъыныр щІызэфІитхъыр?
ЦІыхубз бегъымбар Олданэ Иеговэ къыбгъэдэкІыу сыт хуэдэ хъыбар Иосие жриІэр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 2 Тхыдэжь 34:1—38.
а) Зи сабийгъуэр гугъуу щытахэм дежкІэ Иосие и щапхъэр сыткІэ сэбэп? (2 Тхыд. 33:21—25; 34:1, 2; Забур 26:10).
б) Зэрыпащтыхьрэ илъэсий 12, 18-хэм мыхьэнэшхуэ иІэу сыт худэ Іуэхугъуэхэр ищІа Иосие, цІыхухэр Алыхьым пэжу хуэлэжьэн щхьэкІэ? (2 Тхыд. 34:3, 8).
в) Алыхьым дыщыхуэлажьэ щІыпІэр зыхуей зэрыхуэгъэзэным хуейм теухуауэ сытым зыщыхуедгъэсэфыну пащтыхь Иосиерэ дин пашэшхуэ Хелкиерэ деж? (2 Тхыд. 34:9—13; Ущие 11:14; 1 Кор. 10:31).
74-нэ хъыбар
Шынэ зымыщІэ цІыху
Мы сурэтым ит щІалэщІэр хэт?
Иеговэ Иеремие бегъымбару зэрыхихар дауэ къыщыхъуа икІи сыт Иеговэ абы жриІэр?
Сыт хуэдэ хъыбар емызэшыжу Иеремие цІыхубэм яжриІэр?
Дин пашэхэм дауэ Иеремие къагъэувыІэну зэрыхэтыр, Иеремии зэрымышынэр дауэ къызэригъэлъагъуэр?
Іуэху Іей ялэжьхэр къызэрамыгъанэм щхьэкІэ сыт къащыщІар израиль цІыхухэм?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Иеремие 1:1—8.
а) Иеремие и щапхъэм зэрыдигъэлъагъущи, сыт зыщІыр цІыхур Иеговэ хуэлэжьэну хуэфащэу? (2 Кор. 3:5, 6).
б) Хьисэ и гъуэгум тет щІалэгъуалэр сытым хуигъэушрэ Иеремие и щапхъэм? (Еккл. 12:1; 1 Тим. 4:12).
Еджэт Иеремие 10:1—5.
Дауэ Иеремие нэрылъагъу зэрытщищІыр тхьэнэпцІхэм уахуэлэжьэным мыхьэнэ лъэпкъ зэримыІэр? (Иер. 10:5; Ис. 46:7; Авв. 2:19).
Еджэт Иеремие 26:1—16.
а) «Зы псалъи кІэромыгъуэху» жиІэу Иеговэ Иеремие унафэ хуищІам Алыхьым и дух лъапІэр зыщихуахэм щыщу къэнахэм Иеговэ и псалъэхэр щагъэІукІэ абы дауэ зэрытетыр? (Иер. 26:2; 5 Мусэ 4:2; Апост. 20:27).
б) Сыт Иеремие Иеговэ и щыхьэтхэм щапхъэфІ игъэлъэгъуауэ жыпІэ щІэхъунур, Иеговэ къыбгъэдэкІыу дыкъэзыхъумэ хъыбарыфІыр цІыхубэм егъэщІэным теухуауэ?
Еджэт 4 Пащтыхьыгъуэ 24:1—17.
Иудэ лъэпкъыр Иеговэ зэрымыхуэпэжам сыт хуэдэ кІэух Іейм къыхуиша?
75-нэ хъыбар
ЩІалэщІиплІыр Вавилоным
Хэт мы сурэтым ит щІалэщІиплІыр, дауэ ахэр Вавилон къызэрыщыхутар?
А щІалэщІиплІым теухуауэ сыт хуэдэ мурад Навуходоносор иІэр, и унэІутхэми сыт хуэдэ унафэ яхуищІыр?
Яшхыну, зэфэну сыт Даниил и щхьэмрэ и ныбжьэгъуищымрэ щхьэкІэ зыщІэлъэІур?
Адрей щІалэщІэхэм елъытауэ Даниилрэ и ныбжьэгъуищымрэ я теплъэкІэ сыт хуэдэ, махуипщІкІэ хадэхэкІ нэмыщІ зыри ямышха нэужь?
Даниилрэ и ныбжьэгъуищымрэ дауэ пащтыхь унэм къызэрыщыхутэр, пащтыхьым и сыт хуэдэ дин пашэ е цІыху Іущым сыткІэ ахэр ефІэкІрэ?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Даниил 1:1—21.
а) Гъэунэхуныгъэ дихуамэ, е зыгуэр и лъэныкъуэкІэ быдэныгъэ тхуримыкъумэ, сыт хуэдэ къару дэ абы етхьэлІэн хуей хъуну? (Дан. 1:8; 1 Мусэ 39:7, 10; Гал. 6:9).
б) Зыгуэрхэм я «фІэфоупсым» «еплъыну» щІалэгъуалэр дауэ хэгъэзыхьынкІэрэ хъуну е езыхэр тегушхуэнкІэрэ хъуну? (Дан. 1:8; Ущие 20:1; 2 Кор. 6:17—7:1).
в) Къэралым къыдит щІэныгъэм теухуауэ сыт къыдгуригъаІуэр еврей щІалэщІиплІым теухуауэ Алыхьым и Псалъэм ит хъыбарым? (Дан. 1:20; Ис. 54:13; 1 Кор. 3:18—20).
76-нэ хъыбар
Иерусалим зэрызэхакъутэр
Сыт къащыщІыр Иерусалими израиль цІыхухэми? (Сурэтым еплъ)
Хэт хъуну Иезекииль, сыт хуэдэ Іуэху гущыкІыгъуэхэр абы къригъэлъагъурэ Иеговэ?
Зыуи къызэрырамыдзэм щхьэкІэ, сыткІэ израиль цІыхухэр Иеговэ къызэригъэгугъэр?
Израиль цІыхухэр Навуходоносор пэщІэува нэужь, сыт абы ищІэр?
Сыт Иеговэ щІидэр израиль лъэпкъым апхуэдэ лей къатехьэну?
Дауэ зэрыхъур израиль щІыналъэм зы цІыхуи къимынэжу, илъэс дапщэкІэ апхуэдэу зэрыщытыр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 4 Пащтыхьыгъуэ 25:1—26.
а) Хэт хъуну Седекие, сыт абы къыщыщІар, къэхъуну жыхуаІари апхуэдэу дауэ къызэрыхъуар? (4 Пащт. 25:5—7; Иез. 12:13—15).
б) Израилыр зэрыхуэмыпэжымкІэ къуаншагъэр зытелъу къилъытар хэт Иеговэ? (4 Пащт. 25:9, 11, 12, 18, 19; 2 Тхыд. 36:14, 17).
Еджэт Иезекииль 8:1—18.
Дыгъэр зыгъэлъэпІэу гъуэгу пэжым текІа израиль цІыхухэр сыт щІыхуэдэр чристэнхэм? (Иез. 8:16; Ис. 5:20, 21; Ин. 3:19—21; 2 Тим. 4:3).
77-нэ хъыбар
Сыт ямыщІами ахэр лъэгуажьэмыщхьэу увынукъым
Пащтыхь Навуходоносыр сыт худэ унафэ яхуищІыр цІыхубэм?
Сыт Даниил и ныбжьэгъуищыр сын гъэжам и пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэу щІимыувэр?
Иджыри зэ сын гъэжар ягъэлъэпІэну Іэмал къащритыжам, дауэ ныбжьыщІищым къызэрагъэлъэгъуар Иеговэ зэрагугъапІэр?
Сыт унафэу ищІыр Навуходоносор Седрах, Мисах, Авденаго сымэ иращІэну?
Сыт илъагъур Навуходоносор, хьэкум щиплъэм?
Сыт пащтыхьым Седрах, Мисах, Авденаго сымэ я Алыхьым шыкур щІыхуищІыр икІи сыт хуэдэ щапхъэ дагъэлъэгъуа дэ а щІалэщІищым?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Даниил 3: 1—30.
а) Гуэныхь зыпылъ ирагъэщІэну къыщыпэщІэувэм деж Алыхьым и лэжьакІуэхэр псори дауэ дэплъеифыну еврей щІалэщІищым? (Дан. 3:17, 18; Мт. 10:28; Рим 14:7, 8)
б) Алыхь Иеговэ дауэ зыкъригъэцІыхужа Навуходоносор? (Дан. 3:28, 29; 4:31, 32).
78-нэ хъыбар
Блыным Іэм щетх
Вавилон и пащтыхьым ищІа ефэ-ешхэшхуэм къэкІуа хэщІэхэр Иерусэлим дэт Иеговэ и унэшхуэм къыщІаха фалъэхэмрэ бжьэхэмрэкІэ щефэм сыт къэхъур?
Сыт Валтасар цІыху Іущхэм яжриІэр, ауэ сыт абы яхуэмыщІэр?
Сыт ищІэну къыжриІэр пащтыхьым и анэм?
Сыт, Даниил зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым а псалъэхэр блыным щІытрыригъэтхар?
Блыным тета псалъэхэм къарыкІыу сыт Даниил жыхуиІар?
Даниил жиІэныр иджыри имыух щІыкІэ, сыт къэхъур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Даниил 5:1—31.
а) Блыным тетхар щилъэгъуам Валтасар зыщІэзыщта шынэмрэ Алыхьым и пащхьэ щыдиІэн хуей шынэмрэ зэрызэхуэмыдэр дауэми къэгъэлъагъуэ? (Дан. 5:6, 7; Забур 18:10; Рим 8:35—39).
б) Валтасаррэ абы и цІыху цІэрыІуэхэмрэ я пащхьэ къиувэн щхьэкІэ, сыт Даниил хахуагъэшхуэ щІыхэлъын хуеяр? (Дан. 5:17, 18, 22, 26—28; Апост. 4:29).
