Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

4-НЭ УРОК

Абы и адэмрэ Иеговэрэ игъэгуфІэт

Абы и адэмрэ Иеговэрэ игъэгуфІэт

Сыт хуэдэ псалъэ Иеффэ Иеговэ иритыр?

Иеффэ и пхъум и адэм ита псалъэр игъэзэщІащ, ар абы и дежкІэ тыншу щымытами

Плъагъурэ сурэтым тет хъыджэбз цІыкІур?~ Ие́ффэ зицІэ цІыхухъум ипхъущ ар. Библием иткъым абы и цІэр, ауэ дэ дощІэ абы и адэмрэ Алыхь Иеговэрэ игъэгуфІэу зэрыщытар. Езымрэ и адэмрэ нэхъ гъунэгъуу къэдгъэцІыху.

Иеффэ цІыхуфІу щытащ икІи Иеговэ теухуауэ и пхъум куэд жриІэжт. Абы нэмыщІ, ар цІыхухъу хахуэт икІи дзэ зешэ Іэзэт. Аращ израил цІыхухэр щІыхуеяр ар дзэм и пашэу трагъэувэну, бийм езэуэн щхьэкІэ.

Иеффэ Алыхьым елъэІуащ и лъэпкъым текІуэныгъэ къригъэхьыну. Абы псалъэ итащ, текІуэныгъэ къихьу унэм къигъэзэжмэ, япэу и унэм къыщІэкІыр Иеговэ иритыну. А цІыхур и гъащІэ псокІэ Алыхьым и шатырым щылэжьэн хуейт. А шатырыр а зэманым цІыхухэм Алыхьыр щагъэлъапІэ щІыпІэу щытащ. Дауэ къыпщыхъурэ, Иеффэ текІуэныгъэ къихьащ! ПщІэрэ унэм къэкІуэжа нэужь, япэу абы къыпежьар хэтми?~

И пхъуращ! А бын закъуэрат абы иІэр. Иджы ар балигъ хъуауэ, и адэр къигъэнэн хуейт. Иеффэ ар икъукІэ къытехьэлъэт. Ауэ, зэрыпщІэжщи, абы Алыхьым псалъэ иритат. Абы щыгъуэ и пхъум жиІащ: «Си адэ, Иеговэ псалъэ ептауэ щытмэ, ар бгъэзэщІэн хуейщ».

Илъэс къэс Иеффэ и пхъур ялъэгъуну и ныбжьэгъу хъыджэбзхэр къакІуэт

Иеффэ и пхъум дежи ар тынштэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым и шатырым щылажьэу ар дэкІуэ икІи сабий иІэ хъунутэкъым. Ауэ ар хуейт и адэм ита псалъэр игъэзэщІэну икІи Иеговэ игъэгуфІэну. Абы дежкІэ унагъуэ иІэн нэхърэ ар нэхъапэт. Абы къыхэкІкІэ, и унэр къигъанэри и гъащІэ псокІэ Алыхьым и шатырым щылэжьащ.

Дауэ уеплърэ, Иеффэ и пхъум Иеговэрэ и адэмрэ игъэгуфІэрэт?~ ДауикІ игъэгуфІэт! Иеффэ и пхъум хуэдэу, уэри Иеговэ уедаІуэмэ икІи ар фІыуэ плъагъумэ, Иегови уи адэ-анэри бгъэгуфІэнущ.