Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

32-НЭ ХЪЫБАР

ТезырипщІыр

ТезырипщІыр

ЕПЛЪЫТ мы сурэтхэм. Сурэт къэс Иеговэ мысырхэм ятрилъхьа тезырипщІым щыщ зы къыщыгъэлъэгъуэжащ. Япэ сурэтым еплъыт — Хьэрун мэлыхъуэ башыр Нил псым хилъхьэри псыр лъы хъуащ. Арати, псым бдзэжьейуэ хэсыр лІэри бамэр къыхихыу хъуащ.

КъыкІэлъыкІуэр хьэндыркъуакъуэхэращ. Иеговэ и унафэкІэ ахэр Нил псым къыхэкІащ. ДэнэкІи ахэр щыІэт: хьэкухэми тебэхэми ист, цІыхухэм я тепІэнщІэлъынми хэст,— здэщымыІэр укІуэдыж. Хьэндыркъуакъуэхэр лІа нэужь, мысырхэм ахэр самэшхуэу зэтратхъуэжри дунейр абы бамэ Іей ищІащ.

Абы иужькІэ Хьэрун и башымкІэ щІым теуэри сабэр шыбадзэ хъуащ. Шыбадзэр — ар Іейуэ дзакъэ бадзэ цІыкІущ. Ар мысырхэм Алыхьым ещанэу ятрилъхьа тезырыращ.

Адрей тезырхэр зэран зыхуэхъуар мысырхэм я закъуэщ, израилхэм зыкІи яжьэхэуакъым. ЕплІанэ тезырыр бадзэшхуэхэрат. Ахэр къэпщІауэ мысыр псоми я унэм щІэлъатэт. Етхуанэ тезырыр зытрилъхьар псэущхьэхэрат. Абы илІыкІащ мысырхэм я жэм, мэл, бжэн куэд.

ИтІанэ Мусэрэ Хьэрунрэ яжьэ къащтэри драпхъеящ. Абы цІыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ я щІыфэхэр шын защІэ ищІащ. Ар еханэ тезырырат.

Абы иужькІэ Мусэ и Іэр уафэмкІэ ишийри, Иеговэ уафэхъуэпскІрэ уэрэ къригъэхащ. А уэфэхъуэпскІымрэ уэмрэ хуэдэ зэикІ Мысырым къыщыхъуатэкъым.

Еянэ тезырыр мацІэ къэпщІаращ. ИгъащІэм абы ипэкІи иужькІи апхуэдиз мацІэ щыІакъым. Уэ нэужьым къэнэжа псори абыхэм яшхыжащ.

Ебгъуанэ тезырыр кІыфІыгъэт. МахуищкІэ нэм къыщІэІэбэр умылъагъуу дунейр кІыфІ хъуат. Ауэ израилхэм я деж зэрынэхуам хуэдэу нэхут.

ИкІэм–икІэжым Алыхьым и лъэпкъым жриІащ я бжэблыпкъхэм щынэм е чыцІым илъ щахуэну. Абы иужькІэ Алыхьым и мелыІычыр Мысырым ирикІуащ. МелыІычым лъы зыкІэрылъу къилъагъу унэм зыри имыукІыу блэкІт. Ауэ лъы зыкІэрымылъ унэм бын щыпэлъхухэмрэ псэущхьэ щыпэлъхухэмрэ щиукІт. Мыр епщІанэ тезырырат.

ЕпщІанэ тезырым иужькІэ, фирхьэуным израилыр щхьэхуит ищІыжащ. Алыхьым и лъэпкъыр хьэзырыххэти а жэщ дыдэм Мысырым къикІыжащ.