в) Даниил и тхылъым и 5-нэ псалъащхьэм дауэ къызэрыщигъэлъэгъуэжар Иеговэ тепщэныгъэшхуэ зэрыІэщІэлъыр? (Дан. 4:14, 22; 5:21).
79-нэ хъыбар
Даниил аслъэнхэм я гъусэу мащэм
Хэт хъуну Дарий икІи ар дауэ Даниил хущыт?
ЦІыху фыгъуэнэдхэм къыжраІэу сыт ищІэр Дарий?
УнафэщІэ къыдэкІар къищІа нэужь, сыт Даниил ищІэр?
Сыт мыжеифу апхуэдизу Дарий щІэгузавэр, нэху зэрыщу сыт ищІэр?
Сыт жауапу Даниил Дарий къритыжыр?
Даниил езыгъэукІыну хэта цІыху Іейхэм сыт къащыщІыр, сыт Дарий яхуитхыр и пащтыхьыгъуэм ис цІыхухэм?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Даниил 6:1—28.
а) Даниил теухуауэ щэхуу зэрызэгурыІуам, дауэ дигу къигъэкІыжрэ нобэ Иеговэ и Щыхьэтхэм ялэжь Іуэхугъуэхэр къагъэувыІэн папщІэ бийхэм ирагъэкІуэкІ Іуэхугъуэхэр? (Дан. 6:7; Ис. 10:1; Рим 8:31).
б) Даниил «унафэщІ нэхъыщхьэхэм» зэредэІуам, сыт хуэдэ щапхъэ трахыфыну Алыхьым и лэжьакІуэхэм? (Дан. 6:5, 10; Рим 13:1; Апост. 5:29).
в) «ДемыпцІыжу» Иеговэ дыхуэлэжьэн щхьэкІэ сыткІэ Даниил дыдэплъеифыну? (Дан. 6:16, 20; Флп. 3:16; Апок. 7:15).
80-нэ хъыбар
Алыхьым и цІыхухэр Вавилон йокІыж
Сурэтым зэрыщыплъагъущи, сыт ящІэр израиль цІыхухэм?
ИсайкІэ Иеговэ къэхъуну къыжиІар дауэ Кир игъэзэщІа зэрыхъуар?
Иерусалим зымыгъэзэжыфынухэм сыт хуэдэ унафэ Кир яхуищІыр?
Иерусалим зыгъэзэжхэм сыт яритыжыр Кир?
Израиль цІыхухэр Иерусалим нэсыжын щхьэкІэ, зэман дапщэ гъуэгум текІуадэр?
Зэман дапщэкІэ хэкур цІыхуншэу щыта?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Исай 44:28-рэ 45:1—4-рэ.
а) Дауэ Иеговэ къызэригъэлъэгъуар Кир теухуауэ къыжиІар Іэмал имыІэу къызэрыхъунур? (Ис. 55:10, 11; Рим 4:17)
б) КъэкІуэнур къыхуэщІэу Иеговэ иІэ зэфІэкІым теухуауэ, сыт Кир теухуауэ къыжиІам дигъэлъэгъужыр? (Ис. 42:9; 45:21; 46:10, 11; 2 Пт. 1:20).
Еджэт Ездрэ 1:1—11.
Зэману яІэр Иеговэ хуэлэжьэным тезыгъэкІуэдэфыну ди къуэшхэр, ди щыпхъухэр а Іуэхум пэрыхьэн щхьэкІэ, дауэ дадэІэпыкъуфыну, Иерусалим мыкІуэжыфахэм дадэплейуэ? (Езд. 1:4, 6; Рим 12:13; Кол. 4:12).
81-нэ хъыбар
Щыгугъащ Алыхьыр къазэрыдэІэпыкъуным
ЦІыху дапщэ Вавилон икІыжу Иерусалим кІуэжыну гъуэгуанэ жыжьэ теувэр, къыщысыжам ялъагъури сыт?
Къызэрысыжу израиль цІыхухэм яухуэн щІадзэр сыт, ауэ бийхэм ящІэну зыхэтыр сыт?
Хэт хъуну Аггейрэ Захариерэ, сыт абыхэм цІыхубэр къызыхураджэр?
Сыт Фафнай Вавилон письмо щІригъэхьыр, сыт хуэдэ жэуап къыхуэкІуэжыр?
Сыт ищІэр Ездрэ, Алыхьым и унэр ухуэжын зэрыхуейр къыщищІэм?
Еплъыт сурэтым. Сыт Ездрэ Алыхьым зэрелъэІур, Иегови дауэ жэуап къызэрыритыр, абы дигъэлъагъури сыт?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Ездрэ 3:1—13.
Алыхьым и зэхуэсхэр щемыкІуэкІ щІыпІэ дыкъыщыхутэмэ, сыт дымыувыІэу дэ тщІэн хуейр? (Езд. 3:3, 6; Апост. 17:16, 17; Евр. 13:15).
Еджэт Ездрэ 4:1—7.
Дин зэгухьэ Іуэхум теухуауэ сыт хуэдэ щапхъэ Зоровавель Алыхьым и цІыхубэм яригъэлъэгъуар? (2 Мусэ 34:12; 1 Кор. 15:33; 2 Кор. 6:14—17).
Еджэт Ездрэ 5:1—5, 17; 6:1—22.
а) Сыт бийхэм унэшхуэм и щІыжыныр къащІыхуэмыгъэувыІар? (Езд. 5:5; Ис. 54:17).
б) Иудейхэм я нэхъыжьхэм ящІам дауэ тригъэгушхуэрэ нобэрей зэхуэсхэм я нэхъыжьхэр гугъуехь гуэр щыхуэзэхэм деж Алыхьыр зыхуейр зэрагъащІэу, абы тету Іуэхур зэрахьэну? (Езд. 6:14; Забур 31:8; Рим 8:31; Екъуб 1:5).
Еджэт Ездрэ 8:21—23, 28—36.
Іуэху гуэр къетхьэжьэн ипэкІэ сыт тщІэн хуейр, Ездрэ зэрыдигъэлъэгъуамкІэ? (Езд. 8:23; Забур 126:1; Ущие 10:22; Екъуб 4:13—15).
82-нэ хъыбар
Мардохейрэ Есфиррэ
Хэт хъуну Мардохейрэ Есфиррэ?
Сыт Артаксеркс фызыщІэ къыщІилъыхъуэр, къыхихри хэт?
Хэт Аманыр, сыт ар Іейуэ къэзыгъэгубжьыр?
Сыт хуэдэ унафэ къыдэкІыр, Мардохей къыжриІам иужь сыт Есфирь ищІэр?
Сыт къащыщІыр Аманрэ Мардохейрэ?
Дауэ израиль цІыхухэр я бийхэм къызэрелыр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Есфирь 2:12—18.
«Гущабагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэ» я уасэр дауэ Есфирь къызэригъэлъэгъуар? (Есф. 2:15; 1 Пт. 3:1—5).
Еджэт Есфирь 4:1—17.
Дин къабзэр ихъумэфыну утыку Есфирь зэрихуам хуэдэу, нобэ сыт хуэдэ Іэмал диІэ хъурэ дэри Алыхьым дызэрыхуэпэжыр къэдгъэлъэгъуэну? (Есф. 4:13, 14; Мт. 5:14—16; 24:14).
Еджэт Есфирь 7:1—6.
Нобэ Алыхьым хуэлажьэ куэдым, Есфирь хуэдэу, дауэ къызэрагъэлъагъуэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэр яшэчыну зэрыхьэзырыр? (Есф. 7:4; Мт. 10:16—22; 1 Пт. 2:12).
83-нэ хъыбар
Иерусалим и блынхэр
Зи хъуреягъкІэ блын дэмыщІеижа Иерусалим дэс израиль цІыхухэм зыхащІэр сыт?
Хэт хъуну Неемиер?
Сыт хуэдэ лэжьыгъэ Неемие илэжьыр, ар къалэнышхуэу щІэплъытэ хъунур сыт?
Сыт хуэдэ хъыбархэм Неемие щхьэжагъуэ ящІрэ, абы ищІэри сыт?
Сыт хуэдэ цІыхугъэ Артаксеркс Неемие ирихрэ?
Бийхэм лэжьыгъэр къамыгъэувыІэфын щхьэкІэ, дауэ Неемие ухуэныгъэмкІэ Іуэхухэр къызэригъэпэща?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Неемие 1:4—6-рэ 2:1—20.
Неемие дауэ Иеговэ и унафэ зэрылъыхъуар? (Неем. 2:4, 5; Рим 12:12; 1 Пт. 4:7).
Еджэт Неемие 3:3—5.
Фекой щыщхэм ящІам сыткІэ дэплъеифыну нэхъыжьхэмрэ абыхэм я служебнэ дэІэпыкъуэгъухэмрэ, абыхэм хуэмыдэу дауэ «нэхъ цІэрыІуэхэм» зэрызащІар? (Неем. 3:5, 27; 2 Фес. 3:7—10; 1 Пт. 5:5).
Еджэт Неемие 4:1—23.
а) Гугъуехь зыхуэзахэм емылъытауэ, сыт ящІыхузэфІэкІар израиль цІыхухэм яухуэжыр икІэм нагъэсыну? (Неем. 4:6, 8, 9; Забур 49:15; Ис. 65:13, 14).
б) Израилхэм дагъэлъэгъуа щапхъэм сыткІэ гукъыдэж къыдитрэ?
Еджэт Неемие 6:15.
Иерусалим и блынхэр мазитІ нэмысыпэкІэ зэращІыжыфам къыхэкІыу сыт пхужыІэну фІэщхъуныгъэм къуит къарум теухуауэ? (Забур 55:4, 5; Мт. 17:20; 19:26).
84-нэ хъыбар
Мэрем деж мелыІыч къокІуэр
Мы сурэтым щыплъагъу цІыхубзыр хэт?
Сыт ДжэбрэІил Мэрем къыжриІэр?
