78-НЭ ХЪЫБАР
Блыным Іэм щетх
СЫТ МЫБДЕЖ къыщыхъур? Мыбыхэм ефэ–ешхэшхуэ яІэу аращ. Вавилоным и пащтыхьым къригъэблэгъащ хьэщІэ лъапІэу миным нэс. Ахэр зэрефэр дыщэмрэ дыжьынымрэ къыхэщІыкІауэ Иерусалим дэт Иеговэ и унэшхуэм къыщІаха бжьэхэмрэ фалъэхэмрэкІэщ. Абы хэту цІыхуІэ гуэр хьэуам къыщохутэри блыным щытхэн щІедзэ. Псори Іейуэ абы егъэшынэ.
А зэманым пащтыхьыгъуэр зыІэщІэлъыр Навуходоносор и къуэрылъху Валтасарт. Абы унафэ ещІри цІыху Іущхэр кърегъашэ. «Мы тхам къеджэу, къикІыр къызжезыІэфым,— жеІэ пащтыхьым,— тыгъэ куэд хуэсщІынущ, итІанэ си пащтыхьыгъуэм и унафэщІ ещанэ сщІынущ». Ауэ цІыху Іущхэм щыщ зыри блыным тетым къеджэфкъым е къикІыр къыжаІэфкъым.
Зэрызехьэ макъыр зэхехри шхапІэшхуэм пащтыхьым и анэр къыщІохьэр. «Мыпхуэдизу умыгузэвэну сынолъэІу,— жреІэ абы пащтыхьым.— Уи пащтыхьыгъуэм исщ тхьэ лъапІэхэр зыцІыху. Уи адэшхуэ Навуходоносор пащтыхьу щыщытам, ар цІыху Іущхэм я унафэщІ ищІат. Абы и цІэр Даниилщ. Къегъаши къикІыр псори абы къыбжиІэнщ».
Арати, Даниил псынщІэу къашэ. Тыгъэр къищтэн имыдэу абы жиІэн щІедзэр, Валтасар и адэшхуэ Навуходоносор, пащтыхьыгъуэм и Іуэху хэмылъыжу Иеговэ ар щІытригъэкІам и щхьэусыгъуэр. «Ар пагэ Іейуэ щытащ,— жеІэ Даниил.— Аращ тезыр щІытрилъхьари».
— Ауэ уэри Навуходоносор къыщыщІар зэрыпщІэм хуэдэу пагэ ухъуащ,— зыхуегъазэри Валтасар жреІэ. Уэ Иеговэ и унэшхуэм къыщІэпхри бжьэхэмрэ фалъэхэмрэ къэбгъэсэбэпащ. ДыкъэзыгъэщІа ЛъапІэр умыгъэлъапІэу уэ бгъэлъэпІащ пхъэмрэ мывэмрэ къыхэщІыкІа алыхьхэр. Аращ Алыхьым Іэм щІригъэтхар мы псалъэхэр. Мыбдеж тетыр: «МЕНЕ, МЕНЕ, ТЕКЕЛ, УПАРСИН»,—жиІэу аращ.
МЕНЕ–м къикІыр пащтыхьу узэрыщытыжыну махуэхэр Алыхьым къибжу, абыхэм кІэ зэрыритаращ. ТЕКЕЛ жиІэмэ, къикІыр тэрэзэкІэ уашэчри зыри умыхъуну укъалъытауэ аращ. УПАРСИН жиІэмэ, уи пащтыхьыгъуэр мидянхэмрэ персхэмрэ зэрыратар къикІыуращ.
Даниил жиІэр имыух щІыкІэ мидянхэмрэ персхэмрэ Вавилон къытеуащ. Къалэр къащтащ, Валтасари яукІащ. Блыным тетар а жэщ дыдэм къэхъуащ! Сыт–тІэ иджы израиль цІыхухэм къащыщІынур? Куэд дэмыкІыу ар къэтщІэнущ, ауэ абы ипэ къихуэу деплъынти Даниил къыщыщІар сытми.