Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

49-НЭ ХЪЫБАР

Дыгъэр къоувыІэр

Дыгъэр къоувыІэр

МЫ ИСУС НАВИН еплъыт. Абы жеІэ: «Дыгъэ, къэувыІэ!» Арати дыгъэр къоувыІэ. Махуэ псокІэ ар уафэгум итщ. Иеговэщ ар апхуэдэу зыщІар! ИІэт–тІэ къэтщІэнти Исус Навин нэху щІыхуейр сытми.

Ханаанхэм щыщу пэщтыхьитхур гаваонхэм къащытеуам, абыхэм пхъэр къагъэкІуащ Исус деж дэІэпыкъуэгъу хуейуэ: «КхъыІа, накІуэ псынщІэу ди деж! Дыкъегъэл! Бгы щІыналъэм къикІри пащтыхьитхури къэкІуащ уи пщылІхэм езэуэну»,— мэлъаІуэ къэкІуар.

ЗауэлІу иІэр и гъусэу Исус Навин асыхьэтым зыречри абыхэм ядэІэпыкъуну макІуэ. Жэщ псокІэ ахэр макІуэ. Ахэр Гаваон къыщысым, пщитхум я зауэлІхэр мэшынэри зыкъырагъэлын щхьэкІэ щІопхъуэж. Иеговэ мывэхэм хуэдэу уэшхуэ къырегъэщэщэх. А мывэхэм я удыным израиль зэуэлІхэм яукІам нэхърэ нэхъыбэ йолІыкІ.

Куэд дэмыкІыу дыгъэр зэрыкъухьэнур Исус къелъагъу. Къухьэмэ, кІыфІ хъунурэ пащтыхь Іеиитхум я зэуэлІ куэд щІэпхъуэжынущ. Абы щхьэкІэ Исус Иеговэ зыхуегъазэри йолъэІу, итІанэ жеІэ: «Дыгъэ, къэувыІэ!» Дыгъэр къуэмыхьэ щІыкІэ израилхэм текІуэныгъэр къахь.

Алыхьым и лъэпкъыр ялъагъу мыхъуу Ханааным иджыри пащтыхь куэд щопсэур. Исус Навинрэ абы и дзэмрэ илъэсих ней хуей мэхъу а щІыналъэм щыпсэу пащтыхь 31–р хагъэщІэн щхьэкІэ. Ар зэфІэкІа нэужь Исус иужь итщ щІы кІапэ зимыІэ израиль лъэпкъхэм ханаан щІыналъэр язэрыхуигуэшыным.

Зэман куэд докІри илъэсищэрэ пщІырэ хъуауэ Исус Навин малІэ. Езымрэ и ныбжьэгъухэмрэ псэуху цІыхухэр Иеговэ йодаІуэ. Ауэ а цІыхуфІхэр лІа нэужь, цІыхухэм Іей ялэжьын щІадзэри абыхэм я гугъуехьхэм къыщІедзэ. ИтІанэ пэж дыдэу ахэр хуэныкъуэ мэхъу Алыхьым и дэІэпыкъуэгъу.