Дауэ ДжэбрэІил Мэрем зэрыгуригъаІуэр цІыхухъу дэмыпсэуми, сабий зэриІэну щІыкІэр?
Сыт къэхъур Мэрем и Іыхьлы Елисавет деж къыщыкІуам?
Сыт игугъар Исуф Мэрем сабий зэриІэнур къыщищІам, иужькІэ и мурадыр щІихъуэжри сыт?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Лука 1:26—56.
а) Іэдэм къыбгъэдэкІа гуэныхьыр Мэрем и Іэпкълъэпкъым хэтами, абы и кІуэцІым уафэм щыІа Алыхьым и Къуэм и гъащІэр илъами, Лука 1:35-м итым теухуауэ сытым дыкъыхуэкІуэрэ? (Агг. 2:11—13; Ин. 6:69; Евр. 7:26; 10:5).
б) Къамылъху щІыкІэ сыт хуэдэ пщІэ Хьисэ къылъысар? (Лк. 1:41—43).
в) Алыхьым щыхуэлажьэкІэ къулыкъу хэха къызылъыс цІыхубзхэм сыт худэ щапхъэфІ яригъэлъэгъуа Мэрем? (Лк. 1:38, 46—49; 17:10; Ущие 11:2).
Еджэт Матфей 1:18—25.
Хьисэ Еммануел цІэ дыдэр фІамыщами, абы къикІ мыхьэнэм дауэ ар хуэфащэу зэрыщытар щІылъэм щигъэзэщІа ІуэхугъуэхэмкІэ? (Мт. 1:22, 23; Ин. 14:8—10; Евр. 1:1—3).
85-нэ хъыбар
Хьисэ жэмэщым къыщалъху
Хэт мы сурэтым ит сабий цІынэр, дэнэ ар Мэрем зыдилъхьэр?
Іэщхэр щаІыгъ жэмэщым Хьисэ къызэрыщалъхун хуей хъуар дауэ?
Жэмэщым къэблэгъа цІыхухъухэр хэт, сыт абыхэм мелыІычым къажриІар? (Еплъ сурэтым)
Сыт Хьисэ адрей сабийхэм щІемыщхьыр?
Сыт Хьисэ Алыхьым и Къуэу щІыжыпІэ хъунур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Лука 2:1—20.
а) Хьисэ къыщалъхун хуейм теухуауэ къыжыІар къэхъуным сыт хищІыхьар кесарь Август? (Лк. 2:1—4; Мих. 5:2).
б) Дауэ «Тхьэр арэзы зыхуэхъу цІыхухэм» ящыщ дыхъуфыну? (Лк. 2:14; Мт. 16:24; Ин. 17:3; Апост. 3:19; Евр. 11:6).
в) КъызэрыгуэкІ иудей мэлыхъуэхэм КъегъэлакІуэр къызэралъхуам апхуэдиз гуфІэгъуэ къащыхуихьакІэ, нобэ Алыхьым хуэлажьахэм гуфІэгъуэ яІэнумэ сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ нэхъиныж яІэр? (Лк. 2:10, 11; Еф. 3:8, 9; Апок. 11:15; 14:6).
86-нэ хъыбар
Вагъуэм зэригъакІуэ цІыхухэр
Сурэтым ит цІыхухэр хэт, абыхэм ящыщ зым вагъуэм Іэпэ щІыхушийр сыт?
Сыт пащтыхь Ирод щІэгузавэр, ищІэри сыт?
Вагъуэм дэнэ а цІыхухэр къыздишэр икІи сыт абыхэм нэгъуэщІ гъуэгукІэ я хэку щІагъэзэжыр?
Сыт хуэдэ унафэ Ирод ищІыр икІи сыт щхьэкІэ?
Сыт хуэдэ унафэ Иеговэ Исуф хуищІыр?
Хэт а вагъуэр щІэзыгъэнар икІи сыт щхьэкІэ?
УпщІэ лей
Еджэт Матфей 2:1—23.
Илъэс дапщэт Хьисэ зэрыхъур, дэнэт ар щыпсэур, вагъуэхэр зыдж цІыхухэр къыщыкІуам? (Мт. 2:1, 11, 16).
87-нэ хъыбар
ЩІалэщІэ Хьисэ Алыхьым и унэшхуэм щІэсщ
Сурэтым еплъыт. Дэнэ Хьисэ здэщыІэр, илъэс дапщэт апщыгъуэм зэрыхъури?
Сыт ящІэр илъэс къэс Исуфрэ и унагъуэмрэ?
Зэгуэр махуэ псокІэ гъуэгуанэр зэпачауэ, сыт Исуфрэ Мэремрэ Иерусалим ягъэзэжын хуей щІэхъур?
Дэнэ Исуфрэ Мэремрэ Хьисэ къыщагъуэтыжыр, сыт цІыхухэми ягъэщІагъуэр?
Сыт Хьисэ и анэ Мэрем жриІэр?
Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэну дызэрыхэтымкІэ дауэ Хьисэ дыдэплъеифыну?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Лука 2:41—52.
а) Илъэс къэс екІуэкІ махуэшхуэхэм унафэм зэритымкІэ кІуэн хуейуэ щытыр цІыхухъухэрами, сыт хуэдэ щапхъэ ирагъэлъэгъуа Исуфрэ Мэремрэ адэ-анэхэм? (Лука 2:41; 5 Мусэ 16:16; 31:12; Ущие 22:6).
б) Адэ-анэм зэредэІуэн хуейм теухуауэ сыт худэ щапхъэ Хьисэ къигъэнар? (Лк. 2:51; 5 Мусэ 5:16; Ущие 23:22; Кол. 3:20).
Еджэт Матфей 13:53—56.
Хьисэ и къуэшиплІу хэт сымэ Алыхьым и Псалъэм къыщиІуар, Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм я зэІущІэхэм сыт хуэдэ къалэн абыхэм щыщу тІум иужьыІуэкІэ щагъэзэщІар? (Мт. 13:55; Апост. 12:17; 15:6, 13; 21:18; Гал. 1:19; Екъуб 1:1; Иудэ 1).
88-нэ хъыбар
Иуан Хьисэ псым щІегъауэ
Хэт сымэ мы сурэтым итхэр?
Дауэ псым зэрыщІагъауэр?
Хэт Иуан псым щІигъауэ хабзэр?
Сыт хуэдэ нэгъуэщІ щхьэусыгъуэ иІар Хьисэ Иуан псым зыщІригъэгъэуэну щІелъэІуам?
Хьисэ псым зэрызыщІигъэуамкІэ зэрыарэзыр дауэ Алыхьм къызэригъэлъагъуэр?
Сыт къэхъур махуэ 40-кІэ щизэкъуэну щІыпІэм Хьисэ кІуа нэужь?
Хэт сымэ япэу Хьисэ кІэлъыкІуахэр е и еджакІуэ хъуахэр, сыт хуэдэ телъыджэ Хьисэ япэ дыдэу ищІар?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Матфей 3:13—17.
Хьисэ псым зэрызыщІигъэуамкІэ сыт хуэдэ щапхъэ и гъэсэнхэм яригъэлъэгъуар? (Забур 39:8, 9; Мт. 28:19, 20; Лк. 3:21, 22).
Еджэт Матфей 4:1—11.
Хьисэ ІэкІуэлъакІуэу Алыхьым и Псалъэр къызэригъэсэбэпыфым дауэ дэри дыхуигъэушрэ махуэ къэс абы деджэну? (Мт. 4:5—7; 2 Пт. 3:17, 18; 1 Ин. 4:1).
Еджэт Иуан 1:29—51.
Псым Щэзыгъуауэ Иуан и гъэсэнхэр хэтыт зыдригъэплъейр, нобэ абы дауэ щапхъэ тетхыфыну? (Ин. 1:29, 35, 36; 3:30; Мт. 23:10).
Еджэт Иуан 2:1—12.
Япэу Хьисэ ищІа телъыджэм дауэ зэрыдигъэлъагъур Иеговэ хуэлажьэхэр «фІым зэрыхимыгъэныжыр»? (Ин. 2:9, 10; Забур 83:12; Екъуб 1:17).
89-нэ хъыбар
Хьисэ Алыхьым и унэшхуэр къегъэкъабзэр
Сыт Алыхьым и унэшхуэм и кІуэцІым псэущхьэр щІащэр?
Сыт Хьисэ къыщІэгубжьар?
Еплъыт сурэтым. Сыт Хьисэ ищІэр, тхьэрыкъуэ зыщэхэми сыт хуэдэ унафэ ткІий яхуищІыр?
Хьисэ ищІэр щалъагъум, и гъэсэнхэм сыт ягу къэкІыжар?
Галилей кІуэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ хэку ар зыблэкІыр?
УпщІэ лей
Еджэт Иуан 2:13—25.
Пащтыхьыгъуэ Унэм сату Іуэху щызехуэным дауэ дыхущытын хуей, Хьисэ Алыхьым и унэшхуэм «ахъшэ къэзыхъуэжхэр» илъэгъуа нэужь къызэрыгубжьар тщІэуэ? (Ин. 2:15, 16; 1 Кор. 10:24, 31—33).
90-нэ хъыбар
ЦІыхубзым и гъусэу псыкъуийм деж
Самарие щыІэ псыкъуийм деж сыт Хьисэ къыщІызэтеувыІар, абдеж зыхуэза цІыхубзым сыт абы жриІар?
Сыт цІыхубзыр къэзыгъэуІэбжьар, сыт Хьисэ абы жриІэр, сыт щІыжриІэри?
ЦІыхубзым зэригугъэмкІэ сыт хуэдэпс Хьисэ жыхуиІэр, ауэ сыт Хьисэ пэж дыдэу зи гугъу ищІыр?
Езым теухуауэ Хьисэ апхуэдиз зэрищІэм сыт цІыхубзым къыщІигъэуІэбжьар, дэнэ а псор Хьисэ щищІэр?
Сыт хуэдэ дерс къыхэтхыфыну мы Іуэхугъуэм?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Иуан 4:5—43.
а) НэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщхэм, езым нэхърэ нэхъ къулей, нэхъ къулейсызхэм дауэ дазэрыхущытынур, Хьисэ дыдэплъейуэ щытмэ? (Ин. 4:9; 1 Кор. 9:22; 1 Тим. 2:3, 4; Тит 2:11).
б) Духовнэ и лъэныкъуэкІэ сыт хуэдэ сабэп цІыхум къыхуихьрэ ар Хьисэ и гъэсэн зэрыхъум? (Ин. 4:14; Ис. 58:11; 2 Кор. 4:16).
в) КъищІам щыгуфІыкІыу, гуфІэгъуэшхуэр иІэу нэгъуэщІхэм ар жезыІэжа Самарие щыщ цІыхубзым сыткІэ дыдэплъеифыну? (Ин. 4:7, 28; Мт. 6:33; Лк. 10:40—42).
91-нэ хъыбар
Хьисэ бгыщхьэм щрегъаджэ
Сурэтым еплъи жыІэт, дэнэ Хьисэ щригъаджэр икІи хэт абы нэхъ пэгъунэгъуу щысыр?
Хьисэ и апостол 12-м хэт я цІэр?
Сыт хуэдэ пащтыхьыгъуэ зи гугъу ищІыр Хьисэ?
СыткІэ Алыхьым зэрелъэІун хуейуэ жыхуиІэр Хьисэ?
ЦІыхухэр зэрызэхущытын хуейуэ Хьисэ зыхуигъасэр сыт?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Матфей 5:1—12.
Духовнэ и лъэныкъуэкІэ дызыхуэныкъуэр къызэрыдгурыІуэжыр къызэрыдгъэлъэгъуэфынур дауэ? (Мт. 5:3; Рим 10:13—15; 1 Тим. 4:13, 15, 16).
Еджэт Матфей 5:21—26.
Ди къуэшхэм уазэрыхущытыр Иеговэ дызэрыхущытым зэрепхар Матфей 5:23, 24-м дауэ къигъэлъагъуэрэ? (Мт. 6:14, 15; Забур 132:1; Кол. 3:13; 1 Ин. 4:20).
Еджэт Матфей 6:1—8.
ЦІыхур зыкъызэрызэфІэщІыжар къэзыгъэлъагъуэ сыт хуэдэ Іуэхухэм зыщадзэин хуей Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм? (Лк. 18:11, 12; 1 Кор. 4:6, 7; 2 Кор. 9:7).
Еджэт Матфей 6:25—34.
Дауэ Хьисэ дызэригъэсэр Иеговэ дызыхуей-дызыхуэныкъуэр къыдитынымкІэ дыщыгугъыну? (2 Мусэ 16:4; Забур 36:25; Флп. 4:6).
Еджэт Матфей 7:1—11.
Матфей 7:5-м къыщыхьа щапхъэм сытым дыхуригъаджэрэ? (Ущие 26:12; Рим 2:1; 14:10; Екъуб 4:11, 12).
92-нэ хъыбар
Хьисэ лІахэр къегъэтэджыж
Мы сурэтым ит хъыджэбз цІыкІум и адэр хэт икІи абырэ и щхьэгъусэмрэ сыт Іейуэ щІэгузавэр?
Хьисэ къигъуэта нэужь, Иаир сыт ищІэр?
Иаир и унэ щыкІуэм сыт къэхъур икІи абы сыт хуэдэ хъыбар къыІэрыхьэрэ?
Иаир и унэ щІэс цІыхухэр Хьисэ щІыщыдыхьэшхыр сыт?
Хьисэ сыт ищІар хъыджэбз цІыкІум и пэшым апостолищымрэ и адэ-анэмрэ и гъусэу щыщІыхьам?
Хьисэ къигъэтэджыжар иджыри хэт, сыт абыи дигъэлъагъур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Лука 8:40—56.
Лъы зыщІэкІ цІыхубзым зыхэщІыкІрэ гущІэгъурэ зэрыхуиІэр Хьисэ дауэ къигъэлъэгъуа икІи зэхуэсым я нэхъыжьхэм абы сыт хуэдэ дерс къыхахыфыну? (Лк. 8:43, 44, 47, 48; 3 Мусэ 15:25—27; Мт. 9:12, 13; Кол. 3:12—14).
Еджэт Лука 7:11—17.
Наин щыщ фызабэм Хьисэ жриІа псалъэхэм лІа зиІэхэм я гур дахэ дауэ хуищІыжрэ? (Лк. 7:13; 2 Кор. 1:3, 4; Евр. 4:15).
Еджэт Иуан 11:17—44.
Хьисэ дауэ къызэригъэлъэгъуар цІыху лІам ухуэщыгъуэну зэрымыемыкІур? (Ин. 11:33—36, 38; 2 Пащт. 18:33; 19:1—4).
93-нэ хъыбар
Хьисэ цІыху куэд егъашхэ
Сыт псым ЩІэзыгъауэ Иуан къыщыщІар икІи ар дауэ къыщыхъуа Хьисэ?
Хьисэ иужьым иту къэзыкІухь цІыхубэр дауэ зэригъэшхар, игъэшха иужькІи къыдэхуэжари дапщэ?
Сыт Хьисэ и гъэсэнхэр жэщым зыгъэшынэр икІи Пётр къыщыщІыр сыт?
Дауэ Хьисэ етІуанэу цІыхухэр зэригъашхэр?
ЩІыр и ІэмыщІэ илъу Алыхьым тригъэува пащтыхьу Хьисэ зэрыщытынум дригуфІэ щІэхъунур сыт?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Матфей 14:1—32.
а) Пётр и хьэл-щэным теухуауэ къыщытщІэр сыт Матфей 14:23—32-м?
б) Дауэ Тхыгъэ ЛъапІэм къызэригъэлъагъуэр Пётр и акъылыр тІысу и псынщІагъэм зэрытекІуар? (Мт. 14:27—30; Ин. 18:10; 21:7; Апост. 2:14, 37—40; 1 Пт. 5:6, 10).
Еджэт Матфей 15:29—38.
И адэм къыбгъэдэкІым пщІэ зэрыхуищІыр Хьисэ дауэ къызэригъэлъэгъуар? (Мт. 15:37; Ин. 6:12; Кол. 3:15).
Еджэт Иуан 6:1—21.
Хьисэ унафэщІхэм зэрыхущытам абы и лъэужь ирикІуэхэм сыт хуэдэ щапхъэ трахрэ? (Ин. 6:15; Мт. 22:21; Рим 12:2; 13:1—4).
94-нэ хъыбар
Абы сабий цІыкІухэр фІыуэ елъагъу
Гъуэгуанэ кІыхь зэпакІауэ къыщыкІуэжым апостолхэр щІызэдауэр сыт?
Хьисэ сыт щІалэ цІыкІур къриджэу апостолхэм я пащхьэм щІригъэувэр?
Сабийхэм сыткІэ щапхъэ трахын хуейт апостолхэм?
Мазэ бжыгъэ дакІа нэужь, Хьисэ дауэ къызэригъэлъагъуэр сабийхэр фІыуэ зэрилъагъур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Матфей 18:1—4.
Хьисэ щригъаджэкІэ щапхъэхэр къыщІихьыр сыт? (Мт. 13:34, 36; Мк. 4:33, 34).
Еджэт Матфей 19:13—15.
Пащтыхьыгъуэм къихьыну фІыгъуэхэр къытлъысын щхьэкІэ, сабийхэм хэлъ хьэлхэм щыщу сыт хуэдэхэр зыхэтлъхэн хуей? (Забур 24:9; 137:6; 1 Кор. 14:20).
Еджэт Марка 9:33—37.
ЦІэрыІуагъэм ухущІэкъуным теухуауэ Хьисэ и гъэсэнхэр сытым хуригъаджэрэт? (Мк. 9:35; Мт. 20:25, 26; Гал. 6:3; Флп. 2:5—8).
Еджэт Марка 10:13—16.
Хьисэ сыт хуэдэ ІуэхукІи убгъэдыхьэфу зэрыщытам, зэІущІэм и нэхъыжьхэм сыткІэ щапхъэ трахыфыну? (Мк. 6:30—34; Флп. 2:1—4; 1 Тим. 4:12).
95-нэ хъыбар
Хьисэ зэрыригъаджэ щІыкІэр
Зы цІыху гуэр Хьисэ къызэреупщІар сыткІэ икІи сыт щхьэкІэ?
Зыгуэрым хуигъэІущын щхьэкІэ Хьисэ зэзэмызэ сытыт ищІэр икІи иудейхэмрэ самаритянхэмрэ зэрызэхущытым теухуауэ сыт дэ нэхъэпэІуэкІэ къатщІар?
Хьисэ жиІа хъыбарым хэт Иерихон кІуэ иудейм сыт къыщыщІыр?
А гъуэгу дыдэмкІэ ирикІуэ иудей дин пашэмрэ левитымрэ сыт ящІэр?
Сурэтым къызэрыщыгъэлъэгъуамкІэ яубэрэжьа иудейм хэт дэІэпыкъур?
Мы хъыбарыр иуха нэужь, къеупщІауэ щытам сыткІэ еупщІыжрэ Хьисэ икІи сыт хуэдэ жэуап абы къитыр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Лука 10:25—37.
а) КъеупщІа цІыхум занщІэу жэуапыр жриІэным ипІэкІэ Хьисэ дауэ дэІэпыкъуа абы жэуапыр езым къигъуэтыжын щхьэкІэ? (Лк. 10:26; Мт. 16:13—16).
б) Хьисэ щапхъэхэр, хъыбархэр дауэ къигъэсэбэпырэт, къедаІуэ цІыхухэм нэфІ-ней яхэлъыр къагъэнэн щхьэкІэ? (Лк. 10:36, 37; 18:9—14; Тит 1:9).
96-нэ хъыбар
Хьисэ сымаджэхэр егъэхъуж
Хьисэ хэкур къызэхикІухьурэ сытыт ищІэр?
