Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

12-НЭ ХЪЫБАР

ЦІыхухэм чэщанэшхуэр ящІ

ЦІыхухэм чэщанэшхуэр ящІ

ИЛЪЭС куэд дэкІащ. Нухь и къуэхэм сабий ягъуэтыжащ. Ахэри ин хъури абыхэми сабий ягъуэтыжащ. Куэд дэмыкІыу дунейм цІыху тетхэр куэд хъуащ.

Абыхэм ящыщ зыщ Нухь и къуэм и къуэж Нимрод. Нимрод цІыху Іейт, абы псэущхьэхэмрэ цІыхухэмрэ иукІт. Абы нэмыщІыжкІэ цІыху псоми япщ зищІыжат абы. Алыхьым фІыуэ илъагъутэкъым Нимрод.

А зэманым цІыху псори зы бзэкІэ псалъэт. Зэрыхуейуэ къигъэсэбэпын щхьэкІэ, Нимрод цІыху псори зэгъусэу иІыгъыну хуейт. Абы щхьэкІэ пщІэрэ абы сытми ищІар? Абы цІыхухэм унафэ яхуищІащ псоми къалэ зэдащІыу, абы чэщанэшхуэ дащІыхьыну. Еплъыт сурэтым чырбыш зэращІым.

Алыхь Иеговэ игу ирихьакъым а Іуэхугъуэр. Ар хуейт цІыхухэр дунейпсом тегуэшауэ псэуну. Ауэ абыхэм жаІащ: «ИІэ, къалэрэ уафэм щІэуэу чэщанэшхуэрэ дывгъэщІи абыкІэ цІэрыІуэ зыдвгъэщІ!» ЦІыхухэр хуеякъым Алыхьым и цІэр ягъэІуну, ахэр зыхуеяр езыхэм я цІэр ягъэІуну арат.

Абы къыхэкІкІэ чэщанэр ямыухыу Алыхьым цІыхухэр къигъэувыІащ. ПщІэрэ дауэми? НапІэзыпІэм абы ищІащ цІыхухэр бзэ зэрызкІэ псалъэу. УхуакІуэхэр афІэкІа зэгурыІуэжтэкъым. Абы щхьэкІэ абыхэм я къалэм ВавилонкІэ еджэ хъуащ. Абы къикІыр «зэхэгъэзэрыхьа» жиІэу аращ.

ИтІанэ Вавилон иІэпхъукІыу цІыхухэм щІадзащ. Зы бзэкІэ псалъэ цІыху гупыр зы щІыпІэкІэ Іэпхъуэти, зэгъусэу псэун щІадзэт.