Иуан псым зэрыщІигъауэрэ илъэсищ ирикъуа нэужь, Хьисэ и гъэсэнхэм сыт къахузэІуихыр?
Сурэтым къыщыгъэлъэгъуар хэт икІи Хьисэ абы хуищІэр сыт?
Хьисэ къедэуэ дин пашэхэр абы и жэуапым сыт щІигъэукІытар?
Сыт Хьисэ яхуищІар тхьэмыщкІапщІэ хэзых нэфІитІым, апостолхэр и гъусэу Иерихон и Іэгъуэблагъуэм щыщыІэм?
Сыт щІищІэр Хьисэ Іуэху телъыджэхэр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Матфей 15:30, 31.
Хьисэ Іуэху илэжьахэм Иеговэ и къарур дауэ хэплъагъуэрэ икІи абы дауэ къыдгуригъаІуэрэ Иеговэ дунейщІэм щищІэну дыкъызэригъэгугъэр? (Забур 36:29; Ис. 33:24).
Еджэт Лука 13:10—17.
Хьисэ илэжьа Іуэхухэм и нэхъ телъыджэхэр щэбэтым зэрищІам дауэ къигъэлъагъуэрэ илъэс минкІэ Хьисэ тепщэу щыщытыну зэманым цІыхубэм ятелъ бэлыхьыр зэрытрихыжынур? (Лк. 13:10—13; Забур 45:10; Мт. 12:8; Кол. 2:16, 17; Апок. 21:1—4).
Еджэт Матфей 20:29—34.
Мыбы итым дауэ къигъэлъагъуэрэ Хьисэ цІыхухэм дэІэпыкъун щхьэкІэ зэи хущІэмыхьэу зэрыщымытар икІи сыт хуэдэ дерс абы къыхэтхырэ? (5 Мусэ 15:7; Екъуб 2:15, 16; 1 Ин. 3:17).
97-нэ хъыбар
Хьисэ пащтыхьым хуэдэу долъадэр
Хьисэ и гъэсэнхэр сыткІэ елъэІурэ, Иерусалим и гъунэгъуу щыт къуажэ цІыкІум къэкІуа иужь?
Сурэтым еплъыт. Хьисэ Иерусалим и дыхьэпІэм къыщыблагъэм сыт къэхъур?
Сыт ящІэр сабийхэм, Хьисэ нэфхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ игъэхъужу ялъэгъуа иужь?
Къэгубжьа дин пашэхэм Хьисэ сыт жриІэр?
Хьисэ зыгъэлъапІэ сабийхэм дращхьыну дыхуеймэ, сыт тщІэн хуей?
Хьисэ иригъаджэхэм сыт ящІэну зыхуейр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Матфей 21:1—17.
а) Хьисэ пащтыхьу Иерусалим зэрыдыхьамрэ Рим империем и зэманым текІуэныгъэр къэзыхьа зауэлІхэм я пашхэр къалэм зэрыдыхьэжхэмрэ сыткІэ зэхуэмыдэрэ? (Мт. 21:4, 5; Зах. 9:9; Флп. 2:5—8; Кол. 2:15)
б) Хьисэ унэшхуэм щІыхьа иужь, израиль щІалэ цІыкІухэм Забур 117-м ит псалъэхэр «макъышхуэкІэ» зэрыжаІам щІалэгъуалэм сыт хуэдэ дерс къыхах хъуну? (Мт. 21:9, 15; Забур 117:25, 26; 2 Тим. 3:15; 2 Пт. 3:18).
Еджэт Иуан 12:12—16.
Хьисэ къезыгъэблагъэ цІыхухэм яІыгъа пальмэ къудамэхэм къикІыр сыт? (Иуан 12:13; Флп. 2:10; Апок. 7:9, 10).
98-нэ хъыбар
Елеон Іуащхьэм
Сурэтым еплъи Хьисэ сыгъэлъагъут. Хэт абы и гъусэу щысыр?
Алыхьым и унэшхуэм Хьисэ щыщыІам, дин пашэхэм ящІэну зыхэтар сыт, Хьиси сыт абыхэм яжриІар?
Апостолхэр Хьисэ сыткІэ пкърыупщІыхьрэ?
Хьисэ пащтыхьу уафэм щытетынум деж щІым къыщыхъуну Іуэхугъуэхэр апостолхэм щІажриІэр сыт?
Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр къэхъун хуей Хьисэ зэрыжиІамкІэ, мы щІылъэм телъ Іейм кІэ къыхуэкІуэн ипэкІэ?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Матфей 23:1—39.
а) Тхьыгъэ ЛъапІэм къегъэлъагъуэ мы дунейм и унафэщІхэм зыщыхуэдгъазэкІэ титулхэр къэдгъэсэбэп зэрыхъунур, ауэ зэхуэсым титул къыщыгъэсэбэпынум теухуауэ Хьисэ Матфей 23:8—11-м щыжиІар сыт? (Апост. 26:25; Рим 13:7; 1 Пт. 2:13, 14).
б) Хьисэ и гъуэгу темыувэн щхьэкІэ фарисейхэр цІыхухэм дауэ зэран яхуэхъурэт икІи нобэрей дин пашэхэри абы ещхьу дауэ цІыхухэм зэран яхуэхъурэ? (Мт. 23:13; Лк. 11:52; Ин. 9:22; 12:42; 1 Фес. 2:16).
Еджэт Матфей 24:1—14.
а) Матфей 24:13-м теубыдэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр дауэ къыщыгъэлъэгъуа?
б) Матфей 24:13-м ит «икІэм нэсыху» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къикІыр? (Мт. 16:27; Рим 14:10—12; 2 Кор. 5:10).
Еджэт Марка 13:3—10.
Хьисэ Марк 13:10-м щыжиІа сыт хуэдэ псалъэхэм къагъэлъагъуэрэ хъыбарыфІыр лъэпкъ псоми язэрыхуэІуэтэн хуейр кІэлъэф пщІы зэрымыхъунур икІи дэ абы сытым дыхуриджэрэ? (Рим 13:11, 12; 1 Кор. 7:29—31; 2 Тим. 4:2)
99-нэ хъыбар
Ищхьэ пэшым
Сурэтым зэрыщытлъагъумкІэ, Хьисэрэ абы и апостол 12-мрэ и щхьэ пэшым щІызыхуэсар сыт?
Пэшым щІэкІыр хэт икІи сыт ищІэну зигъэхьэзырырэ абы?
ІутІыж пщыхьэщхьэшхэр зэфІэкІа нэужь, сыт хуэдэ пщыхьэщхьэшхэ хэхам щІидзэрэ Хьисэ?
ІутІыжым израиль цІыхухэм я гум сыт къигъэкІыжрэт икІи пщыхьэщхьэшхэ хэхэми Хьисэ и лъэужь итхэм сытыр ягу къигъэкІыжрэ?
Пщыхьэщхэшхэ хэхар зыфІэкІа нэужь, Хьисэ и апостолхэр сытым къыхуриджэрэ?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Матфей 26:14—30.
а) Матфей 26:15 дауэ къигъэлъагъуэрэ Иудэ ищІэр ищІэжу Хьисэ зэрищар?
б) Сыт хуэдэ ІуэхугъуитІ щхьэкІэ Хьисэ и лъыр игъэжа? (Мт. 26:27, 28; Иер. 31:31—33; Эф. 1:7; Евр. 9:19, 20).
Еджэт Лука 22:1—39.
«ШейтІаным Иудэ игур иубыдащ» жиІэмэ сыт къикІыр? (Лк. 22:3; Ин. 13:2; Апост. 1:24, 25).
Еджэт Иуан 13:1—20.
а) Иуан 13:2-м итыр пщІэуэ Иудэ ищІам щхьэкІэ бгъэкъуаншэ хъуну икІи сыт хуэдэ дерс къыхахыфыну абы Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм? (1 Мусэ 4:7; 2 Кор. 2:11; Гал. 6:1; Екъуб 1:13, 14).
б) Хьисэ и гъэсэнхэм сыт хуэдэ щапхъэфІ къахуигъэна? (Ин. 13:15; Мт. 23:11; 1 Пт. 2:21).
Еджэт Иуан 17:1—26.
Сыт къикІыр и гъэсэнхэр ‘зы хъуну’ Хьисэ Алыхьым зэрелъэІуам? (Ин. 17:11, 21—23; Рим 13:8; 14:19; Кол. 3:14).
100-нэ хъыбар
Хьисэ — жыг хадэм
Хьисэ и гъэсэнхэр и гъусэу ищхьэ пэшым къехыжа иужь, дэнэкІэ яунэтІа икІи сыт ахэр къызыхуриджэр?
Хьисэ и апостолхэм деж къигъэзэжа иужь, сыт илъагъур икІи апхуэдэу дапщэрэ кърихьэлІэжрэ ар?
Жыг хадэм къакІуахэр хэт икІи сурэтым зэрыщытлъагъущи Иудэ Искариот сыт ищІэр?
Иудэ Хьисэ ба щІыхуищІыр сыт, Пётри ищІэр сыт?
Хьисэ Пётр жриІэр сыт икІи сыт ар Алыхьым щІемылъэІур мелыІычхэр дэІэпыкъуэгъуу къыхуигъэкІуэну?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Матфей 26:36—56.
а) Хьисэ и гъэсэнхэм чэнджэщ зэрыритар дауэ щапхъэфІ яхуэхъурэ нобэрей Хьисэ и гъэсэнхэм яхэт нэхъыжьхэм? (Мт. 20:25—28; 26:40, 41; Гал. 5:17; Эф. 4:29, 31, 32).
б) Хьисэ цІыхум Іэщэ къыхуэпщтэным дауэ еплъырэт? (Мт. 26:52; Лк. 6:27, 28; Ин. 18:36).
Еджэт Лука 22:39—53.
Гефсимание жыг хадэм Хьисэ щыщыІам мелыІычыр абы къызэрыдэІэпыкъуам къигъэлъагъуэрэ абы и фІэщхъуныгъэр мащІэ хъуауэ? КъыжыІэт дауэми. (Лк. 22:41—43; Ис. 49:8; Мт. 4:10, 11; Евр. 5:7).
Еджэт Иуан 18:1—12.
Дауэт Хьисэ и гъэсэнхэр бийхэм зэрыщихъумэр икІи сыт хуэдэ дерс абы къыхэтхрэ? (Ин. 10:11, 12; 18:1, 6—9; Евр. 13:6; Екъуб 2:25).
101-нэ хъыбар
Хьисэ яукІ
Псом япэрауэ хэт къуэншагъэр зытелъыр Хьисэ зэраукІамкІэ?
Сыт апостолхэм ящІэр, Хьисэ дин пашэхэм щаубыдым?
Сыт къыщыхъур дин пашэшхуэ Каиафэ и унэм?
Сыт Пётр къыщІэкІыу гухэщІыу щІэгъыр?
Хьисэ Пилат деж кърагъэшэжа иужь, дин пашэхэм кІийурэ сыт жаІэр?
Сыт къэхъур мэрем махуэм, Хьисэ сыткІэ къигъэгугъэрэ и бгъумкІэ фІэлъ укІ къэзыхьа щІэпхъаджащІитІым языр?
Хьисэ зи гугъу ищІа жэнэтыр дэнэ здэщыІэнур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Матфей 26:57—75.
Журтхэм хьэкум зыщІ я нэхъыщхьэ дыдэхэм я гум Іей фІэкІ зэримылъыр дауэ къагъэлъэгъуа? (Мт. 26:59, 67, 68).
Еджэт Матфей 27:1—50.
Сыт жыпІэ щІэхъуныр Иудэ и напэм зэрызишхыхьыжар фэрыщІагъыу зэрыщытыр? (Мт. 27:3, 4; Мк. 3:29; 14:21; 2 Кор. 7:10, 11).
Еджэт Лука 22:54—71.
Хьисэ щаубыда жэщым щыхъуэ Пётр ар имыцІыхуу зэрыжиІам сыт хуэдэ дерс къыхэтхрэ дэ? (Лк. 22:60—62; Мт. 26:31—35; 1 Кор. 10:12).
Еджэт Лука 23:1—49.
Хьисэ лей къыщытехьэм деж дауэ зищІрэт, сыт хуэдэ дерс къыхэтхрэ абы дэ? (Лк. 23:33, 34; Рим 12:17—19; 1 Пт. 2:23).
Еджэт Иуан 18:12—40.
Сытым дигъэлъагъурэ Пётр а зэм цІыхухэм щышынами, иужькІэ абы зихъуэжу апостолыфІ зэрыхъуар? (Ин. 18:25—27; 1 Кор. 4:2; 1 Пт. 3:14, 15; 5:8, 9).
Еджэт Иуан 19:1—30.
а) Сыт хуэдэ еплъыкІэ хуиІэт Хьисэ зыхуей-зыхуэныкъуэм? (Ин. 2:1, 2, 9, 10; 19:23, 24; Мт. 6:31, 32; 8:20).
б) Хьисэ лІэн ипэ къихуэу жиІа псалъэхэм дауэ къагъэлъагъуэрэ Иеговэ и тепщэныгъэм и телъхьэу ар и кІэм нэс зэрыщытар? (Ин. 16:33; 19:30; 2 Пт. 3:14; 1 Ин. 5:4).
102-нэ хъыбар
Хьисэ псэущ
Мы сурэтым ит цІыхубзри мы цІыхухъуитІри хэт икІи дэнэ мыхэр здэщыІэр?
Сыт Пилат дин пашэхэм щІажриІэр зауэлІхэр ягъакІуэу Хьисэ и кхъащхьэр ирагъэхъумэну?
Хьисэ зэрылІэрэ махуэ ещанэм пщэдджыжьым жьыуэ сыт ищІэр мелыІычым, дин пашэхэми сыт ящІэр?
Хьисэ и кхъэлэгъунэм къэкІуа иужь, сыт цІыхубзхэм ягъэщІагъуэр?
Сыт Пётррэ Иуанрэ кхъэлэгъунэмкІэ щІэжэр икІи сыт абы щалъагъур?
Сыт къыщыщІар Хьисэ и хьэдэм икІи сыт абы ищІэр къызэрыхъужар къигъэлъагъуэу?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Матфей 27:62—66-рэ 28:1—15-рэ.
Дауэ фарисейхэм, дин пашэ нэхъыщхьэІуэхэм, нэхъыжьхэм гуэныхь зэращІэр дух лъапІэм пэщІэувэу, Хьисэ къэхъужа нэужь? (Мт. 12:24, 31, 32; 28:11—15).
Еджэт Лука 24:1—12.
Хьисэ къыщигъэтэджыжам щыгъуэ къэхъуам дауэ къызэригъэлъагъуэр цІыхубзхэр щыхьэт пэжу Иеговэ зэрибжыр? (Лк. 24:4, 9, 10; Мт. 28:1—7).
Еджэт Иуан 20:1—12.
Дауэ Иуан 20:8, 9 къызэригъэлъагъуэр дэ шыІэныгъэ тхэлъу дызэрыщытын хуейр, Алыхьым и псалъэм иту къэхъун хуейр къызэрыхъуну щІыкІэр и кІэм нэсу къыдгурымыІуэми? (Ущие 4:18; Мт. 17:22, 23; Лк. 24:5—8; Ин. 16:12).
103-нэ хъыбар
Бжэ гъэбыдамкІэ пэшым щІохьэ
Сыт Мэрем жриІэр жыг хадэ зыгъэкІыу игугъа цІыхухъум икІи дауэ абы къызэрыгурыІуэр ар зэры-Хьисэр?
Сыт къащыщІыр Еммаус кІуэ гъэсэнитІым?
ГъэсэнитІым Хьисэ зэралъэгъуар и апостолхэм щыжраІэжым, сыт къэхъур?
Дапщэрэ закъригъэлъагъуа Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм?
Фома сыт жиІэр Хьисэ и гъэсэнхэм Зиусхьэныр зэралъэгъуар щыжэІэжым икІи сыт къэхъур махуий дэкІэ иужь?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Иуан 20:11—29.
Иуан 20:23-м ит Хьисэ и псалъэхэм къикІрэ цІыхухэм гуэныхьыр ягъэгъуфыну? КъыжыІэт дауэми? (Забур 48:3, 8; Ис. 55:7; 1 Тим. 2:5, 6; 1 Ин. 2:1, 2).
Еджэт Лука 24:13—43.
Дауэ ди гур хуэдгъэхьэзырыфыну Тхыгъэ ЛъапІэм ит пэжыр ди гум лъэІэсын хуэдэу? (Лк. 24:32, 33; Езд. 7:10; Мт. 5:3; Апост. 16:14; Евр. 5:11—14).
104-нэ хъыбар
Хьисэ уафэм егъэзэж
И гъэсэн дапщэм зэ лъагъугъуэу Хьисэ ялъагъурэ икІи сыт абыхэм яжриІэр?
Сыт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр икІи дауэ цІыхухэр зэрыпсэунур Хьисэ и илъэсмин пащтыхьыгъуэм деж?
Махуэ дапщэкІэ Хьисэ закъызэрыригъэлъагъур и гъэсэнхэм икІи сыт абы иджы ищІэн хуейр?
Къимыгъанэ щІыкІэ сыт Хьисэ и гъэсэнхэм зэрелъэІур?
Мы сурэтым зэритымкІэ къыжыІэжыт, дауэ ар зэрыбзэхыжыр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт 1 Коринфянхэм 15:3—8.
Сыт апостол Павел Хьисэ къызэрыхъужам шэч химылъхьэу щІэпсалъэр икІи нобэ Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр сытым тепсэлъыхьыфыну шэч ямыщІыу? (1 Кор. 15:4, 7, 8; Ис. 2:2, 3; Мт. 24:14; 2 Тим. 3:1—5).
Еджэт Апостолхэм 1:1—11.
Апостолхэм 1:8-м щыжыІам тету дауэ зиубгъуа хъыбарыфІыр гъэІуным? (Апост. 6:7; 9:31; 11:19—21; Кол. 1:23).
105-нэ хъыбар
Иерусалим щыпоплъэхэр
Сурэтым еплъыт. Иерусалим щежьэну Хьисэ и лъэужь ирикІуэу къыдэнахэм къащыщІар сыт?
Иерусалим къэкІуа цІыхухэр сыт хуэдэ Іуэхугъуэ телъыджэм я щыхьэт хъурэ?
ЦІыху къызэхуэсахэм сыт Пётр ягуригъаІуэр?
Пётр едэІуа нэужь, сыт цІыхухэм зэхащІэр, абыхэм ящІэнуи сыт Пётр яжриІэр?
ЦІыху дапщэм 33 гъэм и Пятидесятницэм псым зыщІагъауэрэ?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Апостолхэм 2:1—47.
а) Апостолхэм 2:23, 36-м Пётр жиІауэ ит псалъэхэм дауэ къызэрагъэлъагъуэр Хьисэ зэраукІамкІэ иудей лъэпкъым псоми къуаншагъэр зэрателъыр? (1 Фес. 2:14, 15).
б) Тхыгъэр къэбгъэсэбэпу цІыхухэм уазэрепсэлъэфыным и щапхъэ дауэ Пётр къигъэлъэгъуа? (Апост. 2:16, 17, 29, 31, 36, 39; Кол. 4:6).
в) Дауэ Пётр къызэригъэсэбэпар Хьисэ къритыну къызэригъэгугъа Пащтыхьыгъуэм и япэ ІункІыбзэІухыр?
106-нэ хъыбар
Лъэхъуэщым кърагъэкІыжахэщ
Зэгуэр Пётррэ Иуанрэ унэшхуэм щыкІуэм сыт къэхъуар?
Сыт Пётр лІы ныкъуэдыкъуэм жриІэр, ахъшэ нэхъри нэхъ лъапІэу сыт абы хуищІэр?
Сыт дин пашэхэр къэзыгъэгубжьар, Пётррэ Иуанрэ иращІэри сыт?
Сыт Пётр яжриІэр дин пашэхэм, сыт хуэдэ унафэ апостолхэм абыхэм къыхуащІыр?
Сыт дин пашэхэр щІэфыгъуэр, апостолхэри етІуанэу лъэхъуэщым щрадзэм сыт къэхъур?
Синедрионым и залым апостолхэр къыщашэм, сыт абыхэм жэуапу къатыр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Апостолхэм 3:1—10.
Нобэ Іуэху телъыджэ гуэр тхуэмыщІэми, Пётр жиІауэ Апостолхэм 3:6-м итым дауэ къыдгуригъаІуэрэ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарым и лъапІагъыр (Ин. 17:3; 2 Кор. 5:18—20; Флп. 3:8).
Еджэт Апостолхэм 4:1—31.
ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ гугъуехь гуэр дыхуэзэмэ, япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и гъуэгу ирикІуэу псэуахэм сыткІэ дадэплъеифыну? (Апост. 4:29, 31; Еф. 6:18—20; 1 Фес. 2:2).
Еджэт Апостолхэм 5:17—42.
Япэ зэманым Иеговэ и щыхьэту щымытахэр хъыбарыфІым фІыуэ зэрыхущытам и щапхъэ гуэрхэр къэхьыт? (Апост. 5:34—39).
107-нэ хъыбар
Стефан мывэкІэ яукІ
Хэт Стефаныр, Алыхьыр къыдэІэпыкъуу сыт абы хуэщІэр?
Стефан жиІауэ сыт хуэдэ псалъэхэм къагъэгубжьрэ дин пашэхэр?
Сыт а цІыхухэм Стефан иращІэр, къалэм далъэфа иужькІэ?
Хэт и цІэр щыгъынхэр зыхъумэ щІалэм? (Сурэтым еплъ)
ЛІэн ипэ, сыт Стефан Иеговэ зэрелъэІур?
Зыгуэр Іейуэ къыщытхущытым деж сыт дэ тщІэфынур, Стефан дыдэплъейуэ?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Апостолхэм 6:8—15.
Сыт хуэдэ бзаджагъэт ящІэхэр дин пашэхэм, Иеговэ и Щыхьэтхэм ирагъэкІуэкІ Іуэхугъуэр къагъэувыІэн щхьэкІэ? (Апост. 6:9, 11, 19).
Еджэт Апостолхэм 7:1—60.
а) Сыт къыдэІэпыкъуар Стефан Синедрионым и пащхьэм хъыбарыфІым и телъхьэу Іэзэу щыпсэлъэну, сыт хуэдэ дерс абы къыхэтхыфынур? (Апост. 7:51—53; Рим 15:4; 2 Тим. 3:14—17; 1 Пт. 3:15).
б) ДгъэзащІэ Іуэхугъуэм зэран къыхуэхъухэм дауэ дэ дазэрыхущытын хуейр? (Апост. 7:58—60; Мт. 5:44; Лк. 23:33, 34).
108-нэ хъыбар
Дамаск кІуэ гъуэгум здытетым
Стефан яукІа нэужь, сыт Савл ищІэр?
Дамаск кІуэ гъуэгум здытетым, сыт Савл къыщыщІыр?
Сыт хуэдэ унафэ Хьисэ Савл хуищІыр?
Сыт хуэдэ унафэ Хьисэ Анание хуищІыр, дауэ Савл щІэрыщІэу илъагъу зэрыхъужыр?
Савл фІащар хэт, сыт абы ищІэр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Апостолхэм 8:1—4.
ЗэхуэсыщІэ къэхъуар зэхэзехуэ зэращІам Хьисэ къигъэна диныр адэкІэ зиубгъуным дауэ сабэп зэрыхуэхъуар, ди зэманым апхуэдэ гуэр къэхъуа? (Апост. 8:4; Ис. 54:17).
Еджэт Апостолхэм 9:1—20.
Сыт хуэдэ Іыхьищу зэхэтт Хьисэ Савл и пщэ дилъхьэну имурэда Іуэхъугъуэр? (Апост. 9:15; 13:5; 26:1; 27:24; Рим 11:13).
Еджэт Апостолхэм 22:6—16.
СыткІэ Ананий ещхь дыхъуну дыхущІэкъун хуей, сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? (Апост. 22:12; 1 Тим. 3:7; 1 Пт. 1:14—16; 2:12).
Еджэт Апостолхэм 26:8—20.
Савл Хьисэ и гъуэгу ирикІуэу зэрыхъуам, зилІ е зи фыз Хьисэ и гъуэгу темытым сыт хуэдэ гухэхъуэ иритыфыну? (Апост. 26:11; 1 Тим. 1:14—16; 2 Тим. 4:2; 1 Пт. 3:1—3).
109-хъыбар
Пётр Корнилий деж къокІуэ
Еплъыт сурэтым. Хэт лъэгуажьэмыщхьэу щыт мы цІыхухъур?
Сыт мелыІычым Корнилий жриІэр?
Иоппие щыщ Симон и унащхьэм здытесым, сыт Алыхьым Пётр иригъэлъагъур?
Сыт Пётр Корнилий щІыжриІэр лъэгуажьэмыщхьэу и пащхьэ къиувэу щхьэщэ къыхуимыщІыну?
Иудейхэм ящыщу Хьисэ и гъэсэну Пётр и гъусэу къэкІуахэм сыт ягъэщІагъуэр?
Пётр Корнилий деж къызэрыкІуам сыт хуэдэ дерс къыхэтхыфыну?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Апостолхэм 10:1—48.
Пётр жиІауэ Апостолхэм 10:42-м итым Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыфІыр зэрыгъэІун хуейм теухуауэ къыщытщІэр сыт? (Мт. 28:19; Мк. 13:10; Апост. 1:8).
Еджэт Апостолхэм 11:1—18.
Адрей лъэпкъхэм щыщ цІыхухэм Алыхьым яхуигугъэр къищІа иужькІэ сыт Пётр ищІар, абы и щапхъэми дауэ дэ дытетыфыну? (Апост. 11:17, 18; 2 Кор. 10:5; Еф.5:17).
110-нэ хъыбар
Павел и дэІэпыкъуэгъущІэ Тимофей
Хэт мы сурэтым ит щІалэщІэр, дэнэ ар щыпсэур икІи хэт абы и анэмрэ и анэшхуэмрэ я цІэр?
ЩІыпІэ жыжьэ щыІэ цІыхухэм хъыбарыфІыр ирагъэщІэну Павелрэ Силэрэ я гъусэу кІуэну хуейрэ хумейрэ Тимофей щеупщІым, сыт абы жиІэр?
Хьисэ и гъэсэнхэм япэ дыдэу дэнэ Хьисэ и гъуэгу ирикІуэкІэ еджэ щыхъуар?
Антиохие къикІа иужь, Павел, Сила, Тимофей сымэ здэкІуэ къалэ гуэрхэм я цІэр къиІуэ.
Дауэ Тимофей Павел зэрыдэІэпыкъур, щІалэгъуалэми сыт хуэдэ упщІэ зыратыжыфыну?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Апостолхэм 9:19—30.
ХъыбарыфІым щхьэкІэ гугъуехь щыпэщІэхуам, дауэ Павел зэрысакъар? (Апост. 9:22—25, 29, 30; Мт. 10:16).
Еджэт Апостолхэм 11:19—26.
Апостолхэм 11:19—21, 26-м ит псалъэхэм дауэ къызэрагъэлъагъуэр хъыбарыфІыр гъэІунымкІэ Іуэхур Иеговэ и духымкІэ зэрызэрихьэр?
Еджэт Апостолхэм 13:13—16, 42—52.
Апостолхэм 13:51, 52-м ит псалъэхэм дауэ къызэрагъэлъагъуэр зэхэзехуэ ящІами еджакІуэхэм ялъэ зэрыщІэмыхуар? (Мт. 10:14; Апост. 18:6; 1 Пт. 4:14).
Еджэт Апостолхэм 14:1—6, 19—28.
«Иеговэ ахэр и ІэмыщІэ иралъхьащ» жыхуиІэ псалъэхэм дегупсысмэ, ар дауэ къыддэІэпыкъурэ еджакІуэщІэхэм дащыдэІэпыкъум деж дымыгузэвэщэн щхьэкІэ? (Апост. 14:21—23; 20:32; Ин. 6:44).
Еджэт Апостолхэм 16:1—5.
Тимофей хъыбарыфІым щхьэкІэ сунэт иригъэщІыну зэрыхьэзырым «тщІэ псори хъыбарыфІым щхьэкІэ тщІэн зэрыхуейр» дауэ зэрыдигъэлъагъур? (Апост. 16:3; 1 Кор. 9:23; 1 Фес. 2:8).
Еджэт Апостолхэм 18:1—11, 18—22.
ХъыбарыфІыр гъэІунымкІэ Іуэхур Хьисэ зэрызэрихьэр Апостолхэм 18:9, 10 ит псалъэхэм дауэ къыдгурагъаІуэрэ икІи абы теухуауэ нобэ сыт шэч къызытетхьэ мыхъунур? (Мт. 28:20).
111-нэ хъыбар
ЩІалэ цІыкІур зэрыжеяр
Сурэтым еплъыт. Мы щІым щылъ щІалэ цІыкІур хэт, сыт абы къыщыщІар?
ЩІалэ цІыкІур зэрылІар Павел щилъагъум, сыт ищІэр?
Павелрэ Тимофейрэ я гъусэхэр ящІыгъуу, данэ здаунэтІыр, Милет къыщызэтеувыІам, сыт адэкІэ къэхъур?
Бегъымбар Агав сыт хуэдэ хъыбар Павел къригъащІэр, абы жиІари дауэ къызэрыхъур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Апостолхэм 20:7—38.
а) «Зы цІыхум илъ ди пщэ къызэрыдэдмыгъэхуэфыныр» дауэ Павел жиІауэ Апостолхэм 20:26, 27 зэритымкІэ? (Иез. 33:8; Апост. 18:67).
б) «Іуэху пэжу къащІам быдэу» сыт нэхъыжьхэр щІытетын хуейр, нэгъуэщІхэр щагъасэм деж? (Апост. 20:17, 29, 30; Тит 1:7—9; 2 Тим. 1:13).
Еджэт Апостолхэм 26:24—32.
Дауэ Павел Рим гражданствэ зэриІэр къызэригъэсэбэпар, хъыбарыфІыр игъэІуну Хьисэ и пщэ къыдилъхьа къалэныр щигъэзащІэм? (Апост. 9:15; 16:37, 38; 25:11, 12; 26:32; Лк. 21:12, 13).
112-нэ хъыбар
Кхъухьыр хытІыгум къыщызэтоувыІэр
Павел зэрыс кхъухьым сыт къыщыщІыр, Крит хытІыгум пэгъунэгъуу?
Кхъухьым исхэм сыт Павел яжриІэр?
Дауэ кхъухьыр щыкъуейуэ зэрыкъутэр?
Жэуап зыхьыну дзэпашэм сыт хуэдэ унафэ ищІыр, псы Іуфэм цІыху дапщэ нэсыр?
Ахэр къыщикІа хытІыгум сыт зэреджэр, дунейри уэфІ зэрыхъужу сыт Павел иращІэр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Апостолхэм 27:1—44.
Павел Рим зэрыкІуам дыщеджэкІэ, Алыхьым и Псалъэм итыр сытым дежи къызэрыхъур абы ди фІэщ зэрищІыр дауэ? (Апост. 27:16—19, 27—32; Лк. 1:3; 2 Тим. 3:16, 17).
Еджэт Апостолхэм 28:1—14.
НэгъуэщІ лъэпкъым щыщу Мальтэ щыпсэухэр Павелрэ абы и гъусэу кхъухьым исахэмрэ «гуфІэгъуэшхуэр яІэу» къащыпежьакІэ, Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр дауэ зэрыщытын хуейр, сыт ящІэн хуейр? (Апост. 28:1, 2; Евр. 13:1, 2; 1 Пт. 4:9).
113-нэ хъыбар
Павел Римым
Рим щыІэ лъэхъуэщым здисым, хэт сымэ Павел хъыбарыфІыр зыжриІэр?
Сурэтым еплъыт. Хэт стІолым бгэдэсыр, дауэ ар Павел зэрыдэІэпыкъур?
Хэт Епафродитыр, сыт абы Филиппи къалэ здихьыр?
Сыт Павел и ныбжьэгъу пэж Филимон письмо щІыхуитхыр?
Павел щхьэхуит хъужа нэужь сыт ищІэр, иужьыІуэкІи абы къыщыщІыр сыт?
Алыхьым и Псалъэм ит иужьрей тхылъхэр итхыну хэт хуигъэушыр Иеговэ, сыт Апокалипсис тхылъым итыр?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Апостолхэм 28:16—31-рэ Филиппи 1:13-рэ.
Рим лъэхъуэщым щисам, Павел а зэманыр дауэ къызэригъэсэбэпар, абы иІа фІэщхъуныгъэ быдэр сыткІэ къадэІэпыкъуа зэхуэсхэм? (Апост. 28:23, 30; Флп. 1:14).
Еджэт Филиппи 2:19—30.
Дауэ Павел къызэригъэлъэгъуар Тимофейрэ Епафродитрэ пщІэ зэрыхуищІыр, Павел сыткІэ дэ дыдэплъеифыну? (Флп. 2:20, 22, 25, 29, 30; 1 Кор. 16:18; 1 Фес. 5:12, 13).
Еджэт Филимон 1—25.
а) Пэжыр ищІэну Павел Филимон къыщыхуриджэм сыт хуэдэу зыхуигъэза, абы нобэ зэхуэсхэм и нэхъыжьхэм сыт абы къыхахыфынур? (Флм. 9; 2 Кор. 8:8; Гал. 5:13).
б) Филимон 13, 14 ит псалъэхэм дауэ къызэрагъэлъагъуэр Павел зэхуэсым щыщхэм пщІэ хуищІыу зэрыщытар? (1 Кор. 8:7, 13; 10:31—33).
Еджэт 2 Тимофей 4:7—9.
ИкІэм нэсу пэжыгъэм дытетыфмэ, Алыхьым и тыгъэм дызэрыхимынынур Павел хуэдэу дауэ дэри ди фІэщ зэрытщІыфынур? (Мт. 24:13; Евр. 6:10).
114-нэ хъыбар
Іейм кІэ къыхуокІуэ
Сыт Библиер уафэм щыІэ шыхэм щІытепсэлъыхьыр?
ЩІылъэм щыпсэу цІыху Іейхэм Алыхьым ярищІылІэну зауэм зэреджэр дауэ, сыт а зауэр щІригъэкІуэкІынур Алыхьым?
Сурэтым еплъыт. Хэт а зауэр езыгъэкІуэкІынур, сыт абы пащтыхь пыІэ щІыщыгъыр, и джатэми къигъэлъагъуэр сыт?
Хъыбар 10-нэ, 15-нэ, 33-нэхэр тщІэжу сыт дэ дгъэщІэгъуэн щІыхуэмейр Алыхьым цІыху Іейхэр зэрыхуэгъэкІуэдынур?
Хъыбар 36-нэмрэ 76-нэмрэ дауэ зэрыдагъэлъагъур Алыхьым хуэлажьэу жызыІэ цІыху Іейхэри абы зэригъэкІуэдынур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Апокалипсис 19:11—16.
а) Дауэ Тхыгъэм къызэригъэлъагъуэр шы хужьым тесыр зары-Хьисэр? (Апок. 1:5; 3:14; 19:11; Ис. 11:4).
б) Хьисэ и щыгъын щІыІу телъым лъы зэрыкІэрылъыр дауэ щыхьэт техъуэрэ абы къэгъазэ имыІэу текІуэныгъэр къызэрихьынур? (Апок. 14:18—20; 19:13; Ис. 63:1—6).
в) Хэту пІэрэ шы хужьым тес Хьисэ иужь ит дзэм хыхьэхэр? (Апок. 12:7; 19:14; Мт. 25:31, 32).
115-нэ хъыбар
ЩІылъэр жэнэтыщІэ хъужащ
Библием зэритымкІэ, щІылъэр жэнэт хъужа нэужь, дауэ дызэрыпсэунур?
Жэнэтым щыпсэунухэр Библием сыткІэ къызэригъэгугъэр?
А зэхъуэкІыныгъэ телъыджащэхэр Хьисэ щищІынур дэпщэщ?
Алыхьым хиха Пащтыхьу Хьисэ унафэ щищІынум деж ищІэнур къигъэлъэгъуэн щхьэкІэ сыт абы ищІар щІылъэм щыщыІам щыгъуэ?
Хьисэрэ абы и гъусэу уафэм къращІыкІыу щІылъэм и унафэ зыщІынухэмрэ сыт хуэдэ Іуэху зэрахуэнур?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Апокалипсис 5:9, 10.
Илъэс миным и кІуэцІкІэ щІылъэм и унафэ зыщІынухэр дызыхэзыщІыкІ, гущІэгъу зыхэлъ пащтыхьхэу, дин пашэхэу зэрыщытынур ди фІэщ зыщІыр сыт?
Еджэт Апокалипсис 14:1—3.
144 000-м я натІэм Адэмрэ Щынэмрэ я цІэр зэрытетхам къигъэлъагъуэр сыт? (1 Кор. 3:23; 2 Тим. 2:19; Апок. 3:12).
116-нэ хъыбар
Дауэ мыухыж гъащІэр къызэрытлъысынур?
Мыухыж гъащІэр диІэну дыхуеймэ, хэт теухуауэ къэтщІэн хуей?
Сурэтым ит хъыджэбз цІыкІумрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ зэращІэм хуэдэу тщІэн хуейр сыт, Алыхь Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ къэтщІэн щхьэкІэ?
Сурэтым иджыри сыт хуэдэ тхылъ щыплъагъур, сыт абы щІэх-щІэхыурэ ущІеджэн хуейр?
Сыт иджыри тщІэн хуейр Иеговэрэ Хьисэрэ зэрызэбгъэцІыхуам нэмыщІ, мыухыж гъащІэр къытлъысын щхьэкІэ?
69-нэ хъыбарым сыт хуэдэ дерс къыхэтхыфыну?
55-нэ хъыбарым къыщытцІыхуа Самуел цІыкІу и щапхъэм сыт къигъэлъагъуэр?
Хьисэ сыткІэ дыдэплъефыну, абы дэплъейхэми къапэщылъыр сыт?
УпщІэ лейхэр
Еджэт Иуан 17:3.
Алыхь Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ щІэныгъэ зэбгъэгъуэтыныр, ауэ сытми абыхэм теухуауэ зыгуэр къэпщІэным нэхърэ куэдкІэ зэрынэхъыбэр дауэ Тхыгъэм къызэригъэлъагъуэр? (Мт. 7:21; Екъуб 2:18—20; 1 Ин. 2:17).
Еджэт Забур 144:1—21.
а) Иеговэ щІэдгъэлъэпІэн хуейм и щхьэусыгъуэ гуэрхэр къебжэкІыт (Забур 144:8—11; Апок. 4:11).
б) Иеговэ «псоми фІыуэ зэрахущытыр» дауэ къызэригъэлъагъуэр, ар зэрытщІэм абы нэхъ гъунэгъуж дауэ дыхуищІын хуей? (Забур 144:9; Мт. 5:43—45).
в) Иеговэ фІыщэу тлъагъумэ, сыт абы дызыхуигъэушын хуейр? (Забур 118:171, 172, 175; 144:11, 12, 21).